ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-23

  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Гъэ къэс гъатхэпэм и 25-м ди къэралым щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр. А махуэм дэ я пщIэр доIэт цIыхубэм я щэнхабзэмрэ зэхэщIыкIымрэ зегъэужьыным зи лэжьыгъэр хуэунэтIахэм. Фызыпэрыт Iуэхум, ар библиотекэу, музейуэ, щэнхабзэ унэу, театру щрети, емылъытауэ, фэ щIэныгъэм и нурыр фи псэм хэлъщ икIи къалэн лъапIэр щIыхь пылъу фогъэзащIэ. Къыпхуэмылъытэным хуэдизщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хьэлэмэтыр хъумэным, щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэхэр къызэгъэпэщыным, ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ фэ зэфIэвгъэкIхэр.

  • Дэтхэнэ творческэ гупми езым и гъуэгуанэ, езым и тхыдэ, лэжьэкIэ иIэжщ, ауэ а псори зэкъуегъэувэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ пэжыгъэкIэ зэрахуэлажьэм. Фи щIэныгъэр, IэкIуэлъакIуагъэр, творческэ егугъуныгъэр ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкIэ, Хэку лъагъуныгъэр гъэбэгъуэнымкIэ дяпэкIи икъу- кIэ сэбэп зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым.
  • Фи IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хуэунэтIауэ творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр къэфхьыну си гуапэщ.