ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2018-08-28

  • Уаз
  • Гъэр и кIэм ноблагъэ
  • Сэджытым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр
  • Муслъымэн махуэрыбжэмкIэ гъэр и кIэм зэрынэблэгъам ипкъ иткIэ, фигу къыдогъэкIыж зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIахэм а къалэныр зэрагъэзэщIапхъэр. Сэджытыр Алыхьым къалэн къытщищIа Iуэхугъуитхум ящыщщ.

  • СыткIэ зэщхьэщидзрэ сэджытымрэ сэдэкъэмрэ?
  • Сэдэкъэр цIыхум хэлъ гущIэгъум къыбгъэдэкIыу иту аращ. Ар суннэтщ, зылэжьым и псапэр кIуэдынукъым. Сэдэкъэр дапщэщ ятми хъунущ. Ар мылъкур зейр зэрыхуей щIыкIэм тету игъэзащIэу аращ. Ауэ имылэжьми, абы и зэран къекIыну щыткъым цIыхум.
  • Сэджытым и Iуэхур щхьэхуэщ. Ар дымыгъэзэщIэнкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхугъуэу Алыхьым ди пщэ къыдилъхьащ. Сэджытыр илъэс къэс зэ мылъкум хэтыкIын хуейщ. Зи мылъкум сэджыт хэзымытыкIхэм ар зэрапшыныжынури, а къалэныр Тхьэм папщIэ зыгъэзащIэхэр Алыхьым зэригъэгуфIэнури КъурIэным къыщыкIуащ.
  • «Нэмэзыр фщIы. Фи мылъкум сэджытыр хэфтыкI» — щыжеIэ зы Iэятым. НэгъуэщI Iэятым къыщокIуэ: «Уа, Iиман къэзыхьахэ! Дэ фэтта мылъкум сэджытыр хэвгъэкI, благъи, ныбжьэгъуи, къыфщхьэщыжыни щывмыгъуэтыжыну махуэр (Къемэт махуэращ зи гугъу ищIыр) къэмыс щIыкIэ!» Сэджытым ехьэлIауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ Iэят 30-м щIигъу.
  • Хэт сэджытыр зэтыпхъэр
  • Алыхьым КъурIэн лъапIэмкIэ игъэнэIуащ сэджытыр зэтыпхъэхэр. Сэджытыр етын хуейщ: тхьэмыщкIэхэм, хуэныкъуэхэм, сэджытыр къыхэхынымрэ ар зыхуэфащэхэм яIэрыгъэхьэжынымрэ телажьэхэм, нэгъуэщI диным къикIыу, ислъам диным къихьахэм (абыхэм я Iиманыр иджыри иримыкъупауэ щытмэ, абыхэм сэджытыр етыпхъэщ, ягури фIы яхуэщIыпхъэщ), щIыхуэ зытелъхэм (ар Алыхьым игъэхьэрэма Iуэхугъуэ щхьэкIэ къамыщтамэ), къащэхужу щхьэхуит къащIыжа пщылIхэм, щIыпIэ жыжьэ щыIэхэм, ар езым и щIыпIэм щыкъулейми щыкъулейсызми, абы емылъытауэ (ауэ ар Тхьэм и гъуэгум тету щытмэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Тхьэм хуэжыIэщIэмэ).
  • Сэджытыр тIууэ егуэш: нэщIикIыж сэджытымрэ мылъкум хэгъэкIыпхъэ сэджытымрэ.
  • НэщIикIыж сэджытыр — нэщIым хэтщIыхьа щыуагъэхэр къызэрытхуэгъуращ.
  • Мылъкум хэгъэкIыпхъэ сэджытыр — ар илъэсым зэ мылъкум хэтыкIыпхъэращ. Ар хагъэкI дыщэм, дыжьыным, ахъшэм, Iэщым, гъавэм.
  • Дыщэу грамм 85-рэ, дыжьыну грамм 595-рэ зыбгъэдэлъым абы щыщу проценти 2,5-р сэджыту итыпхъэщ. Гъавэ Iуахыжар (гуэдз, хьэ, сэхуран, н.къ.) литр 900-м щегъэжьауэ ищхьэкIэ кIуэмэ, абы сэджыт хэтыкIыпхъэщ. Ауэ мыбы гу лъытапхъэщ: Гъавэр уэшхкIэ къэхъуамэ, абы щыгъуэм деж сэджыту хагъэкIыр гъавэ Iуахыжам щыщу Iыхьэ 1/10-ращ; псы щIакIэурэ къагъэхъуамэ — Iыхьэ 1/20-р; языныкъуэр уэшхкIэ, адрейр псы щIагъэлъадэурэ къагъэхъуамэ, абы щыгъуэм и деж 1/15-р сэджыту хокI.
  • Iэщышхуэхэмрэ мэл-бжэнхэмрэ сэджыту хэтыкIыпхъэр
  • Iэщышхуэу 30-м щегъэжьауэ 39-м нэс зиIэм зы илъэс ирикъуа зы танэ сэджыту хигъэкIыпхъэщ.
  • 40 — 59-рэ зиIэм — илъэситI и ныбжьу зы танэбз;
  • 60 — 69-рэ зиIэм — илъэс зырыз я ныбжьу танитI;
  • 70 — 79-рэ зиIэм — илъэс и ныбжьу зы танэхъурэ илъэситI и ныбжьу зы танэбзрэ;
  • 90 — 99-рэ зиIэм — илъэсищ и ныбжьу зы танэ;
  • 100 — 109-рэ зиIэм — илъэситI хъуауэ зы танэрэ зы илъэс хъуауэ танитIрэ;
  • 110 — 119-рэ зиIэм — илъэситI хъууэ зы танэбзрэ зы илъэс хъууэ зы танэбзрэ сэджыту ятыпхъэщ.
  • Мэлым хагъэкIыр:
  • 40 — 121-рэ зиIэм — зы илъэс хъууэ зы мэл;
  • 121 — 200 зиIэм — мэлитI;
  • 201 — 440-рэ зиIэм — мэлищ хитыкIыпхъэщ.
  • КъищынэмыщIауэ, унэкIэ, щIыкIэ е хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ хьэрычэт зыщIэхэми, илъэсым и кIэм сэджытыр ятыпхъэщ. И мылъкур зэхилъхьэрэ дыщэу грамм 85-рэ къыщIэкIынумэ, абы щыщу проценти 2,5-р итыпхъэщ.
  • Апхуэдэ щIыкIэм тету сэджытыр мылъкум хэгъэкIыпхъэщ. Иджыпсту дызэрыт зуль-хьиджа мазэр икIмэ, илъэсыщIэм (мухьэрэм мазэращ) дыхохьэри, абы и пэ къихуэу сэджытыр тын хуейщ.
  • Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телэжьами
  • Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и зэманым псэуащ Абу Хьэкъыд зи цIэ лIы гуэр. Ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытт, жэщми махуэми нэмэз ищIырт, нэщI IыгъынкIи, сэджытыр тынкIи пщIэ къытенэртэкъым. Апхуэдизу Алыхьым хуэпщылIа Абу Хьэкъыд и псэм еджэу щытелъым, цIыхур щылIэм деж жиIэн хуей шэхьадэр жиIэфыртэкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «ЛаIилахьэ Iиллэлахь, Мухьэмэд рэулулулахь» псалъэхэр къипсэлъыфыртэкъым.
  • Апхуэдэу щыхъум, абы и щхьэгъусэр гузавэри, ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и деж кIуащ, Iуэхур зыIутыр хуиIуэтащ. ЛIыкIуэм и асхьабхэм ящыщ лIым и деж игъэкIуащ, дигъэIэпыкъун мурадкIэ. АрщхьэкIэ, абыхэми ар ялъэкIакъым. Абу Хьэкъыд и псэр хэкIыгъуей хъуат, и бзэгур зыгуэрым иIыгъым хуэдэт. Асхьабхэр ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и деж ягъэзэжу Iуэхур зыIутыр щыжраIэм, Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) щIэупщIащ: — «Анэ иIэ абы?» «ИIэщ», — щыжаIэм: «АтIэ, лъэкIынумэ, ар къысхуэфшэ, лъэмыкIынумэ, сэ езыр сыхуэкIуэнщ», — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам).
  • Фызыжьыр къыщашэм, ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) абы еупщIащ: «Уи щIалэм ухуэарэзы?» — жиIэри.
  • — Тхьэ соIуэ, ЛIыкIуэ лъапIэ, сыхуэмыарэзыкIэ! — жэуап итащ фызыжьым. — И щхьэгъусэр сяпэ иригъэщащ, ар хуэзгъэгъуфынукъым.
  • ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и асхьабхэм яжриIащ пхъэ зэхуахьэсу, мафIэшхуэ ящIыну. Ар щагъэзащIэм, анэр щIэупщIащ: «Мыр сыт щIэфщIар?»
  • Жэуапу зэхихащ: «Узыхуэмыарэзы уи щIалэр хадзэнущ».
  • — Ар дауэ хъун, ар сэ си къуэщ, Алыхьым ар жимыIэкIэ! — жиIэри гъуэгащ анэр.
  • — Жыхьэнмэ мафIэр куэдкIэ нэхъ гуащIэщ дунеягъэ мафIэм нэхърэ, зи анэ зыхуэмыарэзыхэми къапэщылъыр жыхьэнмэ мафIэщ, — жаIащ асхьабхэм. Ар щызэхихым, анэм и Iэхэр уафэмкIэ ишийри, и гум къыбгъэдэкIыу Тхьэм елъэIуащ, и быным къыхуигъэгъуну, гущIэгъу къыхуищIыну. Мис итIанэщ щIалэм шэхьадэр жиIэу и псэр щыхэкIар.
  • Аращи, дапхуэдизу Тхьэ лъапIэм дыхуэмыпщылIами, ДыкъэзыгъэщIар арэзы къытхуэхъунукъым зэи, адэ-анэр къытхуэмыарэзыуэ.
  • Джумхьэ мэжджытыр
  • Азербайджаным щыIэ Джумхьэ мэжджытыр (хьэрыпыбзэкIэ зэбдзэкIмэ, «джумхьэ»-м и мыхьэнэр «мэрем» жиIэу аращ) мы дуней псом щынэхъыжь дыдэхэм ящыщ зыщ.
  • Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, ар 743 гъэм Абу Муслим иригъэщIауэ щытащ. Тхьэм и унэр куэдым къелащ, псом хуэмыдэу щIыр щыхъеяхэм, абы хэщIыныгъэ куэд игъуэтащ. Мэжджытыр куэдрэ зэрагъэпэщыжащ, теплъэ дахи иратыжащ. Абы елэжьащ архитектор нэхъ лъэщ дыдэу къалъытэхэр икIи ар щаухуам иIа теплъэм ирагъэувэжащ.
  • Мэжджытыр зытет щIы Iыхьэр зы гектарым щIегъу. АзэнджапIэхэм я лъагагъыр метр 40-м нос.
  •  
  • Хъыбар кIэщIхэр
  • Къурмэн  махуэр  ягъэлъапIэ
  • Муслъымэн псоми ди зэхуэдэ Къурмэн махуэшхуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Налшык къалэми.
  • Хьид нэмэзыр ящIа нэужь, КъБР-м и муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий къекIуэлIахэм яхутепсэлъыхьащ Къурмэ-ным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм. ИужькIэ мэжджытым щрагъэкIуэкIащ сабийхэм папщIэ зэхьэзэхуэ. ЦIыкIухэр абы къыщеджащ КъурIэн Iэятхэм, хьэдисхэм. Абыхэм гулъытэ хуащIащ, тыгъэхэмкIэ яхуэупсащ.
  • ПIалъэкIэ псэупIэ яхуэхъуащ
  • Иджыблагъэ Индием къыщиуа псыдзэшхуэм цIыху 400-м нэблагъэ хэкIуэдащ. А гузэвэгъуэр къыщыхъуа щIыпIэм деж щыIэ «Джумхьэ» мэжджытышхуэм и бжэр яхузэIуихащ щхьэегъэзыпIэ хуэныкъуэ псоми. Зэрахьэ диным емылъытауэ, куэд ирагъэблэгъащ а мэжджытым икIи дэтхэнэ зыми гулъытэ игъуэтащ, Къурмэн махуэри зэдагъэлъэпIащ.
  • Гузэвэгъуэ хэхуахэм хуабжьу ядэIэпыкъуащ муслъымэнхэр — ерыскъыкIи хьэпшыпкIи къызэрагъэпэщащ. Ахэр я унэхэм щыкIуэжым абыхэм иратащ я Iуэху зэтеувэжыху зрикъун ерыскъыхэкIхэр.
  • АфIэунэ Санэ.
  • Хьэдисхэр
  • Дыщэм йофIэкI
  • «Мэрем махуэр махуэу щыIэм я нэхъ лъапIэщ. А махуэм Iэдэм (Тхьэр арэзы зыхуэхъуныр) къигъэщIащ, а махуэм абы жэнэткIэ хуэупсащ, мэрем махуэуи жэнэтым кърихужащ, Къемэт махуэри къыщысынур мэрем махуэращ».
  • «НэщI зымыIыгъым, сынэщIщ жиIэмэ, ар фэрыщIу аращ. Апхуэдэхэм Тхьэ яIэкъым».
  • «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Алыхьым жиIащ: «Уа, Iэдэм и бынхэ! Сыт хуэдиз гуэныхь фымылэжьами, абы емылъытауэ, фыщIегъуэжрэ тобэ къэфхьыжмэ, Сэ фыкъысщыгугъмэ, Сэ фыкъызэлъэIумэ, Сэр фIэкIа нэгъуэщIым зыми фыщымыгугъмэ, шэч хэмылъу фи гуэныхьхэр къыфхуэзгъэгъунущ».
  • «ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Сэ сщIэм фэ фыщыгъуазэу щытамэ, нэхъыбэрэ фыгъынт, нэхъ мащIэрэ фыгуфIэнт».
  • «Алыхьым и пщылIым жэнэтым и щхьэкIэ дыдэр щыхухихкIэ, Тхьэм и пщылIыр щIэупщIэнщ: «Ярэби, сыткIэ къэзлэжьа сэ мыхуэдэ насып?!». Тхьэм жэуап иритынущ: «Уи быныр уэр папщIэ къызэрызэлъэIуам ипкъ иткIэщ».
  • Зэгуэрым Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и деж хьэрып гуэр къакIуэри, къыжриIат: «Уа, Тхьэм и ЛIыкIуэ лъапIэ! Сыт сэ сщIапхъэр, мы дунейм фIыгъуэр къыщызлэжьын папщIэ?» Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «КъызэупщI, сэ уи упщIэхэм жэуап нестынщ». Хьэрыпым жиIащ: «Сэ сыхуейщ щIэныгъэ куу збгъэдэлъыну, псоми сефIэкIыу, сыт абы щхьэкIэ сщIапхъэр?». ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жэуап итащ: «Алыхьым щышыни, уи щIэныгъэм хэхъуэнущ». «ЦIыхуу щыIэм нэхърэ нэхъ къулейуэ сыщытыну сыхуейщи, сыт злэжьыпхъэр апхуэдэу сыхъун папщIэ?», — пищащ и упщIэхэм хьэрыпым. — «Алыхьым къуитам арэзы утехъуэмэ, псом нэхърэ унэхъ укъулеинщ», — жэуапу зэхихащ. «Псом нэхърэ нэхъ захуэу сыщытыну сыхуейщ», — щыжиIэм, Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и жэуапу зэхихащ: «Уэ уи щхьэм хуэбгъэфащэр адрейми хуэбгъэфащэмэ, мис итIанэ псом нэхърэ унэхъ захуэщ». — «Псом нэхърэ нэхъ хьэлэлу сыщытыну сыхуейщ», — къыпищащ хьэрыпым. «Зи сэбэпынагъ цIыхум езыгъэкIым нэхърэ нэхъ хьэлэл зыри щыIэкъым», — жиIащ ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам). — «Сэ сыхуейщ Алыхьым адрей цIыхухэм сакъыхиIэтыкIыну». «Алыхьым и цIэр нэхъыбэрэ жыпIэмэ, адрейхэм уакъыхиIэтыкIынущ». — «Си Iиманыр ирикъуну сыхуейщ». «Уи хьэл-щэныр ебгъэфIакIуэмэ, уи Iиманыр ирикъунщ». — «Къемэт махуэм Тхьэм гущIэгъу къысхуищIыну сыхуейщ». «ЦIыхум ткIийуэ убгъэдэмытмэ, гущIэгъу яхуэпщIмэ, Къемэт махуэм уэри Тхьэм гущIэгъу къыпхуищIыжынущ». — «Си мылъкум бэрычэт хэлъыну сыхуейщ». «Андез пIыгъмэ, уи мылъкуми берычэтыр хэкIынкъым». — «Си лъэIур Тхьэм къабыл ищIыну сыхуейщ». «Алыхьым игъэхьэрэмахэм япэIэщIэ зыщIи, уи лъэIури къабыл хъунщ» — «Сыт хуэдэ IуэхугъуэфIыр нэхъ лъапIэ Алыхьым и дежкIэ?» «Хьэлэлыгъэр, зэпIэзэрытыгъэр, шыIэныгъэр». — «Сыт хуэдэ щытыкIэра Алыхьым нэхъ и жагъуэ дыдэр?» — «Хьэл-щэн Iеймрэ нэпсеигъэмрэ». — «Алыхьыр къысхуэгубжьамэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэ злэжьын хуей, Тхьэм и губжьыр сщхьэщыкIын папщIэ». «Щэхуу сэдэкъэ птымэ, зэфIэна зэбгъэкIужмэ, Тхьэм и губжьыр пщхьэщыкIынщ». — «Къемэт махуэм жыхьэнмэ мафIэр зыгъэункIыфIыр сыт?» — «Гузэвэгъуэ, гуIэгъуэ къызылъысам хэлъ шыIэныгъэм». — «СыткIэ къэзлэжьа хъуну Алыхьымрэ Мухьэмэд бегъымбарымрэ (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) я лъагъуныгъэр?». «Алыхьымрэ Мухьэмэдрэ (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуамрэ) фIыуэ ялъэгъуахэр уэри лъагъуи, Алыхьымрэ ЛIыкIуэ лъапIэмри (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуамрэ) уэри лъагъуныгъэ къыпхуащIынщ».
  • Хьэдисыр Хъалид ибн Уалид къиIуэтэжащ, икIи мыбы «Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэ» хьэдискIэ йоджэ.
  • Щапхъэ
  • ЦIыхухэр  диным хурегъаджэ
  • Сэбаншы Мухьэдин Бахъсэн районым хиубыдэ Тыжьей къуажэм 1976 гъэм къыщалъхуащ. Ар иджыри школым щIэсу я жылэм къыщызэIуахауэ щытащ мыдрисэ цIыкIу. Абы КъурIэным щыхурагъаджэрт Тхьэгъэпсэу Мухьэбрэ Мэремыкъуэ Шурэрэ. Мухьэдини абы щIэтIысхьэри, хьэрыпыбзэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ абдеж щызригъэщIащ.
  • Илъэс зытIущкIэ абы щеджауэ, Налшык ислъам институт къыщыщызэIуахым, абыи щIэтIысхьэри, ари ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Ар ирагъэджащ дин щIэныгъэлIхэм — Сирием къикIыжа Бэлагъы Шэукъирэ Тыркум къикIыжа Гуэщокъуэ Абдул-Бакъирэ.
  • ЩIалэщIэр еджэным зэрыхуэпабгъэр фIыуэ зыщIэ Абдул-Бакъи абы къыхуигъэлъэгъуащ Тыркум и къалэ Истамбыл дэт Дунейпсо ислъам институтыр.
  • 1995 — 1999 гъэхэм Мухьэдин и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Истамбыл щылажьэ Дунейпсо ислъам институтым. А еджапIэри ехъулIэныгъэкIэ къиухыу Хэкум къигъэзэжа нэужь, Налшык дэт ислъам институтым ар егъэджакIуэу къащтащ, къищынэмыщIауэ, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iимам къалэнри и пщэ далъхьащи, и къарум емыблэжу цIыхубэр ислъам диным къыхуреджэ, Налшык дэт мэжджытышхуэм щыIимамщ.
  • Бурсэ Муслим
  • Азэн
  • Пэж псом я пажэр
  •  сщIэ си гугъэу,
  • Ар нывжесIэнт,
  •  сызэхэфщIыкIым.
  • Жылагъуэу щыIэм
  • я нэхъыфIыр
  • Азэн джэ макъ
  •  къызыдэIукIырщ.
  • IуэхуфI длэжьыным
  •  дыщIохъуэпсыр,
  • Дигу хощIыр, ар
  •  тхузэфIэмыкIым.
  • Нэхъыщхьэр куэдрэ
  •  дэ тщогъупщэр,
  • Аращ ди Iуэхур
  •  щIыдэмыкIыр.
  • Идмылъхьэу ди гум
  •  хьэрэмыгъэ,
  • ЕдмыхьэкIыф ди гъащIэ
  •  тIэкIур.
  • Хуейщ пэжу упсэуным лIыгъэ.
  • Абы дэ сыт дыщIыхуэдэгур?
  • Пэж псом я пажэр
  • сощI хэкIыпIэ,
  • Ар нывжесIэнт,
  •  сызэхэфщIыкIым.
  • Унагъуэ щыIэм я нэхъыфIыр
  • Азэн джэ макъ
  •  къызыщIэIукIырщ!
  • Хьэлэлагъым   къыпэкIуэр
  • Ижь-ижьыж зэманым зи лэжьыгъэр зыфIэкIуэда щIалэ псэ къабзэм махуищкIэ зэкIэлъыпыту къилъыхъуат IэнатIэ. Лэжьыгъэ хэди ищIыртэкъым, арщхьэкIэ игъуэтакъым. Унагъуэр пIын хуейт, сабийхэр гъэшхэн хуейт.
  • ЕплIанэ махуэм щIалэм и щхьэгъусэм жиIащ: «Уэрэ сэрэ зыгуэру тшэчынт, ауэ сабийхэр мэмэжалIэ, а цIыкIухэм я фэр пыкIащ, зыгуэр къэдмыгупсысу хъунукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, си анэм и фэеплъу зесхьэу зы IэлъэщI закъуэ сиIэщи, узотри — щэ, зи мыхъуми сабийхэм нобэ яшхын къахущIэкIынщ», — жиIэри IэлъэщIыр и щхьэгъусэм хуишиящ.
  • IэлъэщIыр ищэри, шхын тIэкIу къищэхуауэ щIалэр унэм здэкIуэжым, ар IущIащ мыхьэнэншэ дыдэу хуэпа лIыжь мэжэщIалIэ гуэрым. ЛIыжь мэжалIэр фIэгуэныхь хъури, иIыгъ тIэкIур абы иригъэшхащ. И щхьэр ехьэхауэ унэм кIуэжри, Iуэхур зыIутыр и щхьэгъусэм жриIащ.
  • — Умыгузавэ, Тхьэм и деж зыри щыкIуэдынукъым. Си адэм и Iэпщэ сыхьэтыр къызитащи, ар тщэнщи, сабийхэм шхын къахуэтщэхунщ, — жиIащ Iиман зыбгъэдэлъ щхьэгъусэми.
  • ЕтIуанэ махуэм жэщ хъуху бэзэрым тетами, щIалэм сыхьэтыр хуэщакъым. И гур зэбгъэжауэ бэзэрым къыщыдэкIыжым ар IущIащ бдзэжьей зыщэ лIым. Абы бдзэжьейуэ иIыгъауэ хъуар псори ищат, тIу къудей фIэкIа къэмынэу. ЩIалэр абы бгъэдыхьэри жриIащ: «Сэ ахъшэ сиIэкъым, ауэ мы Iэпщэ сыхьэтымкIэ къызэхъуэж уи бдзэжьеитIыр». Апхуэдэ щIыкIэкIэ бдзэжьеитIыр унэм къихьащ лIым.
  • Щхьэгъусэм бдзэжьейр игъэкъабзэу здэщысым, ар къэкIиящ, и нэхэм ялъэгъуар и фIэщ хуэмыщIу. Бдзэжьейм и кIуэцIым къикIат налкъут мывэ лъапIэр. Ар ящэри, унагъуэр къулей хъуащ.
  • Тэлай дэкIауэ, абыхэм я бжэм къытеуIуащ япэм зыIущIэу игъэшхауэ щыта лIыжь факъырэр.
  • — Алыхьыр къыпхуэупсэри, къулей ухъуащ, сэри укъыздэгуэшэн уи мылъкумкIэ? — щIэупщIащ лIыжьыр.
  • ЩIалэр гупсысэххакъым, атIэ занщIэу жэуап итащ: «Апхуэдиз мылъкукIэ сэ зыри сщIэнукъым, си мылъкум и зэхуэдитIымкIэ сыбдэгуэшэнкIэ Тхьэ соIуэ», — жиIэри пэшым щIыхьэжащ.
  • ЗэрыжиIам тету, мылъкуу иIэр тIу ирищIыкIри, и зэхуэдитIыр лъэIуакIуэм къыхущIихащ. АрщхьэкIэ, телъыджэрати, бжэIупэм деж лIыжьыр щигъуэтыжакъым, псэкIэ бауэу зы цIыхуи щыттэкъым.
  • Къэхъуар къыгурымыIуэурэ, жэщ хъури, щIалэр гъуэлъыжащ. ПщIыхьэпIэу абы елъагъу махуэм лъэIуакIуэ къыхуэкIуа лIыжьыр.
  • — Нобэ узгъуэтыжакъым, дэнэт уздэкIуар? — жиIэу пщIыхьым хэту щIалэр лIыжьым щеупщIым, абы жэуапу къритащ: «Тхьэ соIуэ, си щIалэ, сэ сызэрымыфакъырэмкIэ. Сэ сымэлэIычщ, уэри сэри ди Тхьэ лъапIэм гъэунэхуакIуэу сыкъыпхуигъэкIуауэ арат. Уи сабийхэм папщIэ къэпщэхуа шхын тIэкIури зэптар сэрат, уи Iэпщэ сыхьэтри бдзэжьеитIкIэ зэпхъуэжари сэрат. Тхьэ соIуэ узэринасыпымкIэ, жэнэт Iыхьлы узэрыхъунумкIэ».
  • Мис апхуэдэ Iуэхугъуэ куэдкIэ дэри дегъэунэху Алыхь лъапIэм, ауэ ар дэ къыдгурыIуэркъым.