Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр
2019-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 96-м иту 2019 гъэм щIышылэм и 20-м дунейм ехыжащ совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр.
- Къардэн Хьэсэн Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым щыщ Шэджэм Езанэ къуажэм 1923 гъэм мазаем и 23-м къыщалъхуащ.
- Школым щыщIэса зэманым ар музыкэм дихьэхыу хуежьащ икIи цIыхубэ Iэмэпсымэхэм я оркестрым хэтащ, абыхэм еуэфу зригъэсащ. И адэр дунейм ехыжа нэужь, 1937 гъэм Налшык къалэ дэт интернатым щеджэу абы къыгурыIуащ музыкэр IэщIагъэ зэрыхуэхъунур, ауэ дэзыхьэха Iуэхум зритыну хунэсакъым, Хэку зауэшхуэр къэхъейри.
- Ар 1942 гъэм фронтым кIуащ икIи зауэр иухыху тIасхъэщIэхыу щытащ. Кавказыр, Украинэр, Польшэр, Чехословакиер хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ.
- Композитор IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтыну зи мурад щIалэр зауэ нэужьым Римский-Корсаков и цIэр зэрихьэу Ленинград къалэм дэт консерваторэм щIэтIысхьащ. Абы и япэ лэжьы- гъэ нэхъ цIэрыIуэу уващ «Дыщалъхуа хэкум» зыфIища симфоние теплъэгъуэр.
- Консерваторэр къиуха нэужь Къардэн Хьэсэн 1954 — 1957 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м ЦIыхубэ творчествэмкIэ и унэм щылэжьащ. 1967 — 1971 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым и художественнэ унафэщIу щытащ.
- Къардэн Хьэсэн 1960 — 1968 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и пашэщ. Илъэс куэдкIэ Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм, СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм я къэпщытакIуэ гупхэм хэтащ.
- Композиторым музыкэ лэжьыгъэ 400-м щIигъу итхащ. Абыхэм яхэтщ симфониехэр, макъамэ спектаклхэр, цIыху куэдым фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр. Апхуэдэу Балэ Мухьэдин щIыгъуу Къардэн Хьэсэн итхащ «Мадинэ» япэ къэбэрдей лъэпкъ оперэр. Абы и творчествэм увыпIэшхуэ щаубыдащ балъкъэр музыкэм, зауэм теухуа макъамэм.
- 1992 гъэм Къардэн Хьэсэн и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыр — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр, пагагъэрэ лъагъуныгъэкIэ гъэнщIар, итхащ.
- Къардэн Хьэсэн и зэфIэкIымрэ абы къигъэлъэгъуа творческэ ехъулIэныгъэхэмрэ яхуэфэщэн пщIэ къэралым къыхуищIащ. Абы къратащ ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, «ЩIыхь Дамыгъэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденхэр, зауэм къыщихьа медаль 15. Апхуэдэу абы къыфIащащ «РСФСР-м и цIыхубэ артист», «РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал саугъэтым гъуазджэмкIэ и лауреат» цIэ лъапIэхэр.
- Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэм и гъащIэр лэжьыгъэм хуэпэжу щытынымкIэ, къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIыгъуэм телэжьэнымкIэ щапхъэщ. Ар ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я музыкэр профессиональнэ лъагапIэхэм яхуэзыша, ахэр республикэми абы и щIыбкIи щызыIэта япэ лъэпкъ композиторхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ нэхъ пэжхэм, хэкур нэхъыфIу зылъэгъуахэм ящыщ, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
- КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Ткачёв Е. А., Къуэдзокъуэ М. М., Амщокъуэ Ф. Къ., АфэщIагъуэ М. Хь., Аттаев Ж. Ж., Ахъуэхъу Т. Б., Берд Хь. А., Беппаев М. А., Бозий Н. М., Бэлэтокъуэ В. Хь., Вэрокъуэ В. Хъ., Геляхов А. С., Говоров С. А., Губин Г. С., Емуз А. Гъу., Жанатаев С. А., Жырыкъ З. А., Зумакулов Б. М., Канунников А. Д., Къардэн М. Н., Къэрмокъуэ Хь. М., КIэрэф М. А., Къумахуэ М. Л., Мовсисян Г. О., Молэ В. Л., Нэхущ З. А., Пащты Б. С., Рахаев А. И., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., ТекIушэ А. А., Темыркъан Г. Ж., Тхьэгъэзит Ю. М., Федченкэ Л. М., Фырэ Р. Б., Хьэщхъуэжь А. Б., ХьэIупэ Дж. Къ., ХьэфIыцIэ М. М., Шыхъуэбахъуэ М. Хь., Ефэнды Дж. Къ.