ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Прокуратурэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур

2019-01-12

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Си гуапэу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ — Урысей Федерацэм и Прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Урысей печатым и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-01-12

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ — Урысей печатым и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэкум и тхыдэр къызыхэщ лъэпкъ тхылъ

2019-01-12

  • ЩIэныгъэм и лъэны-къуэкIэ сэбэпынагъышхуэ имыIэми, Къэбэрдейм ис адыгэ лъэпкъ щхьэхуэхэм я къежьапIэр, я зэтеувэкIэр, зыужьыкIэр, абыхэм я цIыху пэрытхэм я зэфIэкIыр утыку къралъхьэну зэрыхущIэкъум икIи апхуэдэ хъыбархэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдэгъэкIыныр хабзэ хъууэ зэрыхуежьам зэраныгъэ гуэри пылъу къыщIэкIынукъым. Уеблэмэ, япэ ита щIэблэхэм я щапхъэм дэтхэнэри егъэгушхуэ, и щхьэр нэхъ лъагэу ирегъэлъагъуж. Пэжщ, егъэлеиныгъэ гуэрхэр щаIэщIэкI, тхыдэм и пэжым къемызэгъыу «зыщыщагъауэ» къызэрыхъури бзыщIын хуейкъым. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр узыгъэукIытэщ икIи абы лъэпкъыр зэи игъэлъэпIэнукъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

2019-01-12

  • Ди лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм, зэи хэмыгъуэщэжын лъэужь абы къыхэзынахэм ящыщщ пшынауэ Iэзэу щыта, РСФСР-м, КъБАССР-м я цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ (Тамбий) КIурацэ Исмел и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЕгъэджакIуэхэмрэ дохутырхэмрэ тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ фахуэупсэну фыхуитщ

2019-01-12

  • «Урысей зэкъуэтым» егъэджакIуэхэмрэ дохутырхэмрэ тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къеIызыхыну хуимыт къулыкъущIэхэм яхэбжэным теухуауэ Правительствэм къыхилъхьа законопроектым хуэгъэза зэхъуэкIыныгъэхэр егъэхьэзыр. Апхуэдэу жиIащ «Иджырей школ» парт проектым и убзыхуакIуэ, Къэрал Думэм и депутат Аршиновэ Алёнэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэм къахохъуэ

2019-01-12

  • 2019 гъэм процент 15,7-кIэ хэхъуэнущ фIагъ лъагэ зиIэ технологиехэр къагъэсэбэпурэ ящIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я бжыгъэм. Сом мелуан 450-м щIигъу текIуадэу апхуэдэ Iуэхугъуэу 2430-рэ зэфIагъэкIыну я мурадщ. Ар фIагъ лъагэ зиIэ технологиехэр къагъэсэбэпурэ ящIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр Къэрал шэсыпIэмкIэ программэм япэу щыхагъэхьа 2015 гъэм елъытауэ тхукIэ нэхъыбэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Саугъэтхэмрэ хъуэхъухэмрэ

2019-01-12

  • ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу Бахъсэн щIыналъэм щагъэлъэпIащ спортым и ветеранхэр. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ щIыналъэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Чылар Аринэ. ЩIэблэщIэр гъэсэным зи гъащIэр хухэзыха спортым и ветеранхэм саугъэтхэр яритащ икIи хъуэхъу псалъэхэмкIэ захуигъэзащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Апхуэдэт Тхьэзэплъыр

2019-01-12

  • Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI-секретарь, УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэт, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ дыщэ медалыр, Урысейм и литературэ саугъэт иныр, щытхъу, щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Тхьэзэплъ Хьэсэн гуапагъэ куэд мы щIылъэм щызыгуэшахэм ящыщщ. Къэсейхьэблэ (Бахъсэнёнкэ) къуажэмрэ абы дэсхэмрэ фIыуэ зылъагъуу щыта усакIуэр дунейм зэрехыжар щхьэжэ тщыхъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Домбейхэм я тIысыпIэ  Кавказ щIыналъэ

2019-01-12

  • Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Режиссёр Фырэ Руслан куэд дыдэ хузэфIокI

2019-01-12

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым 2018 гъэр IуэхуфIхэмкIэ, гукъинэж спектаклыщIэхэмкIэ, зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ игъэнщIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Театр

Мы махуэхэм

2019-01-12

  •  ЩIышылэм и 12,  щэбэт
  • Урысей Федерацэм и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ. 1722 гъэм Пётр Езанэм къэрал органыщIэ — Урысейм и прокуратурэр — къызэригъэпэщащ. Урысейм и япэ прокурору ягъэуват Ягужинский Павел.
  • 1820 гъэм Инджылызым къыщызэрагъэпэщащ Пащтыхьыгъуэм и астрономие зэгухьэныгъэ.
  • 1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс АО-р къэунэхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Афияным зыщахъумэным къыхураджэ

2019-01-12

  • «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ я шынагъуэншагъэмрэ теухуауэ» урысейпсо акцэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэ Iуэху Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ», — къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м щыIэ МВД-м къет

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-01-12

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, щIышылэм и 14
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Анэдэлъхубзэ». Телевикторинэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «ПэщIэдзэ». «Ассалам» еджапIэр къызэзыгъэпэща Байсиев Ильяс (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэ

2019-01-12

  • Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр
  • 1934 гъэм щIышылэм и 1-м — Кавказ Ищхъэрэ крайм хыхьэ Шэрджэс автоном областым (иджы Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм) щыщ Абазакт къуажэм къыщалъхуащ.
  • 1942 — 1944 гъэхэм — Абазакт къуажэм дэт школым и еджакIуэщ.
  • 1945 — 1949 гъэхэм — Черкесск дэт курыт школ №9-м, иужькIэ №2-м щеджащ.
  • 1949 — 1952 гъэхэм — Черкесск дэт медучилищэм и студентщ. «Фельдшер» IэщIагъэр иIэу къиухащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-01-12

  • ЖыIэгъуэхэр
  • УмыщIэ Iуэху умыIуатэ
  • Къэралыр зэрылъэщыр и цIыхум къыхуащI пщIэрщ.
  • Хьэрычэт зыхэлъ фызым и унагъуэр берычэт щыщIэркъым.
  • Унэгуащэ щытепщэ унагъуэм лIым и благъэ кIуэрейкъым.
  • Зи щIэныгъэмрэ зи бжыгъэмрэ зыгъэбагъуэ лъэпкъыр псэунущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис