ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ  гъащIэм  и  зы  нэз

2021-02-02

  • Арджэн щIыныр пасэрей IэщIагъэщ. Ижь лъандэрэ адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ дахэр мыкIуэдыжу нобэкIэ езыгъэфIакIуэхэм, зезыгъэужьхэм ящыщщ IэщIагъэлI щIалэ, сурэтыщI Мэзло Руслан. Еши щхьэхи имыщIэу арджэным Iуэху дэзыщIэ сурэтыщIым лъэкIащ абы теплъэщIэ иритын. НобэкIэ Руслан «къигъэпсэуж» арджэнхэр гъуазджэ щыпкъэм нэса къэгъэщIыгъэ екIущ, «музей гъэтIылъыгъэ цIэр зыхуэфащэ» фIэщыгъэ лъапIэр зрата Iэпэщысэщ.

  •  

    Мэзло Руслан

    Мэзло Руслан лъэпкъкIэ Ехъущыкъуей  Ищхъэрэ (Алътуд) щыщщ,  илъэс  33-рэ  мэхъу,  унагъуэ иIэщ, Налшык къалэ щопсэу. Курыт еджапIэр щалъхуа къуажэм къыщиуха нэужь, Налшык къалэ ДизайнымкIэ дэт колледжым щIэтIысхьащ. Абы щызригъэгъуэ-та щIэныгъэм Руслан щыхигъэхъуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

  • Иджыблагъэ зи гъэлъэгъуэныгъэщIэр утыку къизыхьа Мэзло Руслан нобэ ди хьэщIэщ, арджэныр и гъащIэм къызэрыхыхьам, абы теухуауэ иIэ Iуэху еплъыкIэ-хэмкIэ, и гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ зыдэдгъэгуэшэну къедгъэблэгъащ.
  • — Арджэн щIыным, Руслан, дауэ ухуэкIуа? Сыт удэзыхьэхар?
  • — Арджэныр сызэрыцIыкIурэ си гъащIэм хэтщ. Арджэн ищIырт, нобэми  ещI ди анэм. Ар си гъащIэм щыщ хъунуми зэлъыта хъуар си цIыкIущхьэм щегъэжьауэ абы епха Iуэхугъуэ псори — къамылыр къыщахым щегъэжьауэ ар цеищэ пкъокIэ щызэIуащэжым нэсыхун-кIэ — згъэзащIэу, си Iуэху Iыхьэ хэслъхьэу  сыкъызэрекIуэкIарагъэнщ. Лъэпкъ IэщIагъэхэм сыдахьэхыу сызэрыщытрагъэнщ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтари а лъэныкъуэмкIэ унэтIа щIэхъуар. ГъуазджэмкIэ щIэныгъэ гуэдзэ щызрагъэгъуэту Налшык къалэ дэт еджапIэм сыщIэтIысхьа нэужь, макъамэм и щэхухэм зыщызгъэгъуазэу, упщIэр зэрагъапцIэмрэ зэращIымрэ зэзгъащIэу, кхъуэ-щын гъэжьэкIэм хэлъ технологие Iэмалхэм сыкIэлъыплъу щIэздзащ. Псори сфIэгъэщIэгъуэнт. Дэтхэнэри сигу пымыкIыу хьэлэмэт сщыхъуми, зы лъагъуэ сытеувэн, зы гъуэгу къыхэсхын хуейти, си сабиигъуэм гуэх имыIэу епха, ди анэм сызыхиша арджэн дунеймкIэ сеплъэкIыжащ. Аращ, икIэм-икIэжым, IэщIагъэу къыхэсхыу си гъащIэр зэспхыжари. Куэдрэ сигу къэкI псалъэхэм ящыщщ ди адэм фIыуэ тлъагъу Iуэхум зеттмэ, ар къыдэхъулIэну жиIэу зэрыщытар. Ди адэм дигъэгушхуэрт, щIэгъэкъуэн къытхуэхъурт, гукIэ дызыхуеIэ Iуэхугъуэхэр къыддиIыгъырт. Абы и псалъэхэр дапщэщи гъащIэ гъуэмылэу, дигъэгъуазэу гукIэ къыдохьэкI.
  • — Уи анэмрэ уэрэ фи арджэн щIыкIэр зэтехуэрэ, фызэрызэщхьэщыкI щыIэ?
  • — Дауи, арджэныр щIыкIэ гуэрхэмкIэ зэтехуэнущ, зэщхьэщыкIынур  а  щIыкIэм  узэрыбгъэдыхьэрщ, епхьэлIэ технологиерщ. Ди анэм арджэн  щищIкIэ,  зэрыгъуазэри зытетри пасэрей адыгэ щIыкIэжьхэрщ, езыр егъэджакIуэщи, щIэблэм ябгъэдилъхьэри а ижь лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI щIыкIэ Iэмалхэрщ. Сэ си бгъэдыхьэкIэр тIэкIу нэгъуэщIщ: кхъуэщын гъэжьэкIэм и технологием щыщ пкъыгъуэ гуэрхэр, сурэт щIыным епха Iэмалхэр, гъуазджэ щIэныгъэхэм сэтей къыщыхъуа щIэщыгъуэхэр арджэным хызоухуанэ, зэхалъхьэу щымыта гуэр- хэр зэхэслъхьэну иужь ситщ, сыджэгуну сфIэфIщ.
  • — Арджэныр къызыхэпщIыкI къамылыр дэнэ къыздипхыр? Тынш ар къэбгъуэтыну, ящэрэ?
  • — Къэбэрдейм къамылыр щIыпIэ куэдым къыщокI. Ауэ иужьрей илъэсхэм, жагъуэ зэрыхъунщи, щIыгулъыр зэрызэрахьэ щIыкIэ-хэм ныкъусаныгъэ куэд къашэу хуежьащ. ЩIыгулъыр мардэншэу псыпцIэхэм къызэрырахым псыр ирегъэтIысэх. Къамылым псы фIэфIщ, псы имыIэмэ, къэкIынукъым. Мы Iуэхум куэд лъандэ-        рэ сызэрыхэтым къыхэкIыу гу лъызотэ къамылыр щыкI щIыпIэхэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм. ЦIыхур щIыуэпсым зэрыхуэмысакъым Iэджэ зэраныгъи къешэ, абы я ягъэ къамылми йокI. ПсыпцIэхэр ягъэIэсэху, шэ-дылъэхэр ягъэгъущыху, къамылылъэхэри нэхъ мащIэ мэхъу…
  • Къамылыр ягъэкI икIи ящэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэкъым. Ар къару хэплъхьэурэ зэхуэпхьэсын хуей псыхэкIщ. Къамылым и къэхыным щегъэжьауэ арджэным и гъэхьэ-зырыным нэсыхункIэ, къару есхьэлIэурэщ Iуэху зэрысщIыр. Къамылыр щызэхуэпхьэскIэ, ухуэсакъыурэ къипхын хуейщ. Пхъашэу уеIэбмэ е зэфIэпщIыкIмэ, зыри къыхэкIыжынукъым. Къамылым щыщу псы щIагъымкIэ щыIэращ арджэным халъхьэр. Ар къыщыпхкIэ, цIанлъэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, тхьэмпэр мыкъутэу къепхьэлIэфын, хуэсакъыпэурэ бгъэгъущын хуейщ.
  • ЩIалэгъуалэр мыпхуэдэ Iуэхум дезгъэхьэхын си гугъат, арщхьэ-        кIэ апхуэдэ цIыху къыкъуэкIыркъым. Сэри а Iуэхум сыхуэхьэзырыщэу къыщIэкIынукъым. Къамылым и къэхынри, гъэгъущынри, гъэкъэбзэнри, зэгуэхынри сакъыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхугъуэщи, ар псэкIэ къэзымыщтэр, абы гукIэ емыувалIэр лIыгъэкIэ ебгъэз хъунукъым.
  • — Арджэн щIыныр адыгэ IэщIагъэу жыпIэ хъуну?
  • — Шэч  хэмылъу, адыгэ IэщIагъэщ. Арджэн щамыщI, ар зэращI цеищэ пкъор зэрымылъ адыгэ унагъуэ нэхъ пасэхэм урихьэлIэ-    ну щытакъым. Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыху куэд си лъэщапIэм къыщIыхьэ зэпытщ. Дапщэрэ сыщIэмыупщIэми, арджэным  хуэдэ   гуэр  я лъэпкъ щэнхабзэм хэту къызжезыIэн, ар зыхуэдэм щыгъуазэ срихьэлIэркъым. Уеблэмэ, Японие дыдэм, а щIыпIэм къамылым пщIэ щиIэ пэтми, арджэным и лIэужьыгъуэ гуэрым и лъэужь сыщытехьэфакъым. Ар къыщыгъэнауэ Кавка-зым щыпсэу лъэпкъхэм дежи щыслъагъуркъым арджэныр. Щыгъыным, Iэщэ-фащэхэм, шхыныгъуэхэм зэщхь куэд зэрыхэлъым дыщыгъуазэщи, арджэныр зыщIи зыцIыхуи срихьэлIакъым. Абы къегъэлъагъуэ арджэныр нэгъэсауэ адыгэ IэщIагъэу зэрыщытыр. Си деж къыщIыхьэхэм арджэныр яфIэгъэщIэгъуэнщ икIи яфIэдахэщ, ящIынуи къыщIэкIынт, ауэ къарууэ текIуэдэнум къегъэувыIэ, адыгэм къыддекIуэкI лъэпкъ Iэ-щIагъэ куэдым хуэдэуи зиубгъуркъым.
  • — Руслан, зэрызэхэсхамкIэ «Амра» лъэпкъ фондым и унафэщI ЛIызам Лидэ и гъусэу лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ щIэблэм щIэныгъэ етыным теухуа проектым ухэтщ. Абы кIэщIу утхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт.
  • — ЛIызам Лидэ къыхилъхьа проектыр, пэжыр жыпIэмэ, лъэпкъ IэщIагъэхэр къэIэтыжыным хуэунэ-тIа Iуэхугъуэшхуэщ, Iуэху щхьэ-пэщ. А проектыр зыхуэгъэпсар щIалэгъуалэрати, Къэбэрдейм еджапIэ щIагъуэ къинакъым дыздыдэмыхьа, арджэныр щрагъа-щIэ гупхэр зэхуэтшэсын щхьэкIэ. ЗэзгъэщIэну  сыхуейщ жызыIэхэм папщIэ лъэщапIэхэр къызэIутхащ. Илъэс псокIэ дылэжьащ. Ди гъэсэнхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэдгъэпэщащ, зэреджапхъэ программэхэр зэхэтлъхьащ, арджэныр къызыхащIы-             кIыну къамылхэр дгъэхьэзыращ.                            ЦIыкIухэр къыдэтхьэхын щхьэкIэ тщIапхъэ къэдгъэнакъым. ЩIэб-лэр зи ужь дит Iуэхум хэша хъун папщIэ, дигури ди псэри зэрыхэтлъхьэр зылъэгъуа адэ-анэр апхуэдэ дыдэу къытпэджэжащ, дызэхащIыкIащ, Iуэхур къыддаIыгъащ. Апхуэдэ щытыкIэм сабий куэд къыдишэлIащ. ТщIэм дыдихьэхыжу дыщылэжьащ дэни, ауэ гукъинэж тщыхъуащ Къармэхьэблэ, Мысостей, Налшык дэт еджапIэхэм щеджэхэр.
  • ЛIызам Лидэ и проектым къа-      лэн зыщищIыжахэр къехъулIауэ къысщохъу. Дэ дадэлэжьащ са-   бий миным щIигъум. Арджэн щIыныр IэщIагъэ яхуэмыхъуми,           ар зэращI щIыкIэр я нэгу щIэкIащ, абы и хъыбарыр я унагъуэхэм щаIуэтэжащ, езыхэм я бынхэм, абыхэм я лъхужхэми ар жраIэжынущ. Арджэным и гъащIэр нэхъ кIыхь апхуэдэ щIыкIэкIэ зэращIынум шэч къытесхьэркъым.
  • — Арджэн щIыным сыт ухуэзыгъэушэр, Руслан, сыт гукъыдэж къозытыр?
  • — ЗэрыжысIащи, сызэрысабийрэ арджэным сепхауэ сыкъокIуэкI, ар щызэпызгъэуа махуи къыхэкIауэ къысхуэщIэжыркъым. Сылэжьэн хуейщ жызоIэри солажьэ. Къамылыр къисхыу зыхуей хуэзмыгъазэмэ, си махуэр кIуэдауэ къысщохъу. Лэжьыгъэ езгъэкIуэкIым куэд кIэлъоплъ, абы етIысэхыгъуэ къызимыту сызэщIиIыгъэу къыщIэкIынщ. Си гугъэкъым Iуэхум зыгуэрым сыхуигъэушэу.
  • КъэзгъэщI мотивхэр пасэрей арджэн щIыкIэ хабзэхэм къыхы-зох, абы пцIы хэлъкъым, ауэ уней плъыфэрэ пкъырэ хузощIыж, си лъагъукIэ хызолъхьэ. Пасэрей арджэнхэм хэущэхуащ лъэпкъым къыдекIуэкI дуней лъагъукIэр, абы щIыуэпсыр, псэущхьэ дунейр гъэщIэгъуэну хилъхьащ. Абыхэм апхуэдизкIэ щыгъуазэ захуэсщIащи, жэщым сыкъэбгъэушу цеищэ пкъом сыбгъэдэбгъэтIысхьэми, дэтхэнэ зы мотиври зэрыщыт дыдэм хуэдэу къысхуэгъэщIыжы-   нущ. Зэ нэхъ мыхъуми си арджэ-ным хэслъхьа дамыгъэхэм етIуа-нэу къахуэзгъэзэжыркъым. Абыхэм къапысщэ хуэдэу, я теплъэр сохъуэж, еплъыкIэщIэрэ къэIуэтэкIэщIэрэ къахузолъыхъуэ, щIэщыгъуэу къысщыхъу пкъыгъуэ гуэр-хэр хызоухуанэ.
  • Пэжщ, пасэрей арджэнхэм я щIыкIэ  псори  ди нобэм къэсакъым. Адыгэр зауэ зыбжанэ пхыкIащ, хэпхъа хъуащ, арджэным епха щIэныгъэми зыкъом хэщIа хъуащ. Ауэ мыкIуэдыжу къэнам, зи кIапэлъапэ къэсам пыпщэу, зебгъэужьу, зэманым екIуу зебгъэхъуэжу щытмэ, цIыхухэм яIэщIэмыхужу къызэтебнэфынущ.
  • — Арджэнхэр я инагъ-цIыкIуагъкIэ, хьэлъагъ-псынщIагъкIэ зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыным теухуауэ техникэ и лъэныкъуэкIэ зэлъэмыIэс гуэрхэр къыщыхэкI щыIэ?
  • — Лэжьыгъэ сщIыхэм дизайн пыухыкIа гуэрхэм тетущ сызэрелэжьыр. Абы къелъытэ арджэным и инагъри, и хьэлъагъри, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри.
  • — ЦIыхухэм уи лэжьыгъэхэр къащэхуну Iэмал яIэ?
  • — НтIэ, яIэщ. КъыхихынумкIэ сэ- ри сыщыдэIэпыкъу къохъу. Тыгъэ щысщIи куэдрэ къыхокI, сыту жыпIэмэ, къызгуроIуэ — а лэжьыгъэмкIэщ сэ си гъащIэр кIыхь зэрысщIыр.
  • — Арджэным хэлъ тхыпхъэр тхылъымпIэм сурэту тепщIыхьурэ итIанэ абы тепщIыкIыжу ара хьэмэрэ занщIэу пщIырэ?
  • — Зэзэмызэ си нэгу къыщIыхьэ теплъэгъуэм ипкъ иткIэщ арджэныр зэрысщIыр, ауэ, сщымыгъупщэжын щхьэкIэ, япэщIыкIэ тхылъымпIэм сурэту щытесщIы-хьи щыIэщ. Сылажьэу цеищэ пкъом сыщыбгъэдэсым деж си нэгу  къыщIыхьауэ  арджэным              хэслъхьэ тхыпхъэм кIуэрыкIуэм тету нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр щыхэслъхьэжи щыIэщ. Лэжьыгъэ екIуэкIым къызит гукъыдэжыр инщ.  Арджэныр  хьэзыр хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэр нэхъ псынщIэу зэрысщIыным яужь ситщ, абы си гур егъэпхъэр, къару къысхелъхьэ.
  • — Уи IэдакъэщIэкIхэм гъуазджэ и лъэныкъуэкIэ фIагъыу хэлъым, щыщIэныгъэу яIэнкIэ хъунум теухуауэ критикэ щыIэ, дагъуэ щыхуащI къыхэкIрэ?
  • — Пэжыр жысIэнщи, сыхуейт си IэдакъэщIэкIхэр критикэ гуэрым и шыбзэм щIэкIыну. Ауэ апхуэдэ псалъэ иджыри къыздэсым зы-           ми зэхызигъэхакъым. Арджэным дихьэх, арджэн щэнхабзэм куры-хыу щыгъуазэ зэрыщымыIэрауэ къыщIэкIынщ ар къызыхэкIыр. Къэбэрдейр  щызогъэтри,  нэгъуэщI щIыпIэхэми си лэжьыгъэхэр критикэ ящIу зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. Критикэр фIымэ, купщIафIэмэ, цIыхум зеузэщI, IэщIагъэми зеужь.
  • — Уи арджэнхэр дэнэ щIыпIэхэм щыбгъэлъэгъуа, Руслан, сыт хуэдизрэ утыку ипхьа?
  • — Къэбэрдейм и закъуэ си арджэнхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къудейуэ 8 щызиIащ. Адыгейм 3 сыкIуащ, Шэшэным щызгъэлъэгъуащ, Осетие Ищхъэрэ — Аланиеми, Дагъыстэнми, Мэзкууи арджэнхэр сшащ. Мы уней гъэлъэгъуэныгъэхэм къищынэмыщIауэ, си арджэнхэр гуп гъэлъэгъуэны-гъэхэми хэту утыку щихьэ куэдрэ къохъу.
  • — Уигу пымыкI, пщэну узыхуэмей къахэкIрэ уи IэдакъэщIэкIхэм?
  • — КъыхэкIыркъым, жысIэ хъуну къыщIэкIынщ. Лэжьыгъэр Iуэхугъуэ пыухыкIа гуэрым тещIыхьауэщ зэрезгъэкIуэкIыр. Хьэзыр хъуа си IэдакъэщIэкIыр утыку исхьэу згъэлъэгъуа нэужь, абы игъэзэщIэн хуей къалэныр игъэзэщIауэщ къызэрысщыхъур. КъыкIэлъыкIуэ проектым сегупсысу, абы игъуэтыну фIэщыгъэм сылъыхъуэу сыхуожьэ.
  • — Сыт проекткIэ узэджэр, узылъыхъуэ фIэщыгъэри сыт, Руслан?
  • — Къесхьэжьэ дэтхэнэ зы лэжьыгъэми и кIуэцIкIэ IуэхугъуитI-щы къыщызоIэт, дэтхэнэми фIэщы- гъэ пыухыкIа иIэу. Псалъэм папщIэ, сызыхуежьэ проектыщIэм къызэщIызогъэубыдэ уахэр (космосыр), дыгъэр, арджэныр. ЗэпыщIапIэхэм къэзмыгъуэтауэ, зи ужь сит Iуэхугъуэхэм я зэблэкIыпIэхэр сымыубзыхуауэ утыку зы арджэни исхьэркъым, гъэлъэгъуэныгъи сщIыркъым. Мыхэр къызэзнэкIыхункIи, си зы IэдакъэщIэкI сщэркъым. СщIэну сызыхуейм сыхуэарэзыуэ «сухащ» хужысIэу сыблэкIмэ, дэтхэнэ арджэнри хэт хуейми зыIэригъэхьэфыну Iэмал иIэщ.
  • — Мы IэщIагъэр къытщIэхъуэ щIэблэщIэм ялъэбгъэIэсыфыну къыпщыхъурэ?
  • — Налшык къалэ ДизайнымкIэ         дэт колледжымрэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ Центрымрэ егъэджакIуэу сыщолажьэ. Арджэныр унэтIыныгъэ щхьэхуэу, дерс щхьэхуэу тIуми щызиIэщ. IэщIагъэм хэгъуэзэну хуейуэ си   деж къакIуэ сабийр мащIэкъым. Илъэсий-илъэсибгъум ит цIыкIухэращ нэхъыбэу сызыдэлажьэр. Арджэныр  сетIысылIэнщи сщIынщ, жыпIэкIэ  зэфIэкIыркъым. ШыIагъэ пхэлъын хуейщ. И пэм щегъэжьауэ и кIэм нэсыху зым утету, теджэрэзыкI къыхэмыкIыу арджэным уелIэлIэн хуейщ. Iуэхум нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр — къамылыр къэхынырщ. Абы и къэгъуэтыныр мыгугъу щхьэкIэ, и къэхыныр лэжьыгъэ псынщIэкъым — псым  уи  къурмакъейм  нэс ухыхьэн хуейщ, зыщыщIэбгъэмбрыуэни къыхэкIынущ. Ар дэтхэнэми ищIэн Iуэхукъым, сабийхэр шынэнущ. Къамылым и къехьэлIэныр мис абы нэхъ гугъу ещI. Абы-кIэ сабийхэр гугъу едмыгъэхьми, мыдреймкIэ тщIэр ябгъэдыдолъхьэ.
  • — Руслан, IэщIагъэр мыкIуэдыжу адэкIэ псэуну, щIалэгъуалэм зэрахьэну? Зы цIыху закъуэ нэхъ мыхъуми, уи лъэужьым ирикIуэну къыпщыхъурэ?
  • — Лэжьэн щыщIэздзагъащIэм арджэныр зыщIи зезыхьи щыIэжкъым, жаIэрт. Зыр зым иужь иту арджэн гъэлъэгъуэныгъэхэр сщIыуэ сыщыхуежьэм, мы IэщIагъэр зиIэхэм я гугъу къысхуащI хъуащ. Ауэ, пэжыр аращи, арджэныр ди нэхъыжьхэм зэрызэра-        хьэу  щытам, абы пыщIа щIэныгъэм нэсу щыгъуазэ щыIэжкъым. Иджыпсту къэдгъэщIэрэщIэжыну, зедгъэужьыну  дызыхэт мы IэщIагъэм цIыху куэд пыщIауэ щыты-ныр дэркIэ фIыгъуэшхуэт. Еплъы-кIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэми, зы Iуэхум дызэришалIэу цIыху зыбжанэ дыщыIатэмэ, зимыуасэ щыIэтэкъым. Гугъэр адэжь щIэинщ, жаIэ. Сыщогугъ арджэным дихьэхын къыкъуэкIыну, си ужь къиувэу мы Iуэхум хузиIэ гурыщIэр нэхъ ину къызэщIэзыгъэнэн къэунэхуну. Зы цIыхукIэ е цIыхуитIкIэ лъэпкъ IэщIагъэр пхуэгъэпсэунукъым, абы и щыIэныгъэм кIыхьу зезгъэукъуэдиифынущ пхужыIэнукъым — ди щхьэ кърикIуэнур зыми ищIэркъым.
  • Пэжщ, сабийхэм ябгъэдэтлъхьэну иужь дитщ. Ауэ иджырей щIалэгъуалэр, сом къыпымыкIынумэ, пхухыхьэнукъым — псом япэ къыхэхъуэнур зэрегъэзахуэ. Нобэр къыздэсым арджэныр сщэмэ, къыщIэсхынур сыт хуэдизу пIэрэ, жысIэу абы сригумэщIу сыщыткъым. ИлъэсипщIкIэ сызэлэжьа куэд хэтащ си япэ гъэлъэгъуэныгъэм. СызыгъэпIейтейр ахэр зэ-рысщэнуратэкъым, атIэ нобэрей махуэхэм зэрыхэзагъэ, цIыхум къызэращтэну  гупсысэрат, ди нэхъыжьхэм къащIэна арджэн щэнхабзэм зиужьыным хэслъхьэфарат сызыIыгъыр.
  • Иджырей унэ гъэпсыкIэхэр хуэкIуэжыркъым пасэрей арджэнхэм. IэщIагъэр псэун щхьэкIэ, щIэ хэлъхьэн хуейщи, сэри къыхэсхар а гъуэгурщ.
  • — Узыпэрыт IэнатIэм дяпэкIэ сыт хуэдэ гугъэхэр иупхрэ?
  • — Иджыпсту къызэхъулIа псом-        кIи сыарэзыщ. Пщэдейрей махуэхэр нэхъыфI мыхъуми, нобэр къыздэсым къэскIуа гъуэгуанэмкIи, IэщIагъэм хэслъхьамкIи гузэгъэгъуэ згъуэтауэ сыщытщ. Апхуэдэу щыт пэтми, лэжьыгъэ нэхъыбэ утыку къызэрисхьэнум сыхущIэкъунущ, къытщIэхъуэ щIэблэм, зэрефIакIуэмрэ зэрызаужьымрэ слъагъун папщIэ, сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн сахуэхъуну иужь ситынущ.
  • — Тхьэм уригъэфIакIуэ, Руслан!
  •  КЪЫП  Гупсэ,
  • ТАБЫЩ  Мурат.