|
Зытеухуар 'Фэеплъ'
2020-11-10
- Производствэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэман кIыхьым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъэгъуа, КъБР-м мэкъумэшымрэ ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэ зыбжанэм я Iэтащхьэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Хьэмид и къуэр псэужамэ, илъэс 70 ирикъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-09-15
- Адыгэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуа хэкупсэхэм ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэ Бещто Хьэмидбий Мухьэмэд и къуэр. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Бещтор дыгъэм и нейтринэр джынымкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэлIхэм халъытащ. «ЩIы хъурейм и цIыху пэрыт» цIэ лъапIэр абы хуагъэфэщауэ зэрыщытари щыхьэт тохъуэ а адыгэ еджагъэшхуэм бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэм, сыту жыпIэмэ апхуэдэ пщIэ лъагэ зыфIащхэр зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэр щызыIэрызыгъэхьэфа IэщIагъэлI щыпкъэхэращ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-09-10
- «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэхэр, «ЩIыхь дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща артист икIи пшынауэ Iэзэ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, а унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщ Къэжэр Индрис Прималкэ районым хыхьэ Алътуд къуажэм 1895 гъэм фокIадэм и 5-м къыщалъхуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-09-05
- Налшык къалэ дыгъуасэ къыщызэIуахащ совет дзэзешэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ищхъэрэ фронтым и командующэу щыта, ди лъахэгъу Головко Арсений и бюстрэ ар зэрыт скверымрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-08-27
- «Адыгэ псалъэ» газетым иджыблагъэ къидджыкIащ Мэзыхьэ Борис дунейм зэрехыжам теухуа хъыбарыр гуауэр. Ар ди жагъуэ хъуащ Борис зыцIыхуу щытахэм, псом хуэмыдэу абы и курсэгъуахэм. 2019 гъэм и кIэ дыдэм и дунейр ихъуэжащ КхъуэIуфэ Хьэчими.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-08-18
- Адыгэхэм ди лъэпкъ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ Ержыб Аслъэн Къуэш и къуэр. Педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, СССР-м, РСФСР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ я отличник, Дагъыстэн Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI гумызагъэу щытащ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ адыгэ литературэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж тхылъхэр, методикэ чэнджэщхэр зэрыт пособиехэр. Псэужамэ, Ержыб Аслъэн и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 90 ирикъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-08-06
- Бахъсэн къалэ щыпсэуа ЛIыгъур Ибрэхьим гуапэу си гум куэдрэ къокIыж. Ар ди республикэм дэнэ къыщына, ди къэралыгъуэшхуэу щытам еджагъэшхуэу исахэм ящыщ зыщ жысIэмэ, сыщыуэну си гугъэкъым. Ибрэхьим хуэдэу дин щIэныгъэмкIэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа сэ зэи срихьэлIакъым. Абы сыт хуэдэ упщIэ ептами, псынщIэ дыдэу и жэуапыр къыуитыжырт — гъэхуауэ, IупщIу, тегъэщIапIэ къищI тхылъри абы напэкIуэцI щхьэхуэхэри къыбжиIэурэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-07-14
- Бадзэуэгъуэм и 13-м илъэс ирикъуащ ХьэпцIей къуажэм (Тэрч щIыналъэ) анэдэлъхубзэмкIэ илъэс 44-кIэ щезыгъэджа, лъэпкъ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьа, щIэблэ куэдым я гъэсэныгъэр зи фIыщIэ Дыщокъуэ Фозэ дунейм зэрехыжрэ. Абы теухуа тхыгъэ ди газетым тетауэ щытащ. Илъэситху ипэ а бзылъхугъэм сыхуэзэри сепсэлъат, и угъурлыгъэр зыхэсщIат. Ауэ зыкъэзумысыжынщи, абы щыгъуэ сэ Фозэ нэсу къысхуэцIыхуауэ схужыIэнутэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы теухуауэ къэс-
- щIар щхьэщытхъуныр зи жагъуэ цIыхум сигъэлъэгъуам нэсти.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-05-13
- Мы тхыгъэр зытеухуа Уэрыш Нурхьэлий Хъызыр и къуэм адыгэ лъэпкъым хуищIам уасэ хуэгъэувыгъуейщ. Апхуэдэу щIыжытIэм щхьэусыгъуэ хуэхъур «Адыгэ псалъэм» зэрыщылэжьа илъэс тIощIым къриубыдэу зэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм и закъуэкъым. Журналистикэм щыхыхьам къыщегъэжьауэ псэухукIэ ар адыгэхэм хьэлэлу зэрахуэлэжьар зи нэгу щIэкIахэм я гукъэкIыжхэми, дэ тлъэгъуахэми хуитыныгъэ къыдат апхуэдэу жытIэну. Нурхьэлий и гъащIэр триухуащ лъэпкъым и блэкIар къэтIэщIыжыным, абы и щIэблэм къахуэщхьэпэн Iуэхухэр къызэринэкIыным. Псэужамэ, илъэс 85-рэ ирикъунут ар мы махуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-04-21
- Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я дохутыр зэгухьэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-04-09
- ХамэщI щыпсэу, адыгэу зызылъытэж псоми я щIасэщ Хэкужьыр. АдыгэщIыр я псэм хэлъу, адыгэ тхыдэр я лъым хэту, я гур мыбыкIэ къеIэу мэпсэу ахэр. Адэжь щIыналъэр зэзыгъэгъуэтыжыфу, тхыдэм и къэгъэшыпIэ задэхэм я зэранкIэ нэхъыжьыфхэм ипэкIэ яфIэкIуэдауэ щыта лъахэр псэупIэ зыщIыфхэри щыIэщ. Дауи, абыхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ зи «лыр абы щыIэми, къупщхьэр Къэбэрдейм ейуэ» къэзылъытэу хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ мелуанхэм нэхърэ. ИтIани, апхуэдэхэр щыIащ икIи ноби щыIэщ, сызэригугъэмкIи, ахэр ящыщщ адэжь щIыналъэм и псэкупсэ нэсхэм.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-02-08
- КхъуэIуфэ Хьэчимрэ сэрэ 1964 гъэ лъандэрэ дызэныбжьэгъут. Ар Бахъсэн щIыналъэм къыщыдэкI «Коммунист» газетым щылажьэрт, сэри абы си тхыгъэхэр къыщытрезгъадзэрт. Абы и ужькIи ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуа фIэкIа, зым адрейм и гур хэзыгъэщIын Iуэху ди зэхуаку зэи къыдэхъуакъым…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-01-30
- УсакIуэ, тхакIуэ, журналист, сценарист Жылэтеж Сэлэдин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2020-01-14
- Лъэпкъ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ пэшышхуэм щIэзу къыщызэхуэсат адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу Совет Союзым футболымкIэ и чемпион хъуа Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъэпIэну. Абыхэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи къэралпсо утыкум ехъулIэныгъэкIэ изыша щIалэ ахъырзэман куэд: Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зыхъумахэу Сыжажэ Валерэ, Гогибедашвили Заур, Гъубж Вячеслав, Хьэнцэ Аслъэнбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, абы щыджэгуахэу икIи иужькIэ и тренер нэхъыщхьэу щытахэу Къумыкъу Виктор, Красножан Юрэ, Шыпш Тимур, Биджий Хьэсэнбий сымэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым, Правительствэм къикIахэр, Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол академием и гъэсэнхэр, и ныбжьэгъуу, зыцIыхуу щытахэр, и унагъуэм щыщхэр. Зэрымыпсэужрэ илъэс 28-рэ дэкIами (1991 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м дунейм ехыжащ), Iэпщэм хузэфIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «топджэгум и вагъуэхэр» и пшыхьым къыщызэщIикъуэжыну.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
2019-11-12
- ЩIДАА-м и академикыу, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэу, РАЕН-м и член-корреспонденту, КъБКъУ-м Химиемрэ биологиемкIэ и институтым неорганическэ, физическэ химиемкIэ и кафедрэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шурдым Гъэзалий Къасбот и къуэм и фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
|