ТекIуахэм – саугъэтхэр
2019-01-22
- Налшык къалэ администрацэм пщIантIэ нэхъ дахэ зиIэ, фэтэр куэд зыхэт унэхэр къыхэхыным теухуа зэпеуэ ирегъэкIуэкI.
- ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу къыхальхьа а зэхьэзэхуэм хэтащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэхэр, ТСЖ-хэр, унэ зэтетхэр зи нэIэм щIэт компаниехэр, фэтэрхэм щыпсэухэр.
- «БжэIупэр нэхъ дахэу гъэщIэрэщIэн» Iыхьэм къищыхэжаныкIауэ къалъытащ Тырныауз уэрамым тет унэ № №8, 10-хэм я пщIантIэхэр. «КIэлъыплъакIуэхэм къыхах» Iыхьэм бжьыпэр щиубыдащ Нэгумэм и уэрамым тет 54-нэ унэм. Апхуэдэу фIыкIэ я цIэ къраIуащ зи къалэныр жэуаплыныгъэ хэлъу къезыхьэлIа управляющэ компаниеу 3-м. Абыхэм къалэ администрацэм щытхъу тхылъхэр яритащ.
- Зэпеуэм щытекIуахэм иратащ я бжэIупэхэр зыхуей зэрыхуагъэзэн Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сабийхэр щыджэгун пшахъуалъэхэр, тетIысхьэпIэхэр.
- ЖАНХЪУЭТ Зузэ.