Нэхъыжьхэм къызата чэнджэщ щхьэпэхэр гъащIэ гъуазэу сиIэщ
2021-10-26
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав и ныбжьыр нобэ илъэс 50 ирокъу. Ар Аруан районым хыхьэ Аргудан къуажэм къыщалъхуащ 1971 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м.
- 1977 — 1988 гъэхэм Аргудан къуажэм дэт ещанэ курыт еджапIэм щеджащ. Ар къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэри щIэныгъэ нэхъыщхьэу тIу щызригъэгъуэтащ: филологие, юридическэ факультетхэр къиухащ. Студентхэр зэрыригъаджэми къищынэмыщIауэ, Вячеслав щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри ирегъэкIуэкI. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа статьяхэм я бжыгъэр 150-м нос. Абыхэм яхэтщ Тбилиси, Сыхъум, Истамбыл, Прагэ, Венэ, Лейпциг, Дели къалэхэм къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм къытрадзахэри. Адыгэбзэм и зыужьыныгъэмрэ ар зэрегъэджыпхъэмрэ, бзэ зэмылъапсэгъухэр зэпыщIа зэрыхъу щIыкIэхэмрэ абыхэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэмрэ, адыгэбзэ псалъэу нэгъуэщIыбзэхэм хыхьахэмрэ ахэр къэзыша щхьэусыгъуэхэмрэ къыщыгъэлъэгъуауэ тхылъ 15 къыдигъэкIащ.
- — Вячеслав, уи сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм, уи гъащIэм ехьэлIа гукъэкIыжхэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — Cи сабиигъуэр Аргудан жылэжьым щызгъэкIуащ. Адрей сабийхэми хуэдэу, псыхъуэм дыдэсащ: псыр мывэкIэ IутщIэрти зыщыдгъэпскIырт, бдзэжьей дещэрт, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дыхэтт. Нэхъыбэр топ джэгуным дыдихьэхырт. Си гъуса сабий псори насыпыфIэ дыдэу дыщытауэщ си нэгу къызэрыщIыхьэжыр. Пэжщ, смартфон, ноутбук, интернет, н. зищIысыр тщIэуэ щытакъым, ауэ ди хьэблэм дэс, ди классым щIэс псоми яшхын, щатIэгъэн, зэрыджэгун ягъуэту щытащ. Унагъуэ къэс жэмитI-щы, мэл-бжэн зыбгъупщI, джэдкъаз куэд яIэт, хыв зезыхуэхэри мащIэтэкъым. Абы къыхэкIыу, сабиигъуэм щыщIэдзауэ, Iэпщэ лэжьыгъэхэри дгъэзэщIащ, зэрылажьэ унагъуэ Iэмэпсымэхэр дгъэтIылъа нэужь, дызэрытхэ ручкэр къатщтэрти, унэ лэжьыгъэхэр тщIырт. Унагъуэ Iуэхухэм къищынэмыщIауэ, колхоз губгъуэ лэжьыгъэхэми жыджэру дыхэтт. ИтIани зыри дытхьэусыхэртэкъым, СССР-кIэ зэджэ къэралышхуэм нэхъыфI щымыIэу къэтлъытэрт, абы дрибыну зэрыщытым дригушхуэрт, япэщIыкIэ пионер дызэрыхъуар, итIанэ комсомолым дызэрыхыхьар ди напщIэм телът, абы хуэпэжу дызэрыпсэуным дыхущIэкъурт. Зэпеуэ хъуамэ, япэ увыпIэр сыт щыгъуи ди плъапIэт, адрейхэм нэхърэ нэхъыбэ тхылъымпIэжь, гъущIыкIэжь школым етшалIэрт.
- — Уи сабигъуэм удэзыхьэхыу щытахэм, гукъэкIыж гуэрхэм укъытезгъэувыIэнут.
- — Футболым япэ изгъэщын зыри щыIакъым. Ди щIыпIэм пэжыжьэ къалэ куэдми сыщыджэгуащ, фэбжь мащIи хэсхакъым, ауэ нобэр къыздэсым си лъым хэтщ. ГукъэкIыжхэм я нэхъыбэри футболым епхащ. Абыхэм гъэщIэгъуэни, дыхьэшхэни, дыхьэгъи, дерс къызыхэпхын куэди яхэтщ.
- ЕплIанэ классыр къэдухауэ, махуэ гуэрым зэныбжьэгъухэр футбол дыджэгуу, топыр гъуэгум телъэдащ. Сыплъэри, автобус кIыхьышхуэ къажэрт, топыр къезгъэлыну сыжэри къэспхъуэтащ. Автобусым и шэрхъхэр илъэфу си пащхьэм къыщыувыIащ, зы лIы гъум кIэщI щхьэцIобышхуэ къилъэтри къыстекIиеу къэуващ. Сэри сыгужьеижащи, зы лъэбакъуи схуэчыжыркъым, зэгуэтхъыурэ Iэджэрэ IуданэкIэ зэхуэсшэжа фэ топыр быдэу сIыгъыу сыщытщ. Автобусым нэгъуэщI щIалэ лъагэ пащIэ фIыцIэшхуэ гуэри къикIауэ къызодэхащIэ, си топ зэхэдыжыхьар зэпеплъыхь, ди анэм унэ лъэгур зэрила лэчымкIэ си футболкэм тесщIыхьа «3» бжыгъэмрэ «Чивадзе» жиIэу тестха унэцIэмрэ гу лъитауэ IэпэкIэ йоIусэ. ИтIанэ автобусым кърехри телевизоркIэ фIэкIа сымылъэгъуа топ къуэлэн дахэ гуфIэжу къысхуеший, зы тхылъымпIэ пхъуанти къытхуагъэуври йожьэж. Абдежым гу лъыстащ автобусым тетха «Динамо Тбилиси» псалъэхэм икIи зи сурэт куэд журналхэм къыхэзгъэжауэ зесхьэ Александр Чивадзе сызэрыхуэзар, топи къызэрызитар къызгурыIуащ.
- Пхъуантэм IэфIыкIэ зыкъомрэ «пепси-кола» птулъкIэ зытхухрэ къитхащ. Зэныбжьэгъухэм птулъкIэ гъэщIэгъуэныр зэIэпыдох, зищIысыр дымыщIэу, хэти «пиво», хэти «вино» жаIэу. Ар ди щыпэлъагъут. Топ къызатами куэдрэ сригуфIакъым. Абы хамэ къэралыбзэкIэ тетха псалъэ зэрытетым щхьэкIэ, пионерыр ириджэгу мыхъуну, школ директорымрэ участковэмрэ къызжаIэри, ар къысIахащ икIи зыми зыри жезмыIэну псалъэ быди сагъэтащ.
- — ЩIэныгъэм, адыгэбзэм ухуэлэжьэну къыхэпхыным и къежьапIэ хъуар сыт?
- — Адыгэбзэм сыдихьэхынри футболым епхащ. Еянэ классым сыщIэсу топ сыджэгуу си лъакъуэр къутащ. Сымаджэщым сыщIэлъу, тхылъ гуэр щхьэкIэ сыщылъаIуэм, си адэм КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романымрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и усэ сборникрэ къысхуихьащ. Усэм сыдихьэхыртэкъыми, романым япэу седжащ. Ар зэрытха бзэми къиIуэтэж Iуэхугъуэхэми хуабжьу сыдахьэхащ икIи лъэпкъ тхыдэм епха тхылъ къысхуахьыну аргуэру сыщIэлъэIуащ. Ар къысIэрымыхьэурэ ЩоджэнцIыкIум и усэхэм сыкъеджащ, абыхэм ещхь схуэтхын си гугъэуи къалэмыр къэсщтащ, зыгуэрхэри суцIырхъащ. Си классэгъухэр щIэупщIакIуэ сымаджэщым къэкIуащ, урысыбзэмкIэ дезыгъаджэ Налшык Мухьэмэд зыкърагъашэри. Мухьэмэд усакIуэт, си пIэщхьагъым телъ усэ теплъэ зиIэхэм нэкIэ ирижащ, зыр къищтэри, фIыуэ зэригъэзэхуэжащ, къыхэнэжа щIагъуэ щымыIэу. МазитI дэкIауэ, районым къыщыдэкI «Гъуазэ» газетым ар къытрадзауэ щыслъэгъуам сылъэтэнут. Арауэ къысщохъу щIэдзапIэ хъуар.
- Си щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм щIэдзапIэ хуэхъуар кандидат диссертацэрщ. Шагъыр Iэмин и чэнджэщкIэ си щIэныгъэ унафэщIым темитI къысхуигъэлъэгъуат. Зыр, къызэрысщыхъумкIэ, гугъу сыдемыхьу псынщIэу стхыфынут. ЕтIуанэр нэхъ тхыгъуейт, зыри зэмылэжьа «вэныжьт», ауэ нэхъ гъэщIэгъуэнт, нэхъ сыдэзыхьэхти, сытегушхуащ икIи сыхущIегъуэжакъым. Абы сыщелэжьым ди гъунэгъу лъэпкъхэм я бзэм адыгэ псалъэ куэд зэрыхыхьар къэсхутащ. Адыгэ псалъэу нэгъуэщIыбзэхэм хэтхэм я бжыгъэр, сэ къызэрызугъуеямкIэ, мыпхуэдиз мэхъу: абазэбзэм — 687-рэ, абхъазыбзэм — 423-рэ, къэрэшей-балъкъэрыбзэм — 324-рэ, осетиныбзэм — 285-рэ, нэгъуеибзэм — 186-рэ, сонэбзэм — 84-рэ, куржыбзэм — 72-рэ, мышкъышыбзэм — 47-рэ, шэшэныбзэм — 36-рэ, урысыбзэм — 12.
- — Уи лэжьыгъэфIхэм, нобэкIэ зи ужь уит Iуэхугъуэхэм дытегъэпсэлъыхьыт.
- — Хьэзыр сщIауэ тхылъитI щылъщ, къыдэгъэкIын хуейуэ. Зым плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэу адыгэбзэм хэтхэр щызэхуэсхьэсащ (я бжыгъэр псалъэ щиплIым нос), ахэр къызэрыхъуамрэ абыхэм я этимологиемрэ щызэпкърысхащ. ЕтIуанэм мэкъумэш лэжьыгъэм епха псалъэхэр адыгэбзэм бейуэ зэрыхэтыр щызогъэнаIуэ. 10 — 11 классхэм адыгэбзэр зэрыщаджын тхылъ иджыпсту дотх, Щоджэн Iэминэ си гъусэу.
- — Узыдэлэжьа нэхъыжьыфIхэм ехьэлIа гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр радио комитетыр си япэ лэжьыгъэ IэнатIэ хъуат. Журналист лэжьыгъэм сыхэзышар, абы сыхэзэгъэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуар, а IэщIагъэр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар Мыз Ахьмэдщ. Абы щыгъуэ илъэс 17 сыхъуа къудейт, журналист IуэхущIафэм щIагъуи хэсщIыкIыртэкъым, ауэ лэжьэгъу схуэхъуа псори цIыху гуапэ защIэхэти, абы дамэ къыстригъакIэрт. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу сыхуейуэ сабгъэдыхьами, зэи хьэуэ къызжезымыIа, чэнджэщ узэщIа куэд къызэзытахэу Къэрмокъуэ Мухьэмэд, БжэныкIэ Мухьэб, Мыз Ахьмэд, Хьэжыкъарэ Алик, Мыз Майе, Лыхь Хъаджэт, Тэтрокъуэ Астемыр, Хьэмту Къадир, Джыназ Юрэ, БакIуу Борис, Iэщнокъуэ Тамарэ, Багъэтыр Нинэ, Гъубжокъуэ Раметэ, Къумахуэ Аслъэн сымэ Iэджэрэ гуапэу сигу къызогъэкIыж. Радиом и урыс редакцэм щылэжьахэу НэщIэпыджэ Ибрахьим, Бэрбэч Борис, Мэремкъул Ларисэ сыми я сэбэп куэд къызэкIащ. Радиом сызэрыщыIа илъэсхэр си гъащIэм и нэхъыфIхэм ящыщу къызолъытэ, ар зи фIыщIэри а зэманым къыздэлэжьа цIыху дыщэхэрщ.
- 1993 гъэм университетым Тау Хьэзешэрэ Къэмбэчокъуэ Iэдэмрэ сыкъашэжащ икIи адыгэбзэмрэ литературэмрэ кафедрэм и егъэджа-кIуэ нэхъыжьу лэжьэн щIэздзащ. Сыкъызыхыхьа кафедрэм хабзэшхуэ щIэлът, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ зэхэтыкIэ хьэлэмэт яIэт, цIыхугъэшхуэ яхэлът, студентхэр фIыуэ егъэджэнымрэ гъэсэныгъэ дахэ етынымрэ жэщ-махуэ ямыIэу телажьэхэрт. Апхуэдэхэт КIуащ Тамарэ, Нало Ахьмэдхъан, ХьэкIуащэ Андрей, Урыс Хьэталий, Тау Хьэзешэ, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Абазэ Албэч сымэ. Нобэр къыздэсым абыхэм ядэслъэгъуа нэмысыр, щыпкъагъэр, къызжаIа псалъэ пэжхэр сигу илъщ. Нэхъыжьхэм къыза-та чэнджэщ щхьэпэхэр гъащIэ гъуазэу сиIэщ. Филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ зи унафэщI адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм нобэ дызэгурыIуэу, дызэкъуэту цIыху 14 дыщолажьэ.
- — Лъэпкъыу дыкъызэтенэн папщIэ лэжьыпхъэр мащIэкъым. Уэ сыт жыпIэн абы теухуауэ?
- — Лъэпкъыу дыкъызэтенэн щхьэкIэ адыгэбзэр бжэкъуагъым къыкъуэтшыжу, жьантIэм дэдгъэтIысхьэжын хуейщ. Адыгэр зэрыадыгэр и напщIэм телъу, и бзэм, и хабзэм, и тхыдэм нэмыплъ иримытыжу, «дыхокIуэдэж» жиIэу тхьэусыхалэ мышухэм зыдримыгъэхьэхыу, лъэпкъым и къэкIуэным хузэфIэкIыр хуилэжьу псэун хуейщ. Адэ-анэм сабийм бзэр иригъащIэмэ, дадэ-нанэ Iумахуэхэм я къуэрылъху-пхъурылъхухэр нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щIапIыкIмэ, егъэджакIуэм абы зригъэужьмэ, гъэсакIуэм адыгагъэр щIигъужмэ, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ лъэпкъ щIыхьыр къэзыIэт тхыгъэ купщIафIэхэр къагъэщIмэ, щIэныгъэлIхэм терминыщIэхэр бзэм къыщагъэхъумэ, къулыкъущIэхэм адыгэбзэр щылэжьэн, щызекIуэн IуэхущIапIэхэр къызэIуахмэ… Мис итIанэщ лъэпкъыу укъыщынэжынури, уи бзэр щыпсэунури. Абы пхузэфIэмыкIыни хэлъкъым, ауэ псори къыщежьэн хуей унагъуэм и къалэнхэр егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я пщэм далъхьащ. Абы щыгъуэми, я сабийхэм унэ лэжьыгъэ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кърату ядэркъым. Адэ-анэхэм я бынхэм урысыбзэр е инджылызыбзэр ямыщIэмэ, пщIэ ирату, егъэджакIуэ къыхуащтэ, ауэ адыгэбзэм иримыпсалъэ щхьэкIэ уэим ящIыркъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Адыгэбзэр гъащIэм зыкIи къащыхуэмыщхьэпэну къалъытэ. Мис аращ зэлэжьын хуейри.
- — Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ?
- — XIX лIэщIыгъуэм Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр куэдрэ къэзгъэсэбэпын хуей мэхъу щIэныгъэ къэхутэныгъэ статья щыстхкIэ. Сэ си жейр згъэныкъуауэ, нэхущ пщIондэ сыбгъэдэсу адыгэбзэкIэ стха тхылъхэри, илъэс щитI дэкIауэ, адыгэхэм ягъуэтыну, яджыну, къахуэщхьэпэну сыщIохъуэпс. «Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым» жиIэу къэзыпсэлъыгъа адыгэм пщэдей къыхуепсыну дыгъэ нурыпсым, адыгэбзэ гъэпса Iурылъу, ди щIэблэм зыхигъэпскIыхьыфыну псори дыхуэвгъэхъуапсэ.
- Епсэлъар НафIэдз Мухьэмэдщ.