ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкупсэ  нэс  Ержыб  Аслъэн

2020-08-18

  • Адыгэхэм ди лъэпкъ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ Ержыб Аслъэн Къуэш и къуэр. Педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, СССР-м, РСФСР-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ я отличник, Дагъыстэн Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Ержыб Аслъэн щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI гумызагъэу щытащ. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ адыгэ литературэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж тхылъхэр, методикэ чэнджэщхэр зэрыт пособиехэр. Псэужамэ, Ержыб Аслъэн и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 90 ирикъунут.

  • Ержыб Аслъэн 1930 гъэм и шыщхьэуIу мазэм къыщалъхуащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Къугъуэлъкъуей (Урыху) адыгэ къуажэм. Ар къыщыхъуари зыхапIыкIари мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. Школым щыщеджа зэманым Аслъэн еджакIуэ нэхъыфI-хэм халъытэу щытащ дапщэщи. ЩIалэ жыджэрыр еджэнми жылагъуэ Iуэхухэми щыпэрытт, сурэт щIынымкIэ зэфIэкI дахэ бгъэдэлъти, ар хэмыту школым щемыкIуэкIми ярейт зы зэIущIи, апхуэдэу ахэр и IэдакъэщIэкIхэмкIэ игъэдахэрти. Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Аслъэн абы къагъэнэжри, гъэ еджэгъуитIкIэ щылэжьащ пионервожатэ нэхъыжьу, сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэу. ИтIанэ абы мурад быдэ ищIащ и щIэныгъэм пищэну икIи 1953 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и тхыдэ-филологие къудамэм. Къуажэ курыт школми хуэдэу, еджапIэ нэхъыщхьэми Ержыбыр фIы дыдэу щеджащ, щIэныгъэфIи зригъэгъуэтащ. ФIыуэ зэреджэм къыхэкIкIэ стипендие хэIэтыкIа кърату щытащ абы, пединститутым и «ЩIыхь пхъэбгъум» и сурэтыр илъэсиплIкIэ илъащ. Жылагъуэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр илъэситхуми щIыхь пылъу икIи къызыхуэтыншэу игъэзэщIащ. Аслъэн факультетым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару щытащ, институтым и профкомым хэтащ, спорт Iуэхухэми хуэжыджэру студент илъэсхэр ирихьэкIащ. Аращ илъэситхум къриубыдэу гупым я пашэу, старостэу щытари.
  • Урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ куууэ зыджа IэщIагъэлI ныбжьыщIэр 1958 гъэм егъэджакIуэу къащтащ Хьэ-туей дэт курыт школым. ЩIалэщIэм и зэфIэкI псори къызэIуихыну хунэмысами, школ унафэщIхэм зэман кIэщIым къриубыдэу гу лъатат Ержыбыр лэжьакIуэ гумызагъэу, IэщIагъэлI щыпкъэу, цIыху акъылы-фIэу зэрыщытым. Аслъэн и лэжьэкIэфIым и хъыбарыр щIэхыу нэсащ къалащхьэм. А зэманым ди республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министру щытар Уэрсей Фаинэт. УнафэщI набдзэгубдзаплъэм адрей егъэджакIуэ щIалэхэм занщIэу къахигъэбелджылыкIащ Ержыбыр, бгъэдэлъ гупсысэ жаным, Iуэху зехьэкIэ пэрытым, гумызагъагъым гу лъитэри. Уэрсейм и чэнджэщкIэ ар министерствэм инспектор-методисту щылэжьэну ирагъэблэгъащ.
  • Дзыхь къыхуащIа IэнатIэр щIыхь пылъу илъэсибгъукIэ игъэзэщIащ Ержыбым. Абы къыдэкIуэу жыджэру зритащ творческэ лэжьыгъэм: абы щIидзащ адыгэбзэмрэ литературэм- кIэ школ программэхэр къэпщытэным, абыхэм рецензэхэр хуэтхыным, тхылъ щхьэхуэхэм я редактору щытащ. Аслъэн и апхуэдэ япэ лэжьыгъэу щытащ Къамбий ХьэматI, Нало Ахьмэдхъан, Акъбащ Александр сымэ 3-нэ классым папщIэ зэхалъ-хьа «Анэдэлъхубзэ» тхылъыр егъэфIэкIуауэ къыдэгъэкIыныр. ЕтIуанэ лэжьыгъэ нэхъ гугъур 7-нэ классым адыгэ литературэр зэрыщаджын тхылъ тэмэм зэхэлъхьэнырт. Ар пщэрылъ зыхуащIахэм ямыгъэхьэзырурэ, Ержыб Аслъэн зэхигъэуващ 7-нэ классым адыгэ литературэр къуажэ курыт школым зэрыщаджын тхылъ хъарзынэ. Абы щIэупщIэшхуэ иIауэ щытащ а зэманым. Тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1965 гъэм къыщыдэкIащ. Ар Ержыбым и япэ ехъулIэныгъэу, и япэ лэжьыгъэшхуэу щытащ.
  • 1967 гъэм Ержыбыр КъБАССР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу ягъэуващ икIи илъэс 13-м щIигъукIэ а къулыкъур зэрихьащ къызыхуэтыншэу, пщэрылъ къыщащI дэтхэнэ Iуэхури нэсу зэфIихыу, хэлъэтрэ гудзакъэ- рэ иIэу. Министерствэм зэрыщылажьэм хуэдэурэ, Ержыбым Москва дэт, Лъэпкъ школхэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, абы и аспирантурэм щеджащ. 1973 гъэм и гъатхэпэ ма-зэм Аслъэн утыку кърихьащ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэр. Ар ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIри, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
  • Творческэ икIи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ Ержыб Аслъэн. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ курыт школхэм я еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм папщIэ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэщ адыгэ литературэр 2-нэ, 6-нэ, 8-нэ, 10-нэ классхэм зэрыщаджын тхылъитхур (10-нэ классым ейм хрестоматиери щIыгъуу); классщIыб еджэныгъэр 2-нэ, 3-нэ, 4-нэ, 5-нэ, 6-нэ, 7-нэ, 8-нэ классхэм зэрыщрагъэкIуэкIын тхылъхэр; адыгэ литературэр 2-нэ, 4-нэ, 5-нэ, 6-нэ классхэм зэрыщегъэджыпхъэм теухуа чэнджэщхэр зэрыт тхылъиплIыр; ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэ щхьэхуэхэр школ программэхэм япкъ иткIэ курыт школым зэрыщегъэджыпхъэм теухуа чэнджэщхэр щызэхуэхьэса тхылъищыр; адыгэ литературэмкIэ школ программитIыр (1-4-нэ, 5-11-нэ классхэм ейр). КъэхутакIуэ икIи методист Iэзэм и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытрадзэрт ди республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм. Апхуэдэхэм я бжыгъэри 50-м щIегъу. Абыхэм Ержыбым щызэпкърихырт тхыгъэ щхьэхуэхэри, щиузэщIырт зэрегъэджыпхъэ мардэхэри, щигъэнаIуэрт Iуэху зехьэкIэщIэхэри. А псоми я лъабжьэт егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм, ди анэдэлъхубзэр школым зэрыщегъэджыпхъэ мардэхэм ехьэлIауэ абы бгъэдэлъ щIэныгъэ куур, зэфIэкI лъагэр. Ержыб Аслъэн и Iэдакъэм къыщIэкIа лэжьыгъэхэр 350-м нос. Ахэр автор напэкIуэцI бжыгъэм хуэбгъакIуэмэ, псори зэхэту 700-м ноблагъэ. Зэрытлъагъущи, зы цIыхум дежкIэ ар лэжьыгъэ мащIэкъым.
  • Ди щIыналъэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми пщIэ щиIащ Ержыб Аслъэн бгъэдэлъа щIэныгъэшхуэм. 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ 2006 гъэ пщIондэ ар лэжьащ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрествэм и нэIэм щIэту ла- жьэ, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Москва дэтым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщIу. Апхуэдэу щы- тащ ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым пэщIэдзэ егъэджэныгъэмкIэ и кафедрэм и доценту. Ержыбыр а IэнатIэхэм щыпэрыта илъэсхэр куэдым ягу фIыкIэ къинащ, сыту жыпIэмэ къэралпсо институтым и апхуэдэ къудамэхэм я нэхъыфIхэм халъытэ хъуат Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр. Къэхъуакъым абы къыпэщыта къалэнхэр щIыхь пылъу щимыгъэзэщIа. Апхуэдэу зыужьыныгъэ игъуэтащ а лъэхъэнэм ар зэпхауэ щыта кафедрэми. Ар жыджэру икIи зэфIэкI иIэу хэлэжьыхьащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ зэрырагъэдж тхылъхэр (ахэр япэм Налшык къыщыдэкIыу щытащ) егъэфIэкIуэным, зэрырагъаджэ планхэр, школ программэхэр зэхэлъхьэным, нэрылъагъу пособиехэр къыдэгъэкIыным, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ школ кабинетхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным. Ержыб Аслъэнщ къыхэзылъхьари пхызыгъэкIари анэдэлъхубзэ езыгъэдж-хэм я улахуэм процент 15-кIэ хэгъэхъуэныр, апхуэдэуи егъэджэкIэм (методикэм) теухуа тхылъхэр къызэращэхун ахъшэ сом 200 мазэ къэс егъэджакIуэхэм хухахыныр.
  • Адыгэбзэмрэ литературэмрэ ку-рыт школхэм щегъэджын Iуэхугъуэхэм ехьэлIа лэжьыгъэ нэхъыбэ, нэхъыфI, нэхъ щхьэпэ зылэжьа ди автор нэхъыжьхэм икIи нэхъ пажэ-хэм ящыщщ Ержыб Аслъэн. Ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм, лэжьэгъуу, гъунэгъуу, ныбжьэгъуу иIахэм ноби жаIэ Ержыбыр гумызагъэу икIи лэжьэрейуэ зэрыщытар, зыпэрыт IэнатIэм хуэфащэ дыдэу, цIыху пэжу, гуащIафIэу, псэ хьэлэлу абы зэрыпэрытар. Нобэ илэжьыпхъэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри зэи пщэдейрей махуэм игъэIэпхъуэртэкъым щхьэх жыхуэпIэр зымыщIэ а псэ къабзэм. Апхуэдэ хьэлыфIхэр дэри, адыгэ газетым щылажьэхэм, куэдрэ дэтлъэгъуат а нэхъыжьыфIым. Езэш имыIэу ар щIэх-щIэхыурэ къытхуэкIуэрт, ди тхакIуэхэм я художественнэ IэдакъэщIэкIхэм, ди литературэм игъуэта зыужьыныгъэм теухуа тхыгъэщIэ купщIафIэхэр иIыгъыу, зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъэхэм ехьэлIа и гупсысэхэр къытхуиIуатэу.
  • — Сэ мыхьэнэ гуэрхэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр злэжьамэ, ар зи фIыщIэр си къуэш нэхъыжь СулътIанщ, гъащIэ гъуэгум сызыщрихьэлIа, сызыдэлэжьа цIыху щэджащэхэу, лэжьакIуэ гъуэзэджэхэу Уэрсей Фаинэ, Бэджрэт Лолэ, КIэш Евгение, Багъ Николай, Джаурджий ХьэтIыкъэ, Дзасэжь Хьэсанш, ЖьэкIэмыхъу Хьэжысмел, КIэрэф Мухьэмэд, Темрокъуэ Индэрбий, Шэшэн Щамил сымэщ. Сэ абыхэм я фэеплъым си щхьэр яхузогъэщхъ, — жиIэрт Аслъэн, къикIуа и гъащIэ гъуэгум щриплъэжкIэ. — ЖыпIэнурамэ, цIыхуфIхэмкIэ, акъылыфIэхэмкIэ, зэхэщIыкI куу зиIэхэмкIэ Тхьэр си гъащIэм куэдрэ къыщысхуэупсащ сэ…
  • Зи гугъу ищIу щыта цIыху акъылыфIэхэм, псэ къабзэхэм я щапхъэт езы Ержыбри. ЗэфIиха Iуэху щхьэпэ куэдкIэ егъэджакIуэхэми зыцIыхуу щыта куэдми я гум къинащ ар. Сыт хуэдэ IэнатIэ Iумытами, ар егъэфIэкIуэным, адэкIи зегъэужьыным зэфIэкIыу иIэр, щIэныгъэу бгъэдэлъыр ирихьэлIэущ Аслъэн зэрылэжьар. А псори къалъытэу, Ержыбыр мызэ-мытIэу ягъэпэжащ къэрал дамыгъэхэмкIэ, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэмкIэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр, медалхэр, нэгъуэщI гулъытэхэри.
  • 2016 гъэм и фокIадэ мазэм дунейм ехыжащ Ержыб Аслъэн, щIэныгъэлI цIэрыIуэр, егъэджакIуэ Iэзэр, хэкупсэ нэсыр. Адыгэм, лъэпкъ егъэджэныгъэм и зыужьыныгъэм папщIэ илэжьа псори псапэу игъуэтыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.