Ди зэныбжьэгъугъэр ди тхыдэм къыщожьэ
2018-08-28
- Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ди тхыдэм къыщожьэ» дунейпсо гъэмахуэ школым и зэхуэс. Ар егъэкIуэкIыным илъэсищ лъандэрэ мылъку халъхьэ «Русский мир» фондымрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ.
- Гъэмахуэ школым и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ КъБКъУ-м и проректорым и къалэнхэр зыгъэ-защIэ Къэжэр Артур, Тбилиси дэт къэрал университетым и профессор Квициани Джони, Брест къэ-рал университетым и филологие факультетым и деканым и къуэдзэ Ковальчук Ольгэ, Къэзахъстан Ипщэ къэрал педагогикэ университетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент Абдыханов Уалихъан, Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм и пашэ Канунников Анатолий, «Риони» куржы лъэпкъ-щэнхабзэ центрым и унафэщI Лобжанидзе Анзор, КъБКъУ-м абитуриентхэр еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэным хуэгъэхьэзырынымкIэ и управленэм и пашэ Къарашэ Аксанэ, «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием и «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и унафэщI Таз ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэхуэсыр къыщызэIуахым абыхэм ящыщ дэтхэнэри тепсэлъыхьащ ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмрэ яIэ мыхьэнэм и инагъым.
- Ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр, курыт школхэм я еджакIуэхэр, «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и гъэсэнхэр хэтащ зэIущIэм къриубы- дэу къызэрагъэпэща щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм, лекцэхэм, «ЩIалэгъуалэ проектхэмрэ программэхэмрэ пхыгъэкIынымкIэ дунейпсо Iуэху зехьэкIэ пэрытхэр», «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ди тхыдэм къыщожьэ» зыфIаща «стIол хъурейхэм», «Урысыбзэм дызэкъуегъэувэ» лъэпкъ махуэшхуэм. Апхуэдэу щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ятхащ «Сыт сэ урысыбзэмрэ урыс щэн- хабзэмрэ фIыуэ щIэслъагъур?» сочиненэр, къеджащ анэдэлъхубзэхэм ятеухуа усэхэм.
- Гъэмахуэ школым хэтахэр щыIащ Шэрэдж районым, абы щыIэ курыт школхэм щыхьэщIащ, Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ. Балъкъэр Ипщэ, Жэмтхьэлэ Ипщэ къуажэхэм дэт курыт школхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм къыщеджащ дунейпсо зэхуэсым хэта ныбжьыщIэхэм ятха сочиненэ нэхъыфIхэм. Куэдым гунэс ящыхъуащ «Шэху уэздыгъэ» литературэ студием и гъэсэн, илъэс 11 зи ныбжь Хьэткъут Азнаур и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэр. Абы итт: «…Урысыбзэр апхуэдизу дахэщ, къулейщ икIи къарууфIэщи, ар умыджыныр, фIыуэ умылъагъуныр пхузэфIэмыкIыным хуэдэщ. Абы ухуешэ дунейм щIэныгъэу тетым я къигъэхъуапIэм. ФIыщIэ ин яхузощI мы гъэмахуэ школыр къызэзыгъэпэщахэм, псом хуэмыдэу КъБКъУ-м. Иджыпсту мы зэхуэсым школакIуэу сыхэту арами, зэман дэкIмэ, сэ согугъэ ди университетым и филологие къудамэм и студент сыхъуну».
- Дунейпсо зэхуэсым щекIуэкIа лэжьыгъэ псори къызэщIикъуэжу, абы къыщыпсэлъащ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, гъэмахуэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Башиевэ Светланэ. Абы зэрыжиIамкIэ, зэхуэсым хэта псоми лэжьыгъэ купщIафIэ кърахьэлIащ, абы мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэр нэхъри егъэфIэкIуэнымкIэ, гъэбыдэнымкIэ. ЩIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэм-рэ даIыгъащ абы и псалъэхэр икIи школым и лэжьыгъэм дяпэкIи жыджэру зэрыхэтынур жаIащ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.