ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2021

Мэздэгу  адыгэхэм зэкъуэшхэр  зэхуашэс

2021-10-26

  • Жэпуэгъуэм и 22-м Мэздэгу къалэ щекIуэкIащ щIыналъэ зыбжанэм я лIыкIуэхэр зыхэта «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща зэхыхьэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Дыщалъхуа  щIыналъэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр

2021-10-26

  • Гъуэгу зыпхымыкI щIыпIэхэм тещIыхьа «Урысейм и щIэин» проектым хыхьэу, квадроциклхэмкIэ къэхутакIуэ ежьэхэм я лъэхъэнэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуащIыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лэжьыгъэм хуэмыщхьэха тхьэмадэфI

2021-10-26

  • Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетэм и редакцэм къэкIуат Лашынкъей къуажэм дэс нэхъыжьыфI, зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Тыгъуэн Назир. И гъащIэр къызэрекIуэкIам ехьэлIауэ хьэщIэм куэдым щыгъуазэ дыхуищIащи, тфIэгъэщIэгъуэну къэтлъыта гуэрхэмкIэ дывдэгуэшэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Балъкъэр Рафет: Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр!

2021-10-26

  • Адыгэ лъэпкъым и жылэр щIыналъэ куэдым щаIэпыхуащ, и къуэпсым жыжьэ зыщиубгъуащ. АтIэми, лъэпкъыр хъума хъун папщIэ хэкупсэхэр, лъэпкъылIхэр къыхэкIын хуейщ. Зи гупсысэр адыгэм и Iуэхум хуэгъэпсам адрейхэри къыхуреджэ. Абы и щапхъэу Тыркум щыпсэу Балъкъэр Рафет къытхуиIуэтахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэрыгъуазэ тхылъ

2021-10-26

  • Адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къагъэлъэгъуэнущ
  • Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ теухуа лъэпкъ проектхэр дэIыгъынымкIэ Урысей Федерацэм и Президентым и грант къихьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ-Ищхъэрэ институтым и профессор КIуэкIуэ Бэллэ.
  • ГрантымкIэ абы къыдигъэкIынущ адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къыщыгъэлъэгъуа зэрыгъуазэ тхылъыр. Ар зыхуэдэм, и мурадым дыщегъэгъуазэ КIуэкIуэм:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2021-10-26

  • Бзэ щабэмрэ бзэ бзаджэмрэ
  • ФIыщIэ худощI Тхьэ ЛъапIэу УпсакIуэм! Зи гущIэгъур ину, зи жумартыгъэм гъунапкъэ имыIэм! Зи IущагъымкIэ псори зэблэзыгъэкIыу, зи захуагъэмкIэ псори зэзыгъэзахуэм!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Нэхъыжьхэм  къызата  чэнджэщ щхьэпэхэр  гъащIэ  гъуазэу  сиIэщ

2021-10-26

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав и ныбжьыр нобэ илъэс 50 ирокъу. Ар Аруан районым хыхьэ Аргудан къуажэм къыщалъхуащ 1971 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Сыт етщIэнур иужь дакъикъэхэм?

2021-10-26

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — 0:1 (0:0). Налшык. «Спартак» стадион. Жэпуэгъуэм и 24-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол