ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Вагъуэхэр»  Iэпщэм  къызэщIекъуэж

2020-01-14

  • Лъэпкъ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ пэшышхуэм щIэзу къыщызэхуэсат адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу Совет Союзым футболымкIэ и чемпион хъуа Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъур ягъэлъэпIэну. Абыхэм яхэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и лъабжьэр зыгъэтIылъа икIи къэралпсо утыкум ехъулIэныгъэкIэ изыша щIалэ ахъырзэман куэд: Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм зыхъумахэу Сыжажэ Валерэ, Гогибедашвили Заур, Гъубж Вячеслав, Хьэнцэ Аслъэнбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, абы щыджэгуахэу икIи иужькIэ и тренер нэхъыщхьэу щытахэу Къумыкъу Виктор, Красножан Юрэ, Шыпш Тимур, Биджий Хьэсэнбий сымэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым, Правительствэм къикIахэр, Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ футбол академием и гъэсэнхэр, и ныбжьэгъуу, зыцIыхуу щытахэр, и унагъуэм щыщхэр. Зэрымыпсэужрэ илъэс 28-рэ дэкIами (1991 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м дунейм ехыжащ), Iэпщэм хузэфIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «топджэгум и вагъуэхэр» и пшыхьым къыщызэщIикъуэжыну.

  • Сыт щыгъуи хуэдэу дахэу, зэгъэкIуауэ зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Налшык дэт курыт еджапIэ №31-м и директор икIи «Спартак» стадионым и диктор Егъуэжь Анзор къызэхуэсахэм иджыри зэ ягу къигъэкIыжащ Iэпщэ Александр и гъащIэ гъуэгуанэмрэ топджэгум щиIа ехъулIэныгъэхэмрэ. Дауи, абы къыхигъэщхьэхукIащ 1964 гъэм Тбилиси и «Динамо»-м хэту СССР-м и чемпион зэрыхъуамрэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Налшык къигъэзэжу, ди «Спартак»-м и гъусэу Урысей Федерацэм и дыщэ медалхэр къызэрихьамрэ. Псалъэмакъыр щIигъэбыдэрт а лъэхъэнэм траха видеотеплъэхэм.
  • Пшыхьым япэу псалъэ щратащ хэгъэрейхэм къабгъэдэкIыу утыку къихьа Iэпщэ Анатолэ. Къызэхуэсахэм абы фIыщIэ ин яхуищIащ я лъэпкъым и мызакъуэу республикэр, къэралыр зэрыгушхуэ я къуэшыр зэрызыщамыгъэгъупщэм, хуэфэщэн пщIэ лъагэ зэрыхуащIым къыхэкIыу.
  • АдэкIэ псалъэмакъым къыхыхьа Сыжажэ Валерэ гуапэу игу къигъэкIыжащ Мэзкуу и «Динамо»-м и тренер нэхъыщхьэ Якушин Михаил 1961 гъэм Iэпщэмрэ абырэ я командэм зэрыригъэблэгъауэ щытар.
  • Iэпщэ Александр Мэзкуу щыщыIа лъэхъэнэм зэрыхуэза щIыкIэр игу къигъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и спорт факультетым футболым и теориемрэ практикэмрэ щезыгъэдж, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Къуэжэм Аслъэн.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и унафэщIу зэхуэсыгъуэ зыбжанэм щыта Нэхущ Заурбий къыхигъэщащ езыр зэи топ джэгуу щымытами, Iэпщэ Александр теухуа пшыхьхэм иджы ещанэу и гуапэу къызэрырихьэлIэр. «Апхуэдэхэращ лъэпкъыр зыIэтыр, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужыр», — жиIащ абы.
  • ГукъэкIыж IэфIхэр и куэдт Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Къумыкъу Борис.
  • — Нобэ хуэдэу сощIэж Iэпщэ Александр зи капитан Налшык и «Спартак»-р сэ сыщеджэ Саратов къалэм и «Сокол» командэм дэджэгуну 1963 гъэм накъыгъэм (майм) и 19-м нызэрыкIуауэ щытар, — ядэгуэшащ ар къызэхуэсахэм. — ЦIыху мин зыбжанэр къэукъубеяуэ зэрыс стадион абрагъуэм си закъуэт ди щIалэхэм къыщыдэщIыр. Зэпеуэр лъэщу къыщIэзыдза хэгъэрейхэм шэч къытрахьэртэкъым хьэщIэхэр зэрырагъэкIуэтынум, ауэ Iэпщэ Александр Мэзкуу и «Динамо»-м къыхэкIыжу къапэщIэтхэм къазэрыхыхьэжам, зэрапашэм, мащIэу игъэгузавэрт. ИкIи ар щхьэусыгъуэншэтэкъым: Сашэ ахэр хуабжьу игъэгулэзырт. 36-нэ дакъикъэм къэхъуа телъыджэм иужькIэ куэдрэ цIыхухэр тепсэлъыхьыжащ — лъагэу къэлъэта топым Iэпщэ Александр бгъэгукIэ зэригъэгъазэри, «Сокол»-м и гъуэм пэмыжыжьэу щыт Зотов Алексей хуигъэжащ, мыдрейм къыхуэнэжыр Сашэ къызэригъэпэща Iэмал гъуэзэджэр химыгъэкIуэдэну арати, хэгъэрейхэм я гъуэр хигъэщIащ. «Телъыджэщ!», «ФIэщщIыгъуейщ!» зэплъыжурэ къэхъуар ягъэщIагъуэрт стадионым кърихьэлIахэм. Сэри абы сригушхуэрт.
  • Iэпщэ Александр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхьыр зэхэухуэнат гукъэкIыжхэмрэ уэрэдхэмкIэ. Топджэгум куэд щIауэ хуабжьу дихьэххэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Текуев Амуррэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Дау Марьянэрэ пщыхьэщхьэр ягъэбжьыфIащ. КъэкIуэну дахэ зэриIэр къызэхуэсахэм яригъэлъэгъуащ Сашэ и шыпхъум и къуэрылъху Къуныжь Елизаветэ и уэрэд жыIэкIэм.
  •  КъБР-м и Парламентым «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым щиIэ фракцэм и пашэ Кебеков Владимиррэ философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликсри я мащIэтэкъым пшыхьым кърихьэлIахэм жраIэн. Абыхэм къыхагъэщащ Iэпщэ Александр и фэеплъ дахэр хъума хъун, ар щIэблэм я деж нахьэсын папщIэ къызэринэкIа унагъуэ дахэм, псом хуэмыдэу и щхьэгъусэ Риммэ, куэд дыдэ зэрызэфIагъэкIыр икIи абы папщIэ пщIэ лей зэрахуэщIыпхъэр. «Iэпщэ Александр зейр къызыхэкIа унагъуэм, лъэпкъым я закъуэкъым, атIэ ар республикэ псом, къэралым я щIэинщ», къыхагъэщащ а нэхъыжьыфIхэм.
  • 1965 гъэм Iэпщэм дэщIыгъуу Урысей Федерацэм и чемпионыгъэм нэса «щIалэ дыщэхэм» ящыщу, ди жагъуэ зэрыхъущи, псэууэ къэнэжар Хьэмгъуокъухэ малъхъэ яхуэхъуу Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъащIэ псор иужькIэ езыпха Гогибедашвили Заурщ. Абы и гукъэкIыжхэр зыфIэмыхьэлэмэт щыIэу къыщIэкIынтэкъым.
  • Видеокъэгъэлъэгъуэныгъэм и Iэмалхэр къагъэсэбэпри, пшыхьым я гукъэкIыжхэр утыку къыщрахьащ Iэпщэ Александр и тренерхэм, къыдэджэгуахэм, фIыуэ зыцIыхуу щытахэм.
  • Пшыхьым къыкIэлъыкIуа щэбэт махуэм «Налшык» спорткомплексым щекIуэкIащ зыкъом щIауэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ Iэпщэ Александр футболымкIэ и республикэпсо фэеплъ зэхьэзэхуэр.
  • Жыласэ Заурбэч.
  • Сурэтхэр  Толгуров  Камал  трихащ.