ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жылэтеж Сэлэдин  и вагъуэ

2020-01-30

  • УсакIуэ, тхакIуэ, журналист, сценарист Жылэтеж Сэлэдин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.

  • Жылэтеж Сэлэдин Хьэмзэт и къуэр 1940 гъэм щIышылэм и 18-м Арщыдан къуажэм къыщалъхуащ. Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, 1961 гъэм КъБКъУ-м тхыдэмрэ филологиемкIэ и къудамэм щеджащ. 1963 — 1968 гъэхэм я къуажэ школым егъэджакIуэу щылэжьауэ ВГИК-м щIэтIысхьэри сценарист IэщIагъэр иIэу къиухащ. 1972 гъэм Кавказ Ищхъэрэм ейуэ Орджоникидзе (иджы Владикавказ) къалэм щыIэ киностудием Жылэтежым лэжьэн щыщIидзащ. 1976 гъэ пщIондэ Сэлэдин абы щыредакторащ. ИужькIэ Налшык къигъэзэжри Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм редактору щылэжьащ, игъэхьэзыр нэтынхэр купщIафIэу, цIыхухэр дихьэхыу. 2004 — 2006 гъэхэм КъБР-м Щэнхабзэмрэ хъы-    барегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и министерствэм къулыкъу щищIащ. Иужьым ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щригъэджащ. Ар хэтащ Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм, Кинематографистхэм, Журналистхэм я союзхэм.
  • Арщыдан къуажэ школым и етхуанэ классым Сэлэдин щIэсу, Лэскэн райо-ным къыщыдэкI «Красное знамя» газетым и япэ тхыгъэхэр къытехуащ. Класс нэхъыжьхэм нэхъри щызритащ тхэным. Зы къыдэкIыгъуи къанэртэкъым колхоз лэжьакIуэхэм, еджакIуэхэм, къуажэдэсхэм я псэукIэм теухуа и тхыгъэ къытемыхуэу. КIуэ пэтми а лэжьыгъэм ар нэхъри дихьэхащ.
  • ЦIэрэ щхьэрэ иIэу япэу итхар «Комсомольскэ щIалэгъуалэ хьэгъуэлIыгъуэ» пьесэрщ. Ар къызыдэкIа Арщыдан къуажэ клубми щагъэуващ. ЦIыхухэр абы еплъыну яфIэфIу къекIуалIэрт. А тхыгъэр 1961 гъэм хагъэхьащ нэхъапэм къыдэ-кIыу щыта «Зы теплъэгъуэу зэхэлъ пьесэхэр» тхылъым.
  • Сэлэдин и гъащIэр литературэмрэ гъуазджэмрэ пыщIауэ къекIуэкIащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр, романхэр, кинофильмхэм я сценариехэр, статьяхэр, тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. И рассказхэр гуапагъэкIэ, дахагъэкIэ цIыху лъагъуныгъэ къабзэкIэ гъэнщIащ. Упсэуху фIы пщIэуэ, цIыхугъэ нэс пхэлъу дунейм утетын зэрыхуейр джэлэс зыхуэхъуа абы и рассказхэр щызэхуихьэса «ГъащIэм къыпызыщэ» и тхылъыр 1974 гъэм Налшык къыщыдэкIащ. 1983 гъэм дунейм къытехьа «ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ» повестым тхылъеджэхэри критикхэри гуапэу IущIауэ щытащ, сыту жыпIэмэ а тхыгъэм абы IэкIуэлъакIуэу къыщигъэлъэгъуащ гъащIэр плъыфэ зэмыфэгъу Iэджэу зэрызэхэлъыр. Псом хуэмыдэу Жылэтежым къехъулIахэм ящыщщ сабийхэм триухуа тхыгъэхэр. Абы и щыхьэтщ «Нарт и ныбжьэгъухэр» тхылъ цIыкIур, и мультфильмхэр. А псоми къагъэлъагъуэ Жылэтежыр сабийми балигъми IэкIуэлъакIуэу зэрахуэлэжьар.
  • Пьесэ куэд дыдэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Жылэтежым. Бекович-Черкасскэм теухуауэ итхар «Iуащхьэмахуэ» журналым къытрадзащ. «Гугъэ дахэрэ мурад екIурэ» зыфIища пьесэр иужь дыдэу итхахэм ящыщщ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм 2013 гъэм литературэмкIэ иригъэкIуэкIа зэпеуэм адыгэбзэкIэ ягъэхьа тхыгъэхэм я нэхъыфIу ар къалъытащ икIи япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ, щIыхь тхылърэ ахъшэ саугъэтри къратащ.
  • Нарт хъыбарыжьхэр зи лъабжьэу Сэлэдин и сценариехэм тету траха «Мывэм и къуэ», «Мывэм и къуэмрэ Иныжьымрэ» мультфильмхэр ди къэралым щыпсэу лъэпкъ куэдым я бзэхэмкIэ зэрадзэкIащ, инджылызыбзэкIи къыдагъэкIащ. Абыхэм щIэблэ зыбжанэ щIапIыкIащ, ноби щIэупщIэ яIэщ. Ахэр телевиденэм урысыбзэкIи адыгэбзэкIи къет. А псом къыдэкIуэу, фильмхэм еплъахэми кинокритикхэми гулъытэ ин къыхуащIащ. Абы теухуа тхыгъэхэр къытехуащ «Советский экран», «Фильмы — детям» журналхэм. И хъуэпсапIэт а лэжьыгъэхэм иджыри пищэну. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Нартхэм я дыщэ жыг» лэжьыгъэм и сценарийр итхауэ иIэт, ауэ Совет властыр къутэжщ, «Союзмультфильм» киностудием хуиIа пыщIэныгъэр кIуэдыжри, Iуэхум пищэфакъым. Армыхъумэ, фильм зыбжанэ хъууэ ахэр къыдигъэкIыну и мурадащ.
  • Университетыр къыщиуха 1965 гъэм ирихьэлIэу Жылэтежым усэхэр, рассказхэр газетхэм, журналхэм къытрыригъадзэрт. Илъэсищ дэкIри, Сэлэдин щIэтIысхьащ КинематографиемкIэ Союзпсо къэрал институтым. Езым зэригугъауэ къыщIэкIат псори: мыбы ущеджэну гъэщIэгъуэнт, удэзыхьэхт, ауэ икIи гугъут. Сэлэдин къикIуэтакъым, еджащ егугъуу икIи киносценарист IэщIагъэр иIэу институтыр къиухри, КинохроникэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ студием редактору лэжьэн щыщIидзащ. Абы зэрыщыIа илъэсиплIым къриубыдэу Жылэтежыр жыджэру хэлэжьыхьу студием къыдигъэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ» киножурналым и номер щэщIым щIигъу.
  • Студием и унафэщIхэм фIы дыдэу къалъытауэ щытащ Сэлэдин и сценариехэмкIэ траха документальнэ фильмитI: «ГъащIэ къызэрыгуэкI», «Адэм и сурэт». Япэр теухуат Прохладнэ районым Чапаевым и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и тхьэмадэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин. ЕтIуанэ фильмым зи гугъу ищIыр Осетие Ищхъэрэмрэ Башкир АССР-мрэ я цIыхубэ художник Тавасиев Сослъэнбэчт.
  • Телевизореплъхэм ягу къинэжащ Жылэтежым и сценариекIэ траха «Кировыр Кавказ Ищхъэрэм» жыхуиIэр. Абы теухуа материалхэр зэхуихьэсу ар щылэжьащ ди къэралым и къалэ куэдым. А фильмыр къыщагъэлъэгъуащ ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми.
  • Илъэс тIощIым щIигъукIэ Жылэтеж Сэлэдин щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм. А зэманым къриубыдэу абы и сценариехэмкIэ ягъэуващ фильмхэр. ЖыIэн хуейщ Жылэтежыр гугъу ехьурэ зыхуэкIуа киносценарист IэщIагъэм фIы дыдэу зэрыхэзэгъар. Абы и щыхьэтщ иужьрей илъэсхэм итха сценариехэр. Ахэр зытеухуар адрей ди хъыбарыжьхэм, таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэрщ.
  • Фильмхэм зэрелэжьым, телевиденэм редактор IэнатIэр зэрыщрихьэкIам къыдэкIуэу, Жылэтежым литературэми щиIащ ехъулIэныгъэ нэрылъагъухэр. Абы сабийхэми балигъхэми папщIэ итха усэхэр ди журналхэм, газетхэм къытохуэ, радиокIэ, телевиденэкIэ къат. Сэлэдин и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд зыбжанэ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, фигу къэдгъэкIыжынщ абы и уэрэд гъуэзэджэ «Университет вальс» зыфIищар. Апхуэдэу нобэр къыздэсым щIэупщIэ иIэщ Молэ Владимир макъамэ зыщIилъхьа «Уузыншэу, школ» и уэрэдым.
  • Литературэм зэрыщылажьэрэ Жылэтежым и Iэдакъэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ тхылъ куэд. Абыхэм ящыщу гу нэхъ зылъыуагъатэ «ГъащIэм пызыщэ», «Лэгъупыкъу», «Толъкъуным и гъыбзэ» зыфIищахэм. Абыхэм тхылъеджэхэри критикхэри гуапэу IущIауэ щытащ. «Лъапсэмрэ къуэпсымрэ» и романым щыщ Iыхьэхэр «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуащ. Романыр Сэлэдин итхащ зи гугъу ищI Iуэхугъуэхэм фIыуэ зэрыхищIыкIыр IупщIу, и бзэр шэрыуэу, образхэр уи нэгу, псэум хуэдэу, къыщIэувэу. КъищынэмыщIауэ, абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ литературэм и жанр нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэ сонетхэр. «Дунеймрэ цIыхумрэ» зыфIища и сонет Iэрамэм гупсысэ куу щIэлъщ.
  • Киносценарист, журналист, тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Жылэтеж Сэлэдин лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, журналистикэм, кинематографием хуищIа хэлъхьэныгъэхэр къалъытэри, щытхъу, фIыщIэ тхылъ зыбжанэ, дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Абы куэд хузэфIэкIащ икIи цIыхухэм я гум фIыкIэ къинэжащ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.