ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къуныжь (Артамоновэ) Лидие — тореадор, шыхъуэ, унэгуащэ

2019-01-22

  • «Сэ адыгэлъ сщIэтщ: адэмкIэ си адэшхуэр къэбэрдейщ, си анэм и лъэныкъуэкIэ лъабжьэр къэзакъхэмрэ адыгейхэмрэ я деж йокIуэлIэж», — апхуэдэущ къызэрыщIидзэр Къуныжь (Артамоновэ) Лидие шыхэм зэратхьэкъуа хъыбарыр.

  • Тыхь дзыхьщIыгъуэджэ
  • «Корридэ» псалъэр адыгэбзэм хэткъым. Шууэ е лъэсу цIыхум вы Iэлым зыщрипщыт а зауэзэрылI гущIэгъуншэр ди щIыналъэми абы пэгъунэгъухэми зэштегъэупIэу зэи щыщытакъым. Гугъу дыдэ хъуну къыщIэкIынщ выр, шымрэ шыдымрэ я гъусэу, дэIэпыкъуэгъуу къэзылъытэ дэ а теплъэгъуэм фIы хэлъу къыдгурыбгъэIуэныр. Дыщымыуэмэ, корридэр къезыгъэжьа пасэрей испанхэм я дежкIэ ар ди мафIащхьэ джэд фIыцIэм хуэдэу арат — выр апхуэдэ щIыкIэкIэ къурмэн щащI мажусий хабзэр ягу пыкIыртэкъыми, чыристан хабзэм здыхахьауэ, зи псэм гузэвэгъуэ телъ псэущхьэм текIуэ шууейр кIыфIыгъэм, шейтIаным текIуа лIыхъужьу ягъэув иджы. Нэхъ куужу ухэплъэмэ, зэгуэр муслъымэнхэм яIэщIэлъа Пиреней хытIыгуныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэм корридэр щхьэхуитыныгъэм, я хэкур хамэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэзыхыжа жорзехьэхэм я дамыгъэу къалъытэ. «Тхьэр зыхуейр аращ» псалъэухар дыщэпскIэ хэдыкIащ нобэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мурад Лидие и тореадор фащэми.
  • «Тхыдэмрэ динымрэ я лъэныкъуэкIэ корридэм лъабжьэ хуэхъур къызгурыIуэнымкIэ щIэныгъэр сэбэп къысхуэхъуащ, — жеIэ езы Лидие. — ТIэкIу псалъэшхуэIуэу къыпфIэщIми, вым пэув «тореро»-м махуэ къэс Iиблис пэув зауэлIу зыкъелъытэж. НэгъуэщIуи хъунукъым: апхуэдэ фIэщхъуныгъэ уимыIэмэ, бэнакIуэ утыкум уимыхьэххэмэ нэхъыфIщ — ухэкIуэдэнущ. Сэ католик динращ сызыщIапIыкIар, ауэ аракъым нэхъапэр. Члисэ зэкIуалIэм емылъытауэ, цIыху къэс Тхьэм теухуауэ езым гурыщIэ щхьэхуэ иIэжщ».
  • Адыгэлъ зыщIэт бзылъхугъэ корридэм зэрыхыхьам, дауи, дэ ди гупсысэкIэр тхуегъэхъуэжынкъым, ар благъэу къэтлъытэн къэмынэми. Къурмэн ищI псэущхьэр имыгъэгужьеин щхьэкIэ, сэр зыгъэпщкIу муслъымэным дежкIэ мыр шэч зыхэмылъ лейщ. ГъэщIэгъуэну тхыдэм къыхэщыр сыт жыпIэмэ, Испаниер фашист зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, корридэр хабзэкIэ ягъэкIуэдыжауэ щытащ, къыщаублэжар 1974 гъэрщ.
  • «Шур шым еуэну хуиткъым», — жыбоIэ, уэ езым выр букIыну ухуитт?» — къыщоупщI Лидие «Известия» газетым и журналист Устюгов Борис 2015 гъэм зэдрагъэкIуэкIа интервьюм. «Сэ къыздалъхуа хьэлра къыщIэкIынщ абыкIэ къуаншэр, — ет жэуап Къуныжьым. — Сэ къэбэрдеилъи сщIэтщ. Бэнэныгъэр, щакIуэр сфIэфIщ. Ауэ щыхъукIэ, икIагъэри сигу техуэххэркъым. Корридэм узэрыхуейм хуэдэу, ущыхуейм деж щыбукIыну ухуиткъым выр. Псалъэм папщIэ, и щIыбкIэ укъыщеуэ хъунукъым. «Щауэ хабзэм» ещхьу, хабзэ ткIий щызокIуэ а утыкум, псори зэлъытар аращ. Вым ущебгъэрыкIуэм деж мыхьэнэ зиIэр гъащIэракъым, уи щIыхьымрэ уи щхьэ хуэбгъэфащэ IэбэкIэм и лъагагъымрэщ. Выр къызыхуигъэщIар зэуэнращи, нэгъуэщIу мыхъуну къысфIощI».
  • «Уи гъащIэм и ныкъуэр мы спорт гущIэгъуншэм зэрытебгъэкIуэдам ухущIегъуэжыркъэ?» — жиIэу, журналистыр щеупщIым, ирита жэуапри гъэщIэгъуэнщ: «Сыт сэ абы сыхущIегъуэжын щIыхуейр? Япэрауэ, ар си IэщIагъэщи, лэжьыгъэ къесхьэлIам срогушхуэ. ЕтIуанэрауэ, корридэр зыкIи нэхъ гущIэгъуншэкъым, псалъэм папщIэ, жэщ-махуэ ямыIэу телевизорымкIэ къагъэлъагъуэ «бэнэкIэ утIыпща» («бои без правил») жыхуаIэм нэхърэ. Корридэр щIыщыIэр, абы еплъыну хуей цIыхубэ щыIэщи аращ. ЗызыгъэцIыхуфIхэр топсэлъыхь а Iуэхухэм щIэх-щIэхыу, ауэ абы щхьэкIэ лъыгъажэхэри зауэ-банэхэри нэхъ мащIэ хъуакъым. Сэ сыщыпсэуа Прованс сабий къуейщIейхэр корридэм хуэзыгъасэ еджапIэхэм ирапхыу щытащ зызэман, къыдалъхуа псынщIагъым IумпIэ гуэр къыхуагъуэтын щхьэкIэ, ар мыщапхъэ Iейуэ къысщохъу. Лъыр телевизоркIэ тлъагъумэ нэхъыфIщ, уэрамхэм ирижэ нэхърэ».
  • Къуныжь Шэмхьун
  • и къуэрылъху
  • «Артамоновэ» унэцIэр зезыхьэ Лидие и адэшхуэ Къуныжь Шэмхьун щыпсэуар Сэрмакъщ. Бейтыгъуэн Сэфарбий «Урысейм ис тореадор бзылъхугъэ закъуэ» зыфIища и тхыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, и щхьэгъусэм пцIы къытралъхьэу ягъэтIыса нэужь, Лидие и анэшхуэ, Къуныжь Шэмхьун и щхьэгъусэ Аннэ я къуэ закъуэ Герман езым и унэцIэмкIэ иригъэтхауэ щытащ. А Германым и бынитIым язщ нобэ дызытепсэлъыхь бзылъхугъэр.
  • СССР-м цIыхубэр зыхэпсэукI мылъкур зезыгъакIуэу щыта и Госпланым и лэжьакIуэт Лидие и адэ-анэр. Къэрал щIыб сату Iуэхухэм епха IэнатIэ зиIэ зэщхьэгъусэхэр хамэ щIыналъэхэм илъэс зыбжанэкIэ щыпсэуащ. Лидие и сабиигъуэр Швейцариемрэ Франджымрэ щыкIуауэ жыпIэ хъунущ. Урысейм къагъэзэжа нэужь, хъыджэбзыр МГУ-м хамэ къэралыбзэхэр щадж и факультетым щIэтIысхьат, ауэ къимыухыу къэралым иIэпхъукIри, Париж дэт Католик университетым экономист IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. 1986 гъэм дунейм къытехьа ипхъу Франсуаз и адэ Кампуэн Жак-Мари Лидие зэрыдэпсэуар илъэситI иримыкъущ. Шыр зыхэт псоми зэрыдихьэхым и щхьэусыгъуэкIэ, сабийр дунейм къытехьа нэужь, ар Франджым шы регбимкIэ и гуп нэхъыщхьэм щыджэгун щIидзащ, ар IэщIагъэ хуэхъун хуэдизкIэ. ИужькIэ къэралым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуэри, езым и шы фермэрэ лъапсэрэ зэригъэпэщащ.
  • «Шууэ ирагъэкIуэкI корридэр зэрыслъагъуу, зызмыщIэжу ситхьэкъуат, аращ псори къыщежьар, — игу къегъэкIыж Лидие адэкIэ и Iуэхур къызэрекIуэкIар. — Католик университетым сыщIэст, политикэм епха щIэныгъэхэр щадж факультетым, социоэкономикэм сыхуеджэу. Ди университетым епха члисэм сыкIуэри, куэд дыдэрэ тхьэ сыщелъэIуат. Зэрызыхуэзгъазэ щIыкIэр къызэрыкIуэ дыдэут: «Ди Тхьэ, сэ Уэ уэстын зыри збгъэдэлъкъым, абы къыхэкIыу, си гъащIэ насыпыр сIыхи, корридэр къыслъыгъэс». Мазэ фIэкIа дэкIатэкъым, а члисэ дыдэм деж япэу «Корридэм сыхыхьарэт жыпIэкъэ?» жаIэу къыщыщызэупщIам.
  • Португалиер нэхъ къыщIыхэсхам щхьэусыгъуэ иIэщ. Сэ испан корридэр фIыуэ слъагъуркъым, щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу. Ар лъышхуэ щагъажэ циркщ, ахъшэ текIуадэри мыкъабзэу: афиянымрэ зинэр IэщIагъэ зыхуэхъуа бзылъхугъэхэмрэ «къащIэкI» ахъшэщ испан корридэр къызэрызэрагъэпэщыр. КорридэмкIэ ахъшэр «ягъэкъэбзэжу» аркъудейщ.
  • Португалием и гугъу пщIымэ, абы щызекIуэ корридэр къабзэлъабзэщ. Абы лъыгъажи укIи хэткъым, щыплъагъур зэрыщыту IэбэкIэ нэгъэсарэ зыхуей хуэзапэуэ ягъэхьэзыра шыхэмрэщ. Ахъшэшхуи щызекIуэркъым абы. Ар Iэзагъэм и хьэтыр щалъагъу Iуэху зехьэкIэу щытщ».
  • Португалием кIуэуэ корридэм и IэщIагъэлIхэм я деж зыщигъэса нэужь, Лидие илъэсипщIкIэ Испанием, Франджым, Португалием шууи лъэсуи щрагъэкIуэкI корридэ утыкухэм итащ. Евросоюзым выхэм лей ирахыныр хабзэкIэ имыдэн щыщIидза зэманым, Лидие корридэр лъыгъажэ хэмыту ирагъэкIуэкIыным къыхуезыджахэм ящыщщ: выхэм я бжьакъуэр шым зэран хуэмыхъун щхьэкIэ фэм къыхэщIыкIа фIэлъхьэхэр хуащIу, бжыр къыхэмыуэн щхьэкIэ, я пщэм хьэфэм къыхэщIыкIа уэрдыхъу Iувхэр иралъхьэу къыщаублар абы щыгъуэщ. «Шыхэр зыхэт театр» Урысейми къыщызэIуихын и мурадащ абы, ауэ къехъулIакъым.
  • Ар къемыхъулIами, Урысейм къэIэпхъуэжа нэужь, нобэр къыздэсым зэригъэпэща IэкIуэлъакIуагъыр къыщигъэщхьэпэн щIыпIэ къыщыхутащ Къуныжьхэ я къуэрылъхур. Урысейм шы спортымкIэ и чемпион Евдокимов Александр щхьэгъусэ хуэхъуа нэужь, абыхэм шыхэр пасэрей латин IэмалымкIэ щагъасэ IуэхущIапIэ къызэIуахащ, а лэжьыгъэм теухуауи тхылъ зэдатхащ.
  • Шым пщIэ хуэщIын
  • зэрыхуейр
  • «Иджыпсту Сашэ сэрэ шы зезыхуэ IуэхущIапIэхэм дапэщIэувауэ пасэрей уанэш зехуэкIэр зэфIэдгъэувэжыным иужь дитщ, ар корридэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ гугъущ. Зымахуэ дыдэщ сыщышхыдар. Ди шууей-спортсменхэм сахэплъэмэ, си щхьэфэцым зресэ. «Олимпиадэм дыхэтащ, щэ ныкъуэу дыкъэсащ», — жаIэри загъэщIагъуэ. Абы нэмыщI, дэ ди къэралым шы зэрыщызэрахуэу щыта хабзэхэр зэфIэгъэувэжа зэрыхъунум теухуауэ тхылъ нэдгъэса къудейщ. Апхуэдэ хабзэхэм я бжыгъэр абрагъуэщ.
  • Япэ дунейпсо зауэ нэужьым шумрэ шымрэ зэрагъэхьэзыру щыта Iэмалхэм XX лIэщIыгъуэм зэуэ зихъуэжащ, куэдкIэ нэхъ къызэрыкIуэ хъуащ. Абы кърикIуар нобэрей шы зэпеуэхэм щыболъагъу, шыхэр къыдалъхуа кIуэкIэм тетыну хуимытрэ якIэрымыщIа щымыIэу зэпрагъауэу.
  • Шы лъэпкъ гуэрхэр, псалъэм папщIэ, ахалтекинхэр, лъагапIэм емылъэфу къалъытэ. Си гугъэмкIэ, апхуэдэу уегупсысыныр губзыгъагъэкъым — шыхэри шууейхэри ямыхьэл къащтэным зэрырахулIэ IэмалкIэ зэрагъасэращ а псор къызыхэкIыр. Шы зэхьэзэхуэхэми хэтыфыр тыншу пхуэмыгъэгужьей шы лъэпкъхэращ. Ауэ щыхъукIэ, шым къыдалъхуа IэкIуэлъакIуагъыр къагъэщхьэпэу гъэсэн хуейуэ къэзылъытэ IэщIагъэлIхэр Урысейми Европэми щымащIэкъым.
  • Пасэм, шур зауэм къелын-къемылыныр шым и гъэсэкIэм елъытауэ щыщытам, зекIуэм илъэс бжыгъэкIэ зыхуагъэхьэзырырт, езы шым пщIэ хуащIырт. Иджыпсту «шы спорт» жыхуаIэм шыр дэлъеиф-дэмылъеифращ нэхъ къащыфIэIуэхур, и зэфIэ-кIыр къызэрапщытэр езыхэм хуагъэува къалэнхэр зэригъэзэщIэф щIыкIэм елъытауэщ, фейдэ закъуи къимыхьу. Корридэм хуагъэхьэзыр шыхэр зэрагъасэ латин шы гъэсэкIэм мыхьэнэ зритыр шы къехуэкIыкIэракъым, абы къыдалъхуам ипкъ иткIэ быдэу зиIыгъыфу щытынращ. Шумрэ шым-рэ кентавр1 плъагъум ещхьу зэсэн хуейщ».
  • «Адыгэшыр корридэм фIы дыдэу хуэкIуэнущ» и фIэщыгъэу, илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Газета Юга» газетым къытехуауэ щытащ Къуныжьым (Артамоновэм) теухуа тхыгъэ. Абы къыхощ Лидие Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэну зэрыщIэхъуэпсри, ди щIыпIэхэм я хамэу зэрызыкъимылъытэжри.
  • «Шы гъэсэныр цIыхубз Iуэхукъым, — зыхуигъэзат абы ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Устюгов Борис. — Дауэ цIыхухъу IэщIагъэмрэ унагъуэ Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэнымрэ зэрызэдэпхьыр?»
  • «Унэм сыщыщIэсым деж, сэ ипщэ щIыналъэхэм щапIа дэтхэнэ бзылъхугъэми сыхуэдэщ. Адыгэлъ сщIэтщ, си адэ-анэм цIыхубзыр пщэфIэфу, унэ кIуэцI Iуэхухэр зэфIигъэкIыфу щытын хуейуэщ сызэрагъэсар. ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ зэхуэдэу щытыфынукъым сыт и лъэныкъуэкIи. ЦIыхубзым унэ кIуэцI Iуэхухэр нэхъ къохъулIэ, цIыхухъур а унэр ихъумэнымрэ щIэсхэр зыхуей хуигъэзэнымрэ нэхъ къыхуигъэщIащ».
  • Шыр зэрагъасэм
  • теухуа тхылъ
  • «Учебник по выездке спортивной лошади: Лидия Артамоновэ,
  • Александр Евдокимов, Москва, 2007»
  • Интернетым тыншу къыщыбгъуэтыф Артамоновэмрэ Евдокимовымрэ я тхылъым уриплъэмэ, шы гъэсэн Iуэхум теухуауэ ират упщIэхэм ярит жэуапхэр зэпэплъытмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу мы бзылъхугъэм хуэдэу шы гъэсэным хуэIэзэ куэд Урысейм зэримысыр. Езыр нэхъыбэу зыдэлэжьа андалуз, лузитан шы лъэпкъхэм зэратепсэлъыхь щIыкIэми къыбгурегъаIуэ ар Iуэхум щыгъуазэ къудей мыхъуу, дзыхь хуэпщI хъун хуэдэу а Iуэхум фIы дыдэу зэрыхищIыкIыр. Урысейм шыхъуэ IэщIагъэхэр щIыщыдэхуэхари абы зыкъиужьыжын папщIэ щIэн хуейми IупщIу топсэлъыхь Лидие, тегушхуэныгъи бгъэдэлъщ. ЖытIэм и щыхьэту къытщохъу дызытепсэлъыхь тхылъым и пэублэм щыщ пычыгъуэ зыбжанэр:
  • * * *
  • IэщIагъэм узэрыхуеджам нэмыщI, узэбакъуэ мыхъун гъунапкъэр къэплъагъуфын хуэдизкIэ узыкIэлъыплъыжыфыныр, егъэлеиныгъэр уи гум къыпхуимыдэныр цIыхугъэм щыщу къалъытэ.
  • Аращ ипэжыпIэкIэ щIэныгъэр зи тегъэщIапIэ унафэ щIыкIэ жыхуаIэр, псэ зыIутыр щызэбгъэдаIуэкIэ, нэуфIыцIщхьэрыуэу ущытыныр, залымыгъэр зи лъабжьэ дэкъузэныгъэ икIэр уигу темыхуэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ уи гумрэ уи хьэлымрэ зэтебгъахуэмэщ уэ нэхърэ нэхъ къарууншэ, уэ къыпщыгугъыным къыхуэна псэущхьэм утегушхуэным ущызыхъумэр. Аращ португал уанэш гъэсапIэхэм я щIыхьэпIэхэм щIытратхэр: «Шыр зэбгъэдэIуэну ухуеймэ, зыкъыжьэдэпкъуэжыфу зегъасэ».
  • * * *
  • УкъэзымыгъэпцIэжынур лIэщIыгъуэ бжыгъэм къыпхыкIа лъырщ, генетикэм и закъуэ къыщIэкIынщ къыпфIэмыIуэхууи, и мыхьэнэр бгъэлъахъшэуи къыпхуэзымыдэ щIэныгъэр. Лъыр нэхъ пасэреиху, шыгъэри нэхъ ирокъу.
  • * * *
  •  ТхыдэкIэ къапщтэмэ, урыс шы гъэсэкIэмрэ франджы шы гъэсэкIэмрэ зэгуэту къекIуэкIащ. БгъэдыхьэкIэ нэхъ захуэ дыдэу къэтлъытэр лъэпкъ шы зехуэкIэхэм зыкъегъэужьыжынырщ, хамэм запытщIыжынымрэ уасэ зимыIэ гъэсэкIэ мыхьэнэншэм дыдэплъейкIэрэ ди щхьэ дгъэлъэхъшэнымрэ къэдгъанэу.
  • Ар икIэщIыпIэкIэ ублэн хуей Iуэхущ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ спортым хэтшэурэ. Балигъ хъуа шум и гупсысэкIэри и IэкIуэлъакIуагъэри пхуэхъуэжынукъым, хъуэжыни хуейкъым.
  • А мурадым дылъэIэсын папщIэ, къэралым къыбгъэдэкIыу хабзэ ткIий къэтщтэн хуейщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ пщIэншэу едгъаджэу, Iэзагъ къызыдалъхуахэр егъэлеяуэ ткIийуэ къыхэтщыпыкIыу, сыту жыпIэмэ, фIыр куэдщ, къызэрымыкIуэр мащIэщ. Апхуэдэ еджапIэхэр къыщызэIухын хуейри псэущхьэхэр щызепхуэным нэхъ хуэщIа щIыналъэхэрщ: хьэуам, щIыуэпсым елъытауэ, сабийхэри шыхэри шхын узыншэкIэ щыпхуэгъэшхэн хуэдэу.
  • * * *
  • Шым и тхыдэр къэралым и тхыдэм къыпхугуэхынукъым — ара къыщIэкIынщ ар адрей псэущхьэхэм къазэрыщхьэщыкIыр.
  • * * *
  •  Дэ хамэ къэралхэм уанэш къыщIыщытщэхун щхьэусыгъуэ диIэкъым, Урысейм ит заводхэм шы бэлыхьхэр щызэрахуэ. ЗызыщIэгъэкъуэн хуейр хэкум ит лъэпкъ шы заводхэращ, нэмыцэшхэри адрей хамэ къэралхэм щызэрахуэхэри къэгъэнауэ.
  • * * *
  • XVIII лIэщIыгъуэм зэхалъхьауэ щыта шы гъэсэкIэ Iэмалхэм дэ 2006 гъэ лъандэрэ ди шы-спорт еджапIэм щыхудогъаджэ. Махуэ къэс сыхьэтиплIкIэ дызэлIалIэ IэкIуэлъакIуагъым нэмыщI, мыхьэнэ идот сабийхэм щIэныгъэ яIэу, зэрыхуа щытыкIэм елъытауэ, асыхьэтым унафэ къащтэфу едгъэсэным. Я фIэщ тщIыну дыхэтщ шитI зэщхьу зэрыщымыIэр, шыми шуми пщIэ зэрахуэфащэр.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.
  •  1 Кентавралыдж IуэрыIуатэм хэт, цIыхухъуплIэ зыфIэт шы.