ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лэжьыгъэм хуэмыщхьэха тхьэмадэфI

2021-10-26

  • Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетэм и редакцэм къэкIуат Лашынкъей къуажэм дэс нэхъыжьыфI, зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Тыгъуэн Назир. И гъащIэр къызэрекIуэкIам ехьэлIауэ хьэщIэм куэдым щыгъуазэ дыхуищIащи, тфIэгъэщIэгъуэну къэтлъыта гуэрхэмкIэ дывдэгуэшэнщ.

  • — 1939 гъэм щIышылэм и 15-м Лашынкъей къуажэм сыкъыщалъхуащ. Си адэ Тыгъуэн Нусэ Лэхъу и къуэр, 1907 гъэм дунейм къытехьар, 1942 гъэм дзэм дашри, хъыбарыншэу зауэм хэкIуэдащ. Зэрыбынихыр — зэкъуэшищрэ зэшыпхъуищыр — адэншэу дыкъэнащ, нэхъыжь дыдэр илъэс 14 фIэкIа мыхъуауэ. Ди анэр, Тыгъуэн ФатIимэт, Бахъсэнхэ я пхъур, 1910 гъэм къалъхуар, 1996 гъэм дунейм ехыжащ. Адэ пэлъытэу къытхуэна си къуэш нэхъыжь Тыгъуэн Уаб (1927-2001 гъэхэм псэуащ) и ныбжьхэм я гъусэу 7-нэ классыр къиухауэ щытащ, ауэ адэкIэ еджэну Iэмал имыгъуэту, колхозхэту, Iэщыхъуэу и гъащIэ псом лэжьащ, унагъуэ иIащ, бынитI ипIащ. Зэрыбынхэм нэхъыщIэ дыдэр сэрами, гугъуехь мащIи згъэвакъым, си ныбжьэгъухэм закъыкIэрызмыгъэхун хьисэпкIэ. Пэжщ, си къуэш-си шыпхъу нэхъыжьхэм куэди сщхьэщахащ. Ауэ игъащIэкIэ абыхэм я пщэ удэсынт?
  • — Пасэу лэжьыгъэм зептауэ арат, Назир?
  • — Школым сыздыщIэсым, зыгъэпсэхугъуэ зэманым колхозым сыкIуэурэ, сшхын къызэрыщызгъэхьэрычэтыным яужь ситащ, губгъуэ хадэр фIанэкIи IэкIи дыпщIэу, бжьыхьэм мэкъумэшыр къетхьэлIэжу. Иужьым, илъэсийр къыщызухым, школым сыкъыщIэкIри, къуажэм колхозхэту лэжьэн щыщIэздзат.
  • — Курыт еджапIэр дэнэт къыщыбухыжар?
  • — А зэманым махуэм улажьэу, пщыхьэщхьэм школым ущеджэ хъурти, ар къэзгъэсэбэпри епщIанэ классыр къэзухыжащ. А лъэхъэнэми, тIэкIу нэхъ иужьыIуэхэми, «Трудовые резервы» зыфIаща зэгухьэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэр щыIащ. Абыхэм я нэIэ зытрагъэт еджапIэхэм щIэсхэр махуэм щэнейрэ ягъашхэу, щыгъын гуэрхэмкIи яхуапэу, зыщIэсынхэмкIи къызэрагъэпэщу къекIуэкIащ. Бахъсэн дэт апхуэдэ еджапIэр 1956 гъэм къэзухащ, мэкъумэшым зэрыхэIэбэ машинэ псоми срилэжьэну сыхуиту. Колхозым къэзгъэзэжри, тракторист-машинисту щIэздзащ.
  • — Абы иужькIэ дауэ ухъуа, Назир?
  • — Ауэрэ здекIуэкIым, зи гугъу сщIы еджапIэр къэзыухахэр 1962 гъэм Бахъсэн дыщызэхуашэсри, «фи IэщIагъэм адэкIэ пыфщэну фыхуеймэ, Азов (Ростов областым) дэт техникумым фыдгъэкIуэну Iэмал диIэщ», — къыджаIати, щIалитху дыщIэтIысхьауэ щытащ. Сэ зыкъызощтэжри, мазитI фIэкIа сыщIэмысу дзэм сыдашащ. Ауэ абы сыщыгувакъым.
  • — Ар дауэ?
  • — Жэщ гуэрым ди пщэ къыдалъхьа къалэныр дгъэзащIэу, сэлэтиплIым ныкъусаныгъэ гуэрхэр тIэщIэкIри, дзэм хэтхэм ейуэ Львов къалэм дэт сымаджэщым зыкъыщытщIэжауэ щытащ, дыкъызэрыщIэхутари къыдгурымыIуэжу. Комиссэм къытщыщIа Iуэхум ди ягъэ хэмылъу къилъытами, ди узыншагъэм зэран хуэхъуауэ къибжри, дзэм дыкъыхагъэкIыжауэ щытащ. А зэманым армэм къулыкъу зэрыщепхьэкIын хуейр илъэсищкIэт, ауэ дэ илъэсрэ мазипщIрэ фIэкIа дыщымыIауэ дыкъыхагъэкIыжат.
  • — Армэ нэужьым къуажэм къэбгъэзэжа?
  • — СыкъыщыкIуэжам, 1964 гъэм, си къуэшхэри, си шыпхъухэри унагъуэ щхьэхуэ хъуахэу, ди анэм и закъуэ къэнауэ сыкърихьэлIэжащ. Абы къыхэкIыу, еджэным пызмыщэжыфу, механизатору лэжьэн щIэздзэжат. АрщхьэкIэ иужьым, IэфIу си гум къинар аращи, си Iуэхухэм нэгъуэщIу зыкърадзэкIыжат.
  • Махуэ гуэрым уэлбанэти, лэжьакIуэ сымыкIуауэ сыдэсу, си къуэш нэхъыжь Уаб къекIуэкIри: «Назир, уи мурадыр сыт? — жиIэри зыкъысхуигъэзащ. — Ущыгъуазэщ 7-нэ классыр нэхъыфI дыдэу еджахэм сащыщу къызэрызухам, ауэ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн мурад сиIэу сежьэжатэмэ, сабий-быну къызэхэнэнухэр ди анэм и закъуэ хуэпIынутэкъым. Ауэ щыхъукIи, уэращ зи чэзури, уздыщеджауэ щытам, уи нэр къыхуикIмэ, гъэзэжи къэух!». Мы гукъэкIыжым, къысхуэвгъэгъунщи, гумахэ сещI, си нэпсхэр къысфIрагъакIуэ… Сыхуейт седжэну, жызмыIэфу арат.
  • — Назир, фи анэми и гугъу къытхуэпщIатэмэ ди гуапэ хъунт.
  • — Илъэс 32-рэ фIэкIа имыныбжьу щхьэгъусэншэу къэна ди анэм цIыхубз Iуэхури, цIыхухъу Iуэхури игъэзэщIэфу гъащIэм игъэсат. Ерыскъы IэфI игъэхьэзырыфу щытати, къуажэдэсхэм гуфIэгъуэ яIэми, нэщхъеягъуэ яIэми, яхузэрымыгъэгъуэту, ираджэу къекIуэкIащ. Абы къыщымынэу, нэгъуэщI лэжьыгъэхэми хуэIэзэти, езыджэм унагъуэ хьэку яхуищIыфу щытащ. Зауэ лъэхъэнэми, абы къыкIэлъыкIуа илъэсхэми, адрей бзылъхугъэхэм яхэту, гущэр и дамащхьэм тету, колхоз губгъуэм щылэжьащ. Улахуэ гуэри абыхэм яIауэ убж хъунукъым, сыту жыпIэмэ, махуэ бжыгъэу зэрыхэтар хуатхырти, бжьыхьэм Iуахыжа гъавэм щыщ тIэкIу кърату щытауэ аращ.
  • — Уи гъащIэ гъуэгуанэм пыдгъащэт, Назир.
  • — Ростов областым згъэзэжри, «техник-механик», «производствэм хуегъэджэнымкIэ мастер» IэщIагъэхэр сиIэу, диплом плъыжькIэ 1966 гъэм къэзухауэ щытащ. Абдежым къыщыщIэдзауэ 1973 гъэм нэсыху ди къуажэм дэта колхозым механикыу, 1973-1981 гъэхэм инженер нэхъыщхьэу сыщылэжьащ. Бахъсэн къалэм дэт мэкъумэш техникумым 1981-1982 гъэхэм инженер-технологыу, 1982-1985 гъэхэм – районым и инженер нэхъыщхьэу, 1985-1987 гъэхэм къупщхьэхьэж заводым и унафэщIу, адэкIэ, 2008 гъэм пенсэм сыкIуэху, ухуэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэ гуэрхэм, 2008-2018 гъэхэм бэджэндырылажьэу сыщытащ.
  • — Жылагъуэ гъащIэм уи хэтыкIам и гугъу къытхуэщIыт.
  • — Колхозым механикыу лэжьэн щыщIэздзам къыщегъэжьауэ, а хозяйствэм и правленэми сыхэтащ, къуажэ советым и депутатуи сыщытащ. 1984 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къызэрысхуигъэфэщам къыхэкIыу, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ «Лэжьыгъэм и ветеран» цIэ лъапIэри къысфIащащ, а Iуэхум щыхьэт техъуэ медали къызатауэ щытащ. ТIэунейрэ, 1978, 1980 гъэхэм, КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым хэтхэм я кандидатуи сыщытащ, иджыпсту къуажэдэс нэхъыжьхэм я комитетым сритхьэмадэщ.
  • — Пенсэм уи кIуэкIэ хъуам теухуауэ сыт къыджепIэфын?
  • — 2019 гъэр къыщихьэм ирихьэлIэу къэзбжати, къэралым псори зэхэту илъэс 41-м щIигъукIэ сыхуэлэжьащ. АтIэми, пенсэу схуагъэувар зэрымащIэр си щхьэусыгъуэу, УФ-м ПенсэмкIэ и фондым и Шэджэм къудамэм зыхуэзгъэзат. КъызэрызжаIамкIэ, стажым хагъэхьар колхозым сызэрыщылэжьа илъэс 25-мрэт. Хатхатэкъым зи IуэхущIафэхэр зэпызыгъэуа, лъэлъэжа IуэхущIапIэхэм сызэрыщылэжьар. Къэзгъэлъэгъуэнщи, «Шэджэм мэкъумэш техникэм» инженер-технологыу, Шэджэм райисполкомым и мэкъумэш управленэм инженер нэхъыщхьэу сызэрыщыIар, республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм Шэджэм Езанэ къуажэм и губгъуэм щаригъэухуа къупщхьэхьэж заводым и унафэщIу сызэрыщытар, Лашынкъей къуажэм и щIыгум бэджэндырылажьэу гъавэ къыщызыгъэкIхэм сазэрыхэтар.
  • — ЩIыхамыгъыхьам и щхьэусыгъуэр сытым къыхэкIагъэну?
  • — НэгъуэщI щIыпIэхэми къызэрыщекIуэкIам хуэдэу, зи гугъу сщIы IуэхущIапIэхэр щылъэлъэжым, ахэр зэрыщыIам, зэрылэжьам ехьэлIа тхылъхэри бзэхат. Иужьым къызэрызгурыIуэжамкIэ, илъэсым щIигъукIэ мы Iуэхум къыкIэлъыс-кIухьыныр къызыхэкIар мэкъумэш организацэу сыздэщыIахэм ехьэлIа тхылъхэри зэрагъэкIуэдауэ щытарщ, 1980 гъэхэм ягъэлъэлъэжа колхозхэм я дэфтэрхэр зэрахуэмыхъумар щхьэусыгъуэу. Арати, Пенсэ фондым щылажьэхэми, къулыкъущIэу мы Iуэхум нэхъ егъэщIылIахэми: «Ущылэжьа организацэхэр зыхуэдар пыухыкIарэ IупщIу тхылъымпIэу пхуагъэхьэзырахэм иткъыми, дэ абы зыри тхуещIэнукъым», — къызжаIэрт.
  • ИкIэм-икIэжым, Iуэхур зыIутыр къысхуэзытIэщIар КъБР-м и Архив хъумапIэращ. КъинэмыщIауэ, си Iуэхум кIэух тэмэм зэригъуэтамкIэ фIыщIэ яхузощI Къэбэрдей-Балъкъэр радиом куэд щIауэ щылажьэ журналист Iэзэ Хьэмту Къадир. Абы си гукъеуэр радиокIэ сигъэIуэтат. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур, Шэджэм район администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ, Лашынкъей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэгъэжей Хьэсэн сымэ, нэгъуэщIхэми я фIыщIэ хэлъщ си Iуэхур зэрыдэкIыжам.
  •  Епсэлъар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.