Шурдым Гъэзалий и щапхъэ
2019-11-12
- ЩIДАА-м и академикыу, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэу, РАЕН-м и член-корреспонденту, КъБКъУ-м Химиемрэ биологиемкIэ и институтым неорганическэ, физическэ химиемкIэ и кафедрэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Шурдым Гъэзалий Къасбот и къуэм и фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.
- Абы кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым и депутат Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъБКъУ-м стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и проректор Къущхьэ Хъусен, химиемрэ биологиемкIэ институтым и унафэщI Хъурей Арсен, еджапIэ нэхъыщхьэм неорганическэ, физическэ химиемкIэ и кафедрэм и доцент Шэрджэс Заур, КъБР-м и лъэпкъ хозяйствэм и тхыдэмкIэ кафедрэм и унафэщI Эфендиев Сэлихь, хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ колледжым и унафэщI Нэхущ ФатIимэ сымэ, щIэныгъэлIым и Iыхьлыхэр, и ныбжьэгъуу, къыдэлажьэу щытахэр.
- ЗэIущIэм япэу къыщыпсэлъа Къущхьэ Хъусен жиIащ: «Гуапэу дигу къыдогъэкIыж химие щIэныгъэм лъэужь дахэ къыхэзына Шурдым Гъэзалий Къэсбот и къуэр. Ар псэужамэ, и ныбжьыр мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Гъэзалий и цIэр зэи хэмыгъуэщэжыну къыхэнащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и гъащIэм. Абы зэфIэкIыу иIам, и IэдакъэщIэкIхэм пщIэ хуумыщIын плъэкIынукъым».
- Шурдымым и лэжьыгъэфIым, и Iэдакъэ къыщIэкIахэм, дунейм къытрина и IэужьыфIым пшыхьым щытепсэлъыхьащ Шэрджэс Заур.
- Гъэзалий лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа еджагъэшхуэт. Адыгэхэм ящыщу физическэ химие унэтIыныгъэмкIэ япэу щIэныгъэхэм я доктор цIэр зыфIащауэ щытар арат. КъБКъУ-р къыщызэрагъэпэща илъэсым къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху Гъэзалий щылэжьащ а еджапIэ нэхъыщхьэм. Арат университетым физическэ хи-мие унэтIыныгъэмкIэ кафедрэ къыщызэзыгъэпэщари. Химие щIэныгъэм и лъабжьэр ди республикэм щигъэбыдэри, иужькIэ, аспирантури диссертацэ совети къыщызэIуихауэ щытащ. ЩIэныгъэлIым и нэIэм щIэту химие щIэныгъэхэмкIэ я кандидат, доктор лэжьыгъэхэр цIыху пщIы бжыгъэхэм пхагъэкIащ. Ар щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэрт къэралым, апхуэдэу дуней псом щекIуэкI зэхыхьэхэм, конференцхэм.
- Шурдымым иригъэкIуэкIырт щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри. Дунейм къытехьащ абы и монографиеу 4-рэ студентхэр зэреджэну тхылъу 5-рэ. И Iэдакъэ къыщIэкIахэр псори зэхэту щIэныгъэ лэжьыгъэ 500-м щIегъу.
- Емызэшыжу иригъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ илъэс блэкIам ЕстествознаниемкIэ Урысейпсо Акаде- мием и Президиумым и унафэкIэ Шурдым Гъэзалий «ЩIэныгъэ школым и къызэгъэпэщакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ. Апхуэдэуи РАЕН-р къызэрыунэхурэ илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу «PRIMUS INTER PARES» (зэхуэдэхэм я нэхъыфI) орденыр къратащ.
- Махуэ къэскIэ зыхуэзэу щыта и лэжьэгъухэм апхуэдэу ягу къагъэкIыжащ Гъэзалий и гушыIэ дахэхэр, хэлъа хабзэр, студентхэм зэрадэлажьэу щыта щIыкIэхэр. Апхуэдэу къызэхуэсахэр ирагъэплъащ Шурдымым и сурэт гъэлъэгъуэныгъэу пшыхьым ирихьэлIэу ягъэхьэзырам.
- ЗэIущIэм и кIэухыу Шурдым лъэпкъым къыбгъэдэкIыу къэпсэлъа Юрэ фIыщIэ яхуищIащ пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми, Гъэзалий гуапэу зигу илъу абы къекIуэлIахэми.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.