ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2021

ЦIыхубэм я къыщхьэщыжакIуэ

2021-10-16

  • КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
  • ДызыхуэкIуэ блыщхьэм къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу къэрал, политикэ лэжьакIуэ гъуэзэджэ КIуэкIуэ Валерэ. Абы ирихьэлIэу ди республикэми къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэми зэIущIэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр щокIуэкI. Дэри «Адыгэ псалъэм» и нобэрей къыдэкIыгъуэм и 1-3-нэ напэкIуэцIхэр а хэкулI цIэрыIуэм, цIыхухэм я гум IэфIу къинэжам и гъащIэ гъуэгур зэрырихьэкIам, къыдэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм хухэтхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Мамырыгъэм и хъумакIуэ нэс

2021-10-16

  • Лъэпкъым и пашэ
  • КIуэкIуэ Валерэ сэ илъэс 40-м щIигъукIэ сыкъыдэгъуэгурыкIуащ. Университетыр къэдуха нэужь, зэманкIэ дыщызэдэлэжьащ зы унэм, ар республикэм МэкъумэшымкIэ и министерствэм щыIэу, сэ комсомолым и обкомым сыщIэсу. ИужькIэ илъэс куэдкIэ зэдетхьэкIащ парт лэжьыгъи къэрал къулыкъуи. ФIыуэ сощIэж ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыщытам игъэлъэгъуа Iуэху зэфIэхыкIэри Iущагъри. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, КIуэкIуэм ар ирихьэкIырт жэуаплыныгъэ ин зыхищIэу, адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Хъумэн,  зегъэужьын,  егъэфIэкIуэн

2021-10-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и XIII зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэр ди щIыналъэми абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэным и IуэхукIи мыхьэнэшхуэ зиIэу къэлъытапхъэщ. «Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэмрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и шэсыпIэщ» — аращ зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъыр зэщIэкIауэ щытар. Лъэпкъ Iуэхухэм къэрал гулъытэ хэха игъуэт, программэ щхьэхуэхэр хузэхалъхьэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ зэIущIэм кърихьэлIахэм хэгъэгу политикэм къигъэув мардэхэр, щапхъэхэр, пщалъэхэр щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ пыухыкIахэм зэрырагъапщэр, абы зэрыралъытыр, ипэ игъэщыпхъэхэмрэ Iэмалыншэу къыхэгъэщын хуей Iуэхугъуэхэмрэ зэрызэпэшачэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

«Сыт пощтыр зищIысыр?»

2021-10-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и пощт лэжьакIуэхэм Письмом и дунейпсо тхьэмахуэмрэ Пощтым и дунейпсо махуэмрэ ирихьэлIэу зэIущIэ хьэлэмэтхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и курыт школхэм. Абыхэм къызэрагъэпэщащ «Сыт пощтыр зищIысыр?» фIэщыгъэр зиIэ класс сыхьэтхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ

2021-10-16

  • Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и комиссэм къыхихащ «Приоритет-2030» программэм хэтыну еджапIэхэр. Урысей Федерацэм и къалэ 49-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 106-м грант иратынущ, дэтхэнэми сом мелуани 100 хуэзэу. Абыхэм ящыщу 28-р Москва  дэтщ,      11-р — Санкт-Петербург. Апхуэдэу программэм хыхьащ щIыналъэ 47-м я еджапIэ нэхъыщхьэу 67-рэ. ЕджапIэ 80-р Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм ейщ. Абыхэм яхэтщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри.  Апхуэдэ хъыбар гуапэр еджапIэ нэхъыщхьэм хэIущIыIу ищIащ иджыблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-10-16

  • Бжьыхьэм  уэсыр пасэу  къесмэ…
  • Къуалэбзур гувауэ щIыпIэ хуабэм лъэтэжмэ, щIымахуэр ткIиинукъым, пасэу лъэтэжмэ, щIымахуэр щIыIэнущ.
  • Бжьыхьэм уэсыр пасэу, куууэ къесмэ, гъавэщIэр бэв хъунущ.
  • Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ — уэсышхуэ къесынущ жаIэрт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхэухуэна фэилъхьэгъуэхэр

2021-10-16

  • Зэпымыууэ щIэщыгъуэ лъыхъуэ, зыужьыныгъэм хущIэкъу, щIэхэм зезыпщыт, республикэм и цIэр щIыпIэ жыжьэхэм фIыкIэ щызыгъэIухэр ди мащIэкъым. Апхуэдэщ зи гугъу фхуэтщIыну дизайнер щIалэ БжьыхьэлI Заури.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

«ХьэтIохъущыкъуейм» кубок нэхъыщхьэр къехь

2021-10-16

  • Грознэ къалэм дэт «Рамзан» футболымкIэ академием иджыблагъэ щекIуэкIащ топ джэгуныр зи IэщIагъэу щымытхэм я «Чемпионхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIащ Адыгэ, Шэшэн, Дагъыстэн, Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Псыхуабэ, Владикавказ къалэхэм щыщ командэ 12 — псори зэхэту спортсмен 200-м щIигъу. Ар къызэригъэпэщащ Шэшэным Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм, «Молодёжные социальные инициативы» шэшэн щIыналъэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм, а республикэм мини-футболымкIэ и лигэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Сабий  джэгупIэщIэ

2021-10-16

  • Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэту илъэс зыбжанэ хъуауэ фэтэр зэтетхэм я бжэIупэхэр зэIузэпэщ ящI. Псом хуэмыдэу цIыхур щогуфIыкI сабий джэгупIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха