Бещто Хьэмидбий и вагъуэр
2020-09-15
- Адыгэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуа хэкупсэхэм ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэ Бещто Хьэмидбий Мухьэмэд и къуэр. Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Бещтор дыгъэм и нейтринэр джынымкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэлIхэм халъытащ. «ЩIы хъурейм и цIыху пэрыт» цIэ лъапIэр абы хуагъэфэщауэ зэрыщытари щыхьэт тохъуэ а адыгэ еджагъэшхуэм бгъэдэлъа зэфIэкI лъагэм, сыту жыпIэмэ апхуэдэ пщIэ лъагэ зыфIащхэр зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэхэр щызыIэрызыгъэхьэфа IэщIагъэлI щыпкъэхэращ.
- Бещто Хьэмидбий Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм 1943 гъэм и накъыгъэ мазэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школым щыщIэса илъэсхэм щIалэ цIыкIур дихьэхат математикэ, физикэ предметхэм. Абы гу лъамытэу къэнакъым Хьэмидбий и егъэджакIуэхэми. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэр ахэращ нэхъри тезыгъэгушхуар и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну. 1961 гъэм Хьэмидбий лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и физикэ къудамэм. Зэрихабзэу, щIалэр фIы дыдэу еджэрт, жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэрт. А лъэхъэнэм яубзыхуакIэт СССР-м хыхьэ лъэпкъ республикэхэм папщIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным теухуа программэр. Абы ипкъ иткIэ Москварэ Ленинградрэ дэт еджапIэ нэхъыщхьэ цIэрыIуэхэм еджапIэ ягъакIуэрт щIыналъэ университетхэм курсищыр фIы дыдэу къэзыуха студентхэр. КъБКъУ-м и физикэ факультетым и студент нэхъыфIхэм халъытэ Бещто Хьэмидбий хуагъэфэщат апхуэдэ пщIэр. ФIыхэм я фIыж щIалэм 1964 гъэм Iэмал игъуэтащ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым еджэным щыпищэну. ЩIалэгъуалэм ящыщ куэд зыщIэхъуэпс насып джэшыр апхуэдэу и Iэрылъхьэ хъуат Хьэмидбий.
- МКъУ-р ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Бещтор щIэтIысхьащ а еджапIэ нэхъыщхьэм и аспирантурэм. Зэреджэм хуэдэурэ, абы лэжьэн щыщIидзащ КъБКъУ-м икIи 1972 — 1990 гъэхэм абы щыIащ, физикэмкIэ лекцэ купщIафIэхэм студентхэм къахуеджэу. 1974 гъэм ирихьэлIэу Хьэмидбий утыку ирихьащ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ и япэ къэхутэныгъэ иныр: «Унитарно-симметричное обобщение статистической теории множественного образования частиц» фIэщыгъэр зиIэ а лэжьыгъэм щIэныгъэлI ныбжьыщIэм къыщызэщIикъуэжат дыгъэ, хьэрш бзийхэм къабгъэдэкI къарухэм ехьэлIауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ куэд зэлэжь а унэтIыныгъэм ноби хэлъщ нэсу джа мыхъуа Iыхьэхэр, дауи, арщхьэкIэ Бещтом къихута щэхухэм мыхьэнэшхуэ яIэу къыщIэкIащ а зэманым.
- Университетым зэрыщыIэм хуэдэу, Бещтор ирагъэблэгъащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къепхауэ лажьэ Бахъсэн нейтринэ обсерваторэм икIи 1997 гъэ пщIондэ абы щылэжьащ щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу. Бгъэдэлъ щIэныгъэ куумкIэ, зэфIэкI лъагэхэмкIэ, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэ инхэмкIэ къэралым цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэлIыр ирагъэблагъэу хуежьащ физикэмкIэ союзпсо, дунейпсо зэхыхьэ инхэм. Абыхэм я утыку мызэ-мытIэу доклад купщIафIэхэр, хьэлэмэтхэр щищIащ Бещтом. А щIэныгъэ зэIущIэхэм къыкIэлъыкIуэу къыдагъэкIыж хабзэ журналхэм ихуэрт адыгэ еджагъэшхуэм и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр.
- 1992 гъэм ди хэкуэгъу щIалэр ирагъэблэгъащ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ институт зэгуэту (ОИЯИ) Дубнэ къалэм (Москва область) дэтым. Къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэ щIэныгъэ IэнатIэ лъэрызехьэу дуней псом щыIэр куэд зэрымыхъур: Дубнэ щылажьэм хуэдэу цIэрыIуэщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Швейцарием и Женевэ къалэм щыIэ европэпсо центрыр. А IуэхущIапIэм щыIэу Бещтор елэжьащ хьэрш, дыгъэ бзийхэм ехьэлIа къэхутэныгъэхэр зэфIэхыным. Абыхэм япкъ иткIэ Хьэмидбий и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу пщIы бжыгъэхэр. Ахэр щытрадзащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм. Абыхэм яфIэхьэлэмэту щыгъуазэ зыщыхуащIырт Канадэми, США-ми, Япониеми, нэгъуэщI къэрал куэдми я еджагъэшхуэхэм, физик цIэрыIуэхэм икIи тхыгъэ хьэлэмэтхэмкIэ зыкъыпащIэрт адыгэ щIэныгъэлI щыпкъэм. Абыхэм Бещтом къыхуагъэхь тхыгъэхэм зэритымкIэ, Дубнэ щыIэ институтым хьэрш бзийхэм я физикэм теухуауэ абы щригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм арэзы техъуэрт икIи къалъытэрт ахэр физикэмкIэ дунейпсо щIэныгъэм и хэлъхьэныгъэшхуэу.
- ЗэфIиха апхуэдэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр и лъабжьэу, Бещто Хьэмидбий 2012 гъэм утыку ирихьащ иужькIэ щIэупщIэшхуэ зиIа, щIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щызыгъуэта и доктор диссертацэр, «Смешивания (осцилляции) нейтральных мезонов и нейтрино и проблема солнечных нейтрино» цIэр зиIэр. А къэхутэныгъэ купщIафIэр ноби я стIолыщхьэм телъщ физик цIэрыIуэ куэдым, абы къыщыхьа гупсысэхэр я лэжьыгъэщIэхэм къыщагъэсэбэп зэпыту.
- Псори зэхэту къапщтэмэ, Бещто Хьэмидбий и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м нэс, монографие щхьэхуэхэри хэту. Абыхэм къызэщIаубыдэ дыгъэ бзийхэм епха Iуэхугъуэ куэд. Къапщтэмэ, къыщыгъэлъэгъуащ къызэрыгуэкI Iыхьэ жьгъейхэр псынщIэ дыдэу, напIэ дэхьеигъуэм, километр мин 300-м нэс псынщIагъ яIэу нэгъуэщI пкъыгъуэхэм зэрыпхыкIыф щIыкIэхэр, нейтринэм епха нэгъуэщI Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр.
- Дыгъэмрэ вагъуэмрэ япкърылъ нэхугъэм, я бзийхэм я нурым хуэбгъадэ цIыхугъэ лъагэрэ гу къабзэрэ бгъэдэлъащ Бещто Хьэмидбий. Къыхуиухар арати, илъэс 73-м иту ар дунейм ехыжащ, ищIэну и мурада псоми хуэнэмысауэ. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа щIэныгъэлI щыпкъэм и фэеплъыр сакъыу яхъумэ абы къыщIэна и унагъуэм, и Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, иужьрейуэ, 2016 гъэ пщIондэ щылэжьа РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэм. Бещто Хьэмидбий Мухьэмэд и къуэм, дыгъэм и щэхухэм я къэхутакIуэ нэсым, ирихьэжьа Iуэхухэр кIуэдакъым: ахэр ягъэкIуатэ щIэныгъэлIым иужь къиува и гъэсэнхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.