ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейм и Махуэр ягъэлъапIэ

2021-06-17

  • Мэкъуауэгъуэм и 12-м Налшык къалэм гукъинэжу щагъэлъэпIащ Урысейм и Махуэр.

  • Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и утыкум деж шэджагъуэм концерт ин щатащ. Абы и пэ къихуэу, дауэдапщэм кърихьэлIахэр хагъэгъуэзащ махуэшхуэм и тхыдэм.
  • ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэIуихащ уэрэдымрэ къафэмкIэ «Тэрч къэзакъхэр» къэрал ансамблым. Махуэшхуэр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ пажэхэм.
  • Концертым къыдэкIуэу, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и утыкум асфальтым сурэт щыщIынымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ. Абы сабийхэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ. КъищынэмыщIауэ, сурэтыщI ныбжьыщIэхэм мастер-классхэр къыхузэрагъэпэщащ. Апхуэдэу Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и щIыхьэпIэм и деж щагъэлъэгъуащ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Абы хагъэхьащ декоративно-прикладной гъуазджэ хьэпшыпхэр, графикэ лэжьыгъэхэр.
  • Концертым кърихьэлIахэм ящыщу гупыж зыщIахэр хэтащ къэралым, республикэм я тхыдэм зэрыщыгъуазэм теухуа викторинэм.
  • А махуэм Налшык щекIуэкIащ нэгъуэщI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэри. Къапщтэмэ, «Сэ Урысейм срицIыхущ» щIалэгъуалэ зэхыхьэр, Къэрал симфоние оркестрым и концертыр, н. къ. Апхуэдэу ягъэлъэгъуащ «Александр Невский» фильмыр.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.
  • Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.