Адыгэ щIалэм и зэфIэкIыр
2020-03-24
- «Урысейр зэфІэкІхэм я лъахэщ» зи фІэщыгъэ президент проектым ипкъ иткІэ иджыблагъэ «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфІэхьыр екІуэкІащ, абы нэса цІыху щэщІри нахуэ хъуащ. «Финансхэмрэ технологиехэмрэ» жыхуиІэ унэтІыныгъэмкІэ зэхэта зэхьэзэхуэм къыхэжаныкІахэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икІаи яхэтщ. Проектым и унафэщІ Комиссаров Алексей зэрыжиІэмкІэ, абыхэм ящыщу бжьыпэ убыдыгъуэм нэсынур цІыхуипщІ къудейщ.
- — Іуэху къетхьэжьар, — жеІэ Комиссаровым, — дэркІэ щІэщыгъуэу щытми, дызыщыгугъа куэд нахуэ ищІащ. Финанс ІуэхухэмкІэ щІэныгъэфІ зыбгъэдэлъу къэралым исыр зэуІу тхуэщІащ, апхуэдэуи технологиещІэхэм щыгъуазэхэр, нобэрей дунейм къыщыхъу зэхъуэкІыныгъэхэм зи зэфІэкІкІэ къэмылэнджэжу хэувэфынухэр утыку къитшэфащ. Ди гуапэ мэхъу Урысейм и щІыналъэхэм я нэхъыбэр зэпеуэм къызэрыхыхьар. Абы дэркІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ.
- «Финансхэмрэ технологиехэмрэ» унэтІыныгъэмкІэ екІуэкІа зэпеуэм къигъэувырт цифровизацэкІэ зэджэ Іуэхугъуэр банк Іуэхутхьэбзэхэм хэпща хъуным и Іэмалхэр убзыхуныр, цІыхубэм ар ялъэгъэІэсыныр, зэхегъэщІыкІыныр. Зэпеуэм хэтахэм я нэхъыбэр къэрал зехьэкІэ Іэмалхэм щыгъуазэ цІыхущ, технологие къэунэхухэм япкъ иткІэ зызыхъуэж дунейм пашэ щыхъуну зэфІэкІ зыбгъэдэлъхэщ. Абыхэм яхэтащ банкхэм, финансхэм, информациемрэ технологиемрэ, энергетикэм, узыншагъэр хъумэным икІи егъэфІэкІуэным, щІэныгъэм, мэкъумэшым епха ІуэхущІапІэхэм я лэжьакІуэхэр.
- Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкІа адыгэ щІалэр «ОТП Банк» АО-м и унафэщІ Тау Анзорщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щекІуэкІа «ЛъагапІэщІэхэр» проектым жыджэру хэтащ ар, абы щытекІуа цІыху 50-м языхэзщ.
- Шурдым Динарэ.