ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэрыгъуазэ тхылъ

2021-10-26

  • Адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къагъэлъэгъуэнущ
  • Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ теухуа лъэпкъ проектхэр дэIыгъынымкIэ Урысей Федерацэм и Президентым и грант къихьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ-Ищхъэрэ институтым и профессор КIуэкIуэ Бэллэ.
  • ГрантымкIэ абы къыдигъэкIынущ адыгэм и тхыдэр къызыхэщ щIыпIэхэр къыщыгъэлъэгъуа зэрыгъуазэ тхылъыр. Ар зыхуэдэм, и мурадым дыщегъэгъуазэ КIуэкIуэм:

  • — ЩIыпIэрыгъуазэ тхылъхэр къызэрежьэрэ куэд щIащ. Япэу ар къыщагъэсэбэпауэ щытар пасэрей Алыджымрэ Урымымрэщ. Нобэ дунеяплъэ къэкIухьыныр псэуным и зы Iэмалщ. Абы къыхэкIыуи иджырей щIыпIэрыгъуазэ къыдэкIыгъуэхэр цIыхухэр зыхуэныкъуэщ. КIэщIу, щIэныгъэ хэлъу, сурэткIэ, картэкIэ, схемэкIэ щIэгъэбыдауэ щытын хуейщ ахэр.
  • ЩIыпIэрыгъуазэр зэхэгъэувэнымкIэ ди мурадщ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр – щэнхабзэр, тхыдэр, щIыуэпсыр хъумэным сэбэп едгъэкIыну. Адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ щIэиныр, тхыдэр къызыхэщ и щIыпIэхэр къэгъэлъэгъуэн — аращ лэжьыгъэм и фIагъ нэхъыщхьэр.  Апхуэдэ тхылъхэм къазэрыщхьэщыкIынур, туристхэр зэрыгъуэзэну гъуэгухэмрэ щIыпIэхэм теухуа гурыIуэныгъэхэмрэ нэмыщI, а щIыпIэцIэхэм къарыкIыр щызэпкърыхауэ зэрыщытынурщ.
  • «Топонимикэр — щIыпIэцIэхэм елэжь бзэщIэныгъэщ. ЩIыпIэцIэхэр зэманым упхызыгъэплъщ, къэралым и тхыдэ-щэнхабзэ теплъэр зыубзыхущ», — жиIэрт Лихачёв Дмитрий.
  • Зы щIыпIэ щхьэхуэр, и фIэщыгъэр тегъэщIапIэу къэбгъэнэIуэн хуей хъуатэмэ, куэд къыпхуэхутэнут: абдеж щыпсэуахэм я бзэр, нэхъыбэу зэлэжьу щытар (сыт хуэдэ къэкIыгъэ хасэми, сыт хуэдэ Iэщ лIэужьыгъуэ зэрахуэми), зэрыIэпщIэлъэпщIахэр, сату зыдищIар, зэзэуар, псэуныгъэрэ щэнхабзэкIэ зыдэгуэшар.
  • ЩIыпIэцIэхэм щызэхуэхьэсащ лъэпкъыбзэр, тхыдэр, IуэрыIуатэр зыджхэр зыхуэныкъуэ гурыIуэныгъэхэмрэ гупсысэхэмрэ. ЩIыпIэцIэхэр езыр щэнхабзэ лъапIэныгъэщ. Аращи, щIыпIэцIэхэр щэнхабзэ щIэину лъытэн хуейщ.
  • ЩIыпIэрыгъуазэмкIэ зебгъэубгъуфынущ туристхэм къыхах щIыпIэхэм къызэщIрагъэубыдэхэм. Тхылъыр сэбэп хъунущ ди щIыналъэм зыплъыхьакIуэхэр къешэлIэнымкIи.
  • Кавказым и щIым и пшэрагъыр, и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр пасэ лъандэрэ и щхьэусыгъуэщ абы цIыху куэд зэрыщыпсэум. Кавказыр тхыдэ Iуэхугъуэ куэдым я куупIэу щытащ. Крупнов Е. И. зэрыжиIамкIэ, ди щIыпIэхэм «лIэщIыгъуэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я щэнхабзэ щызэтрихьащ».
  • А гупсысэр ехьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и кум зыщызыубгъуа Къэбэрдей-Балъкъэрми. Ди деж тхыдэ фэеплъу къыщагъуэтыжахэм яхэтщ мывэ лъэхъэнэм къыщежьэхэри. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэм я щIэныгъэ мыхьэнэр щIыналъэм къыщызэтеувыIэркъым – жыжьэ нос.
  • Зи гугъу тщIы щIыпIэрыгъуазэм хеубыдэ адыгэм и фэеплъ щIыпIэхэу Тэтэртуп къалэр, пасэрей Iуащхьэхэр («Iуащхьэцэ», «Iуащхьэчылисэ», «Андемыркъан и Iуащхьэ», нэгъуэщIхэри), ЯтIэкъуэ щыIэ фэеплъ сыныр, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэрэ Жанхъуэт Кушыкурэ я кхъэлэгъунэхэр. Абыхэм къищынэмыщIа, зэрыгъуазэ тхылъым итынущ щIыналъэм и щIыпIэ телъыджэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр бгылъэхэмкIэ, псыкъелъэхэмкIэ, гуэлхэмкIэ, мэзхэмкIэ къулейщ. А дахэ псоми уардэу къащхьэщытщ Iуащхьэмахуэ – Европэ псом и нэхъ лъагапIэ дыдэр. Дэ ди къалэнщ, щIыуэпс телъыджэр, тхыдэ ухуэныгъэхэр щIэблэм едгъэцIыхуну.
  • Зыгъэхьэзырар НафIэдз Заремэщ.