Лъэужь нэху къытхуэзыгъэна Мыз Мухьэмэд
2019-01-22
- ЦIыхухэм я теплъэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэ дыдэу, я хьэл-щэнкIи зэщхькъым. ЩыIэщ гъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ къэзыгъащIэхэр, етIуанэхэм дунейм къащыхуиухар зэман кIэщIми, абы къриубыдэу IуэхугъуэфI куэдым хунэсыну яхузэфIокI. Иужьрейхэр, щыпсэуми, адрей цIыхухэм къахощхьэхукI я гупсысэкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ дунейм щехыжми, абыхэм я цIэхэр, куэдрэ хэмыгъуэщэжын лъэужь нэхуу ахэр зыцIыхуу щытахэм я гум къонэ. Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу адыгэ къуажэжьым пщIэрэ щIыхьрэ зиIэу дэса Мыз зэщхьэгъусэхэу Лиуанрэ ХьэкIулацэрэ Тхьэм къарита я щIалитхум я нэхъыжь дыдэ Мухьэмэд я щапхъэщ зи гугъу тщIыхэм. «Псэуну пIащIэрт», — зыхужаIэхэм ящыщт а щIалэр. Дунейм зэрытета илъэс 45-р Мухьэмэд щызу, IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIауэ ирихьэкIащ, ауэ щыхъукIи езыр егъэлеяуэ Iэдэбт, щэныфIэт, зэпIэзэрытт. Псэужамэ, Мухьэмэд и ныбжьыр мы мазэм илъэс 70 ирикъунут…
- Мыз Мухьэмэд 1949 гъэм щIышылэм и 23-м къалъхуащ. Унагъуэм угъурлыуэ къахущIэкIа щыпэлъхум илъэс зэкIэлъхьэужьым иджыри къыкIэлъыкIуащ щIалиплI: Iэхьед, Алик, Ахьмэд, Алёшэ сымэ. Унагъуэм я зэфIэувэныгъэр, бын пIыныр зауэ нэужь илъэс хьэлъэхэм хиубыдами, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ зи зэхуаку дэлъ Мыз зэщхьэгъусэхэм я гур ягъэкIуэдыртэкъым: ахэр псэурт, я къуитхур я дамэрэ абыхэм хуаIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гъуэгугъэлъагъуэу. Тхьэшхуэм иухатэ-къым Лиуанрэ ХьэкIулацэрэ зэгъусэу быным якIэлъыплъыну, абыхэм хуаIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ зэрыхъуам зэгъусэу щыгуфIыкIыну. Быным я адэр пасэу ящхьэщыкIащ, и ныбжьыр илъэс 31-рэ фIэкIа мыхъуауэ. «Фызабэ» псалъэ хьэлъэр зи цIэм пыува ХьэкIулаци и закъуэ къыхуэнащ щIалитхур гъэсэныр, егъэджэныр, унагъуэр зехьэныр, губгъуэ лэжьыгъэри абы щIыгъужу. Быным я нэхъыжь Мухьэмэд и ныбжьыр илъэси 10 ирикъуа къудейт абы щыгъуэ. Абдеж къыщIидзэри, абы зэрыхъукIэ пщэрылъ зыхуищIыжащ унагъуэм илъ цIыхухъу Iуэху псори. Гугъуехьым щымышынэу, лъэпощхьэпохэм къапимыкIуэту адэм игъэса щIалэ цIыкIур анэм и дэIэпыкъуэгъу нэс хъуащ лъэныкъуэ куэдкIэ. «Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ», — жыхуаIэрати, арат пхъэ гъэсынкIэ унагъуэр къызэзыгъэпэщри, Iэбжэ-набжэ гъэбыдэжынми хунэсыр, псы къэхьынымрэ щхьэл кIуэнымри зи къалэныр. А псоми къащыдэхуэм деж Мухьэмэд якIэлъыплъырт и къуэш нэхъыщIэ цIыкIухэм, ахэри унагъуэ лэжьыгъэм иришалIэу, зэрыхъукIэ зыдигъэIэпыкъуу.
- IэмалыншагъэкIэ и пщэ къыдэхуа апхуэдэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зэрызэфIихым нэмыщI, Мухьэмэд еджэнми щыхуэмыхутэкъым. Ар ящыщт школым нэхъыфI дыдэу щеджэ, зи хьэл-щэнкIэ дагъуэ зыхуамыщI ныбжьыщIэхэм. Мухьэмэд и егъэджакIуэу щыта Чэрты ШэIимэт жиIэжу зэрыщытамкIэ, Мызыр зи гупсысэхэр нэху, щIэныгъэм хуэпабгъэ сабийт. Абы еджэным хуиIэ ерыщагъыр, хэлъ жэуаплыныгъэр и ныбжьэгъу цIыкIухэм щапхъэу куэдрэ хуагъэлъагъуэрт. Унагъуэрати, анэр щыгуфIыкIырт я бын пажэм цIыху тэмэм къызэрыхэкIым. Мухьэмэд и къуэш цIыкIухэри фIым хуеIэрт, я шынэхъыжьыр я плъапIэу, ар сыткIи я гъуазэрэ я щапхъэу.
- Къуажэм дэт курыт школым и 8-нэ классыр фIы дыдэу къиуха нэужь, Мызыр щIэтIысхьащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэт училищэм (иджы колледжщ) икIи ар фIы дыдэу къиухащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэр абдежым къыщыувыIакъым. Педучилищэ нэужьым Мухьэмэд КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ, фIыуэ илъагъу анэдэлъхубзэм нэхъ куууэ хуеджэну. Студент илъэсхэр купщIафIэу ирихьэкIащ щIалэщIэм. Ар еджэнми IуэхущIапIэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэрт, гупым я пашэт, куэдым я щапхъэт. А илъэсхэм абы къицIыхуащ иужькIэ гъащIэ гъусэ хуэхъуа пщащэри — Сыжажэхэ япхъу Майе.
- — Мухьэмэд хуэдэ щIалэ Iэдэбрэ акъылыфIэрэ щIэмысами ярейщ ди курсым. Дэ нэхърэ нэхъыжьу, педучилищэр къиухакIэу, езанэ курсым дызэдэщIэтIысхьауэ щытащ. Япэ илъэсищым Мызыр ди гупым и старостэу щытащ, еджэнми студент гъащIэм пыщIа нэгъуэщI ди Iуэхухэри къызэригъэпэщу, дэтхэнэми щIэгъэкъуэн хуэхъуу. Мухьэмэд пщIэ щиIэт и ныбжьэгъухэми егъэджакIуэхэми я деж, — игу къегъэкIыж Майе, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэ цIэрыIуэм, «КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр зыфIаща бзылъхугъэ щыпкъэм. — Зэщхьэгъусэ дыхъуа нэужь, сэ си нэгу щIэкIащ къызыхэкIа лъэпкъми Мухьэмэд къыхуащI пщIэр, абы иIэ Iулыджыр. ЖыпIэнурамэ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэт сызыхыхьа унагъуэри. Ар зэгурыIуэ, пщIэ, нэмыс зэрылът, щIэблэр зыщIупIыкIын щапхъэ куэд щызекIуэт.
- Майе зи гугъу ищI унагъуэм илъ апхуэдэ фIыгъуэхэм сэри сыщыгъуазэт, сыту жыпIэмэ дэ тIум ди гуащэшхуэхэу Дахэужьэрэ Лилэрэ (я ахърэтыр нэху ухъу) зэшыпхъути, Жыласэхэрэ Мызхэрэ я Iуэху зэрыщIэу, я гуфIэгъуэхэр зэдаIэту, гуауэхэр зэдагуэшу зэдэпсэурт. Псори щыгуфIыкIырт Лиуанрэ ХьэкIулацэрэ я бын пажэм игъуэта унагъуэ насыпми. Майерэ абырэ къащIэхъуа бын дыгъэхэу Зауррэ Залинэри я адэ-анэр я щапхъэу къэхъурт.
- Еджэныр диплом «плъыжькIэ» къиуха нэужь, Мухьэмэд педучилищэм ирагъэблэгъауэ щытащ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм Мызыр пэрыхьащ игури и псэри лэжьыгъэм хузэIухауэ. Абы и лекцэхэри семинархэри купщIафIэт, дэтхэнэми зы щIэщыгъуагъ, хьэлэмэтагъ гуэр хэлъу. КъызэрыгуэкIыу лэжьэфынутэкъым ар — зэресати, ищIэр, пщэрылъ къыхуащI сыт хуэдэ Iуэхури нэгъэсауэ зэрызэфIихыным хущIэкъурт.
- Зи IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт егъэджакIуэм гу къылъамытэу къэнакъым. Куэд дэмыкIыу ар ягъэуващ педучилищэм и унафэщIым и къуэдзэу. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри ныкъусаныгъэншэу зэфIэзыхыу еса IэщIагъэлI гуащIафIэр и зэмани къаруи щымысхьу, щIэныгъэрэ акъылу бгъэдэлъыр къигъэсэбэпу зыпэрыт IэнатIэр иригъэфIакIуэрт. А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу Мызым иригъэкIуэкIырт къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри. Анэдэлъхубзэр егъэджыныр зэрегъэфIэкIуапхъэм теухуа щIэныгъэ тхыгъэ куэд и къалэмыпэм къыпыкIащ абы. Ахэр къытрадзэрт газетхэм, щIэныгъэ журналхэм. Езыр нэхъыбэу дэзыхьэхыр адыгэ литературэм и классик, усакIуэ щэджащэ ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэрати, абыкIи къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIырт. А псори Мухьэмэд щызэхуихьэсыжащ 1985 гъэм утыку кърихьа «ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэм я бзэр» фIэщыгъэр зиIа и кандидат диссертацэм. ЕхъулIэныгъэкIэ пхигъэкIа а лэжьыгъэр щIэныгъэлIхэм къалъытащ адыгэ литературэр джыным Мызым хуищIа хэлъхьэныгъэшхуэу. А монографие купщIафIэр къызэрехъулIамкIэ абы ехъуэхъуну я унэ къэкIуауэ щытащ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Шагъыр Iэмин, Гугъуэт Лол, ХьэкIуащэ Андрей сымэ. Абыхэм хуабжьу я гуапэ хъуат куэдкIэ узыщыгугъ хъуну IэщIагъэлI щIалэ адыгэ бзэ щIэныгъэм къызэрыхыхьэр. А тхыгъэм нэмыщI щIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIащ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, «Къэбэрдей сабий литературэ», «Адыгэбзэр джынымкIэ программэ», «АдыгэбзэмкIэ методикэ чэнджэщхэр», нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм, студентхэм ноби шэщIауэ къагъэсэбэп.
- ЗэфIих апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм къапэкIуащ къэрал гулъытэри. Мызым къыфIащауэ щытащ «УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и отличник», «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, къыхуагъэфэщат щIыхь, фIыщIэ тхылъ мымащIи.
- И мурадхэмрэ гурылъхэмрэ я гъунэ ирилъа къудейуэ арат Мухьэмэд. Абыхэм ящыщ куэд нэрылъагъу ищIыну ар хунэсакъым. Зи къару илъыгъуэ, зи псэугъуэ щIалэр 1994 гъэм и гъатхэм зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ…
- Илъэс 25-м нэблэгъащ абы лъандэрэ. Зэманыр кIуами, цIыхухэм ящыгъупщакъым Мыз Мухьэмэд, зи гупсысэкIэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ, дуней еплъыкIэкIэ куэдым къахэщхьэхукIыу псэуа лэжьакIуэшхуэр, щIэныгъэлIыр. Абы и фэеплъыр яхъумэ и анэкъилъхухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм. Мухьэмэд дуней еплъыкIэу бгъэдэлъа мардэхэр ноби я гъуэгугъэлъагъуэщ абы къыщIэна унагъуэм. Адэр ящхьэщымытыжми, быныр зыхуей хуэзэнымкIэ лъэкI къигъэнакъым абыхэм я анэ Майе. Заури Залини щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ яIэщ, унагъуэ щхьэхуэ хъуащ, бын цIыкIухэри ягъуэтыжащ.
- Пэжыр и гъуазэу, и къарури и зэфIэкIри щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэ етынымрэ хуэзыгъэпсу, зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори и щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ езыхьэлIэу щыта Мыз Мухьэмэд, IэщIагъэлI щыпкъэм, адэ гумащIэм, къуэрылъху-пхъурылъхухэм я IэфI зылъагъуну хунэмыса адэшхуэм, и гъащIэ купщIафIэр я щапхъэу ирепсэу абы къыщIэхъуа щIэблэр. Куэдрэ хремыгъуащэ а цIыху псэ къабзэм къигъэна лъэужь нэхур.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.