ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэ купщIафIэ зиIа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд

2020-11-10

  • Производствэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэман кIыхьым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъэгъуа, КъБР-м мэкъумэшымрэ ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэ зыбжанэм я Iэтащхьэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Хьэмид и къуэр псэужамэ, илъэс 70 ирикъунут.

  • Пэжыр зи гъуазэ цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр зыхуэзэ гугъуехьхэм пэлъэщрэ задиузэщIу, псэуныгъэм хуиIэ лъагъуныгъэр и гум щимыгъэкIуэщIу ипэкIэ кIуэтэнырщ. АтIэми, ар зэгуэ-рым нэсынущ зэплъэкIыжу, «сыт хуэдэ лъэужь къызэзнэкIыр, сыкъызыхэкIа унагъуэм, сызыщыщ лIакъуэм, сыкъыщыхъуа жылэм я пщIэр, я щIыхьыр, зымащIэ нэхъ мыхъуми, си гуащIэдэкIкIэ схуэIэта?» упщIэхэмкIэ зыщыхуигъэзэжын и пIалъэм.
  • Тыжьей (Кыщпэк) къуажэм дэт курыт школыр къиуха иужь, Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха IэщIагъэлI ныбжьыщIэм «Кэнжэ» пхъэщхьэмыщхьэ совхозым лэжьэн щыщIидзащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу, адыгэ щIалэр а IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ хъуащ. И къару емыблэжрэ жэуаплыныгъи хэлъу лэжьэн зэрыхуейм хуагъэса Мухьэмэд Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, зи унафэщI къудамэм къыпэщылъ къалэнхэр и чэзум гъэзэщIа зэрыщыхъуным хущIэкъу IэщIагъэлI нэсу зыкъигъэлъэгъуащ. Зэманым декIуу зи гуащIэдэкI гъащIэм щIэзы-дза щIалэм и зэфIэкIхэм ар я ублапIэт.
  • И унагъуэр и гъусэу.

  • Тхьэгъэпсо Мухьэмэд дзэм щыхэтам.

  • Тхьэгъэпсо Мухьэмэд и къуэхэр.

  • «Трудовой горец» колхозым и унафэщIыр, шыгъажэм хэтахэр щIыгъуу.

  • И цIыху щIыкIэт
  •  
  • Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Хьэмид и къуэр ди республикэм пщIэ зыщыхуащIу, фIы и лъэныкъуэкIэ къыщацIыхуахэм ящыщт. КъызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэу зэрыщытам и мызакъуэу, ар  икIи жылагъуэ лэжьакIуэт. КъыдекIуэкIахэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, Тхьэгъэпсор гупсысэ лъагэ зыбгъэдэлъа, псэ къабзэу щыта цIыхущ. Ар, игуми и щхьэми къыбгъэдэкIыу, сытым де-жи ядэIэпыкъурт зыгуэр хуэныкъуэу зыкъыхуэзыгъазэу щытахэм.
  •  
  • Мухьэмэд IуэхущIапIэ зыбжанэм илъэс куэдкIэ унафэщIу Iутащ, а къулыкъу мытыншым абы дерс къыхихащ, цIыхухэм фIыуэ закъригъэлъэгъуащ. Апхуэдэу, Тхьэгъэпсом «Къэббалъкъмежколхозстрой»-м механик нэхъыщхьэ IэнатIэр щызэрихьащ, Тыжьей щызэхэта «Трудовой горец» колхозым и тхьэмадэу щытащ, «Къэббалъкъстрой» — мрэ «Къэббалъкъпромстрой»-мрэ  я  тхьэмадэхэм  я  къуэдзэу лэжьащ, къигъэщIа иужьрей илъэситхум къриубыдэу абы Бахъсэн щIыналъэзэхуаку мэз хозяйствэр зэрихьащ.
  • Мы тхыгъэм яужь дихьэн ипэ зызыхуэдгъэзахэм къыджаIам тетщIыхьмэ, Мухьэмэд и ныбжьэгъуу щытахэм, къыдэлэжьахэм я гум къинащ гуащIагъэу бгъэдэлъамкIэ, жиIам тебгъуэтэж цIыху пэжу зэрыщытамкIэ. Уегупсыс зэрыхъунумкIи, Тхьэгъэпсом щапхъэ зытрахым хуэдэ и дуней тетыкIам лъабжьэ хуэхъуар, ар адыгэ унагъуэ щыпкъэм къызэрыхэхъукIар зымыгъэгъуащэу,  абы  бгъэдэлъа Iущагъэрщ, цIыхугъэ лъагэрщ, гъэсэныгъэ дахэрщ, и зэфIэкIырщ.
  • Колхоз Iэтащхьэу
  • щыщытам
  •  
  • Къыщыхъуа къуажэм «Трудовой горец» цIэр зэрихьэу щызэхэта колхозым и Iэтащхьэу щыщыта лъэхъэнэми Тхьэгъэпсо Мухьэмэд гулъытэ ин хуищIащ езым и унафэм щIэта хозяйствэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрызригъэужьыным, жылэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным пыщIа Iуэхугъуэхэм.
  •  
  • Колхоз-совхозхэмя унафэщIу щытахэм я дежкIэ, шэч хэмылъу, адыгэ хабзэм зэрыхащIыкIри щIэгъэкъуэнышхуэт, зыпэрыта IэнатIэ мытыншым къыщыдэлэжьахэм зэрыщытыпхъэу щадекIуэкIын и лъэныкъуэкIэ.    
  • Тхьэгъэпсо Мухьэмэд цIыху зэпIэзэрыту зэрыщытам щыхьэт тохъуэ къэзыцIыхуу щытахэм, къыбгъэдэтахэм ящыщ зым абы къыхужиIа псалъэхэр: «Ар и щэн дахэм, щапхъэ зытепх хъунум, къытебэкъукIауэ дэ зэи тлъэгъуакъым».
  • Дауи, дэ дызэрегупсысымкIэ, къэхъуагъэнщ Мухьэмэд и макъым зыщригъэIэтаи. Урыс гупсысакIуэ, литературэ критик Добролюбов Николай и тхыгъэхэм ящыщ зым зэрыщитхауэ, унафэщIыр псом я дежкIи щIалэфIу щытмэ, Iуэхур кIуэтэнукъым. Дэ къызэрыдгурыIуамкIэ, Тхьэгъэпсор фIыуэ къэзылъагъуу къыдекIуэкIахэр куэд-   кIэ нэхъыбэщ ар зэхэзымыщIыкIыу зи щIыбагъ къыхуэзыгъэзэжахэм нэхърэ.
  •  ГъущIынэ Владимир жеIэ
  • — Владимир, уэри Тыжьей узэрыщыщыр къыхэдгъэщынщи, Тхьэгъэпсо Мухьэмэд уи дэгъуэгурыкIуэкIэ хъуам и гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт.
  • — Мухьэмэдрэ сэрэ, ныбжькIэ дызэрызэщхьэщыкI щымыIэу, зы къуажэ дыкъыщызэдэхъуат, курыт школми дыщызэдеджат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым агрономиемкIэ и факультетри тIуми къэдухати, сытым щыгъуи дызэрыщIэрэ дызэкIэлъыкIуэу апхуэдэт. Парткому колхозым къыщигъэзэжами дызэхуэзэрти, зэдетхьэкI лэжьыгъэм, дызыпэрыт IэнатIэм дытепсэлъыхьрэ дыщызэчэнджэщыжу дыкъызэдекIуэкIащ. КъызэрызгубзыгъыжымкIэ, Тхьэгъэпсор парткому илъэси 6 — 7 хуэдиз лажьэри, ди колхозым и унафэщIу ягъэувауэ щытащ. А къулыкъур абы илъэситхукIэ зэрихьащ. А зэма-ным сэри, япэщIыкIэ, гъавэгъэкI гупым сраIэтащхьэу, иужькIэ пхъэщхьэмыщхьэ хадэм щылажьэм я бригадиру сыщытащ. Зыкъызощтэжри, 1972 гъэм къыщыщIэдзауэ 2000 гъэр къихьэху а IэнатIэхэр «Трудовой горец» колхозым щызесхьащ. 2000 гъэм сэри а мэкъумэш хозяйствэм и тхьэмадэу сагъэуври, 2005 гъэ пщIондэ а къулыкъум сытетащ.
  • — Мухьэмэд и хьэл-щэн, и дуней тетыкIам щыщу сытхэр уигу нэхъ къинэжа, Владимир?
  • — Тхьэгъэпсор адыгэ хабзэм хуабжьу егугъуу, ящыгъупщэжу щIэзыдза нэщэнэ  нэгъунэ  къызэрыдихыжыным хущIэкъуу, зэдэлажьэхэр нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ  зэрызэдекIуэкIын  хуейм  дыкъыхуриджэу щытащ. Апхуэдэ и хьэл-щэным къыхэкIыуи, къуажэри къыхуэарэзыуэ щытащ. Мухьэмэд здэкIуам Тхьэм щигъэтынш, зэныбжьэгъухэм, къыдэлажьэу щытахэм дигу къэдгъэкIыжу, и цIэр куэдрэ фIыкIэ къыдоIуэри, цIыхуфIу ди жылэм зэрыдэсам ар и нэщэнэщ.
  • УнафэщIым и Iуэхур тынш дыдэ-къым. Укъыщыпщтыри, укъыщызэфIэзэрыхьи къэхъунщ, Iуэхур тэмэму зэфIэзымых урихьэлIэмэ, зыгуэрхэм мыхъумыщIагъэ ядэплъагъумэ. Апхуэдэхэм дежи псоми бзэ щхьэхуэ къахуигъуэтыфырт Тхьэгъэпсом.
  • Елбэд Артур игу
  • къегъэкIыж
  • Мы зэманым Кыщпэк къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэщ. Тхьэгъэпсо Мухьэмэд дэлэжьащ.
  • — Тхьэгъэпсор цIыху къызэрыгуэкIтэкъым, и шыфэлIыфэкIи, и зекIуэкIэкIи, и псэлъэкIэкIи. УтехьэулеикIынкIэ Iэмал зимыIэ, удэзыхьэх къэIуэтэкIэ Мухьэмэд зэрыбгъэдэлъам и лъабжьэр къыщылъыхъуэн хуейр абы зэманым декIун акъыл жан зэриIарщ, псэукIэм куууэ хищIыкIыу зэрыщытарщ. Налшык IэнатIэ хъарзыни щызэрихьауэ къуажэм парткому къагъэкIуэжат ар.
  • — Уэ абы щыгъуэ «Трудовой горец» колхозым сыт хуэдэ IэнатIэ щызепхьар, Артур?
  • — Мухьэмэд къыщыкIуэжам, колхозым и комсомол организацэм и секретару сылажьэрт.
  • — Дапхуэдэу фызэдекIуэкIа?
  • — Къапщтэмэ, Тхьэгъэпсом ищIэрт цIыхум фIыуэ удэлажьэ зэрыхъунур. Езыр хьэлэлу щытащ, ауэ нэгъуэщIу щымыхъунухэм я дежи ткIийуэ зыкъигъэлъэгъуэфынут. ИтIани, зэрыхъуа-зэрыщIахэри зригъэщIэнурэ, узэрыхуа щытыкIэми укъришыжыфынут. А псом къищынэмыщIауи, уи унагъуэкIи, уи щхьэкIи къыпхуищIэн хуейуэ къилъытэхэм егупсысынут. И хьэл-щэным къыхуихьауэ къызолъытэ къуажэм абы щигъэзэщIа и лэжьыгъэр хуабжьу къызэрыщехъулIар.
  • Щапхъэ зытрахым хуэдэт
  • Тхьэгъэпсо Мухьэмэд дуней еплъыкIэу, гупсысэкIэу иIар и щIэблэу балигъ IэнатIэм куэд щIауэ пэрыувам дежкIэ ноби гъуэгугъэлъагъуэщ.
  •  
  • «Фи гуащIэм къимыкIар хьэлэл фхуэхъунукъым», «Сыт хуэдэ зэмани цIыхур фи щхьэ ефлъыту фыпсэу: фхузэфIэкIымкIэ фадэIэпыкъу, сэбэп фахуэхъу, фэ зыхуэвмыгъэфащэр нэгъуэщIым фащэ яхуэвмыщI» псалъэхэр зи лъабжьэ дуней тетыкIэт адыгэ хабзэм щIапIыкIа, лъэпкъ гупсысэкIэмрэ зыIыгъыкIэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр пасэу къызыгурыIуа Мухьэмэд и гъащIэ псор зытриухуауэ щытари.
  • Тхьэгъэпсом ныбжьэгъуфI куэд иIащ. Языныкъуэхэр цIэрыIуэ дыдэщ. Мухьэмэд зытрищIыхьу къыдекIуэкIари, абы и дежкIэ нэхъыщхьэу щытари къэзыгъэныбжьэгъухэм, къыдэлажьэхэм ящыщу дэтхэнэми и цIыхугъэрт. Езыр зэхэщIыкIыгъуэу, языныкъуэхэм дежи шэрыуэу псалъэрт, гушыIэрейт. Куэдым фIыуэ къалъагъуу щIыщытам ари и зы щхьэусыгъуэт. ЖытIам и щыхьэту къэтхьынщ Мухьэмэд ипхъу Мадинэ (мы зэманым ар Тыжьей дэт амбулаторэм и унафэщIщ) дедгъэкIуэкIа псалъэмакъыр.
  • Ипхъу Мадинэ и псалъэ
  • — Къызэдэхъуахэм я гугъу тщIымэ, гъащIэ псом зэгъусахэщи, иджыпстуи папэ кIэрыс хуэдэу къысщохъу. Зы классми щызэдеджахэщ, псэухуи зэныбжьэгъуахэщ. Нобэр къыздэсми, Iуэху щыдиIэхэм деж, ди адэм и хьэтыркIэ, абы и фэеплъу, къыткIэлъыкIуэу-дызэкIэлъыкIуэжу апхуэдэщ. Си дэлъхуитIми къыщашам гуфIакIуэ къытхуэкIуауэ щытащ.
  • — Мадинэ, къысхуэгъэгъу, фи адэр дэнэ къыщалъхуар?
  • — Зеикъуэщ. Ди адэшхуэ Хьэмид НКВД-м хэту щытати, щIыпIэ куэдым къыщыщIидзырт. Абыхэм ящыщу, зэхэсхыжауэ, сэ сщIэжыр Докшукинрэ (Нарткъалэ) Зеикъуэрэщ. А псом къыхэкIыуи, ди адэм курыт школым щеджэн щыщIидзар Зеикъуэщ. Дапхуэдэу мыхъуами, а къуажэм щыIэу 2-нэ классым щыщеджа лъэхъэнэм щытраха сурэтхэр дигъэлъагъужауэ щытащ. ИтIанэ, 4-нэ классым и щIэтIысхьэгъуэу, Тыжьей къашэжри, адэкIэ мыбы щеджащ. Си анэшхуэ Тожан, и адэ-анэм деж къигъэзэжри, и бынищыр Кыщпэк щипIыжащ.
  • Фи лIакъуэм щыщхэр сыт хуэдэ къуажэхэра зыдэсыр?
  • — Дэ езыр дызыщыщыр Къэсейхьэблэщ (Бахъсэнёнкэ). А лъэныкъуэмкIэ щыдиIэ благъэхэмрэ дэрэ нобэр къыздэсми дызэроIыгъ, дызэрощIэ, дызэкIэлъокIуэ. Мы къуажэми Тхьэгъэпсохэ дэсщи, псори дызэролъагъу.
  • — Фи адэм къиухар Кыщпэк дэт курыт еджапIэра?
  • — АтIэ. Ди папэ сыт хуэдэ предмет-       ми фIыуэ хищIыкIырт. ЕгъэджакIуэу хъуам къыдаIуэкIырт (а школрат дэри къэдухари): «Фи адэм хуэдэ щIэсакъым!» — жаIэу. Тхылъ куэд еджати, псоми зэрыхищIыкIым, езыри гурыхуэу зэрыщытым къыхэкIыу, «Что? Где? Когда?», «Поле чудес» программэхэр телевиденэмкIэ къагъэлъагъуэу щыхуежьам, упщIэу къыщагъэувхэм, зэману хухахар имыкI щIыкIэ, я жэуапыр къищIэу щытащ. Сэри а школыр къэзыухыху къыздэIэпыкъуащ, къызат дерсхэм сапэлъэщынымкIэ.
  • — Курыт еджапIэм нэгъуэщI къалэнхэри щигъэзащIэу щыта Мухьэмэд?
  •  — Ди адэр абы щыщеджэм, комсо-мол организацэм и секретару ягъэувати, директорым зыгуэрхэм щхьэкIэ губгъэн къыхуищIри, дыщэ медаль кърыримыгъэту къригъэухат, и клас- сэгъуу щытахэм зэрыжаIэжым тетщIыхьмэ. ЕсэпымкIэ экзаменыр здекIуэкIым, упщIэу 23-рэ къратат. Дэ езыр ди адэм дыщышынэрт, дыщыукIытэрти,     а Iуэхум теухуауэ зэи деупщIакъым. Сэри къыщызухым, дыщэ медаль зратынухэм сыхуагъэхьэзырат. Директорыр ардыдэр арати, ди адэм гужьгъэжьу къыхуиIар абы, дауи, ищIэжырт. Ауэ сэ абы зэпымыууэ дахэу сызэрыхущытым (си хьэлыр апхуэдэти) къыхэкIыу, а цIыхум и гур нэхъ щабэ къэхъужщ, зыкъысхузэридзэкIыжри, къэухыгъуэм деж есэпымкIэ ирагъэт хабзэ экзаменым сыщIэсу, дызыхуейр къыхэтхын хуэдэу къыдагъэлъэгъуа вариантитIми, экзаменыр иухыным дакъикъэ 15 фIэкIа къэмынэжауэ, сащыпэлъэщым, ар апхуэдизу гъэщIэгъуэныщэ щыхъуати, иужькIи си цIэр куэдрэ къыхигъэщат жаIэ, щапхъэ папщIэу сакъыхуихьу. Зызыхъуэжа и къысхущытыкIэр иужьрей уэзджынэр къыщрагъэуа махуэми къызигъэлъэгъуат. Зэрыхъуар аращи, сыкъеджэн хуейуэ усэ гуэр къызатат, адыгэбзэкIэ схузэхалъхьауэ. Схуэмышэчыжу сыкъэгъащ, къызыхэкIар сымыщIэрэ си нэпсхэр къелъэлъэхыу. Телъыджэр аращи, къуажэ псор зыщышынэу Iулыдж ин зиIа лIышхуэр, школым и унафэщIыр, и балътокур иIыгъыу къэтэджарэ, и нэпсхэр щIилъэщIыкIыу къызбгъэдэтат. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ари мы зэманым дунейм тетыжкъым. Ауэ щыхъуакIи, папэ езыгъэджахэращ сэри гъэсакIуэ пажэу сиIар. Абыхэм «уи адэр губзыгъэу щытащи, уэри абы ещхь ухъужынущ!» къызжаIэрт. ИтIани, къыхэгъэщыпхъэщ, а ди егъэджакIуэхэр зи пщIэ лъагэу зыIыгъыжыф, ди зэхуакум хабзэ-                          бзыпхъэ дэлъын зэрыхуейр, абы ды-текI зэрымыхъунур зыдэзыщIэж гупу зэрыщытари.
  • Илъэс бжыгъэхэр дэкIауэ, ди адэм и унагъуэкIэ зэхуэс гуэрхэр щригъэкIуэкIхэм деж, а ди егъэджакIуэу щытахэри къриджэрт, псори зэгъусэу дызэхигъэсын мурадкIэ. Ноби си нэгу щIэтщ, ди адэр къызэгъэпэщакIуэу, егъэджакIуэхэр къытхыхьа иужькIэ, абыхэм сызыбгъэдашарэ я зэхуаку сыдэту, хэти «мыбы тхыдэдж къыхэтщIыкIынущ», адрейми «хьэуэ, мыр математик тщIынущ» къызиIуэкIыу зэрыщытар.
  • — Адыгэ гъэсэныгъэу япэм щыIа- хэм ятетщIыхьмэ, фи адэм ущиягъэу къыдекIуэкIахэм я гугъу къытхуэщIыт, Мадинэ.
  • — ТкIиягъэ хэлъти, дыщыукIытэрт икIи дыщышынэрт. Школым зыгуэркIэ дыкъыкIэрыхуамэ е, езым къызэрилъытэу щытамкIэ, зэкIэлъымыкIуэу зыкъыщыдгъэлъэгъуамэ, «сыту фымыукIытэрэ, фи зэхэщIыкIыр мыбы нэсакъэ, апхуэдэу фымыщIэн папщIэ» къыджиIэрт. ЛэжьапIэ сыува иужькIи, дакъикъэ бжыгъэ сыгувамэ, е зыкъезгъэутIыпщыныгу сыхъуамэ, «а узыгъэлажьэм сыхуэдамэ, зы махуи узгъэлэжьэнтэкъым!» къызжиIэрт, къытщIэгубжьэ  хуэдэу фэ зытригъауэрти. Ауэ, и гуэныхь сыхуейкъым, фIы гуэр тщIамэ къызэрытщытхъуным яужь итт. IэплIэ-ба къытхуимыщIми, фIыуэ дыкъызэрилъагъур къыдигъащIэрт. Езым и анэ Тожан апхуэдизу пщIэш-      хуэ хуищIырти, абы демыдэIуэныр (махуэ псом арат дызигъусэри) дигу къэдгъэкIыххэртэкъым.  Фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, дэ езым бын диIэ щыхъуам, ди адэм мыпхуэдэу къызыпхигъэIукIауэ щытащ: «Иджы, сымыукIытэу, мыхэр къесхьэкI хъунущ!» — жиIэри.
  • — И цIыху хэтыкIэу къыдекIуэкIа- хэм къытхутепсэлъыхьыт.
  • — Зы щIыпIэ кIуамэ, гупым зэрафIэ-фIу, сытым дежи гушыIэ хэлъу, «яхэмытаи, гугъу щемыхьаи хуэдэу, зэтету къокIуэж» хужаIэу, щапхъэ къигъэлъагъуэу  щытащ. Дэнэ щымылэжьами, зэрыхузэфIэкIкIэ цIыхур игъэгушхуэрт, зыщIигъакъуэрт.
  • — И ныбжьыр илъэс 57-рэ фIэкIа мыхъуауэ дунейм ехыжат…
  • — АтIэ. 2007 гъэм, жэпуэгъуэм и 29-м.
  • — И бынхэр фызэрызэкIэлъыкIуэр дапхуэдэу, Мадинэ?
  • — Сэ сынэхъыжьщ, си дэлъхуитIыр нэхъыщIэщ. Си яужь ит Мурат Къэрэшей-Шэрджэсым и Прикубань щIыналъэм прокурору щолажьэ. Астемыр МВД-м       и Бахъсэн къудамэм Iуэху щызэрехьэ, дыкъыщыхъуа пщIантIэм дэсщ. Ди адэри, ди анэри димыIэжу, абыхэм иужькIи илъэс 6 — 7 хуэдизкIэ псэужауэ, ди анэшхуэри нэгъабэ дунейм ехыжащ.
  • Мухьэмэд и шыпхъу
  • Нинэ (Лидэ) пещэ
  • — Быным  сранэхъыжьт.  Ар  си  дэлъхут. ЩыIэкъэ зыщыщ лIакъуэр, и благъэ-хэр зэригъэубыдынымкIэ «шхэпсщ мыр» зыхужаIэ цIыхухэр. Мис апхуэдэт ар. Лъэпкъыр зригъэлъэгъуащ, дэнэ сыт хуэдэ Iуэху къыщаIэтами, мыкIуэу зыкъигъэнакъым. Сэри щIэгъэкъуэнышхуэ къысхуэхъурт. ЗэрыгупцIанэм къыхэкIыу, псори и гум щIигъэхьэрти, тIэкIуи къэгубжьыгъуафIэт, ауэ псынщIэ дыдэуи теужт. Мухьэмэдрэ абы          и щхьэгъусэ Людэрэт ди анэ Тожан япэщIыкIэ зыбгъэдэсыжари, пенсэ къихьми къимыхьми зыхимыщIэу ягъэпсэуащ, апхуэдизкIэ къызыхуэтыншэу ар зыхуей хуагъазэрти. Ди анэми зи гугъу тщIы ди дэлъхур хэIэты-кIауэ фIыуэ илъагъурти, зэрытIэщIэкIар икъукIэ зэрызыхищIар, и гум къызэрыщIитхъыр дэплъагъуу кIэлъыпсэужащ.
  • — Зэдэлъхузэшыпхъухэр фыщыцIыкIуам дапхуэдэу фызэхущыта? Зым адрейм япэ зригъэщыну фыхущIэкъурэт?
  • — Ди анэ Тожан дызэригъэсамкIэ, апхуэдэхэр къытхуэгъунутэкъым. ДыщыцIыкIуами дэгъуэу дызэрыIыгъащ. Мухьэмэд щапхъэ зытрахым хуэдэти, курыт школми фIы дыдэу щеджащ. Комсомолым хэтхэм я гупзешэу зэрыщытари сощIэж.
  • — Фи нысэ Людмилэ и щхьэгъусэм дапхуэдэу хущыта?
  • — ГъэщIэгъуэну зэрихьэлIэжат а тIур!  Я зэбгъэдэтыкIэр сигу къыщызгъэ-кIыжкIэ, апхуэдэ цIыхубз мы зэманым щыIэжу си фIэщ хъужыркъым.
  • — И щхьэгъусэр япэ ищу, Людмилэ и закъуэу къэна иужькIэ хэт зыбгъэдэсыжар?
  • — Кыщпэк къуажэм щаIа я лъапсэм къыдэна я  къуэ  нэхъыщIэ  Астемырщ. ГъэщIэгъуэныр аращи,  ди нысэр, Людэ, дунейм ехыжыным мазэ зытIущ фIэкIа имыIэжу,  я  къуэ  Астемыр  кърагъэшауэ щытащ. КъахыхьагъащIэ нысащIэ цIыкIури хуабжьу цIыху хъарзынэу, гъэсэныгъэ тэмэм зэрыбгъэдэлъыр нэрылъагъуу къыщIэкIащ. Людэ дунейм щехыжым, ди анэр зыбгъэдэсыжар  и къуэрылъху Астемырщ. Нысэ цIыкIури къелъэIуат: «КхъыIэ, си закъуэу сыкъыдумынэ» жиIэри, Астемыр  зыпэрыт  и  IэнатIэкIэ махуэ псом къэт и хабзэти.
  • — НысащIэр и гуащэшхуэм дауэ къыхущытыжа, Нинэ?
  • — Ди анэр джалэщ, Iэрызехьэу къанэри, мазэ пщыкIузкIэ хэлъыжати, цIыху цIыкIум ягъэщIагъуэу, икъукIэ егугъуу зэрихьэжащ.
  • И къуэш нэхъыщIэ Анатолэ
  • и псалъэ
  • — Анатолэ, ди гуапэ хъунт фи сабиигъуэу фи цIыкIугъуэм теухуа уи гукъэкIыжхэм ящыщ гуэрхэр къытхуэпIуэтэжатэмэ.
  • — Сабиигъуэм дыкъыхэкIауэ, курыт еджапIэм дызэрыщIэсахэращ сигу нэхъ къинэжар. Япэрауэ, си къуэшыр дэгъуэу еджэу щытащ. Абы и мызакъуэу, и жыджэрагъым къыхэкIыу, курыт еджапIэм и комсомол зэгухьэныгъэм  и  секретаруи  хахат.  Школыр  фIы дыдэу къиухащ. ЩIалэ тэмэмти, щапхъэ зытрахым хуэдэт, и Iуэху еплъы-      кIэ, и гупсысэкIэ я лъэныкъуэкIэ дэбгъуэн щымыIэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ япэм дызэрагъэсауэ щытамрэ иджыпсту къекIуэкIымрэ, гу зылъыт-тэр аращи, зэщхькъым. «Япэм дынэхъыфIт» жысIэу аракъым. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, абы щыгъуэ ягъэлъапIэр къинэмыщI дуней хущытыкIэхэрат. Псалъэм папщIэ, дызэрыцIыкIурэ хэкупсэу дыщытын зэрыхуейм дыкъыхураджати, а хьэлыр Мухьэмэди пхыкIауэ бгъэдэлъащ.
  • — Анатолэ, уи къуэшым къыдеджахэр уэри уи нэIуасэу щытакъэ?
  • — ИлъэсищкIэ сынэхъыщIэтэми, я классым щыщ щIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ сцIыхуу щытащ. Сыту жыпIэмэ, ахэр хуабжьу зэкIэлъыкIуэрт, ауэ щыхъукIи, ди дежи къакIуэрт.
  • — Къыдеджахэр фи пщIантIэм къыдыхьамэ, сытхэр фи зэхущытыкIэт?
  • — Нэхъыбэу сигу къинэжар спортым ехьэлIа Iуэхухэращ. ЖыпIэнур арамэ, Мухьэмэди сэри ди Iэпкълъэпкъым зегъэужьыным хуабжьу дыдихьэхырт. Си щхьэкIэ унэм IэрыщI штангэ щызэзгъэпэщыжауэ щызиIэти, къуэш нэхъыжьым и ныбжьэгъухэр, ди деж къыдыхьа иужькIэ, къызбгъэдыхьэр-ти, я гушыIэр япэ иту, «дыгъэлъагъуи, дыкъегъэIэт» жаIэрт.
  • — Шынэхъыжьым уэ птеухуауэ зигъэщхьэпэлъагэрэт, хьэмэрэ гущабэ-Iущабэу фызэхущытт?
  • — ЗыкIи зигъэинтэкъым, ауэ апхуэдизу хабзэ-бзыпхъэм и телъхьэт, ар япэ иригъэщырти, зыщIебгъэхыу, утехьэулеикIыу идэртэкъым. Къемызэгъын щыуагъэ пIэщIэкIамэ, къызэрыбди-мыщтэр къыбжиIэнут, къехьэкI-нехьэкI химылъхьэу. Ауэ икIи къыбгуригъэIуэнут, щапхъэхэр къыпхуихьурэ, «мыпхуэдэущ зэрыщытын хуейр» жиIэурэ.
  • — Фэ, зэкъуэшхэр, балигъ фыхъуа иужькIэ, дапхуэдэу фызэкIэлъыкIуэрэт, фызэрылъагъурэт, унагъуэ-унагъуэкIэри, фэ тIум фи закъуэуи?
  • — ГъэщIэгъуэну къекIуэкIащ а псори, Аслъэн. Мухьэмэд армэм дашарэ къулыкъуи щрихьэкIыу, сэ Саратов сыкIуэри, абдежым щыIэ юридическэ институтым сыщIэтIысхьащ икIи илъэси 4-кIэ абы сыщеджащ. Ар къэзухуа иужькIэ армэм етIуанэу сра-джащ, «офицер запаса» зыхужаIэм хуэдэу. Абы илъэситIкIэ сыщыIащ. Къыслъагъэса си къулыкъур къыщесхьэлIэм, Саратов згъэзэжри, абы аргуэру илъэситIкIэ сыдэсыжащ, щхьэгъусэ схуэхъуам сызыщеджа институтыр  къиухыжыным  иджыри   илъэситI хуэдиз иIэжти. Арати, Мухьэмэдрэ сэрэ, псори зэхэту, илъэси 8-кIэ дахэ-дахэу дызэрылъэгъуакъым. Ауэ, 1982 гъэм Къэбэрдейм къэзгъэзэжа иужькIэ, дауи, унагъуэкIэрэ дызэкIэлъыкIуащ.  Кыщпэк  ди  анэр дэсти,            нэхъ дыщыхущIыхьэхэм е махуэшхуэхэм я деж псори къуажэм декIуэлIэжырти, дыщызэрылъагъурт, дыщызэIущIэрт.
  • Нэзэр Олег:
  • Бахъсэн щIыналъэзэхуаку мэз хозяйствэм къыщыдэлэжьащ.
  •  
  • — Тхьэгъэпсо Мухьэмэд и гъусэу уздэщыIа хозяйствэм и хэщIапIэр дэнэ дежт здэщытар, Олег?
  • — Къэсейхьэблэ ущехкIэ, «Горняк» лагерым къыбгъурыту зы унэжь цIыкIу итащ, хэкIуэдэжыпэным нэсауэ, щхьэи темылъыжрэ бжэи-щхьэгъубжи хэмылъыжу. ЩIымахуэми нэблэгъауэ, пэшитI хъууэ, ар къыдатати, бжэи, щхьэгъубжи хэтлъхьэжри, дыщIэтIысхьэжауэ щытащ.
  • — Фыщызэдэлэжьа илъэсхэр сыт хуэдэхэра?
  • — 2002 — 2007 гъэхэм. Сэ сыбухгалтеру, ар унафэщIу лэжьэн зэдыщIэддзат.  Мухьэмэд къыщыувагъащIэм, и IэнатIэм пыщIа псоми зэрыхимыщIыкIыр зыдищIэжырти,  управленэм щIыхьэми, Налшык кIуэми, адэкIи мыдэкIи щыIэ IэщIагъэлIхэм заIуигъащIэрэ ечэнджэщу, хуей хъумэ, къыздишэу, япэ илъэсыр екIуэкIащ, Iуэхум фIыуэ хищIыкI хъуху. Сыбухгалтеру арати,         куцI хэлъу къыббгъэдилъхьэрт жиIэну зыхуейр.  Зым я пащхьи щIыхуэ къыщыттехуэнкIэ Iэмал иIэкъым, налог инспекци нэгъуэщI IуэхущIапIи ирехъу, абыхэм дапыщIащи, я деж  ди  напэр  щытекI хъунукъым жиIэрти, къытхуиIуэхуар тэмэму зэрыдгъэзэщIэным  дэри яужь дитт.
  • — Къыдэлажьэхэм сыт хуэдэ хущытыкIэ яхуиIа?
  • — Си гъащIэм и кIуэцIкIэ унафэщI куэдым садекIуэкIащи, Мухьэмэд хуэдэу къыдэлажьэр зэхэзыщIыкIыфрэ  цIыхум я гум дыхьэу яхущытыфрэ срихьэлIауэ къысхуэгубзыгъыжыркъым. Тхьэгъэпсор ди IуэхущIапIэм къыщыувам щIэупщIауэ щытащ дэтхэнэ- ри зищIысым, и унагъуэкIэ зыхуэдэм, щхьэж  къыщалъхуа  махуэм, н. къ. Ахэр зригъащIэри, а псор тхылъымпIэм ирыдигъэтхауэ щытащ. КъызэрекIуэкIар аращи, зи махуэ къэсам илъэс къэс Iэнэ хуигъэуву, абы иужькIэ «модэ укIуэжмэ, уи ныбжьэгъухэм ядэпшхынщ» жиIэрэ, сом гуэрхэри яхуигъэфащэу щытащ. Абы къищынэмыщIауэ, сыт хуэдэ махуэшхуэ мыхъуами, къыдэлажьэхэм Iэнэ тхуигъэувурэ дыщигъэсу щытащ. ИлъэсыщIэр къэсамэ, телъыджэт абы ищIэр! Мухьэмэд  и гум къэкIам хуэдэ нэ-                      гъуэщI зы унафэщIми и щхьэ къихьэныр  фIэщщIыгъуейщ. Апхуэдэ зыщIыпIи къыщыхъуауи слъэгъуакъым, ягъэхъыбарыжуи зэхэсхакъым… Псалъэм папщIэ, ИлъэсыщIэ пежьэу, лэжьакIуэхэм я сабийхэм тыгъэ цIыкIу гуэр-хэр хуагъэхьэзырыркъэ? АтIэ, Тхьэгъэпсом абы и леижу, коллективым къыщыдэлажьэ балигъ псоми, зы къэмынэу, сэмб щхьэхуэхэр яхузэхригъалъхьэрт, «пщыхьэщхьэри хэмытIэсарэ  унэми фыкIуэжауэ, фи гъунэгъу е фи ныбжьэгъу къыфлъихьэмэ, унэгуащэм зыгуэрхэр игъэхьэзырыху фыпэмыплъэу, къыщызыкъуэфхынщи, зэдэфшхынщ» жиIэрти. Абы ипэ къихуэу дэри, коллективыр, дыщызэбгъэдэсын Iэни къригъэгъэуву щытащ.
  • — ЩыукIытэр нэхъыбэт, щышынэм нэхърэ?
  • — Щышынэ жыхуаIэр тщIэххэртэкъым, апхуэдизу тэмэму псалъэрти, дыщыукIытэрт армыхъуамэ, «злэжьри мыхъуу, щIэн хуейуэ къысщыгъуапщаи щыIэу, мы ди унафэщIыр зыгуэркIэ сымыгъэхутыкъуэу пIэрэ?» жытIэрти. Длэжьам пщэдджыжьым дриплъэжа иужькIи, зыгуэрхэм дыхунэмысауэ гу лъитамэ, кIий-гуо хэмыту, «сыт, атIэ, щIэмыхъуар?» жиIэнти, щIэупщIэнт. «Ауэ щыхъукIи, нобэ а Iуэхум и кIэ дриплъэнщ», — дыщIигъужырти, абыкIэ зэфIигъэкIырт. Мис апхуэдэу дызэдэлэжьащ, дызэбгъэдэтащ абырэ сэрэ а илъэситхум.
  • Дызэпсэлъахэм жаIа псоми дэщIыдгъужынщи, зи гъащIэр купщIафIэрэ гъэнщIауэ езыхьэкIа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд зэрыщытар аращи, езым и щхьэ Iуэхухэр жылагъуэм ейм япэ иригъэщакъым. Ар зыхуэлэжьари щIэпсэуари цIыхухэрщ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.