ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыщокъуэ Фозэ и щапхъэ

2020-07-14

  • Бадзэуэгъуэм и 13-м илъэс ирикъуащ ХьэпцIей къуажэм (Тэрч щIыналъэ) анэдэлъхубзэмкIэ илъэс 44-кIэ щезыгъэджа, лъэпкъ Iуэхум зи гуащIэ хэзылъхьа, щIэблэ куэдым я гъэсэныгъэр зи фIыщIэ Дыщокъуэ Фозэ дунейм зэрехыжрэ. Абы теухуа тхыгъэ ди газетым тетауэ щытащ. Илъэситху ипэ а бзылъхугъэм сыхуэзэри сепсэлъат, и угъурлыгъэр зыхэсщIат. Ауэ зыкъэзумысыжынщи, абы щыгъуэ сэ Фозэ нэсу къысхуэцIыхуауэ схужыIэнутэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы теухуауэ къэс-
  • щIар щхьэщытхъуныр зи жагъуэ цIыхум сигъэлъэгъуам нэсти.

  • ЦIЫХУМ и фIымрэ и Iеймрэ къыщыщIэIуэ хабзэр дунейм ехыжа иужькIэщ. НтIэ, Фозэ теухуауэ псалъэ дахэу жаIэр зэхэсха иужькIэ сэ мурад сщIащ иджыри зэ тезгъэзэжу а бзылъхугъэм и гъащIэм сыхэплъэжыну, цIыху нэсу, зэманым декIуу къалъытэу дунейм тета адыгэ бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну.
  • 1958 гъэм, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щыщIэтIысхьам, гурыфIыгъуэу иIар зихуэдизымрэ Урыс Хьэталийрэ Апажэ Мухьэмэдрэ зэрырагъэджам зэрыригушхуэмрэ я гугъу къысхуищIат Фозэ. Университетым щыщIагъэтIысхьа гъэм, я къуажэ дэт курыт еджапIэм пионер вожатэу ягъэуври, илъэс иримыкъу лэжьауэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ яIэтэкъыми, Дыщокъуэр а IэнатIэм пэрагъэувауэ щытащ.
  • 1983 гъэм ХьэпцIей къуажэ советым и депутату хахри, исполкомым и секретару, иужькIэ жылагъуэ унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ. 1992 гъэм школымкIэ игъэзэжри, 2006 гъэ пщIондэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щригъэджащ. Пенсэм кIуа иужькIи, Фозэ сабийхэр игу пымыкIыу, иджыри илъэс 14-кIэ лэжьэжащ. Абы жиIэт сабийхэм псэщIэ, къаруущIэ къыхалъхьэу къызэрилъытэр. Фозэ цIыкIухэр фIыуэ щилъэгъуар пионер вожатэу щыщыта лъэхъэнэрщ.
  • «Сэ хуабжьу сынасыпыфIэу зызобжыж. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езгъэджахэм сызэрыгушхуэ куэд къахэкIащ. IэщIагъэлI пэрытхэр, дохутырхэр, егъэджакIуэхэр, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи цIэр фIыкIэ къыщраIуэ цIыхухэр. Ауэ сэркIэ нэхъыщхьэр аракъым, атIэ абыхэм ябгъэдэлъ гъэсэныгъэрщ. Еджэфи емыджэфи щыIэщ, ауэ гъащIэм щынэхъыщхьэр цIыхум    и дуней тетыкIэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къуажэдэс цIыкIухэр ебгъэджэну нэхъ тыншу къызолъытэ. Хабзэр щыжьэражьэ жьэгум дапIыкIа, псори щызэрыцIыху, напэр псэм щытрагъакIуэ къуажэжьым къыщыхъу ныбжьыщIэм удэлэжьэну гуапэщ».
  • Дыщокъуэр сабий емыджэфхэмрэ къыкIэрыхухэмрэ Iыхьэлейуэ гулъытэ яхуищIырт. Школым къэмыкIуэ яхэтмэ, зэрыклассу я деж кIуэрти, къашэрт. Сабийр укIытэрти, еджапIэм екIуэлIэн щIидзэ-жырт.
  • Адыгэбзэм и пщIэр зэрыкIуэщIым, абы унагъуэмрэ къэралымрэ щыхуащI пщIэмрэ гулъытэмрэ теухуауэ гъэщIэгъуэнт Дыщокъуэ Фозэ и Iуэху еплъы-кIэр. «Къыумыгъэсэбэп псори пуд мыхъу! Адыгэбзэм хуэмейхэр сыт щыгъуи щыIащ, щыIэщ икIи щыIэнущ. Ауэ гупсысэ мыщхьэпэ-   хэм задедмыгъэшэхыу, нэхъыжь псоми ди къалэнщ щIэблэм бзэм и IэфIагъымрэ абы и дахагъымрэ зыхедгъэщIэну. Iэмалыр гъунэжщ, еIэбыхи къащтэ закъуэ. ЕгъэджакIуэхэм дерс гъущэ ирагъэкIуэкIрэ, а IэнатIэр ахъшэ къэлэжьыпIэ къудейуэ къалъытэмэ, Iуэхур зэIыхьащ. Класс щIыб лэжьыгъэхэр къызэбгъэпэщкIэрэ, гупжьейхэр зэхэпшэкIэрэ щIэблэр къыдэхьэхын, я гупэр бзэмрэ лъэпкъымрэ дежкIэ къегъэгъэзэн хуейщ. Бзур абгъуэм исыхущ зэрыпхуэгъэсэнур. Зи дамэр жэпхъам улъэщIыхьэжрэ?!
  • Си щхьэкIэ щIэх-щIэхыурэ адыгэ тхакIуэхэм ятеухуа дерс зэIухахэр езгъэкIуэкIырт, сабийхэри яфIэфIу хэтт. Абыхэм ящыщу ЩоджэнцIыкIу Алий теухуамрэ «Жьым фымыщI и жагъуэ» пшыхьымрэ Жылэтеж Сэлэдин телевиденэмкIэ зыбжанэрэ къигъэлъэгъуэжауэ щытащ.
  • Пэжщ, гугъу хъуащ егъэджакIуэхэм я Iуэхур, ауэ пщэрылъ пыухыкIахэр уиIэу IэнатIэ ущыбгъэдэтым деж, нэхъыщхьэр гугъу уемыхьынракъым, атIэ щIэблэ узын-шэ къэгъэтэджынырщ», — жиIэрт абы.
  • Фозэ теухуауэ гукъэкIыж дахэ зимыIэ а ХьэпцIей дэсу къыщIэкIынкъым. Хэти иригъэджащ, хэти дэлэжьащ, хэти сэбэп хуэхъуащ. ЦIыху къелъэIуауэ зэи игъэщIэхъуакъым. ЕрыскъыфIэт, IуэхутхьэбзащIэт, куэдым я чэнджэщэгъут, и унагъуэр цIыху кIуапIэт.
  • Дуней псор арэзы ищIыну яужь ита, и хъуреягъым хуэпсэуа бзылъхугъэм и гъащIэ гъуэгур тыншауэ схужыIэнукъым. УфIыну сытым дежи гугъущ. Фозэ зыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхури фIым я фIыжу зэфIихырт. ЕджапIэм фIы дыдэу щеджащ, лэжьыгъэм щапхъэ дахэ щигъэлъагъуэт, пщэфIэнымкIэ къытекIуэ щыIэтэкъыми, жылэм хьэгъуэлIыгъуэу дахым я пщафIэр арат. Хадэ бэлыхь иIэт, удз гъэгъахэр и куэдт. Зыми хуэдэжкъым ар зыбгъэдэсу пщIантIэм дэса и дэлъху Анзор и бынхэр зэрилъэгъуамрэ абыхэм гуапэу зэрахущытамрэ. ЖыпIэнуракъэ, а сабийхэм я адэ-анэр дунейм ехыжа иужькIэ адэуи анэуи яIар Фозэщ. А псом ящхьэпрыIэбыкIыу и щхьэ нэхъапэ хуигъэщакъым, нэгъуэщIхэм яхуэпсэунырщ насыпу къилъытар. Аращ илъэс куэдкIэ телевиденэм ехъулIэу щылэжьа Дыщокъуэ Аркадий (и дэлъхубынщ) анэдэлъхубзэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ дезыгъэхьэхар.
  • Республикэм къыщыдэкI газетхэм Фозэ и лэжыгъэм теухуауэ тхыгъэхэр тетащ, телевиденэмкIэ зыбжанэрэ къатащ. РСФСР-м и профсоюзхэм я ЦК-м и Президиумым, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр къратащ. «Егъэджэныгъэм и ветеран» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщауэ щыта Дыщокъуэ Фозэ иригъэджахэмрэ и цIыхугъэу щытахэмрэ я гум зэи хэмыгъуэщэжын лъагъуэ щыпхишащ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Тэрч  щIыналъэ