ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу КъБР-м и къэрал наградэхэр ятащ
2019-01-10
- КъБР-м и Правительствэм и Унэм ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я дамыгъэ лъапIэхэр республикэм и цIыху пашэхэм ящыщу 38-м щратащ. Наградэхэр хуагъэфэщащ мэкъумэш хозяйствэм, промышленностым, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, спортым, щэнхабзэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм къыщыхэжаныкIахэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Пщэрылъ щхьэхуэхэр яхуещI
2019-01-10
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр иджыблагъэ яIущIащ зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-01-10
Португалием и дамыгъэ пэлъытэ хъуахэм я нэхъ цIэрыIуэщ Паласио да Пенэ Уардэунэр. Ар Iуащхьэм къытету Синтрэ къалэм къыхоплъэ. Португалием и пащтыхь Фердинанд и унафэкIэ ар яухуащ 1842 — 1854 гъэхэм. Паласио да Пенэ Португалием нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу иIэ щIыпIэу, ухуэныгъэу 7-м язщ, ар ЮНЕСКО-м къилъытащ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэм щыщу.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр