ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гугъэмрэ гъащIэмрэ я къежьапIэ

2021-02-02

  • Адыгэхэмрэ адыгэ-ермэлыхэмрэ ятеухуа фильм Мейкъуапэ щытрахыну Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм жэрдэм къызэрыхилъхьам и хъыбарым Интернетым сыщрихьэлIат, гъэщIэгъуэн дыди сщыхъуат. Нахуэу щыжымыIами, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, а фильмыр кинорежиссер цIэрыIуэ, тхакIуэ, публицист Вэрокъуэ Владимир «Амыщ къуажэ» зыфIища и романым тращIыкIыну гурыщхъуэ сщIат, арщхьэкIэ зи гугъу ищIымрэ а тхыгъэмрэ зэхуаIуэху щымыIэу къыщIэкIащ. Ар щыгъэтауэ, Адыгэ Хэкум щыпсэу си цIыхугъэхэм къызэрызагъэщIамкIэ, хъарзынэу зэфIыхьэу хуежьа Iуэхур щаублам деж щыужьыхыжащ, Ермэлыхьэблэрэ (Армавиррэ) абы и Iэгъуэблагъэмрэ адыгэ-ермэлыхэм псэукIэу яIар кърибгъэлъэгъуэну жыли къуажи зэрыщымыIэр щхьэусыгъуэ ящIри. (Фигу къэдгъэкIыжынщи, адыгэ-ермэлыкIэ зэджэр ермэлыхэм ящыщ лъэпкъщ, XV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кавказ Ищхъэрэм щопсэу, зэрахьэр чыристан динми, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, зытетыр Адыгэ Хабзэщ).

  • «Амыщ къуажэ» зи фIэщыгъэ тхыгъэшхуэр зытеухуар адыгэм лъапсэкIуэдыр къахуэзыхьа Урыс-Кавказ зауэрщ. Ар нэсу къэгъэлъэгъуа хъун папщIэ тхакIуэм адыгэхэм а лъэхъэнэм яIа дуней тетыкIэм, щыIэкIэм и щхьэхуэныгъэ куэд къызэщIиубыдэн хуей мэхъу, ар пэжу къимыIуатэмэ, тхылъеджэм деж нихьэсыну зыхуей гупсысэр фагъуэ хъууэ, щыщIэныгъэхэр иIэу къыпщигъэхъуу. Вэрокъуэм лъэкIащ тхыгъэр зэрызэIылъ сюжет Iэрамэхэр зэрыкIыу, зы кIапэр бубыдамэ, абы къыхэкI адрей къуэпсыр пIэщIэмыхуу зэхиухуэнэн, зыхуейри узэпхрилыгъукIыу къиIуэтэн. Дэ нахуэу ди нэгу щIокI къэзакъхэмрэ адыгэхэмрэ зэхуаIа зэхущытыкIэ мытыншхэр, щхьэихауэ топсэлъыхь абыхэм я зэпэщIэувэныгъэм лъэныкъуитIми къахуихьа мыщхьэпэхэм. Тхыгъэм къыхэщыж адыгэ зауэлIхэм я хахуагъэр тхакIуэм къыщигъэлъагъуэкIэ, ахэр адэжь лъахэм лъагъуныгъэ гъунапкъэншэр гум щызыгъафIэ, дахагъэр зи псэм хэлъ цIыхуу зэрыщытми трегъащIэ. Iэщэ къапэпIэту, зэрыппхъуэну уахэмыхьэмэ, адыгэхэр цIыхугъэфI, ныбжьэгъу пэж, гъусэ щыпкъэ зэрыхъунури тхылъым щыжеIэ. Апхуэдэу, Вэрокъуэр адыгэхэмрэ абыхэм я бзэмрэ хабзэмрэ къэзыщта адыгэ-ермэлыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкIэфI илъхэм я гугъу щищIкIэ, динымрэ адыгагъэмрэ япэ иригъэщыр дэтхэнэрауэ пIэрэ, жыпIэу урегъэгупсысри, и кIэм зыхуишэр хьэлэмэт дыдэщ — сытми лъабжьэ хуэхъур цIыхугъэрщ, ар Iуэхум хэлъмэ, къэмышынэуэжынкIэ угугъэ хъунущ.
  • Урысыдзэм и генерал Засс Григорий ипхъу Екатеринэ Амыщ къуажэм щыщ адыгэхэм яхьу, иужькIэ лажьи хъати имыIэу, пщIэ хуащIу и адэм зэрыхуашэжам и хъыбарыр романым кIыхьу щышэщIащ. Илъэс Iэджэ щIауэ пащтыхьым и дзэм къарищIылIэ лъыгъажэм апхуэдэ щIыкIэкIэ кIэ иратыну адыгэхэр зэрыхущIэкъур гурыIуэгъуэт. Ауэ, щхьэусыгъуэ нахуэхэм япкъ иткIэ, адыгэ лIыхъусэжьхэм зэрахьа лIыгъэм къикIа щыIэкъым.
  • «Амыщ къуажэ» тхылъыр зыгъэщIэрэщIа сурэтыщI Горлов Михаил зэрыжиIэмкIэ, Вэрокъуэм и дэтхэнэ тхылъми хуэдэу, мы романми абы и акъылрэ и лъагъукIэрэ хилъхьащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зауэм и курыкупсэм хиубыда адыгэ къуажэм пэж дыдэу щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм тхакIуэм Iэзэу хеухуанэ езым бгъэдэлъ хуитыныгъэри — къэгупсыса лIыхъужьхэмрэ образхэмрэ. А Iэмалым романыр нэхъри нэхъ плъыфэбэ, сюжетхэр къуэпсыбэ, псалъэр щIэщыгъуэ ещI.
  • Къыщедгъэжьам хуэтшэжмэ, Вэрокъуэ Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа «Амыщ къуажэ» романым кинофильм трахатэмэ, адыгэ гъащIэм къыщымынэу, зэрыкъэралу я щэнхабзэм Iуэхугъуэ дахэу хэувэнут, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэри иригъэфIэкIуэнут. Горловым и псалъэкIэ жыпIэмэ, романыр хуэхьэзырщ сценарий шэщIа къызэрыхэкIынум, къызэщIиубыдэнум и куууагъкIи и бгъуагъкIи голлливуд проектхэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу.
  • Вэрокъуэ Владимир тхылъеджэм я пащхьэ ирилъхьа тхылъыр мы псалъэхэмкIэ еух: «Мыбы щыстха псори къэхъуащ. Псори. Хэбдзыну зы псалъэ хэмыту. Иужьрей дыдэ фоч уэгъуэм нэсыхукIэ. Пэжыр — гугъэмрэ гъащIэмрэ я къежьапIэщ». Апхуэдэ пэж дыхуэныкъуэщ, ди кIуэцI дригъэплъэжу, ди щытыкIэр нахуэр дигъэлъагъужу.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхылъ 12 зи къалэмыпэ къыщIэкIа, фильми 150-м я сценарийр зытха, Урысей Федерацэм и Президентым и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Вэрокъуэ Владимир къытхэтыжкъым. Ауэ абы адыгэ щэнхабзэм, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я гъуазджэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ. Аращ абы и фэеплъ нэхур мыкIуэдыжу тхылъеджэм, ныбжьэгъухэм, цIыхубэм ягу щIилъынур.
  • КЪАЛМЫКЪ Жылэбий,
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм
  • я зэзыгъэуIухасэм и тхьэмадэ.