ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УзэщIакIуэ

2020-08-06

  • Бахъсэн къалэ щыпсэуа ЛIыгъур Ибрэхьим гуапэу си гум куэдрэ къокIыж. Ар ди республикэм         дэнэ къыщына, ди къэралыгъуэшхуэу щытам еджагъэшхуэу исахэм ящыщ зыщ жысIэмэ, сыщыуэну     си гугъэкъым. Ибрэхьим хуэдэу дин щIэныгъэмкIэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа сэ зэи срихьэлIакъым. Абы сыт хуэдэ упщIэ ептами, псынщIэ дыдэу и жэуапыр къыуитыжырт — гъэхуауэ, IупщIу, тегъэщIапIэ къищI тхылъри абы напэкIуэцI щхьэхуэхэри къыбжиIэурэ.

  • Хамэ къэралхэм щызэбгрыдза ди лъэпкъэгъухэр лъагъунлъагъу къэкIуэну хуит щыхъужа зэманым Бахъсэн къалэм щыпсэуа ди Iыхьлы гуэрым и деж хьэщIэу къеблэгъат Сирием и къалащхьэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI лIы, и унагъуэр и гъусэу. Абы щыгъуэ Ибрэхьимрэ си адэшхуэмрэ хьэщIэхэм ябгъэдэсащ. Ахэр хьэрыпыбзэкIэ тыншу зэпсалъэурэ куэдрэ зэдэуэршэращ. Иужьым, Iэнэм щыс псоми зэхахыу, адыгэбзэ къабзэкIэ хьэщIэм жиIауэ щытащ илъэс тIощIым щIигъуауэ школ унафэщIу лажьэми хэгъэрей къыбгъэдэсхэм щIэныгъэу ябгъэдэлъым хуэдиз зэримыIэр. Ар гъэщIэгъуэныщэ къысщыхъуат.
  • Ибрэхьим и щIэныгъэр цIыхухэм яхихьэну ар щыпсэуа зэманым хуитыныгъэ иIакъым. Уеблэмэ, динымкIэ щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым къыхэкIыу гугъу дыдэ ирагъэхьыурэ къэгъуэгурыкIуащ. Абы и хъыбарыр кIыхьщ икIи гуузщ, тхылъ щхьэхуэ зыхуэфащэщ.
  • ИкъукIэ сыщогуфIыкIыж Ибрэхьим сцIыхуу зэрыщытам. Сэ ар ноби си нэгум щIэтщ япэ дыдэу зэрыслъэгъуам хуэдэу: лIы бжьыфIэу, къыпыгуфIыкIыу, и анэдэлъхубзэм хуэдэу хьэрыпыбзэкIи шэрыуэу псалъэу…
  • Махуэ гуэрым, шэджагъуэ нэужьи хъуауэ, си адэшхуэм Бахъсэн сыкъишащ. Ибрэхьимхэ я деж дыIухьащ, дыджэри къыщIэкIащ, гуапэуи унэм дыщIишащ. ЯпэщIыкIэ си гугъащ си адэшхуэм абы зызигъэшауэ, апхуэдэу ефэнды еджахэм    я деж зыщызигъашэ къэхъурти. АрщхьэкIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, Ибрэхьими сригъэджэну сыкъыхуишауэ арат. Абы ипэкIэ си адэшхуэм сригъэджат. Апхуэдэ щыкIэкIэ егъэджакIуэ схуэхъуащ зи щIэныгъэмрэ зи цIыхугъэмрэ гъунапкъэншэ лIы щэджащэр. Ар щеджат Мысырым щыIэ «Ал-Азхьар» дин еджапIэ нэхъыщхьэм. Хьэрыпыбзэм нэмыщIкIэ фIы дыдэу «игъэбзэрабзэт» адыгэбзэри урысыбзэри.
  • Илъэсихым нэскIэ гугъу къыздехьащ Ибрэхьим, тхьэмахуэ къэс дерсыщIэхэр къызитурэ, зэзгъэщIэфахэмкIэ сыкъипщытэжурэ. Телъыджащэт абы ит дерсхэр, куут, удэзыхьэхт икIи фIым ухуезыджэт, муслъымэныгъэ нэсыр зищIысыр къэзыгъэнаIуэт.
  • ДыщызэпсэлъылIэкIэ, Ибрэхьим тегъэщIапIэ къищIырт и нэгу щIэкIахэр, гугъуехьу игъэвахэр. Зэгуэрым абы къызжиIащ илъэсипщIкIэ тутнакъым зэрисар, СэлэфкIий жыхуаIэр зыхуэдэр зэригъэунэхуар.
  • …Ибрэхьим, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ хуэдэу адыгэбзэкIэ щIэныгъэ куу зиIахэм ящыщт. Абыхэм къуажэм (а зэманым Кушмэзыкъуейт) къищынэмыщIа,Къэбэрдейм адыгэбзэр щегъэджынымкIэ яхузэфIэкI къагъанэртэкъым. Ауэ, ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ езыхэр арэзыж къыщIэкIынтэкъыми, абы хагъэхъуэну тIури хамэ къэралым кIуат. Ибрэхьим зэрыжиIэжымкIэ, Алий илъэсипщIкIэ Истамбыл дэт дин еджапIэм щIэсащ. Ибрэхьим Мысырым щыIэ «Ал-Азхьар» дин еджапIэ нэхъыщхьэр къиухащ. ТIуми я гъащIэр траухуат щIэблэр фIым хуэузэщIыным. Ауэ сыт хуэдэ зэманми щы-Iэщ жагъуэгъухэр, цIыхум зэран хуэхъуныр зи нэрыгъхэр. Апхуэдэхэм бзэгу яхьри, Ибрэхьим «тIасхъэщIэххэр» къещэу щIадзащ. «Си цIыхугъэ гуэрым хъыбар къызигъэщIат сагъэкIуэдыну унафэ зэрыщыIэмкIэ, — къызжиIэжыгъат Ибрахьим. — Си гугъащ ар пцIыуэ, лажьэ гуэри щызимыIэкIэ, си гугъу къащIын хуэмейуэ. Ауэ, дауи ирехъуи, хъыбарыр гулъытэншэу къэзгъэнакъым. Жэщым мащэ къэстIри, пхъэ пхъуантэ ин сщIам дэлъу си чытапу хъуар щIэстIащ. Пщэдджыжьым нэху сыкъекIри, зэрыжаIам хуэдэу, сыдашащ. ИлъэсипщI енкIэ си щIэныгъэм щыщу зы псалъэ къэзгъэсэбэпыну схузэфIэмыкIыу тутнакъэщым сыщыIащ. Гугъуехь Iэджэ си фэм дэкIащ… Зэи къремыкIуэж апхуэдэ зэман!..»
  • Хуит къэхъужа нэужькIэ Ибрэхьим зыкъомрэ псэужащ, IэужьыфIхэр иIэу, гъуэгу захуэм цIыхухэр хуиузэщIу. Си гуапэ дыдэ хъуащ а цIыху лъапIэр щыпсэуа уэрамым абы и цIэр зэрыфIащыжар. Ар я фIыщIэщ Ибрэхьим и уэрамым тес унагъуэхэм. А лIы щэджащэу щытам, и быным хуэдэу сыкъэзылъэгъуам, гурэ псэкIэ сыхуохъуахъуэ Жэнэтыр и унапIэ хъуну.
  •  
  • ПЩЫХЬЭЩIЭ ЛатIиф.