ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэчимрэ Борисрэ я пщIэ лъагэр

2020-08-27

  • «Адыгэ псалъэ» газетым иджыблагъэ къидджыкIащ Мэзыхьэ Борис дунейм зэрехыжам теухуа хъыбарыр гуауэр. Ар ди жагъуэ хъуащ Борис зыцIыхуу щытахэм, псом хуэмыдэу абы и курсэгъуахэм. 2019 гъэм и кIэ дыдэм и дунейр ихъуэжащ КхъуэIуфэ Хьэчими.

  • Борисрэ Хьэчимрэ. 1963 гъэ

  • КхъуэIуфэ Хьэчим, Мэзыхьэ Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 1966 гъэ

  • 1959 гъэм къыщыщIэдзауэ 1964 гъэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и адыгэбзэ къудамэм щызэдеджа гупым къытхэсащ а щIалитIри. Илъэситхум къриубыдэу абыхэм цIыхугъэ, адыгагъэ зэрадэтлъэгъуар жытIэжыну къыттехуэу къыдолъытэ. Я ныбжь-кIэ жыжьэ зэрынэмысами емылъытауэ, Хьэчимрэ Борисрэ зэпIэзэрытт, емыгупсысауэ псалъэ жаIэртэкъым. ЗанщIэу гу лъыптэрт абыхэм гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъым, лъэпкъ хабзэм зэрытетым. Колхозым дыщыIэми, щэбэт щIыхьэху хъуми, гулъытэ хэха хъыджэбзхэм къытхуащIу, къытхуэсакъыу, лэжьыгъэ хьэлъэ къызэрытлъамыгъэсыным яужь иту, езыхэм гугъуехьым зыпыIуамыдзу щытащ.
  •  Ныбжьэгъу пэжу езы тIури зэбгъэдэ-тащ, «Я псэр зы чысэм илъщ» жыхуаIэм хуэдэу. ДызэрыщыгъуазэмкIи, а зэныбжьэгъугъэр абыхэм я гъащIэ псокIэ къадекIуэкIащ.
  • ЕплIанэ курсым IэщIагъэ къыхэтхын хуей щыхъум, тIури журналистикэм кIуат. Я гъащIэми, я лэжьыгъэми къагъэлъэгъуащ абыхэм гъуэгу пэж къызэрыхахар. Хьэчимрэ Борисрэ я Iэдакъэ къыщIэ- кIащ адыгэ лъэпкъым къыхуэщхьэпэн, ар зэрыгушхуэн тхыгъэ куэд дыдэ. Шэч хэмылъу, насыпышхуэщ щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ, хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж апхуэдэ цIыху- хэр лъэпкъым къыпхэкIыныр. Ахэр гъунэгъуу пцIыхуныр, уакъыдекIуэкIыныр ямылейуи гуапэщ.
  • Еджэныр къэдуха нэужьи Мэзыхьэмрэ КхъуэIуфэмрэ адыгагъэ куэд ядэтлъэгъуащ, я ехъулIэныгъэхэм дыщыгуфIы-кIыу дакIэлъыплъащ. ЩIэблэм щапхъэу яхуэбгъэлъагъуэ хъуну щытащ а тIуми я гъащIэр, дуней тетыкIэр. Апхуэдэ цIыху щыпкъэу ди гум къинэжащ ахэр.
  • Я бынхэми къыхуагъэнар гъуазэ яхуэхъун защIэщ. Дэри ди гум IэфIу илъы- нущ ядэтлъэгъуа Iуэху дахэхэр. Ахърэт нэху Тхьэм къарит.
  • ДОЛ (Мэкъуауэ) Зое,
  • МЭКЪУАУЭ (ГъукIэ) Рае.