ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КхъуэIуфэ  Хьэчим  и лъэужь  дахэ

2020-02-08

  • КхъуэIуфэ Хьэчимрэ сэрэ 1964 гъэ лъандэрэ дызэныбжьэгъут. Ар Бахъсэн щIыналъэм къыщыдэкI «Коммунист» газетым щылажьэрт, сэри абы си тхыгъэхэр къыщытрезгъадзэрт. Абы и ужькIи ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуа фIэкIа, зым адрейм и гур хэзыгъэщIын Iуэху ди зэхуаку зэи къыдэхъуакъым…

  • КхъуэIуфэмрэ сэрэ лэжьыгъэ куэд зэдэтщIащ. Тхылъ тедзапIэм сыщыщыIам, Хьэчим и тхылъитIым редактору селэжьауэ щытащ. Япэр «В зеркале социальной жизни» зыфIищарат. Пэжыр жыпIэмэ, адыгэ литературэр джыным и лъэныкъуэкIэ абы пэхъун лэжьыгъэ нобэр къыздэсым диIакъым. А лэжьыгъэм Хьэчим щыхузэфIэкIащ пэжыр къигъэлъэгъуэфыну, ныкъусаныгъэхэри щIимыхъумэну. Абы къищынэмыщIауэ, тхакIуэ цIэрыIуэм иIэщ нэгъуэщI зы лэжьыгъэшхуи ар урысыбзэкIэ къыдэкIа «Вечные странники» («ИгъащIэкIэ гъэрибхэр») тхылъырщ. А лэжьыгъэми сыхэплъэжыну КхъуэIуфэм дзыхь къысхуищIат, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Тыркум IуэхукIэ сапыщIауэ къызэрекIуэкIам къыхэкIыу. Ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ ар къыщыдэкIар нэхъ иужькIэщ.
  • «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан мурад ищIащ мыгувэу а тхылъыр къыдигъэкIыжыну. Къэбгъэлъагъуэмэ, куэд ятетхыхьащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. АрщхьэкIэ КхъуэIуфэм и лэжьыгъэм хуэдэу сыт и лъэныкъуэкIи ар къызэхъулIа яхэту къыщIэкIынукъым. КупщIэ щIэлъу, щIэныгъэшхуэ зэриIэр, литературэм куууэ зэрыхищIыкIыр зыхэпщIэу ухуащ а лэжьыгъэр. Абы къыхэкIыу «ИгъащIэкIэ гъэрибхэр» иджыри зэ къыдэгъэкIыжыным цIыху куэд зэрежьэр, зэрыщыгуфIыкIынур хьэкъщ.
  • Хьэчим мы гъащIэм лъэужь дахэ къытринащ. Абы журналистикэми хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. КъБКъУр 1964 гъэм къиуха нэужь, зэрыжысIащи, ар район газетым щылэжьащ, иужькIэ парт журналым («Блокнот агитатора»), КПССм и обкомым печатымкIэ, радиомрэ телевиденэмкIэ и къудамэм и тхьэмадэу, КъэбэрдейБалъкъэрым и радиомрэ телевиденэмрэ я унафэщIу, «Хэку» зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретару къалэн гугъухэр игъэзэщIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ «Адыгэ псалъэ» газетми Хьэчим илъэситхум щIигъукIэ зэрыщылэжьар, КъБРм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми и тхьэмадэу зэрыщытар.
  • Хьэчим хабзэшхуэ зэрыхэлъари щIыгъужыпхъэщ жытIам. КъызыхэкIа адыгэ лъэпкъым пищIын щыIэтэкъым. Абы и щыхьэтщ Хэку зауэшхуэм и зэманым 115нэ шууей гупым къызэпичауэ щыта гъуэгур къызэхикIухьу, тхылъ щхьэхуэ абы хэтахэм ятеухуауэ къыдигъэкIыжа р. Сыт и уасэ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан теухуауэ итха «Орёл умирает в полёте» повестымрэ «Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ» Iуэтэжхэмрэ!
  • ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд.