ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2019

КIуэкIуэ Казбек: «Зи чэзу Iуэхухэр  дэгъэкIынымкIэ  зэфIэкI  зыбгъэдэлъ  дэIэпыкъуэгъущ»

2019-01-17

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щыхуэзащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и щIыналъэ исполкомым и унафэщI Бакаев Евгений.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Школым  ехьэлIа  проектыщIэхэр

2019-01-17

  • «Иджырей школ» проектыр теухуащ къуажэхэм иджырей еджапIэхэр щыухуэным, къуажэхэмрэ къалэ мыинхэмрэ дэт курыт еджапIэу 27-м папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр къэщэхуным, абыхэм щIэсхэм иджырей технологие гуманитар зэфIэкIхэр егъэгъуэтынымкIэ Iэмалхэр зэтегъэувэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ

2019-01-17

  • Сабийхэм къагупсыса, зэпкъралъхьа Iэмэпсымэхэм я махуэщ
  • 1921 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым унафэ къищтащ «УэгукIэ гъуэгуанэ зэпычыным теухуауэ». МафIэгухэм, автомобилхэм, нэгъуэщI транспорт лIэужьыгъуэхэми къахэхъуауэ щытащ кхъухьлъатэхэр.
  • 1934 гъэм Свердловскэ, Челябинскэ областхэр къызэрагъэпэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыхь  тхылъ  къыхуагъэфащэ

2019-01-17

  • КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм КъэхъукъащIэ шынагъуэхэмкIэ и медицинэ центрым къалэн гугъу и пщэ къыдэхуэми, зэфIэкI лъагэхэр иIэу и лэжьыгъэр егъэзащIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ туристхэр процент 25-кIэ нэхъыбэ хъуащ

2019-01-17

  • Гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу Кавказ Ищхъэрэ турист кластерым и курортхэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр. Нэгъабэрей лэжьыгъэм кърикIуахэр къызэрабжыжам къигъэлъэгъуащ 2017 гъэм елъытауэ ди деж къакIуэ туристхэм Iыхьэ плIанэ хуэдизкIэ къызэрыхэхъуар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-01-17

Мы цIыкIухэр адыгэ фащэм нэхъри егъэдахэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Лицейм  информатикэмкIэ  класс  къыщызэIуах

2019-01-17

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Налшык къалэ дэт лицей №2-мрэ «ХХI лIэщIыгъуэм и информатикэ» проектым ипкъ иткIэ зэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Университетым ейуэ курыт еджапIэм къыщызэIуах пэшым мурад нэхъыщхьэу иIэр еджакIуэхэр информатикэм и дунейм нэхъ куууэ щыгъэгъуэзэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

НэгъуэщI  IэнатIэ  къилъыхъуэжакъым

2019-01-17

  • Болэтей къуажэм щыпсэу Жылау Артур сыщепсалъэм, мыпхуэдэу сегупсысащ: «Хьэл-щэн нэхъыщхьэу хэлъыр, и гурылъхэм ящыщу нэхъыбэу зыгъэпIейтейр, и лъэр щIэзыгъэкIыр сыту пIэрэ?» — жысIэри. ИкIи Жылаум нобэм къэсыху къикIуа гъащIэм дриплъэжмэ, тхужыIэнущ, ар еш зымыщIэ, гуащIэдэкI гъуэгум лъэ быдэкIэ тет, зыхуеймрэ зыхущIэкъумрэ къызыгурыIуэ, и зэфIэкI псори абы хуэзыгъэлажьэ цIыхуу зэрыщытыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къанщауэ Мусэбий Исуф и къуэр

2019-01-17

  • И ныбжьыр илъэс 96-м иту щIышылэм и 10-м дунейм ехыжащ Хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Къанщауэ Мусэбий Исуф и къуэр. 1923 гъэм мазаем и 23-м ар къыщалъхуащ КъБАССР-м хыхьэ Бахъсэн районым и Къызбрун Езанэ къуажэм. КлассиплI школыр къиуха иужькIэ, «Индустриализация» щIыпIэ колхозым лэжьэн щыщIидзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIэщыгъэр зейр хэту пIэрэ?

2019-01-17

  • «Архъыз» турист-рекреацэ комплексыр, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» компанием хыхьэр, гъэм и сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ. А курортым и Iэгъуэблагъэм зыщызыплъыхьхэм, зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэуи, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIыну хуейхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

ИлъэсыщIэм и  япэ  къыдэкIыгъуэ

2019-01-17

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм илъэсыщIэм и япэ махуэхэм къыщыдагъэкIащ «Кавказ» серием хыхьэ «Легенды и предания» тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-01-17

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, щIышылэм и 21
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»
  • 6.30 ЩIэныгъэлI-филолог Ахматов Ибрэхьим къызэралъхурэ илъэс 80 щрокъу. Урысейпсо щIэныгъэ конференцым къратыкI репортаж (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «Ракурс» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Шэрджэс цIэрыIуэхэр

2019-01-17

  • Мысыр дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ, зекIуэлI Аль-Шаркасия Шахин бин Абдуллах
  • (1378 — 1452)
  • Каирым къыщалъхуащ. Шэрихьэтыр (ислъам дин хабзэхэр) фIыуэ ищIэрт, щихъщ. Шэрджэс сулътIан Къаит-бей и лъэхъэнэм псэуащ. ЗекIуэлIщ. Каир пэмыжыжьэу щыт ал-Муккатам быдапIэм щетIысэхри, илъэс 50-м нэблагъэкIэ и закъуэу псэуащ. АдыгэлI губзыгъэм Мысырым и Iэтащхьэхэмрэ хьэкумэщIхэмрэ щIэх-щIэхыурэ чэнджэщакIуэ къыхуэкIуэрт.
  • Дунейм ехыжа и ужькIэ Мысырым, Сирием, Палестинэм я сулътIанхэм я унафэкIэ кхъэлэгъунэм щыщIалъхьащ, «щихъ» цIэ лъапIэри фIащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Лъахэжьыбзэ  псэ  щIасэщ

2019-01-17

  • Бзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ гурэ псэкIэ хуэлэжьа Сокъур Мусэрбий псалъэпэкIэ къызэIуихыу, 1985 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIат «Синие горы Кавказа» тхылъыр. ГъэщIэгъуэнт абы и зэхэлъыкIэр: СССР къэралышхуэм и литературэ къу-лейм зи пщIэ щаIэтахэм я усэхэр тхылъым щызэхуэхьэсат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Япэу тыдодзэ

2019-01-17

  • Iуащхьэмахуэ сытету сынопсалъэ
  • Iуащхьэмахуэ щыгум жып телефоныр щылажьэ хъуащ. Евразия континентым а щIыпIэращ нэхъ лъагэ дыдэу телефоныр къыщиубыдыр.
  • Иджы Iуащхьэмахуэ те-ту дэтхэнэ зыри псэлъэфынущ, СМС иригъэхьыфынущ, уеблэмэ сурэтхэр зэбгригъэхыфынущ соцсетхэмкIэ. Хым елъытауэ метр 5000-кIэ нэхъ лъагэу зызыIэтым псынщIэ дыдэу лажьэ интернет къыхуэгъэсэбэпынущ. Иджы гурыIуэгъуэщ Iуащхьэмахуэ и теплъэу дызыпэплъэ хъунур зэрыгъунэншэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше