ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Алим  и  цIэр  зэи ящыгъупщэнукъым

2021-02-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м, Горькэм и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтхэм я лауреат КIыщокъуэ Алим Пщымахуэ и къуэм и фэеплъ махуэщ щIышылэм и 29-р.

  • ЩIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ ди щIыналъэм и литературэмрэ абы хуищIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ. Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэ илъэсхэм ар лэжьащ егъэджакIуэу, Лъэпкъ щэнхабзэмкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу. 115-нэ шууей дивизэм лIыгъэ зэрихьэу хэтащ, Донбасс, Запорожье, Мелитополь, Кърым, Прибалтикэ щIыналъэхэр хуит къэзыщIыжахэм ящыщщ.
  • Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэ фIыщIэрэ щытхъурэ пылъу ирихьэкIащ. Ди республикэми къэралым и къалащхьэми сыт хуэдэ IэнатIэ щыпэрымытами, Алим фIэлIыкI ин иIэу, зыпэрыхьэ Iуэхум щехъулIэу, къызыхэкIа лъэпкъыр зыщимыгъэгъупщэу, абы хузэфIэкI хуилэжьу псэуащ. И тхыгъэ купщIафIэхэм къадэкIуэу, и цIыху щIыкIэращ абы и фэеплъыр мыкIуэдыжын зыщIар, цIыхубэм я гум ар фIыкIэ къыщIинар.
  • КIыщокъуэр дунейм щехыжа щIышылэм и 29-м ирихьэлIэу цIыху куэд щызэхуэсат абы и фэеплъым и деж.
  • — ЩыIэщ тхакIуэ е усакIуэ и IэдакъэщIэкI сатырхэм уи акъылым и мызакъуэу, уи Iэпкълъэпкъым и дэтхэнэ налъэми зрагуашэу, гъащIэм ущагъэгуфIыкIыу, зы щIэщыгъуэ гуэр къэбгъэщIыным ухуагъэушу. Абы и и зы щапхъэщ КIыщокъуэ Алим, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — СызэригугъэмкIэ, псори дрогушхуэ ар къыщалъхуа щIыналъэм дызэрыщыщым.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип тепсэлъыхьащ КIыщокъуэм и творчествэм ижь гуапэ ди республикэми къэрал псоми зэращIихуам. Апхуэдэуи ар къытеувыIащ КIыщокъуэмрэ Кулиев Къайсынрэ зэныбжьэгъуу зэрыщытам, а литератор цIэрыIуэхэм я цIэ Шэджэм аузым и къыритIым зэрызэрахьэм. МутIэлип къеджащ езым балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIауэ КIыщокъуэм и зы усэрэ Алим хуитха нэгъуэщI зырэ.
  • Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я Къэбэрдей-Балъкъэр зэгухьэныгъэм и исполкомым и унафэщI Шинкарёвэ Наталье псалъэ щратым жиIащ усакIуэм и гуащIэм дихьэххэр илъэс къэс мы фэеплъым и деж зэрыщызэхуэсыр, абы ирихьэлIэу я гум нэхъ дыхьэ усэхэр гукIэ зэрызрагъащIэр. «Аракъэ езыр фэеплъ хъужыр, цIыхугухэм зэримыхур къэзыгъэлъагъуэр?!» — пищащ абы.
  • Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыпсэлъащ тхакIуэ ШащIэ Алик, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёрхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ Мысостышхуэ Маринэрэ, Шэджэм районым и щIыпIэ самоуправленэм и тхьэмадэ Уэдыжь Хьэсанш сымэ.
  • Псалъэ гуапэу КIыщокъуэм хужаIахэм иужькIэ, абы и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ИтIанэ къызэхуэсахэр кIуащ Алим къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм, абы къыщызэрагъэпэща зэIущIэхэм хэтын папщIэ. 
  • ИСТЭПАН  Залинэ.