Головко Арсений и цIэр тхыдэм къыхэнащ
2020-09-05
- Налшык къалэ дыгъуасэ къыщызэIуахащ совет дзэзешэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ищхъэрэ фронтым и командующэу щыта, ди лъахэгъу Головко Арсений и бюстрэ ар зэрыт скверымрэ.
- Фэеплъ Iуэхум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Головко Арсений и Iыхьлыхэр.
- Бюстымрэ ар здэщыт щIыпIэмрэ тращIыхьащ илъэс куэд щIауэ Головко и цIэр зезыхьэ уэрамым. «Головко Арсений хуэдэ лIыхъужьхэм я фэеплъыр дгъэлъэпIэныр, Хэкум и хъумакIуэ нэсым и щапхъэр къыдэкIуэтей щIэблэм едгъэцIыхуныр ди къалэн нэхъыщхьэщ, — жиIащ КIуэкIуэм. — Нобэ, зэи хуэмыдэжу, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым зи цIэр тхыдэм къыхэнахэр, мамыр гъащIэр тхуэзыухуахэр».
- КIуэкIуэм дыщIигъуащ Iуэхур ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъу илъэсымрэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэхэмрэ зэрытехуам мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ИкIи фIыщIэ яхуищIащ бюстымрэ скверымрэ ухуэным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа щIалэгъуалэм.
- Мывэ сыныр къызэIуахащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Головко Арсений ипхъу Натальерэ. Наталье къыхигъэщащ ипхъу Александрэрэ езымрэ екIуэкI Iуэхур хуабжьу гуапэ зэращыхъуар икIи фэеплъ дамыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу къэрал псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБКъУ-м и ветеранхэм я советым и президиумым хэт Сокъур Башир, къат куэду зэтет унэхэм щIэсхэм я цIэкIэ — Байсиевэ Саният.
- НэщIэпыджэ Замирэ.