Ислъамым и нур
2021-10-26
- Бзэ щабэмрэ бзэ бзаджэмрэ
- ФIыщIэ худощI Тхьэ ЛъапIэу УпсакIуэм! Зи гущIэгъур ину, зи жумартыгъэм гъунапкъэ имыIэм! Зи IущагъымкIэ псори зэблэзыгъэкIыу, зи захуагъэмкIэ псори зэзыгъэзахуэм!
- Алыхьышхуэм дыщывгъэшыни и унафэм дытевгъэт. Пэжым дыхуеймэ, тхьэшынагъэр зи гъуазэу псэуращ псэууэ пхужыIэнур. Апхуэдэр езыри мэтынш, къыбгъэдэтхэри гугъу иригъэхьыркъым.
- Муслъымэн пэжым фIыр и Iэпэм къыпыщу, и Iупэми къытещэщу и гъащIэр ехь. Ар цIыху щабэщ, Iэсэщ, псэлъэкIэ ещIэ, зэхэтыкIэм щыгъуазэщ.
- ПсэлъэкIэ зыщIэм цIыхур къыдихьэхынущ, зытет гъуэгу дахэми къытришэфынущ. Къытримышапэми, Iейм и Iеягъыр куэдкIэ нэхъ мащIэ ищIыфынущ, и бзаджагъэми хигъэщIыфынущ.
- Аращ Аллахьу Тэхьалами унафэ къащIыхуищIар Мусэрэ и къуэш Хьэрунрэ: «Щабэу фепсалъэ [фирхьэуным], хэт ищIэрэ — е зыщIэгупсысыжынщ е шынэнщ». (ТIа-Хьа, 44).
- Ибн Кэсир щIэныгъэлIым етх абы ехьэлIауэ: «Мы Iэятым дерсышхуэ хэлъщ. Фирхьэуныр егъэлеяуэ щыкIат, хъийми икIат. Мусэ а зэманым Алыхьым цIыхуу щыIэм яхигъэлъэпIыкIат. ИтIани, фирхьэуным щабэу фIэкIа епсэлъэну къыхуидакъым».
- Щабагъращ зэхущытыкIэм и лъабжьэр. Аращ зэрегъэжьэн хуейр сытри. Ар зыхэзагъэм нэгъуэщI епхьэлIэ хъунукъым, епхьэлIэми, лей епхынущ.
- Мис а лъабжьэм дытекIрэ ди бзэгум къытрихьэр цIыхум зэхедгъэхыу дыдэтмэ, ди муслъымэныгъэр зыщIыпIи нэсынукъым.
- Псалъэ дыджым, псалъэ бзаджэм фIы къихьыркъым, фIыми ухуишэркъым, атIэ фитнэ къехь, псалъэмакъ зэхешэ, цIыхухэр зэпэжыжьэ зэхуещI, Iуэхур нэхъри зэхелъахъэ, ятIэм псы хекIэ.
- Псалъэ бзаджэхэмрэ дыджхэмкIэ ерыщым цIыху пашэ къыхэкIынукъым, егъэджакIуэ IэщIагъэми езэгъынукъым, цIыхуитI зэригъэкIужынуи хузэфIэкIынукъым.
- Псалъэ бзаджэм, псалъэ дыджым хиубыдэр бзэгум къытекIым и закъуэкъым, атIэ Iэм итхри абы щыщщ. Псом хуэмыдэжу нобэ ар куэдым тынш ящыхъуащ IэмэпсымэщIэхэр къежьэри. Алыхьыр къазэрыхуэупсэу къарита телефоныр, компьютерыр, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр гуэныхькIэ къэзыгъэсэбэп, цIэ лейхэр зыфIащыжауэ жьэ бзаджэ зыщIэзыххэр куэд хъуащ. Мы Iэмэпсымэхэм тафэм къытрадзащ ди хьэлыр здынэсыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, жьэ зэIухыпIэ дымыгъуэту арат дэ хьэлыфIафэ щIыттетыр, псэлъапIэ къызэрыдгъуэтуи ди напэр зытетхыжащ.
- ЦIыхум сыкъалъагъуркъым, сыхэтми сыкъащIэркъым, жиIэу, муслъымэн пэжым зэи лей итхынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, муслъымэныр зэгупсысыр цIыхухэм къызэрамылъагъуракъым, атIэ Алыхьым къызэрилъагъуращ, мелыIычитIри къызэрыщхьэщысращ.
- «МуIминым бзэ Iей щIэткъым», — жеIэ щэлатрэ сэламрэ зэха Бегъымбар лъапIэм. Абы къикIращи, жьэ Iей зыщIэтыр Iиманым пэжыжьэу, и диным епцIыжу аращ. ЦIыхуитI зэбгъэдэувауэ псалъэ фIей зэрапэсу зэбгъэдэтмэ, шейтIанитI зызраупсеяуэ зэбгъэдэту аращ.
- Тхьэр арэзы зыхуэхъун Джабир ибн Сулейм Бегъымбар лъапIэм елъэIуауэ щытат чэнджэщ гуэр къритыну. «Зыми псалъэ фIей иумыпэс!», — къыжриIащ. Джабир къеIуэтэж: «Ар къызжиIа нэужь, цIыху щхьэхуити, щхьэхуимыти, махъши, мэли псалъэ фIей зыми еспэсакъым».
- «Уэ къыбдищIэ гуэр теухуауэ Iей къозыпэсым, узыгъэукIытэну хэтым, уэ дэпщIэ гуэрымкIэ умыгъэукIытэ, абы ищIар езым и щхьэ къихуэжынущ!» — жеIэ хьэдисым.
- ТхьэнэпцI пэтрэ псалъэ фIей етпэсыну Алыхьым къытхуидэркъым, абы Iей къыздишэнум къыхэкIкIэ. НтIэ, нэгъуэщI зыгуэр теухуауэ къытхуидэн ар Алыхь Иным.
- Дызыхуэвгъэсакъыж дэтхэнэ зыри ди бзэкIэ. Мы бзэм жэнэтым дызэришэфынум хуэдэ дыдэу, жыхьэнмэми дыхидзэфынущ. Щабэу псэлъар щIегъуэжакъым, ауэ бзаджэу псэлъар Iэбамэ, лъэIэсыжынукъым. Алыхьым и нэфIыр къытщыхуэ псоми!
- Щхьэныкъуэ Анзор,
- ислъам щIэныгъэхэм я кандидат,
- «Мансур» мэжджытым и Iимам.
- «Фатихьэ» сурэм уеджэным и псапэр
- Алыхьталэм Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм «Фатихьэ» сурэр къыхуригъэха нэужь, Iиблис зэщыджэу гъащ, жи. И бынхэр ихъуреягъкIэ къеувэкIри, къеупщIын щIадзащ ямылъагъужыным: «Сыт ущIэгъыр, ди адэ?»
- И нэпсхэр къызэрежэхым хуэдэурэ, Iиблис жэуап къарет: «Алыхьым Мухьэммэд Бегъымбарымрэ абы и Iумэтымрэ КъурIэным щыщу зы сурэ къахуригъэхащи, зэран сахуэхъуфынкIэ си гугъэр хызигъэхыжащ!»
- «Умынэщхъей! — къыжраIэ и бынхэм. — Дэ абыхэм къыхуащIа тыгъэр фIыщIэ ямыщIу хъухукIэ дыувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэкIуэдыжынщ!»
- «Фэ ар фхузэфIэкIынукъым, — къапедзыж и бынхэм Iиблису ямылъагъужыным. — А сурэм и пэм мыпхуэдэ псалъэхэр къыщокIуэ: «Iэлхьэмду лиллахьи рэббил хьалэмиин!» — «ФIыщIэр Алыхьым ейщ, дунейхэм я Тхьэм!» (КъурIэн, 1:2).
- И бынхэм жаIэ: «Умыгузавэ! Дэ цIыхухэм лIахэр къызэрытэджыжынур я фIэщ мыхъуу тщIыхукIэ дувыIэнкъым. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщ!»
- Iиблис аргуэру къапэроуэ: «Ари фхузэфIэкIынукъым фэ, сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм ахэр иригъэсащ мыпхуэдэу жаIэу: «Малики йэумиддин» — «Къэтэджыжыгъуэ махуэм и тепщэм» (КъурIэн, 1:4).
- Iиблис и бынхэм аргуэру я адэр ягъэудэIун щIадзэ: «Умыгузавэ! Дэ абыхэм дакъыкIэрыкIынкъым, тхьэнэпцIхэм яхуэп-щылIу едмыгъэсауэ. ИтIанэ Алыхьыр къахуэгубжьынщи, ахэри пасэрейхэм ещхьу зэтригъэкIуэдэжынщ».
- Я адэ ямылъагъужыным аргуэрыр идэркъым: «Фэ ар фхузэфIэкIынукъым! Сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм абыхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яIурилъхьащ: «Ийакэ нэхьбуду» — «Уэращ дызыхуэпщылIыр» (КъурIэн, 1:5).
- И бынхэм адэм и гур фIы хуащIыну хэтщ: «Умыгужьей! Дэ цIыхухэр щхьэхынэ тщIынщ, Алыхьым къалэн къащищIахэр ямыгъэзэщIэжыфын хуэдэу. ИтIанэ ахэри пасэрейхэм ещхьу игъэунэхъунщи къигъэсэхыжынщ».
- «Ари фхузэфIэкIынукъым! — къажреIэ аргуэру Iиблис, — сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу къапсэлъ: «Уэ ийакэ нэстэхьиин» — «Уэращ къыддэIэпыкъуну дызэлъэIур» (КъурIэн, 1:5).
- И бынхэм жаIэ: «Умыгъынанэ! Дэ ахэр гъуэгу захуэм тедмыхуауэ дувыIэнкъым, Алыхьыр къахуэгубжьу пасэрей лъэпкъхэм ещхьу игъэкIуэдыжыху!»
- «ФхузэфIэкIынукъым фэ ар! — къажьэхолъэ аргуэру Iиблис. — Сыту жыпIэмэ, абыхэм мыпхуэдэу жаIэ: «Ихьдинэ щиратIэл мустэкъиим, щиратIэл лэзинэ Iэнхьэмтэ хьэлейхьим, гъэйрил мэгъдууби хьэлейхьим уэ лэддаллиин» — «Гъуэгу захуэм дытету, уи нэфI зыщыхуахэр здэпшэмкIэ дышэ, Уэ узыхуэгубжьахэм, гъуэщахэм я гъуэгукIэ мыхъуу» (КъурIэн, 1:6-7).
- И бынхэм жаIэн щIадзащ: «ЦIыхухэр езыхэр къызытехъукIа Iэдэмрэ Хьэуарэ нэхърэ нэхъыфIкъым, зыщыпсэу щIыпIэхэри Жэнэтым нэхърэ нэхъыфIкъым! Уэ Iэдэмрэ Хьэуарэ бгъэбэлэрыгъри, Жэнэтым къребгъэхуащ! Дэ цIыху къызэрыгуэкIхэр тхуэмыгъэгъуэщэну ара?»
- Ар зэрызэхихыу, Iиблис узижэгъуэн и махуэу гъуахъуэри, хым зыщIигъэмбрууащ.
- Илъэс псокIэ шейтIан шырхэр я закъуэ псэуауэ, я адэ ямылъагъужыныр хы тхъурымбэм къыщIосыкIыжри, кIийуэ къахолъадэ: «ФыгуфIэ, цIыкIухэ! Сэ къэзгъуэтащ цIыхухэр гъуэгу захуэм тедгъэгъуэщыкIыу зэрыдгъэкIуэдыжын Iэмал!»
- «Сыт хуэдэ?» — къоупщI и бынхэр.
- Iиблис жэуап ярет: «Тхьэ унафэм щIэмыувэныр яфIэфIу, гуэныхь къызэрахьамкIэ Алыхьым зэрызыхуаумыс псалъэхэр жамыIэжыфу тщIынщи, япэщIыкIэ я Тхьэм бэлыхь къатредгъэлъхьэнщ, итIанэ пасэрей лъэпкъхэм ещхьу, псори зэтригъэунэхъуэнщи, зэфIэкIащ!»
- Езы Iиблиси абы и бынхэми гуфIэу зэрыгъэкIиин щIадзащ, я мурадыр къазэрехъулIэнум шэч къытрамыхьэжу.
- Асыхьэтым уафэм Алыхьталэм и псалъэ къоIукI: «Ей, ямылъагъужын! Уэ ахэр тобэ къэхьыжыкIэм щыбгъэужу щытми, хэт Сэ зэран къысхуэхъуфынур, абыхэм я гуэныхьхэр яхуэзгъэгъуну мурад сщIымэ? «Къысхуэгъэгъу» жаIэну хунэмыс щIыкIэ ящхьэщысхынущ Сэ абыхэм я гуэныхьхэр! ИращIэ Си пщылIхэм: Зыгъэгъу, ГущIэгъубэ жыхуаIэр Сэращ!»
- Хьэсэн Хьилми,
- дагъыстэн щIэныгъэлI.
- Мулид жэщ
- Мулид махуэм ипэ къихуэ жэщым дунейм тет муслъымэным хэгъэщхьэхукIауэ пщIэ хуащI. КъурIэн лъапIэм къеджэу, зэчырхэр жаIэу, псалъэ щхьэпэ къапсэлъу зэманыр щрахьэкIкIэ, фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъхэм къагъэлъагъуэ ислъам диныр гурэ псэкIэ зэрызэрахьэр, абы къыдэкIуэ фIыгъуэр зэрызыхащIэр.
- Мулид жэщ лъапIэр зэрехьэкIыпхъэм и щапхъэ дахэ къагъэлъэгъуащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэу Мэрем Сэлим, Къуэдз Мухьсин (Бахъсэн щIыналъэм и раис-Iимам), Емкъуж Анзор, Дэхъу Артур, Сэбаншы Мухьэдин сымэ жэпуэгъуэм и 17-м зэхаша пшыхьым.
- «Ныщхьэбэ Мухьэммэд Бегъымбару Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар къыщалъхуа жэщу щытщи, къыдэдэIуэну ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ папщIэ адыгэ муслъымэнхэм къабгъэдэкIыу зы мулид пшыхь, мулид жэщ едгъэкIуэкIыну ди мурадщ», — жиIащ Мэрем Сэлим пшыхьыр къыщызэIуихым.
- КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэм къеджа иужькIэ, къызэхуэсахэм Тхьэм и лIыкIуэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и гъащIэр, ар дунейм къызэрытехьар, зэрытетар, зэрехыжар къызыхэщ зэчырхэр ягъэзэщIащ.
- Хэти зэрищIэщи, адыгэ зэчырхэм гъэкIэщIауэ щызэхуэхьэсащ лъэпкъым и муслъымэн тхыдэр. Гупсысэм я нэхъ куури уи бзэм тыншу къыуегъащтэ. Анэдэлъхубзэм нэхъ щабэ щIэхъукI, хамэбзэм гум хунэмыхьэс щIэныгъэ кIапэр зэчырым къыщызэIуих куэдрэ къохъу.
- «Муслъымэн IуэрыIуатэ» фIэпщыну зыхуэфащэ къудамэ щхьэхуэу хоувэ зэчырхэр лъэпкъым и тхыбзэм. Зи гугъу тщIы пшыхьым щагъэзэщIахэм язщ, псалъэм папщIэ, «Бегъымбарым и лIэныгъэр»:
- — СызыщIэфлъхьэнур си унэ кIуэцIщи,
- КъызыщыфтIынур фызогъэлъагъу.
- Лыхь IупщIакIэм сывгъэтIылъи,
- Сыкъэвгъани фыщIэкIыж.
- МелыIычхэр къыщIыхьэнущ,
- Духьэ лъапIэр къыстращIэнущ.
- КъыкIэлъыкIуэу ДжэбраIилрэ
- МикаIилрэ къыщIыхьэнущ.
- МелыIычхэр щызэфIэкIкIэ,
- Фи чэзущи фыкъыщIыхьэ,
- Фи увыпIэм елъытауи
- Жэнэзыхэр къыстефщIэж.
- А си адэу дыгъэ-мазэ!
- Мы зы гъуэгукIэ егъэгъазэ!
- Сабий быну, ибэ быну,
- Дыкъомыгъанэ!» — жриIащ.
- — Хьэуэ, хьэуэ, си хъыджэбз!
- Ар жумыIэ, си хъыджэбз!
- Си гур къабзэу,
- си псэр къабзэу,
- Тхьэм и пащхьэ сигъэхьэж.
- А гуIэгъуэр гуIэгъуэшхуэщ,
- Дауэ мыгъуэ дыхъужыну?
- Бегъымбарыр димыIэжмэ,
- Ибэ быну дыкъэнащ.
- Фэ фи гугъэр гугъэ нэпцIщи,
- ЗыкъэвмыгъапцIэ, муслъымэнхэ!
- Дунеижьым цIыху къытенэмэ,
- Бегъымбарыр къытенэнт!
- «Нобэ къэтпсэлъа мы зэчыр лъапIэхэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIа, мы щIыпIэм щыпсэуа ди щIэныгъэлIхэм фIыгъуэр Алыхьым къахуищIэну долъэIу, — щыжиIащ пшыхьыр зэрызэхуищIыжа духьэм Емкъуж Анзор. — Япэ дыдэрауэ дызэкъуэзыгъэувэр муслъымэныгъэращ. ЕтIуанэрауэ — ди лъэпкъ уардэм, ди бзэ дахэм. АбыкIэ дызэлъигъэIэсрэ сыт хуэдэ лIэщIыгъуэм къыщыхъуари ди деж къихьэсу, лъэпкъ-лъэпкъыу дапхуэдизу дызэщхьэщыкIами, псори абыкIэ дызэгуроIуэфри, ди анэдэлъхубзэр Алыхьталэм къызэрытхуигъэфэщар Езым и нихьмэтщ, и фIыгъуэщ. ФIыщIэри щытхъури Алыхьым ейщ муслъымэну дыкъызэригъэщIамкIэ, ислъамыр насып зэрытхуищIамкIэ! А гъуэгу захуэмрэ пэжымрэ темыкIыу, псэухукIэ ирикIуэнухэм ящыщ Алыхьым дищI!».