ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хъуэхъубзэу, пшынэбзэу, бзуубзэу

2019-01-22

  • Нобэрей гъащIэм и зы хабзэщ сыт хуэдэ и лъэныкъуэкIи лъэбакъуэ абы дэпчыныр. Ар фIыуэ къызыгурыIуа цIыху щхьэхуэхэми лъэпкъ зэхуэмыдэхэми заужь, йофIакIуэ. Апхуэдэ зыужьыныгъэр абыхэм ирапхыркъым я анэдэлъхубзэр Iумпэм щIыным, ар гъэкIуэдыным. Адыгэ лъэпкъыр куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ. Лъэпкъым нобэм къытхуихьэса фIыгъуэхэм ящыщщ адыгэбзэр. «Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?» упщIэм мыарэзыныгъэ зыхэлъ жэуап ептыныр емыкIущ. Ауэ апхуэдэу къалъытэу пIэрэ адыгэу зыкъэзыбжыж дэтхэнэми?

  • Мы упщIэмкIэ захуэзгъэзащ егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылажьэу уэрамым сызыщыхуэзахэм. Къыхэгъэщыпхъэщ мы упщIэхэр зэстахэр псори адыгэ унагъуэ къызэрихъуахэр. Псори зэгъусэу ахэр цIыху 450-рэ мэхъу. Анэдэлъхубзэ езыгъэджхэр цIыху 50 хъурт, еджакIуэхэр — 300, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытхэр — 100.
  • АтIэ, мыпхуэдэ жэуапхэр кърикIуащ си упщIэм. Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм ящыщу псоми зыжьэу жаIащ ар щIэблэм адэкIи егъэджын, лъэпкъми Iэмал имыIэу Iурылъын зэры-хуейр. «Фэ фыадыгэщ. Адыгэбзэр вджыну, фрипсэлъэну фыхуей?» — упщIэм и жэуапу ныбжьыщIэ 300-м ящыщу 24-м жаIащ анэдэлъхубзэм хуэмейуэ, ар зыкIи къамыгъэсэбэпыну. Адрей цIыху балигъи 100-м ящыщу 46-ри хуейкъым адыгэбзэм. Процент бжыгъэкIэ уеплъмэ, ди бзэм дыхуэмейуэ къэзылъытэхэр процент 16 мэхъу! СызэупщIахэм ящыщу адыгэбзэкIэ мыпсалъэхэм къахэкIащ «адыгэбзэр фIыуэ слъагъуркъым» жызыIахэри. Псом нэхърэ нэхъ сигу къеуащ апхуэдэ жэуапыр. Бзэр зэрумыщIэм къищынэмыщIауэ, абы ухуэмейуэ жыпIэныр дэнэ нэсрэ?!
  •  Си АДЫГЭБЗЭ! Уэ пхуэфащэкъым апхуэдэ увыпIэ лъахъшэ. Макъыбэу зэрылъэлърэ, зэхэпха иужькIэ гум ехуэбылIэу, жьым щигъэшэрыуэкIэ уэгум удрихьейрэ щIылъэм къыщыщыIукIэ узыгъэгуфIэ уэракъэ нарт Сосрыкъуэ зыгъэусэр! Сэтэней дахащэ уэракъэ-тIэ и фащэр! Мэлэчыпхъу и жьабзэр уэракъэ зыщIыр IуэрыIуэдз! Хамэ щIыпIэ ис ди лъэпкъэгъухэм уэракъэ нобэ дызэрепсэлъэфыр?! Си анэбзэр уэрщ, си япэ псалъэр зейр уэращ, нобэми узибзэщ, уэ уздобзэрабзэ, лъэпкъым уринабдзэщ, узиадыгэбзэщ! Укъыздалъхуащ, си джылъхэм щежэх хъугъэпсым ухэшыпсыхьащ, Балъкъ псыхъуэ уэрэд куэдрэ къыщызжепIащ, хъыбарыжь мымащIи «сыхэбгъэпсэухьащ».
  • Жьабзэу укъэIумэ — пшынэ дыкъуакъуэр IэпипщIым телъщ, тхыбзэу ущытмэ — гупсысэ инхэр уи псалъэхэм ящIэлъщ!
  • Сыадыгэщ. Арагъэнущ адыгэбзэу си анэм и бзэр зджыну щIысфIэфIыр. Зджым и мызакъуэу, ар езыгъэджхэми сащыщщ. ИлъэсипщIым щIигъуауэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ сыегъэджакIуэщ. Адыгэбзэр джыным, зэгъэщIэным ехьэлIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри згъэзащIэу лъэпкъым къихъуа ныбжьыщIэм ар фIыуэ егъэлъагъуным, гупсысэ иIэхэр и бзэкIэ къиIуатэу егъэсэным, бзэм и дахагъэ псори къигъэIурыщIэным гуащIэкIэ сыбгъэдэтщ. Къуажэ еджапIэм илъэсиплIыр щысхьащ. Адрей илъэсхэм къалэр си хэщIапIэ хъуащи, къалэдэс сабийхэр спэгъунэгъущ. Пэжщ, щыгугъущ адыгэбзэм и Iуэхур къалэмкIэ. Гугъуагъыр куэдым епхащ: адэ-анэхэм, къэралым бзэм хуащI гулъытэр нэхъ мащIэ хъуащ. МымащIэу бжыгъэкIэ сарихьэлIащ зи быныр адыгэбзэ иригъэджэну хуэмей адэ-ани. ГъэщIэгъуэныр аращи, анэхэрщ апхуэдэ гупсысэ зиIэу еджапIэм нэхъыбэу къакIуэхэр. Ар жагъуэщ, сыту жыпIэмэ бзэр сабийм Iурызылъхьэр анэрщ. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэри анэдэлъхубзэр джыным зэран яхуэхъуу къысщохъу. ЕджакIуэхэм я зэманыр нэхъыбэу хухах нэгъуэщIыбзэхэм. Ауэ зи бзэр зымыщIэ цIыхум нэгъуэщIыбзэми сыт хуэдэ гупсэ хуиIэн?!
  • Жагъуэ хъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ адыгэ унагъуэм адыгэбзэм и фэр фагъуэ зэрыщыхъур. Сабийхэми балигъ куэдми я лексикэм адыгэбзэм щIыпIэ щрагъэгъуэтыну хуейкъым. Уи быным уи бзэмкIэ уемыпсалъэмэ, ар иджыныр гугъуу къыпщыхъумэ, дэнэ-тIэ къыщищIэнур абы адыгэбзэр?!
  • Республикэм къыщызэIуахауэ адыгэбзэр щрагъэдж курсхэри апхуэдэуи сэбэпышхуэ хъуркъым. Сыхьэт зыбжанэм къриубыдэу бзэр зрагъэщIэфынукъым абы екIуалIэхэм. ЕтIуанэрауэ, ахэр пщIэ зыщIат Iуэхугъуэу ягъэуващи, абыи цIыхухэр къызэтрегъэувыIэ. Бзэр сабийм ищIэну ухуеймэ, ар гущэм щыхэлъым къыщыщIэдзауэ абыкIэ уепсалъэу щытын хуейщ, дзапэ уэрэду бгъэпсу, гъэфIагъыбзэу бгъэбзэрабзэу. Апхуэдэм щIапIыкIа цIыхум и анэбзэр и джылъхэм хошыпсыхь, ар абы и гъащIэм дэщIыгъуу къогъуэгурыкIуэ.
  • Куэдрэ газетхэми сыкъыщоджэ телевизоркIи къагъэлъагъуэ IэнатIэ лъагэ пэрыт цIыхухэр адыгэбзэм тепсэлъыхьу, адыгэ цIыхум и бзэр ищIэн хуейуэ жаIэу. СфIэгъэщIэгъуэныщэщ абыхэм ящыщ куэдым я унагъуэкIэ хамэбзэм щриуэркъыу, я сабийхэм псалъитI адыгэбзэкIэ жрамыIэу зэрыщытыр. Ар жагъуэкъэ?!
  • Пэжщ, гъащIэр и пIэ иткъым. Абы зыдедгъэкIуу дыпсэупхъэщ. Ауэ абы къикIыркъым уи бзэр IубгъэкIуэтын хуейуэ. Хамэбзэми щIыпIэ щет уи гъащIэм, ауэ уи анэбзэми утемыукIытыхьыж. ЕджакIуэ куэд исщ дунейпсо бэджыхъыу интернет жыхуэтIэм. Гуп куэди адыгэбзэ фIэщыгъэхэр яIэу къыщызэгъэпэща хъуащ абы. ГъэщIэгъуэныр аращи, апхуэдэ гупхэр зэрызэдэуэршэрыр урысыбзэщ, инджылызыбзэщ. Дунейм къытехъуэ сабийхэми лъэпкъым фIищыр адыгэцIэкъым. Лъэпкъым езым и бзэкIэ фIища цIэм нэхъ дахэ щыIэкъым. Сыт и уасэ мы цIэхэм ящыщ зыкIэ къоджэну: Барий, ГуащэIэфI, Гуащэнэ, Гуфо, Дахэуэс, Дыгъэгуащэ, Елэн, Жаным, Къандисэ, Мэзанэ, НысэIэфI, Нэхудыгъэ, Абрэдж, Аний, Езар, Нартшу, Мамсыр…
  • Адыгэбзэр адыгэхэм ящIэн хуейщ! НобэкIэ бзэм къытепсэ дыгъэ бзийхэр махэ хъуами, абы и лъабжьэр кIуэдакъым, адрей бзэхэми яхэшыпсыхьакъым. Дауэ кIуэдыну жьабзэу, хъуэхъубзэу, щIагъыбзэу, пшынэбзэу, бзуубзэу, усэбзэу нобэми бзэрабзэ ди адыгэбзэр?!
  • МАХУЭЛI Беслъэн,
  • егъэджакIуэ.
  • Налшык  къалэ