ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ

2019-01-22

  • Автомобиль зекIуапIэхэмрэ туристхэр бгыхэм дэзыш кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъыбэ щIыным хущIэкъуным Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэу къакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуэнущ. Ар щыжиIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, ди республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр хэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыщыпсалъэм.

  • «Шэч хэлъкъым, щIыналъэм турист нэхъыбэ къешэлIа хъун папщIэ, псом япэрауэ, гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ зэрызыщегъэужьыпхъэм. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым хьэщIэщ куэдым жьыфэ къазэрытеуами, абыхэм псыр, газыр, уэздыгъэр, къинэмыщIхэри езышалIэ инфраструктурэр зэрыщызэхъуэкIыпхъэми», — къыхигъэбелджылыкIащ Чеботарёв Сергей.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, Чеботарёвыр зи пашэ министерствэм зэман зыбжанэ ипэкIэ щыжаIат 2024 гъэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэр, иджы зэрыщытым елъытауэ, щыкIэ нэхъыбэ хъун хуейуэ зэрыхуагъэфэщари.
  • Зи гугъу тщIы зэIущIэм министрым щыжиIащ, Iуащхьэмахуэ и джабэ нэкIухэм цIыхухэр дэзыш кIапсэ гъуэгухэм адэкIи къапыпщэ зэрыхъунур икIи, еплIанэ чэзур яухуэмэ, а Iуэхум ди щIыналъэм хьэщIэу къакIуэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхигъэхъуэнур. «Дуней псом щIыпIэ зыбжанэ къыщыбгъуэтыну аращ, мылылъэм лыжэкIэ къыщыбжыхь хъуну. Апхуэдэ «зэфIэкI» здэщыIэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ ящыщщи, абдежым а «Iуэхутхьэбзэри» къыщызэгъэпэщыпхъэщ», — къыпищащ и псалъэм министрым.
  • КъищынэмыщIауэ, Чеботарёв Сергей къыхигъэщащ, Кавказ Ищхъэрэм туризмэм зыщегъэужьыным хуэгъэзауэ ягъэхьэзыра Iуэху еплъыкIэм и проектыр УФ-м и Правительствэм зэрыIэрагъэхьар, ар мы гъэм къащтэну зэрыщыгугъыр, апхуэдэуи, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхупIэщIэхэр къыщагъэунэхун, щыIэхэр щегъэфIэкIуа хъун папщIэ, республикэм и къэрал, муниципальнэ властым пэрытхэм инвестицэщIэхэр ди щIыналъэм кърашэлIэн зэрыхуейр, нэгъуэщIхэри.
  • ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.