ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сэкрэкым и шым и зэфIэкI

2021-02-02

  • Иужьрей илъэсищым и кIуэцIкIэ Урысейм щекIуэкIа шыгъажэ псоми нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуауэ цIыхубэм къалъытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Сэкрэк Заур и шэщым къыщыхъуа Классик Энн Смарт хакIуэр.

  •  И цIэм къызэрыджиIэ-щи, зи гугъу тщIыр адыгэшкъым — инджылыз шы къабзэ жыхуаIэхэм ящыщщ. И адэм и цIэр — Скэттер Тзе Голда, и анэм — Дамаратэ. Езыр къыщыхъуар шыхъуэ цIэрыIуэ Сэкрэк Заур и шэщырщ. 2020 гъэ шыгъэжэгъуэм Классик Энн Смарт текIуэныгъитху щызыIэригъэхьащ. Абыхэм ящыщщ «КъБР-м и Дерби» зыфIаща зэпеуэри. Абы Классик Энн Смарт адрей псоми шыпкъ (корпус) 29-кIэ япэ щищащ.
  • Шыгъэжэгъуэм и кIэм Урысей шыхъуэхэм я Бжьыхьэ саугъэтым папщIэ зэпеуа шыхэм Классик Энн Смарт цIыхубэм я нэгу щIигъэкIащ а псэущхьэм далъагъупхъэ зэфIэкI нэхъыфIхэр — жэрагъымрэ бэшэчагъымрэ. ГъэщIэгъуэнращи, а зэхьэзэхуэм Сэкрэкым и шыр къызэрыщысар етIуанэущ. Классик Энн Смарт и гъуэгум къытезэрыхь зэпытт езым къыбгъурыту къажэ, иужькIэ етхуанэ хъужа, Донской         шы заводым щыщ Эриний. Абы къыхэкIыу, къэбэрдей-балъкъэр хакIуэр япэу къэ-са Сакарым зы шыпкъкIэ иужь къинащ. ИтIани, шыхэр фIыуэ зылъагъу цIыхубэм къалъытащ апхуэдэ етIуанэ увыпIэхэр япэ ирагъэщхэм    я щапхъэу.
  • Классик Энн Смарт илъэсым и кIуэцIкIэ шыгъажийм хэтащ. Абы и закъуэ къилэжьащ сом 2 092 500-м нэс.
  • Ди гуапэу дохъуэхъу шырэ шыхъуэкIэ цIэрыIуэ щIыналъэм къыщыхъуа псэущ- хьэ лъэрызехьэмрэ абы елIалIэхэмрэ. Дэтхэнэ шы лъэпкъри щефIакIуэ КъБР-м шы Iуэхур и экономикэмрэ       и щэнхабзэмрэ и лъабжьэ щыхъуну зэманыр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу зэрыхъур ди нэгум щIокI. «Адыгэшыр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымкIэ фондым» и унафэщI Сибэч Артур абы теухуауэ хуэзэу зэрыжиIащи: «Ди лъэгум дыщэ щIэлъщ». Дэ ди къалэныр а «дыщэм» хуэфащэ гулъытэ хуэтщIу, абы ифI щIыпIэми абы щыпсэухэми едгъэкIынырщ. Адыгэшыр здэщыIэм адыгэлIри щыIэщ, жаIэ. А тIур зэуIужмэ, зрамыгъэхъулIэфын щыIэкъым.
  • Чэрим  Марианнэ.