ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым зеужь

2019-01-22

  • Ди газетым зэрытетащи, иджыблагъэ КъБР-м щыIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Абы къипщытащ ди щIыналъэм инвестицэ проектхэр зэрыщагъэзэщIар, цIыхухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэн, экономикэм зегъэужьын папщIэ къэрал Iуэхуу республикэр зыхэтыр здынэ-сар. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Чеботарёвымрэ щызэпсэлъам ягъэбелджылащ 2025 гъэ пщIондэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зиужьыным хуэунэтIауэ яубзыхуа Iуэхухэр.

  • Апхуэдэу министрыр щыIащ Шэджэм къалэ дэт «Сад-Сервис» ООО-м, Бахъсэн къалэ щыIэ, «АГРО-КОМ» ООО-м, Аруан куейм и «НЭЖАН» ООО-м, Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ Ташлы-Тала къуажэм къыщызэIуаха курыт еджапIэм, Шэрэдж районым дащIыхьа, псы щрагъахъуэ заводым, нэгъуэщIхэми.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, жыгхэр уэм щызыхъумэ сеткэхэм щIэгъэкъуэн хуащI пкъохэр щагъэж «Сад-Сервис» ООО-р, Шэджэм къалэм щылажьэр, къэрал мылъкум и закъуэ мыхъуу, уней хьэрычэтыщIэхэри мылъкушхуэкIэ къыхэувэу зэраухуар. Псалъэм папщIэ, абы и лэжьыгъэр зэтеублэным текIуэдащ сом мелуани 150-рэ. А бжыгъэм щыщу сом мелуан 88-р уней мылъкущ.
  • Мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп пластмассэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр щащI Бахъсэн куейм 2010 гъэм къыщызэIуаха «СтройМаш» ООО-м. Австрием и Engel фирмэм къыщIигъэкI термопластавтоматхэмкIэ къызэгъэпэщащ ар икIи долажьэ иужьрей зэманым къигъэув мардэхэм къезэгъ полимер быдэхэр, зехьэгъуафIэхэр щащI, щагъэунэху Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. Министрым зригъэлъэгъуащ заводым и Iуэхур зэрыкIуатэр, зэрызаужьар.
  • АдэкIэ КIуэкIуэмрэ Чеботарёвымрэ еблэгъащ лэч зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыщIагъэкIыу Аруан щIыналъэм дащIыхьа заводым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «НЭЖАН» ООО-м сом мелуан 256-рэ текIуэдащ икIи абы илъэсым къриубыдэу лэч тон мини 10 къыщIегъэкI, цIыху 29-рэ щолажьэ. Министрыр щыгъуазэ зэращIамкIэ, заводыр щIыуэпсым зэран хуэхъуркъым, санитариемрэ экологиемрэ къагъэув мардэхэм темыкIыу я лэжьыгъэр зэтеублащ.
  • КъулыкъущIэр къафэрэ уэрэдкIэ ирагъэблэгъащ Лэскэн куейм хиубыдэ Ташлы-Тала къуажэм къыщызэIуаха школыщIэм. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къатитIу зэтет курыт еджапIэр ухуэным зи гуащIэ хэзылъхьахэм. Бгылъэ къуажэ пхыдзам дащIыхьа школым щеджэнущ цIыкIуи 121-рэ. Школыр щаухуэм сом мелуани 111-рэ текIуэдащ.
  • — Сэ быдэу си фIэщ мэхъу зи IэщIагъэм хуэпэж, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ егъэджакIуэхэр мы школым зэрыщылажьэр. Апхуэдэу, мыбы щеджэ сабий зэчиифIэхэми ехъулIэныгъэшхуэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнум шэч къытесхьэркъым. Дэри ди къалэныр нэсу зэрыдгъэзэщIэным яужь дитынущ: зыхуей хуэгъэза, нобэрей гъащIэм екIу еджапIэщIэхэр, сабийхэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэщIэхэр нэхъыбэу къызэIутхынущ, — жиIащ КIуэкIуэм, къуажэдэсхэм захуигъазэу.
  • Абы иужькIэ, Чеботарёвым щыгъуазэ зищIащ Бабугент щаухуа, псы щрагъахъуэ заводым и лэжьэкIэм. Бжьыхьэ кIуам къызэIуаха заводым къыщыщIагъэкI псыр Москварэ Калининградрэ яшэ.
  • КъищынэмыщIауэ, Шэрэдж щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Муртазов Борис зэрыжиIамкIэ, лыжэ спортым а щIыналъэм зыщегъэужьыным гектари 100 хуха-хащ. Iуэхур зэтеублэным сом мелуан 750-рэ текIуэдэну къалъытэ.
  • А псоми щыгъуазэ зи- щIа нэужь Чеботарёвыр яIущIащ республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм.
  • — Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къэрал Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр, иджырей зэманым къигъэув мардэхэм къезэгъыу IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр мыбы зэрыщаухуэфыр. Республикэм исхэм я псэукIэр йофIа-кIуэ, экономикэм зеужь, цIыхухэм лэжьапIэ ират. Ар куэд и уасэщ. Гу лъытапхъэщ къыхуагъэува пIалъэм фIрамыгъэшу IуэхущIапIэхэр и чэзум лажьэу зэраутIыпщам. Ахэр щаухуа щIыналъэхэм я закъуэ мыхъуу, республикэ псом хуэщхьэпэну быдэу си фIэщ мэхъу, — жиIащ министрым.
  • Фырэ Анфисэ.