ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2019

УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей Налшык щохьэщIэ

2019-01-19

  • Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ щызэпсалъэм къаIэтащ ди щIыналъэм илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэунэтIауэ щытыну лъэныкъуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Бэчмырзэ

2019-01-19

  • ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэр (Къылышбийхьэблэ, иджы Нартан къуажэм, 1854 гъэм къыщалъхуащ) — къэбэрдей тхыбзэ поэзием и зэхэублакIуэщ. Езыр-езыру еджэжауэ щIэныгъэ бгъэдэлъащ. Муслъымэн диным пыщIа тхылъхэм, къуэкIыпIэ литературэм фIы-уэ хищIыкIырт. И усэхэр хьэрып зэрыбыр къигъэсэбэпурэ езым зэхилъхьа IэлыфбейкIэ итхырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Адыгэ псалъэм» Iэ тевдзэ

2019-01-19

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу абы фыкъыкIэрыхуамэ, ар вгъэзэкIуэжыфынущ. Апхуэдэу, «Адыгэ псалъэ» газетыр дызыхуэкIуэ мазаем къыщыщIэдзауэ ныфхуахьынущ, мы мазэм и 25 пщIондэ абы пощтхэм Iэ щыщIэвдзмэ.
  • Мазитхум ди газетым и уасэр сом 510-рэ кIэпIейкIэ 65-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Хьэгуарэ Джамилэ японыбзэкIэ «мэпсалъэ»

2019-01-19

  • Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дирижёр телъыджэ Темыркъан Юрэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсым, 2013 гъэм, Санкт-Петербург дэт «Скифия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ щытащ Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища и тхылъыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэ

Адыгэ хъыджэбзымрэ балъкъэр щIалэмрэ Голливудым спектакль щагъэув

2019-01-19

  • Куэдым яцIыху актёрхэу Кулиев Алимрэ Жэман Iэминэрэ иджыблагъэ спектакль гъэщIэгъуэн ягъэуващ. Stephanie Feury Studio Theatre камернэ пэш иным абыхэм утыку къыщрахьащ «ЛIэныгъэм зэпэIэ-щIэ дищIыху» фIэщыгъэм щIэт теплъэгъуэ. Абы и режиссёрри продюсерри Алимщ, спектаклыр ди зэманым хуэкIуэу зыгъэхьэзырар Iэминэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр къапщытэж

2019-01-19

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Джылахъстэней къудамэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц иджыблагъэ щекIуэкIащ Тэрч къалэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и пашэ Iухъу Анатолэ, щIыпIэм и Iимам Къэжэр Фураждин, Джылахъстэней АХ-м къыхыхьэ къуажэ хасэхэм я тхьэмадэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Нырыр ягу ихуркъым

2019-01-19

  • Налшык щекIуэкIащ дзюдомкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. УФ-м щIыхь зиIэ и тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдом и лъабжьэр щызыгъэтIылъа Ныр Сеф и фэеплъ зэпеуэм хэтащ 2007 — 2008 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр. Тренер цIэрыIуэм и гъэсэнхэм, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм диIыгъыу, къызэрагъэпэща зэхыхьэм псори зэгъусэу щыбэнащ ди республикэм и щIыналъэхэмрэ Краснодар къалэмрэ щыщ спортсменхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ ирокъу

2019-01-19

  • Уахътыншэ
  •  Зэгуэр цIэрыIуэу щытащ адыгэ джэгуакIуэхэр. Абыхэм папщIэ Горький М. итхыгъащ: «Кавказым, Къэбэрдейм, джэгуакIуэхэм — цIыху- бэм я усакIуэ екIуэлIапIэншэхэм — ущрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и къалэнымрэ и къарур здынэсымрэ къызэриIуэтэгъар: «Сэ зы псалъэ закъуэкIэ, — жиIащ абы, — къэрабгъэр хахуэ, цIыхубэм къащыж сощIыф, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн, цIыху сощIыж, напэншэр си пащхьэ къиувэфынкъым, икIагъэми фIеягъэми сэ срабийщ…»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-01-19

  • Псалъэ пэжхэр
  • БлэкIар IэфIамэ, хуэщI гукъэкI
  • Тхыдэм пэжыр наIуэу къимыIуэтэфмэ, ар тхыдэ нэпцIу аращ.
  • Лъагъуныгъэр цIыху псоми язэхуэдэщ, аращ абы псоми зэхуэдэу щхьэщэ щIыхуащIри.
  • Уэсым хуэдэу щIыIэ, зэзым хуэдэу дыдж анэнэпIэсым нэхърэ нэхъ Iеижщ ухэхэсу гъащIэр пхьыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

МэшбащIэ Исхьэкъ  и тхыдэ романыщIэ

2019-01-19

  • Хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ — Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ илъэсыщIэм адыгэ лъэпкъым саугъэт лъапIэкIэ яхуэупсащ. Абы нитхысащ Къэнжал зауэм теухуа «Ажал гъуэгу» зыфIища тхыдэ романыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

2019 гъэм и адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ

2019-01-19

  • ЩIышылэ (январь)
  • ЩIышылэм и 18
  • 1854 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Бэчмырзэ.
  • 1949 гъэм къалъхуащ Абхъаз Республикэм и цIыхубэ артист, КъШР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Акъ Мухьэрбэч.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2019-01-19

  • Накъыгъэм и 15
  • Унагъуэм и дунейпсо махуэщ
  • 1942 гъэм 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шууей дивизэр зауэм Iухьащ.
  • 1914 гъэм къалъхуащ театр режиссёр, РСФСР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-м и цIыхубэ артист АхъуэджакIуэ Мэжид.
  • 1919 гъэм къалъхуащ драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Акъсырэ Залымхъан.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2019-01-19

  • ШыщхьэуIум и 8
  • 1899 гъэм США-м дунейм щыяпэу щIыIалъэ (холодильник) щащIащ.
  • 1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ КъБАССР-м и щыхьэрым и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2019-01-19

  • Жэпуэгъуэм и 2
  • 1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.
  • 1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.
  • Жэпуэгъуэм и 3
  • Урысей Федерацэм и хьэршыдзэм и махуэщ
  • 1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэм-кIэ и «Кабардинка» къэрал
  • ансамблыр къызэрагъэпэщащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс