Пшынэр пасэу Iэпэгъу зыхуэхъуа Къэжэр Индрис
2020-09-10
- «КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэхэр, «ЩIыхь дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща артист икIи пшынауэ Iэзэ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, а унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщ Къэжэр Индрис Прималкэ районым хыхьэ Алътуд къуажэм 1895 гъэм фокIадэм и 5-м къыщалъхуащ.
- Пащтыхьым и зэман бзаджэм зэрыхиубыдамрэ къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ унагъуэ къызэрыхэкIамрэ Индрис Iэмал къратакъым щIэныгъэ зригъэгъуэтыну. Ауэ, абы и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIащ икIи куэдкIэ къыхуэщхьэпащ абы и зэхэщIыкIым зыгуэркIэ зригъэужьын мурадкIэ и адэ Мыхьэмэт къыхуищэхуа пшынэм.
- Пасэу пшынэр Iэпэгъу зыхуэхъуа Индрис и гурыхуагъэм и фIыгъэкIэ пшынауэ Iэзэ хъуащ. И цIэмрэ и зэфIэкIымрэ хэIущIыIу щыхъум, я къуажэм къыдэ- кIуэу нэгъуэщI жылэхэми щекIуэкI хьэгъуэлIыгъуэхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр игъэдэхэну щIалэр ирагъэблагъэу щIадзащ. Абыхэм щызэхих уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ гукIэ зригъащIэурэ и пшынэм къригъэкIырт, языныкъуэхэр и макъамэм дежьуужурэ жиIэрт.
- Индрис и ныбжьыр илъэс 22-м иту, Октябрь революцэмрэ Совет властымрэ гуфIэу IущIащ, и пшынэр иIыгъыу, и къару илъыгъуэу. Абы и творчествэм, и зэфIэкIым нэхъыбэу зыщиужьар совет зэманырщ. «ЗэгуакIуэр дахэщ», «Залымыгъэ» и уэрэдхэм а зэманым мыхьэнэшхуэ яIащ.
- Къэжэрым иуса, макъа- мэ зыщIилъхьа уэрэдхэм ящыщ куэд цIэрыIуэ хъуащ икIи нобэр къыздэсым ягъэзащIэ. Апхуэдэщ совет зэманым и пэ цIыхубзхэм хуэфащэ пщIэ зэрыхуамыщIым, ахэр мылъкурэ былымкIэ зэращэм теухуа «Рэмэзан» уэрэдыр. Индрис и уэрэдхэм цIыхубзхэр хуагъэушырт щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным, къэрал лэжьакIуэ хъуным, зыхэт кIыфIыгъэм къыхэкIыным.
- Индрис къыщалъхуа Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм уэрэджыIакIуэ гуп 1929 гъэм къыщызэригъэпэщащ, езыр и унафэщIу. Абы игъэзащIэу щытащ Къэжэрым и уэрэдхэри нэгъуэщIхэм яусахэри.
- Къэбэрдей-Балъкъэр радиом пшынауэу икIи уэрэджыIакIуэу Къэжэр Индрис 1931 гъэм ирагъэблэгъащ. КъэфакIуэ-уэрэджыIакIуэ гупыр къыщызэрагъэпэщым, хыхьэри зауэм кIуэуэ дунейм ехыжыху абы щы- лэжьащ. А гъэ дыдэм бгырыс лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ я япэ Къэбэрдей-Балъкъэр олимпиадэм хэтащ пшынауэ цIэрыIуэхэу Къашыргъэ КIурацэ, Къэжэр Индрис, Казиев Билал сы-мэ.
- ЩIэныгъэ имыIэу езыр-езыру къэхъуа пшынауэ-усакIуэу, уэрэджыIакIуэу щытами, Къэжэр Индрис цIыху Iущу, зэфIэкI ин зыбгъэдэлъ усакIуэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, Iэзагъышхуэ хэлъу и пшынэм- кIэ игъэзащIэм къыщымынэу, езым къафэ, ислъэмей зэхилъхьэу щытащ. Апхуэдэщ ноби ягъэзащIэ «Индрис и къафэ» дахэр.
- Iэзагъ ин хэлъу абы псалъэхэр зэригъэкIуурэ гукIэ зэхилъхьэрт, пасэрей джэгуакIуэхэм хуэдэу. И уэрэдхэр макъамэ дахэхэр дэ-щIыгъуу гум къыбгъэдэкI макъ щабэкIэ игъэзащIэрт, и пшынэм дежьуужу. Индрис и уэрэдхэмкIэ хабзэжьым пэщIэтт, щIэм щытхъурт, цIыхубэм я ехъулIэныгъэхэр хэIущIыIу ищIырт, бэнэныгъэмрэ текIуэныгъэмрэ къыхуриджэрт.
- Къэжэр Индрис артистыфI, уэрэдус, пшынауэ Iэзэ къудейтэкъым, ар икIи дэрбзэр IэкIуэлъакIуэт. Къэзышэну щIалэхэмрэ яшэну хъыджэбзхэмрэ фэилъхьэгъуэ дахэхэр, фащэ екIухэр яхуидырт. Уеблэмэ жаIэрт, Индрис фащэ зыхуид щIалэм нэхъ зызыгъэпагэ хъыджэбзри къыдэкIуэну. Апхуэдэ дыдэуи жаIэрт фащэ дахэ зыхуида хъыджэбзым зыхуей щIалэр и IэмыщIэ илъу.
- КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, щIэныгъэлI, IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Нало Заур игу къигъэкIыжырт: «Къэжэр Индрис артистышхуэт, пшынауэ Iэзэт, ди республикэм и зы къуажи щыIэу къыщIэкIынкъым ар зрамыгъэблэгъа, тешанкIэкIэ здамыша хьэгъуэлIыгъуэрэ нысашэрэ. Индрис гуфIэгъуэхэр игъэдахэрт, гукъинэжу иригъэкIуэкIырт. Нэхъыщхьэращи, щIыхьышхуэрэ пщIэрэ къыхуащIу щытащ».
- Совет властыр мыхъуа- мэ, Индриси Агънокъуэ Лашэ хуэдэу джэгуакIуэу е пшынауэу къэнэжынкIи хъунт. Ауэ, яухуа гъащIэщIэм и фIыгъэкIэ абы и зэфIэкIым зиужьащ. Ар цIыхубэм ягу къинэжащ пшынауэ Iэзэу, уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэу, усакIуэфIу.
- 1941 гъэм фокIадэм и 3-м Къэжэр Индрис ансамб-лым хэкIри Хэку зауэшхуэм кIуащ. ЩоджэнцIыкIу Алийрэ абырэ бийм гъэр ищIа-хэм яхэхуэри, Бобруйск щы-Iэ нэмыцэIуэм ирадзащ икIи а илъэс дыдэм и щэкIуэгъуэ мазэм концлагерым шхын щхьэкIэ илIыхьащ. А щIалэхэм мызэ-мытIэу къыхуагъэлъэгъуат нэмыцэхэм я лъэныкъуэ защIу яхуэлэжьэну арэзы хъумэ, офицер къулыкъу, лэжьапIэфI къратыну. Ауэ, тIури арэзы техъуакъым я Хэкум епцIыжыну. Апхуэдэуи нэмыцэIуэм щы-кIуэдащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.