Зэгъунэгъу щIыналъиплIым я Iэтащхьэхэр Налшык щызэхуэзащ
2019-03-23
- Налшык иджыблагъэ щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир, Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэ сабийхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ центрхэр щIыналъэхэм, школ, вуз нэхъыфIхэм къыщызэгъэпэщыным теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ хэкIыпIэхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм иригъэблагъэри, а махуэм хьэщIэхэр «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щыIащ икIи технологие лъагэхэмрэ бизнесымрэ я урысейпсо тхьэмахуэм и щIыналъэ Iыхьэм хиубыдэу къызэрагъэпэща олимпиадэм хэта школакIуэхэр гъэлъэпIэным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ.
- КIуэкIуэ Казбек конкурсым щытекIуахэм еджэнымкIи творчествэмкIи ехъулIэныгъэщIэхэр адэкIи яIэну ехъуэхъуащ.
- «Апхуэдэу ди республикэм къызэрытхуеблэгъам папщIэ сэ фIыщIэ яхузощI КъумпIыл Мурат, Темрезов Рашид, Владимиров Владимир сымэ. Ди щIыналъэхэм щыпсэу щIалэгъуалэм гъащIэ гъуэгу тэмэм къыхахыфын папщIэ дэ ди мурадщ иджырей егъэджэкIэм зегъэужьыным, щIэблэм я зэфIэкIыр къэгъэлъэгъуэн папщIэ зыхуеину Iэмалхэр зэтегъэувэным и лъэныкъуэкIэ быдэу дызэпыщIауэ дызэдэлэжьэну», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм. ХьэщIэхэр «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэнхэм епсэлъащ, абыхэм я лэжьыгъэхэмрэ проектхэмрэ еплъащ, Урысей Ипщэм сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн егъэгъуэтынымкIэ и IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэм хиубыдэ «Кванториум» технопаркым, шахмат клубым, астрономиемкIэ пэшым, Темыркъан Юрийрэ Шемякин Михаилрэ я цIэкIэ къызэрагъэпэща классхэм, «КъегъэлакIуэ» секцэм, къэфакIуэ студием, библиотекэм, спорт залым я лэжьэкIэм щыгъуазэ ящIащ.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэм защIэгъэкъуэнымрэ егъэджэныгъэм зегъэужьынымрэ КъБР-м и къэрал властым и органхэм япэ ирагъэщ Iуэхухэм зэращыщыр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр хагъэхьащ «Дэтхэнэ зы сабийми и ехъулIэныгъэр» федеральнэ проектыр 2019 гъэм япэ дыдэу щагъэунэхуну щIыналъэхэм икIи абы ипкъ иткIэ республикэм сом мелуан 213-м щIигъу къыхуаутIыпщынущ. Ахъшэр трагъэкIуэдэнущ «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием хиубыдэу Налшык щыIэ «Зей Iуащхьэ» базэм зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ сабийхэм папщIэ щIыналъэ зэхуаку центр къыщызэгъэпэщыным, апхуэдэу Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм я школакIуэхэм я олимпиадэ зэщIэхъееныгъэм зегъэужьыным.
- «Зей Iуащхьэ» щIыналъэ зэхуаку центрыр гъэмахуэми щIымахуэми лэжьэнущ икIи абы сабийхэр щыхуагъэсэнущ щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым, бизнесым я унэтIыныгъэ куэдым. Мы проектыр гъэзэщIэным хуэгъэза методикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIынущ Сочэ къалэм щыIэ «Сириус» центрым, Бауман и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал техникэ университетым, Москва дэт физико-техническэ институтым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Адыгей къэрал университетым къыщызэрагъэпэща республикэ математикэ школым.
- ЩIэныгъэ гуэдзэнымрэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыр проектхэмкIэ концепцэ хэхар тэмэму гъэзэщIа хъун папщIэ иджыпсту ягъэхьэзыр Ставрополь, Черкесск къалэхэм щыIэ тхыдэ паркхэм, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и астрофизикэ обсерваторэу Инжыдж станицэм щыIэм иращIылIэну зэгурыIуэныгъэхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.