Гъуазджэм и лэжьакIуэ пажэ Бекъул Леонид
2019-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Музыкэ театрым илъэс куэдкIэ щылэжьа дирижёр цIэрыIуэ Бекъул Леонид Лолэ и къуэр фIы дыдэу щацIыхурт ди щIыналъэми гъунэгъу хэгъэгухэми. «Бжьамий» ансамблыр къызэригъэпэщу илъэсипщI бжыгъэкIэрэ зэригъэлэжьам фIэкIа зыри имыщIами, ар зылI хузэфIэкIыну ирикъунт. Къыдеджахэм, къыдэлэжьахэм, и ныбжьэгъуу щытахэм фIыкIэ ягу къинащ Леонид. Бекъулым тедгъэпсэлъын папщIэ зыхуэдгъэзащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Молэ Владимир.
- — Леонид ныбжьэгъуфIу сиIащ, къуэш пэлъытэ схуэхъуат жысIэкIи, егъэлея хъуну къысщыхъуркъым, — жеIэ Владимир. — 1936 гъэм Темыркъан Борис, Бекъул Леонид, Бэрсокъуэ Еленэ сымэ зыхэт гупыр щIагъэтIысхьат Налшык къыщызэIуаха Музыкэ интернатым. Кэнжэ къуа-жэм лъэсу къикIыурэ урыс IэщIагъэлI гъуэзэджэ Иванов-Обухов Николай деж шыкIэпшынэм еуэфу зыщызыгъэса Леонид интернатми а Iэмэпсымэращ къыщыхихар. 1953 гъэм абы еджэн щыщIидзащ Налшык и езанэ музыкэ школым. ЕхъулIэныгъэ иIэу ар къеухри, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) макIуэ, абы дэт Музыкэ училищэм щоджэ.
- Леонид и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Москва дэт консерваторэм. Профессор Пикус Михаил и деж ар щыхуоджэ скрипкэм.
- Налшык къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым и шыкIэпшынауэхэм я нэхъыжь Бекъулым «Бжьамий» ансамбль къызэригъэпэщауэ щытащ. Ар илъэс куэдкIэ лэжьащ, цIыхухэм ягу дыхьэу. ШыкIэпшынэм, Iэпэпшынэм, пшынэ дыкъуакъуэм, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэми «псэщIэ» яхилъхьэжам хуэдэт, лъэпкъ къафэхэмрэ адыгэ макъамэхэмрэ пасэрей зэманым къыхэкIуэтыжа къыпфIигъэщIу. Бекъулыр зи дирижёр гупым хэт едаIуэми хьэщыкъ ищIырт, абы игъэIуа макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ гупсэхугъуэ лей къыхэзымыха къэгъуэтыгъуейщ.
- Къэрал куэдым щыIащ «Бжьамий» ансамблыр, ауэ псом хуэмыдэжу сэ гукъинэ сщыхъуар ар Франджым зэрыщыхьэщIарщ. Продюсерхэу Рош Жанрэ Огнес Мариерэ гуп щэныкъуэм щыщу Бекъулыр зи пашэр къыхахыу зэрырагъэблэгъар пщIэшхуэт. Сэри си насып кърихьэкIауэ щытащ абыхэм ящIыгъуу Франджым сыкIуэну. Къэралым и къалэ тIощIым щIигъум щитат «Бжьамийм» концертхэр. Адыгэ макъамэ нэгъэсам щIэдэIухэм апхуэдизкIэ ар я гум дыхьэрти, ансамб- лым зыкъыщигъэлъэгъуэну къалэр къащIэурэ, абы кIэлъыкIуэхэри щыIэт.
- Нобэр къыздэсым си гум ихужыркъым Лион къалэм щата концертыр. АпхуэдизкIэ цIыхушхуэ къекIуэлIати, концерт пэшыр яфIэцIыкIу хъужщ, нэхъ уэрамышхуэ дыдэу къалэм иIэм утыку IэрыщI щагъэуври, абдежым зыкъыщагъэлъэгъуауэ щытащ. Франджым и Iэтащхьэу щыта Жискар Д`Эстен Валери къызбгъэдэсти, слъэгъуащ абы гухэхъуэгъуэу игъуэтар, псом хуэмыдэжу «ИстамбылакIуэ» уэрэдым Мысостышхуэ Пщызэбий щыдежьум. «Си къуэшхэ, си шыпхъухэ, — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм. — Мы уэрэдым куэдым сригъэгупсысащ, макъамэм и дахагъэм, и уардагъэм хьэршым хъыринэ ущригъащIэми ярейщ. Сэ Iэджэ слъэгъуащ, ауэ мы гупым ебгъапщэ хъун седэIуауэ сщIэжыркъым. Нобэ зэхэзвгъэха уэрэдхэмкIэ, макъамэ гуимыхужхэмкIэ си гъащIэм махуэ бжыгъэхэр къыпыфщауэ къысщохъури, ину фIыщIэ фхузощI!»
- Илъэс тIощIым щIигъукIэ дирижёр нэхъыщхьэу щылэжьащ Бекъул Леонид Музыкэ театрым. А зэманым къриубыдэу абы хузэфIэкIащ спектакль куэдым макъамэхэр щIигъэувэн. Езым утыкум зэрыщагъэлъэгъуэнум хуигъэхьэзырахэри мащIэкъым. Абыхэм ящыщ зыщ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу игъэувауэ щыта «Къамботрэ Лацэрэ» оперэр (ар илъэс куэдкIэ сызэлэжьа си IэдакъэщIэкIщ).
- Ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху зэчиифIэхэм, гуащIафIэхэм, шэч хэмылъу ящыщщ Бекъул Леонид. Абы хузэфIэкIар зыщымыгъупщэн, пщIэ хуэзыщIын, и щIэиныр зыхъумэфын дыхъуну си гуапэщ.
- Зытхыжар Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м
- адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ
- Къущхьэ (Бозий)
- Ритэщ.