ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр

2019-01-22

  • Адыгэ лъэпкъ литературэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 78-м иту щIышылэм и 19-м дунейм ехыжащ тхакIуэ цIэрыIуэ, журналист, цIыху гуащIафIэ Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр.

  • Борис 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зэрихьэу абы дэт курыт школ №1-р къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. 1970 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэ иIэу къиухри, Гъэунэр илъэс куэдкIэ щылэжьащ Телевиденэмрэ радиовещанэмкIэ ди республикэм и къэрал комитетым. Корреспондент, редактор, иужьыIуэкIэ литературэ-драмэ редакцэм и унафэщI къалэнхэр ирихьэкIащ. Гъэунэ Борис 1985 гъэм и фокIадэ мазэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м нэскIэ лэжьащ «Эльбрус» къэрал тхылъ тедзапIэм и редактору, иужь зэманым «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретару щытащ. И гуащIэкIэ къихьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ тхакIуэм къыхуагъэфэщат СССР-м и Къэрал телерадиом, Урысей Федерацэм печатымкIэ и къэрал комитетым я ЩIыхь тхылъхэр. Борис Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми, Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэтащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри къыфIащат.
  • Гъэунэр лъэпкъ литературэм къыхыхьащ зи макърэ зи хъэтIрэ зиIэж тхакIуэ IэкIуэлъакIуэу, и IэдакъэщIэкIхэм къыщигъэщIа образхэри щIэщыгъуэщ. Ар нэ жанкIэ гъащIэм пхыплъыф цIыхут, адыгэ хьэл-щэныр, ди хабзэхэр, ди псэукIэ-зэхэтыкIэр дахэу, удихьэхыу и тхыгъэхэм къыщиIуэтэфырт. Гъэунэ Борис литературэм куэд зэрыщыхузэфIэкIынур наIуэ къэхъуащ «Нэхулъэ» зыфIища и япэ тхылъыр дунейм къыщытехьам.
  • ТхакIуэм нэхъ къехъулIахэм я гугъу пщIымэ, Iэмал имыIэу къыхэгъэщыпхъэщ «Чыщбалъкъ акъужь», «Уэ къэкIуэж закъуэ, папэ», «Пощтым», «Псы Iубыгъуэ», «Нэхулъэ», «Шыцуэс», «Бабыцэ сымэ», «Къэбгъэзэжатэмэ лъапсэжьым», «ХьэщIэ» Iуэтэжхэр, «Зэш-зэхуефэ» повестыр, нэгъуэщIхэри.
  • Лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэм куэд хэзылъхьа, лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ гъэсэным зи тхыгъэхэмкIэ хуэлэжьа, тхакIуэхэми, къыдэлажьэу щытахэми пщIэшхуэ зыхуащIу къэгъуэгурыкIуа Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр куэдрэ ди гум илъынщ.
  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ,
  • КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэ, «Iуащхьэмахуэ» журнал, Къэбэрдей-Балъкъэрым и телевиденэмрэ радиомрэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ, «Адыгэ псалъэ» газет.