ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си пыIэжьыр щэ дызодзей

2019-01-22

  • Къардэн Мухьэмэд
  • ГушыIэ Iуэтэж
  • …ЩыIэ зы адыгэ щIалэжьи, и гум щэху гуэр щызымыгъафIэ?! Хэти, моуэ-щэ, зы пхъужь дэгъуэ и гум ирихьащи, жэщкIэ йопщIыхь, хэти унэ зэтет лъагэм машинэ ехьэжьакIэ Iуашэжу псэуну и хъуэпсапIэщ, хэти… Сытми, сэри абыхэм сащыщ зыти, си гум щызгъафIэрт «Мо къажэр Мухьэмэдхъанщ» жаIэу сыкърацIыхуу зы машинэ екIужьыфI сиIэну.

  • Арати, илъэсыщIэм гукъыдэж сиIэу сыIущIэну мурад сщIыри, бэзэрым сызэкIэлъыкIуащ. Си гум ирихьын щызмыгъуэтым, «Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ» жыхуиIэ псалъэжьым тезухуэщ, зэщ къызэрысщэхуфынур жысIэри, хамэ къэрал щащIа «МАЗДА» машинэ щIэрыпс цIыкIу автосалоным къыщIэсхуащ.
  • Фэ зэрыфщIэщи, машинэм номер дахэ кIэрылъмэ, мыр зейр зы емынэ гуэру къыщIэкIынщ жыхуаIэу, гаишникхэм «яфыщIыну» къагъэувыIэркъым. ЗылъэкIхэращ номер дахэ къыдэзыхыфри. Абыхэм сазэрыщымыщыр сщIэжу ГАИ-м сыкIуащ. Щхьэгъубжэ цIыкIум деж цIыху куэд щызэхэтт я унэцIэр жаIэу номер къыщратыжынум пэплъэу. Си документхэр нэгъуэщI щхьэгъубжэ Iухам ис хъыджэбзым естри, абыхэм сахэуващ. ТIысыпIэ къэзгъуэтри, куэдрэ сызэрыщысынум зыхуэсщIу, IитIэлъитIэу сытIысауэ, полковник гуэр къэслъэгъуащ. Гъунэгъу къысхуэхъурэ сеплъыпэмэ — сыщыстудентым очерк зыхуэстхауэ щытар аращ. Пэжым ухуеймэ, езым япэ сыкъицIыхужат.
  • — О-о-о, Мухьэмэдхъан, дауэ ущыт, илъэс куэд щIащ узэрызмылъагъурэ, — жиIэри сэлам гуапэу къызихащ. — Сыт хуэдэ Iуэху щхьэкIэ укъытхуэкIуа? СыткIэ сэбэп сыхъуну?
  • Iуэхур хъунумэ, бетэмалкъэ! Ар мы IуэхущIапIэм нэхъыщхьэу зэрыщыIэр къэсщIащ икIи сыгуфIащ, си Iуэхур псынщIэу зэрызэфIигъэкIынум шэч къытезмыхьэу.
  • — Машинэ къэсщэхуати, номер къеIысхыну сыкъэкIуащ, — жэуап естащ абы и упщIэм, си Iэблэр иубыдауэ сыздыIуишым.
  • — Ар Iуэху атIэ, къакIуэ мыдэ, иджыпсту зэфIэдгъэкIынщ, — жиIэри и къуэдзэр зыщIэс кабинетым сишащ.
  • — Къуатыну унафэ яхуэсщIащ, ежьэ, — жиIэну хунэса къудейщ: къыдбгъэдыхьэри, и лэжьэгъу гуэрым ар Iуишыжащ.
  • Арати, сыздэщыта щхьэгъубжэ цIыкIум деж щызэхэтхэм сахэувэжащ, къызэджэным сыпэплъэу. Зи унэцIэ жаIэхэр абы бгъэдыхьэурэ номер кърат. Апхуэдэурэ зы сыхьэти, сыхьэтитIи дэкIащ, сэри сытэдж-сытIысыжу сожьэ.
  • — Арауэ пIэрэ мыбы ищIэфынур здынэсыр, уэлэхьи си фIэщ мыхъу мы си цIыхугъэ полковникым дэкум хуэдэу сыкъимыгъэпцIауэ, армыхъумэ… — жысIэу согузавэ.
  • Ауэрэ шэджагъуэ мэхъури, псори шхакIуэ зэбгрокI, я лэжьэгъуэ зэманыр къосри лэжьакIуэхэр къызэхуосыж. Зы сыхьэт дэкIауэ, икIэм-икIэжым, си унэцIэр жаIэу зэхызох.
  • — Уэлэхьи, и чэзу хъуатэм фыкъызэджэну, ара нэмысу фи унафэщIым хуэфщIыр? — жысIэу сигукIэ сахуэшхыдэу щхьэгъубжэм сыIухьащ.
  • — Номер уэттыну жыхуаIар къахьыну дежьауэ аращ, — жиIэри, щхьэгъубжэм къыIусым номерыр къызитащ. Сеплъмэ, псори зыщIэхъуэпс номер ехьэжьам хуэдэт — 00-01.
  • — О-о-о, плъэгъуа номер зрата. Дапщэ ептар? ЦIыхугъэкIэ къыпIэрыхьауэ ара? — жаIэу къызэжэлIауэ упщIэр къыстезыгъэлъалъэ гупым ерагъкIэ сакъыIэщIэкIыжри, номер дахэр машинэм кIэрылъу унэм сыкъэкIуэжащ.
  • Бадзэ тетIысхьамэ си гум зишхыхьыжу згъафIэ машинэм гу щысхуатэкъым, цIыхухэм, милицэхэр яхэтыжу, самыгъэпсэууэ щыщIадзам.
  • — Уэ номер дахэ зыкIи ухуейкъым, къыдэщэж, — жаIэрт псоми.
  • — А фэ фызыхуейм сэри сыхуейщ, жысIэурэ зыщхьэщызгъэкIырт ахэр. Псом хуэмыдэжу хъийм икIар щIалэгъуалэрат. СыкъэувыIэну сыхуиттэкъым. Къыдэщэж, къыдэтыж, къыдэхъуэж… ЗыщIыпIэ сыкIуамэ, машинэм теплъэкъукI сиIэтэкъым, номер тIэкIур «IуахункIэ» сышынэрти. Щымыхъужыххэм и деж машинэм щIэстам ехьэехуэ уасэ къахуизупщIэрти, ахэр зыщхьэщызгъэкIырт. Сыт щэж? Сытыншыжати, Iыхьэ лейм икIауэ сыгуфIэрт. Япэм гаишникхэм сэр фIэкIа Iуэху ямыIэу щытамэ, иджы «пщIэ» къызахыурэ сыблагъэжырт.
  • Зы махуэ гуэрым IуэхукIэ КъалэкIыхь бэзэрым сыкIуауэ зыгуэрым сежьэу сыщытт, зэщыхуэпыкIарэ зыкъриIуэнтIыкIыу зы щIалэ гуэр къыщызбгъэдыхьам. НэгъуэщI-къинэмыщIхэм дытепсэлъыхьу зыкъомрэ дыщытащ. И унэцIэри, и цIэри, зыщыщ къуажэри къызжиIащ. Сэри апхуэдэу зыкъезгъэцIыхуащ.
  • — Уи номерыр къызэщэж, ахъшэ хъарзынэ уэстынщ, — жеIэ иужьым абы, къыщIызбгъэдыхьа дыдэр наIуэ къищIу. ЗанщIэу гурызгъэIуащ дапщэ къысхуигъэлъагъуэми зэрезмыщэнур.
  • — УщIегъуэжынщ, къызэщэ, — къызбгъэдэкIуэтапэри щэхуу къызжиIащ.
  • Щызыхэзмыгъэзагъэм, сэлам къызихыжри, псынщIэ дыдэу IукIыжащ. «УщIегъуэжынщ» псалъэм мыхьэнэуэ естаи щыIэкъым.
  • Зы жэщ гуэрым хьэ банэ макъым сыкъигъэушащ. Гурыщхъуэ Iейхэр си гум къэкIауэ гаражымкIэ сыжащ. Сынэсрэ IункIыбзэм сеплъмэ — тIэкIунитIэщ сыджэлэным иIэжар. ИIыгъыж щымыIэу IункIыбзэр ныкъуэпых ящIат. Абы и ужькIэ, бжэм IункIыбзитI еста щхьэкIэ къэмынэу, зыбжанэрэ сагъэгулэзащ, ауэ машинэр, си насыпти, яIэрыхьакъым.
  • Махуэ зыбжанэ докI, ИлъэсыщIэ къэблэгъэпам щхьэкIэ зыгуэрхэр къэтщэхуну си щхьэгъусэм сэрэ бэзэрым тыдогъазэ. Сыт щыгъуи хуэдэу, машинэм IункIыбзэ изотри, бэзэрым дытохьэ. Дакъикъэ зыбгъупщI нэхъ дэмыкIыуи къэдгъэзэжащ. Машинэр здэзгъэувам дыкIуэжмэ, бгъуэтмэ — къащтэ. Си нэм къыщипхъуарэ, си гур къилъэтыным хуэдэу къэзжыхьащ, цIыхухэм сахэупщIыхьащ, милицэм хъыбар езгъэщIащ, ауэ дэнэт. Уэхбзэх хъуат.
  • — КъытIурагъэупщIыIуащ илъэсыщIэр, — сыхуэтхьэусыхащ фызыжьым.
  • Тхьэмахуэ дэкIащ хъыбарыншэу. Сыпэплъэрт хъыбар сагъащIэу машинэр къызащэжыным. СыкъэпцIакъым. Iуэху гуэр сиIэу зы пщэдджыжь жьы дыдэу сыкъэтэджри, сыдэкIыну сежьащ. Куэбжэм сынэсмэ, солъагъу конверт гуэр щылъу. Ар сыпIащIэу зэтесхмэ: «Уи машинэр АЗС-м деж щытщи, къэщтэж», — жиIэу итт. «ИгъащIэкIэ пэжынкъым машинэр ахъшэншэу къызатыжыну, зыгуэр къыздэгушыIауэ арагъэнщ», — жысIэу си гум къэкIа щхьэкIэ, сыпIащIэу бензин игъэхъуапIэм си гъунэгъум зезгъэшащ. Псэр IэфIкъэ — сынэблэгъа щхьэкIэ, Iэшэлъашэр ихъуреягъ- кIэ къызэхэзмыплъыхьауэ сыбгъэдыхьакъым. Зы цIыху Iэгъуэблагъэм щызекIуэртэкъым. СыкIуэтэIуэрэ сыплъэмэ, слъагъур си фIэщ хъуркъым. Станцым пэмыжыжьэу щытт си машинэри и бгъур къэгъэзауэ. Шынэр дэнэ щысщIэжынт, зисчри, напIэзыпIэм абдеж сыкъыщыхутащ. Еуэ сытолъэщIыхь, еуэ сытолъэщIыхь, еуэ ихъуреягъыр къызожыхь. АпхуэдизкIэ сыгуфIэщати, номерыр зэрыкIэрымылъыжми гу лъыстэркъым. ЯфыщIауэ пIэрэ, жыхуэсIэу машинэбжэр Iусхащ. ТIысыпIэм телъу къэслъэгъуащ тхылъымпIэ кIапэ.
  • — Машинэу сиIэхэр къызолыж, ууейм зыкIи сыхуейкъым. Уи жагъуэ умыщI, номерыращ Iуэхур здэщыIэри, ар сэ къэзгъэсэбэпынщ. БэIутIэIуншэу куэдрэ тхьэм уригъэс. БжесIатэкъэ «ущIегъуэжынщ» жысIэри, — итт абы.
  • Машинэм зыри иращIатэкъым, уеблэмэ правами, машинэм и дэфтэрхэми еIусатэкъым.
  • — Номерыр зэпыту укIуэ, машинэр къыщызатыжакIэ, — жысIэу си пыIэжьыр щэ дэздзеящ.