И IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм нобэми къахуощхьэпэ
2020-05-13
- Мы тхыгъэр зытеухуа Уэрыш Нурхьэлий Хъызыр и къуэм адыгэ лъэпкъым хуищIам уасэ хуэгъэувыгъуейщ. Апхуэдэу щIыжытIэм щхьэусыгъуэ хуэхъур «Адыгэ псалъэм» зэрыщылэжьа илъэс тIощIым къриубыдэу зэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм и закъуэкъым. Журналистикэм щыхыхьам къыщегъэжьауэ псэухукIэ ар адыгэхэм хьэлэлу зэрахуэлэжьар зи нэгу щIэкIахэм я гукъэкIыжхэми, дэ тлъэгъуахэми хуитыныгъэ къыдат апхуэдэу жытIэну. Нурхьэлий и гъащIэр триухуащ лъэпкъым и блэкIар къэтIэщIыжыным, абы и щIэблэм къахуэщхьэпэн Iуэхухэр къызэринэкIыным. Псэужамэ, илъэс 85-рэ ирикъунут ар мы махуэхэм.
- Уэрыш Нурхьэлий Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ 1935 гъэм накъыгъэм и 12-м. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщыхъуа ныбжьыщIэр и адэм и гъуэгум ирикIуэну мурад ищIащ икIи курыт школыр хъарзынэу къиуха нэужь, ар Тэрч мэкъумэш техникумым щIэтIысхьащ. Еджэн щIадзэри, Къэрэгъэш икIа щIалэр и ныбжьэгъухэм фIы и лъэныкъуэкIэ къахэщу хуежьащ. Балигъ гъащIэм хыхьа Уэрышым и хьэл-щэнхэр, и зэфIэкIыр нэхъ сэтей къэхъурт. Техникумым щаджхэмкIэ экзаменхэр фIы дыдэу итырт, лэжьыгъэм зэрыхуагъасэмкIи дагъуэ зыхуащIын далъагъуртэкъым. И хьэлыр еджапIэм псыхьа щыхъуауэ, ар щIыхь пылъу къиухауэ 1954 гъэм Нурхьэлий я къуажэм егъэзэж.
- Колхозым и правленэм и секретару лэжьэн щIидзауэ щытащ абы. А лъэхъэнэм къуажэхэм еджа, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ куэду дэстэкъым, уеблэмэ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр щахурикъуртэкъыми, Нурхьэлий къелъэIури, школым яшащ. ИлъэситIкIэ сабийхэм ядэлэжьауэ, Уэрышым мурад ищIащ и щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну икIи 1958 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым щIэтIысхьащ, журналистикэмкIэ и къудамэм щеджащ. Журналист IэщIагъэр абы щызэзыгъэгъуэтахэм ящыщу абыкIэ дипломыр япэу зратыжар Нурхьэлийщ.
- ФIыуэ еджэ къудей мыхъуу, зэIущIэхэм, семинархэм жыджэру хэт щIалэр япэщIыкIэ факультет, итIанэ университет комсомол комитетхэм хахащ.
- Нурхьэлий гуащIафIэт, жант, сыт хуэдэ лэжьыгъэ, сыт хуэдэ къалэн и пщэ къыдамылъхьами, игури и псэри абы етауэ, жэуаплыныгъэр куууэ зыхищIэу бгъэдэтт. Апхуэдэ лэжьакIуэ ВЛКСМ-м и обкомыр хуейти, еджэныр къимыух щIыкIэ, Нурхьэлий абы инструктору щылэжьэну яшауэ щытащ.
- Илъэс зыбжанэкIэ абы щылэжьа иужь, 1963 гъэм Бахъсэн ягъакIуэ. Абы районым и радио къыщызэгъэпэщын хуейт. Гудзакъэ зиIэ щIалэм а къалэнри гъуэзэджэу егъэзащIэ икIи абы и япэ редактору лэжьэн щIедзэ. И бзэр, къызэригъэпэщ нэтынхэр, псом хуэмыдэу цIыхухэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пыщIэныгъэфI зэрахуиIэр партым и Бахъсэн райкомым и лэжьакIуэхэм ягу ирохьри, районым къыщыдэкI «Коммунист» газетым ягъакIуэ. Нурхьэлий тхьэмадэ зыхуащIа къудамэм мащIэ-мащIэурэ зыкъиIэту хуожьэ. Куэд дэмыкIыу Уэрышыр редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ящI.
- Нурхьэлий район газетым хилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщт еджакIуэхэр тхэным зэрыдригъэхьэхыр, IэщIагъэлIхэм я IэнатIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым газетеджэхэр щыгъуазэ хуащIын хуейуэ къалэну яхуигъэуват. Куэд мэхъу Уэрышыр зыдэлэжьахэр, журналист IэщIагъэм иригъэхъуэпсахэр.
- Район газетым ирашри, илъэсиплIкIэ райкомым и къудамэм и унафэщIу щылэжьауэ, Нурхьэлий профсоюзым щыхузэфIэкIынум еплъыну мурад ящI. Ар къыкIэрыху IэнатIэхэм ящыщт — профсоюзхэм я Бахъсэн райкомым и советым и унафэщIу хах. 1979 гъэ пщIондэ абы хьэлэлу щылэжьауэ, ехъулIэныгъэ мымащIи къыщихьауэ, абы Iэмал къыхукъуокI фIыуэ илъэгъуа журналист лэжьыгъэм пэрыхьэжыну — «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым и корреспонденту мэув. ЯпэщIыкIэ пропагандэмкIэ къудамэм и корреспонденту, иужькIэ письмохэмкIэ, политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэхэм я тхьэмадэу лэжьащ.
- Уэрышым и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытт: Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Краснодар, Ульяновск, Владикавказ къалэхэм парт курс щхьэхуэхэр къыщиухащ. Ар филологт, дунейм щекIуэкI IуэхухэмкIэ лекторт, идеологие лэжьакIуэт, публицистт.
- Политикэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэр зыхуэдэнур журналистым куэдкIэ елъытащ. Абы и лъэныкъуэкIэ Нурхьэлий зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэр зыфIэлъапIэ, псалъэм хуэсакъ цIыху набдзэгубдзаплъэт. ЩытыкIэр пэжу къызэригъэлъэгъуэным, ар бэм я деж зэрынихьэсыным хущIэкъурт. А псор гулъытэншэ хъуакъым — «Мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ щыIэн папщIэ» республикэ саугъэтыр 1993 гъэм къыхуагъэфэщащ Уэрышым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
- Зыхуэзэша, и псэм нэхъ пэгъунэгъу журналист лэжьыгъэм здыпэрытым, Нурхьэлий темэ щIэщыгъуэхэр къилъыхъуэрт, рубрикэщIэхэр къигупсысырт, псалъащхьэхэр игъэдахэрт. Куэдым ягу ирихьат «Адыгэ псалъэм» и пощт», «МафIэ мыужьых» напэкIуэцIхэр. Нурхьэлий журналист Iэзэм и закъуэтэкъым, атIэ икIи драматургие жанрми хуэлэжьащ — абы пьесэ зыбжанэ итхащ.
- Илъэс куэд хъуауэ къыдэкI Адыгэпсо (Шэрджэс) стIолыщхьэ махуэгъэпсыр лъэпкъ щIэнгъуазэ пэлъытэщ. Ди лъэпкъэгъухэм я къекIуэкIыкIам, ди зыужьыныгъэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа цIыху щэджащэхэм, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэр абы щызэхуэхьэсащ. КъыдэкIыгъуэ къэс махуэгъэпсым йохуэ цIэщIэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, ди къэралым, дуней псом щагъэлъапIэ махуэшхуэхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ди тхыдэми лъэужь дахэ къыщызыгъэна, лъэпкъым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыхушхуэхэм я цIэхэр, я гъащIэм теухуа тхыгъэ кIэщIхэр, бжыгъэ, къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнхэр, адыгэ щэнхабзэм, лъэпкъ хабзэхэм ящыщ Iыхьэхэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэ купщIафIэхэр, цIыху цIэрыIуэхэм я гупсысэхэмрэ щIыпIэ телъыджэхэм хуэгъэпса хэзыгъэгъуазэхэмрэ. «Адыгэ махуэгъэпсыр» гъэхьэзырыным Уэрышым къаруушхуэ ирихьэлIащ, игури и псэри етауэ а Iуэху дахэм икIи щхьэпэм илъэс куэдкIэ телэжьащ лъэпкъым дежкIэ щхьэпэ тхыгъэхэр, дэфтэрхэр зэхуихьэсыжу.
- КъищынэмыщIауэ, Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэр къэгъэлъэгъуэным, хъыбарыншэу кIуэдахэр къэлъыхъуэжыным, къэгъуэтыжыным хуэунэтIауэ куэд хузэфIэкIащ абы. Апхуэдэу республикэм щыщу зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унэцIэхэр щызэхуэхьэсыжа «Фэеплъ тхылъыр» къызэрыдэкIами абы и гуащIэ хьэлэл хэлъщ.
- 1999 гъэм Уэрышыр пенсэм кIуэри, «Адыгэ псалъэм» IукIыжауэ щытащ. Ауэ апхуэдизрэ журналист лэжьыгъэм и куупIэм хэта цIыхум и къалэмыр зэуэ игъэтIылъыжынт? Газетым тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, псалъэзэблэдзхэр къытхуихьу, радиом папщIэ нэтынхэр игъэхьэзыру, ахэр цIыхухэм гунэс ящыхъуу адэкIи журналистикэм хэтащ Нурхьэлий.
- Унагъуэ хъарзынри къыкъуэтащ Уэрышым. Зы къуэрэ зыпхъурэ иIэщи, тIуми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэ щхьэхуэхэщ.
- Журналист IэщIагъэм илъэс куэдкIэ хуэпэжа, нэхъыжьыфIу, цIыху гуапэу дунейм тета Уэрыш Нурхьэлий Хъызыр и къуэр 2016 гъэм щIышылэм и 25-м дунейм ехыжащ, ауэ и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм нобэми къахуощхьэпэ. ЦIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр лъэужьыфIэ хъуныркъэ-атIэ? Апхуэдэ насып къехъулIауэ къыдолъытэ Уэрыш Нурхьэлий.
- САНЭ Маринэ.