«Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр Псыхуабэ къалэм щекIуэкIынущ
2019-01-22
- «Урысейр зэфIэкIышхуэхэр здэщыIэ къэралщ» зэпсэлъапIэ зэIухам хиубыдэу екIуэкI мы конкурсыр УФ-м и Президентым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ. Зэпеуэр хуэунэтIащ зэфIэкIыш-хуэ зыбгъэдэлъ, унафэщIу лэжьэфыну щIалэгъуалэр къэлъыхъуэным, абыхэм ядэIэпыкъуным, зегъэужьыным. 2018 — 2019 гъэхэм къриубыдэ зэпеуэм хэтын папщIэ цIыху мин 227-м щIигъум зрагъэтхащ. Абыхэм яхэтщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыщ ныбжьыщIэу мини 6-м щIигъу.
- ЩIышылэм и 25 — 28-хэм Псыхуабэ къалэм щекIуэкIыну финал ныкъуэм ирагъэблэгъащ цIыхуи 193-рэ. Ахэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм нэхъ жыджэру зыкъыщызыгъэлъэгъуа-хэрщ.