ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2018-07-31

  • Щапхъэ зытрахунагъуэ
  • Сытым деж жыгыр щыдахэр?
  • Налшыкдэсхэми абы щеджэ-щылажьэхэми, щIэх-щIэхыурэ IуэхукIэ къалэм къакIуэхэми ящыщу хэт зымыцIыхур Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым тет «Тамерис» шхапIэ хъарзынэр?! Ахэр зей зэщхьэгъусэхэу Едыдж Нихьаирэ Шыкуэ Шукранрэ хуэдэ цIыху зэщIэкъуарэ дахагъэр зи плъапIэрэ уагъэлъыхъуэнщ.

  • Нихьэирэ Шукранрэ я унагъуэр

  • АР НАIУЭУ наIуэу къегъэлъагъуэ кафем и пщIантIэм: удз щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ къэкIыгъэ дахэхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIам и закъуэкъым гъэщIэгъуэныр, а псор зыгуэрым пщIэкIэ ирамыгъэщIу езы тIум зэрыхасэрщ, зэрызэрахьэрщ. Дапщэрэ уахуемыблагъэми, е Нихьаи, е Шукран пщIантIэм дэтщ, удзхэм, жыгхэм псы щIакIэри. Япхъу Тамериси, я къуэ Едыджи езыхэм къадолажьэ, я адэ-анэм я щIэгъэкъуэн нэсщ.
  • Я ерыскъыр зэрыIэфIращ, шэч хэмылъу, а шхапIэм цIыхухэр езышалIэр. Абы и щэхур Нихьаии Шукрани фIы дыдэу ящIэ. Шхын нэхъ узэды-гъуэ мыхъун зэрыщымыIэр тIуми къагуроIуэри, япщэфIа псори я щхьэкIэ къапщытэ.
  • Зэгуэр хэхэсу щытащ Нихьаи и унагъуэр. Тырку Республикэм хыхьэ Анталие къалэм епха Елэмэ къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIум цIыху псори адыгэбзэкIэ псалъэу къыщыхъурт, я унагъуэм, я къуажэм арат щызекIуэри. ЕджапIэ щIэтIысхьэу и зэхэщIыкIым зиужьа иужь, абы къищIащ дунейм лъэпкъ куэд зэрытетри, адыгэхэр Тыркум зэрыщыхэхэсри. Ауэрэ къыдэкIуэтейри, нэгъуэщI къалэхэм щыпсэу адыгэхэми яхуэзащ. Псори зэзыгъэзахуэ щIалэ цIыкIум адыгэлI нэс къыхэкIыну иухат. ЗэхэщIыкI гуэр иIэ хъууэ балигъыпIэ зэриувэрэ Нихьаи лъэпкъ Iуэху зэрехуэ, ар зэи IэщIыб имыщIауэ. И ныбжьыр илъэс тIощI щрикъум Анталие Хасэ къыщызэIуихауэ щытащ абы, зыми жаIэм емыдаIуэу, и щхьэр хилъхьэнкIэ зэрыхъунуми имыгъэшынэу. «Къурмэну яукIхэм я фэхэр тщэурэ, илъэсищым и кIуэцIкIэ ахъшэ зэхуэтхьэсри, Хасэм IуэхущIапIэ къыхуэтщэхуат. Абы щыгъуэм цIыхуи 100 — 150-рэ хуэдиз къекIуалIэрт, иджы куэдкIэ нэхъыбэщ», — щыжиIауэ щытащ Нихьаи и интервьюхэм я зым. А Хасэм Нихьаи илъэс 27-кIэ щылэжьащ, тхьэмадэу, тхьэмадэм и къуэдзэу, бухгалтеру.
  • Сыт хуэдизу адыгэм и гъащIэм ухэмытми, хамэ щIыпIэм ущыхэхэсщ, уи быным сыт хуэдизу адыгэбзэр иумыгъащIэми, уэрамым щызэхах хамэбзэр и гущIыIу къохъу. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт Нихьаи. КъыгурыIуэм и мызакъуэу, Хэкум кIуэжын зэрыхуейр, мыкIуэжмэ зэрыкIуэдынухэр и щхьэм илъ зэпытт. Зэгъэпщэныгъэ гъэщIэгъуэнщ Нихьаи къихьыр: «Ар зэзгъэщхьри? Жыгыр щыдахэр, пыкIэ щиIэр, зыщиужьыр и лъабжьэр щIым хэтмэщ. Апхуэдэщ адыгэри, лъэпкъыр дахэ, екIу, лъэщ щыхъунур и хэку исыжмэщ, абы къудамэхэр къыщыдэжыжмэщ».
  • И гъунэгъухэм, лъэпкъэгъухэм яжриIэрт Хэкум кIуэжын гупсысэр зэригъафIэр. АрщхьэкIэ нэхъыбэм къагурыIуэртэкъым, Нихьаи и унагъуэм мылъку нэхъ иIэти, ар къигъанэу гъуэгу къытемыхьэну, псори къигъапцIэу къызыщыхъухэри щыIэт. «Сэ сигурэ си щхьэрэ зэтелъти, цIыхум жаIэм тесщIыхьIатэкъым», — игу къегъэкIыж Нихьаи.
  • 1989 гъэм Едыджхэ я хъыджэбзыр еджакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къагъэкIуащ. Япэ дыдэ Тыркум къикIыу Налшык къэкIуа студентыр Тамерисщ. Пщащэм унэ къыхуащэхуауэ Налшык щеджэу, и анэр пенсэм кIуати, я щIалэ Едыджи ин мыхъу щIыкIэ Хэкум изэгъэжмэ нэхъ къищтэри, Нихьаи и унагъуэр къигъэIэпхъуащ. Езыр пенсэм кIуэху илъэситIкIэ Тыркум щылэжьэжри, 1995 гъэм и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ  гъусэ закъыхуищIыжауэ нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ жыхуаIэ унагъуэ дахэ дыдэу мэпсэу.
  • Хэкур зэрынэхъыфIыр хэкурысхэми хамэ къэрал щыпсэухэми ящIэ, арщхьэкIэ зыкъаIэту къыщIэмыкIуэжы-фым, хэкужьым къихьэжар тыншу лъэпкъым зэрыхэмызэгъэжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зэпхар мылъкуращ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, Едыджхэ зыхэпсэукIын мылъкуи яIэщ, я бынхэр зыхуей хуагъазэу унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжыфынуи Iэмал ягъуэтащ.
  • Тамериси Едыджи щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтащ, я IэщIагъэм иримылажьэми. Хъыджэбзыр Цейхэ я нысэщ, пщащитIрэ зы щIалэрэ яIэщ — Дижан, Сэжан, Синэмис. Едыдж зы къуэрэ пхъуитIрэ иIэщ — Лъэпщ, Уэрэд, Данэпс.
  • Унагъуэ дахэм и лъабжьэр щIэбыдэр зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэ зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрей къищтэжу, зы лъэныкъуэкIэ плъэуэ, зы гупсысэм  тIури тету илъэс куэд щIауэ къызэрызэдэгъуэгурыкIуэрщ. Езы Нихьаи и псалъэкIэ жытIэнщи, «унагъуэр зыгъэбжьыфIэри, пщIэ Iуэхум псэ хэзылъхьэ-ри а зэгурыIуэныгъэрщ».
  • Ди гуапэщ хэхэс адыгэхэми, зи хэку къэзыгъэзэжахэми, хэкурысхэми куэдкIэ щапхъэ яхуэхъу унагъуэ дахэр дяпэкIи бжьыфIэну, я бынкIи абыхэм я быныжкIи гуныкъуэгъуэ ямыIэу, узыншэу, гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ ябэу псэуну, Хэкум гу щахуэну.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • Дуней жэнэт
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу зэман зэмылIэужьыгъуэхэм къэкIуэжа адыгэхэр. Ахэр Тыркум, Сирием, Югославием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыжащ.
  • Сабрирэ Дэлалрэ

  • Нобэ дэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ ди республикэм и Бахъсэн щIына- лъэм хыхьэ Кременчуг-Константиновскэ къуажэм щыпсэу СтIащ Сабри и унагъуэр. Сабрирэ абы и щхьэгъусэ Теувэж Дэлалрэ адэжь Хэкум къызэрагъэзэжрэ илъэсихым щIигъуащ. Зи гугъу тщIа къуажэм къэIэпхъуэжа адрей унагъуэ 15-ми хуэдэу, СтIащхи унэ лъапсэкIэ къызэгъэпэщащ.
  • — Хэку зимыIэм зыри иIэкъым. ЛэжьапIэ IэнатIэфI, мылъкушхуэ, ерыскъышхуэ убгъэдэлъми, уи Хэкум ущымыпсэумэ, ахэр зыри IэфIкъым. Дыщысабий лъандэрэ сегупсысырт «Хэкур зэ тлъагъужыну пIэрэ?» жысIэу. Ди адэжьхэр щалъхуа щIыпIэм и дамыгъэу щыIэ Iуащхьэмахуэм и сурэт къытIэрыхьэ хъумэ, ди бгъэм дэлъу къетхьэкIырт. Адыгэ уэрэд куэд зэдгъэщIауэ, зэныбжьэгъухэр дызэхуэзэмэ, жытIэрт. Сэ нобэ къызэхъулIам щIэхъуэпсу, апхуэдэр я плъапIэу адыгэ куэд щыIэщ. Зы адыгэ дунейм тету си фIэщ хъуркъым мыбы къагъэзэжыну хуэмейуэ, — жеIэ СтIащ Сабри. — Сирием щыпсэу адыгэхэми дэкъузэныгъэ гуэр ягъуэту схужыIэнукъым, абыхэм пщIэшхуэ къыхуащI адрей лъэпкъхэм. Псалъэм папщIэ, зы цIыхум IэнатIэ хэха екIуу, нэгъэсауэ кърихьэлIамэ, е Iэдэбагъ далъэгъуауэ щытмэ, «Мыр адыгэ?» жаIэу щIоупщIэ, апхуэдизкIэ адыгэм и дуней тетыкIэр щапхъэу щытщ абыхэм я дежкIи. Къэрал унафэщIхэми, Сирием и президент Асад Башари ди лъэпкъэгъухэм дзыхьышхуэ ирагъэз. Министру, абыхэм я къуэдзэу, дохутыр Iэзэу адыгэ куэд щыIэщ Сирием. КъищынэмыщIауэ, а къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм сытым дежи адыгэ генералу 8 хэтын хуейуэ унафэ щыIэщ. ПщIэ къызэрытхуащIым и щыхьэткъэ ар?!
  • Дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэдгъэзэжу ди щIы кIапэ диIэнымкIэ хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ а лъэхъэнэм республикэм и президенту щыта Къанокъуэ Арсен, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, хьэрычэтыщIэхэу Ажахъуэ Къанщобий, IутIыж Мэжид сымэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ дэтхэнэ зы унагъуэми щхьэегъэзыпIэ диIэ хъуащ.
  • Иджыпсту Сабри жыг хадэшхуэ  иIэщ пщхьэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщыкIыу. Апхуэдизу зи псэр Хэкум хуэзэша  цIыхум хадэр таурыхъым къыщыгъэлъэгъуахэм хуэдэу зэрехьэ. «Илъэс хъурейм тшхынур къанэ щымыIэу мыбы къыдох, къыдэлеекI хъур бэзэрым тшэуэ щытщи къохъу. Уеблэмэ, бэзэр Iуэху симыIэми, тхьэмахуэ къэс абы сокIуэ, цIыхухэр зэрыпсалъэ адыгэбзэм седэIуэн папщIэ», — жеIэ СтIащым.
  • — Ди жагъуэ зэрыхъущи, зи адэжь Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я Iуэху-хэр лъэпощхьэпоуншэкъым. Гукъеуэу диIэр зыщ: Урысейм и унафэм ипкъ иткIэ нэгъуэщI къэралым къиIэпхъукIар илъэситхум щIигъукIэ мыбы щыпсэуа нэужькIэ, къэралым и паспорт къратыпхъэщ. Ар къыпIэрыхьэным и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ урысыбзэр зэбгъэщIэныр. Дэ ди ныбжьым къыхэкIыу бзэр къытхуэщтэркъым, аращи, экзаменыр тхуэтыркъым. Къэралым и цIыхуу укъызэралъытэ дэфтэрыр димыIэмэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэми дыщыгугъыфынукъым, — къеIуатэ Сабри. — ДэIэпыкъуныгъэ къыдатми фIыщ, къыдамытми Тхьэм жыхуиIам дыхуэкIуэнщ. Абы щыгъуэми зыщыдгъэгъупщэркъым: мы дунейм жэнэт тетмэ — ар Кавказыращ. И уэшхыр, и уэсэпсыр, и гъатхэр, и щIымахуэр, и жыгхэр, и цIыхухэр — псори фIыгъуэщ. ЦIыхум и адэжь Хэкур имыбгынауэ и лъапIагъэр къыгурыIуэнукъым».
  • Тхыгъэри сурэтри
  • ЖЫЛАСЭ Замир ейщ.
  •  
  • ХЬЭЩIЭДЭГУ  Нэрмин
  • IУАЩХЬЭМАХУЭ
  • Гухэлъ пхузиIэр сэ,
  • Iуащхьэмахуэ,
  • Уи щхьэщыгу тхъуахэм
  • Нэхъ йолъэгэкI.
  • ПщIыхь пхуэзмылъагъуу
  • ДэкIкъым зы махуэ,
  • Си гур дапщэщи
  • Уэ ныпхуоплъэкI.
  • ХамэщI ипхъауэ
  • ЩыIэ уи бынхэм
  • Дэ гугъэ гъуазэу
  • ДиIэр уэращ.
  • Нэхъ лъапIэу дыбжыр
  • Дуней насыпхэм
  • Уи лъапэ дыщIэсыжыныращ.
  • Узмылъагъужу сылIэмэ,
  • СощIэ, зэтехьэнукъым
  • Си напIэр, Хэку…
  • ХуэлIэу уи куэщIым
  • Сыухмэ си гъащIэр,
  • Хыумын си кхъащхьэр
  • Уи ятIэ тIэкIу.
  • Тырку, Конья
  •  
  • АБАЗЭ  Ибрэхьим
  • * * *
  • Хы ФIыцIэ щхьэнтэр етауэ
  • ЛIы губжьа напщIэу зоуалэ,
  • Си гугъэм япэ ищауэ
  • Адыгэ хэкум йожалIэ.
  •  
  • Хы ФIыцIэ щхьэнтэ къехуэхыр
  • Лъахэм и жьэгъухэм йобзей.
  • Си гугъэ нэпцIу ужьыхыр
  • Лъы пцIауэ сэри сфIодий.
  • Тырку, Хьэжымуратлы
  •  
  • ЗэIущIэ гуапэхэр
  • Адэжь  щIыналъэм  и  мывэри  дыщэщ
  • «Гу къабзэхэр» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди гъуазэу, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм бадзэуэгъуэм и 24-м дыщыIащ. А жылэмрэ абы къедза Грабовец къутырымрэ дэсщ Сирием къикIыжа адыгэ унагъуэу 20-м щIигъу.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къиIэпхъукIыжауэ щытащ. Абыхэм ящыщу цIыху 500-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.
  • Ди лъахэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъагъун мурад диIэу гъуэгу дытехьати, дыщынэсым, Къардэн Баширэ, жьыщхьэ махуэ хъуа бзылъхугъэ нэхъыжьыфIым, и бынхэр щызэхуишэсыж и хабзэ пщIантIэм дыIухьащ. Ратмир телефоныр щигъаджэм, Баширэ ипхъу Хьидаетрэ и нысэ Розэрэ къыдэкIащ. Абыхэм дыщIашащ унагъуэр зей нэхъыжьыфIыр зыщIэс пэшым.
  • — Сэ щIалиплIрэ хъыджэбзищрэ сиIэщ. КъуитIымрэ пхъуитIымрэ Хэкужьым къагъэзэжащ. Адрейхэм ящыщу зы щIалэр Сауд Хьэрыпым щопсэу, зы къуэмрэ зы пхъумрэ Сирием къинащ. Псоми IэщIагъэ дэгъуэхэр яIэщ, — щыгъуазэ дещI Къардэн Баширэ. — КъуитIым къэкIуэжын Iуэху куэд щIауэ зэрахуэрт, къызаIуэкIырт сыкъыздашэжыну зэрыхуейри. АрщхьэкIэ, сэ сытегушхуэртэкъым, Сирием къыщынэ си къуэмрэ сипхъумрэ сигу зэрахуэныкъуэм къыхэкIыу. Ар къыщащIэм, Хэкужьым къэзыгъэзэжыну тезыухуахэми икIуэтыж хуэдэу защIащ, «удимыгъусэнумэ, гъуэгу дытехьэнукъым» жаIэу. Ауэ, ахэр Сирием къинэмэ дзэм ираджэнкIэ зэрыхъунур сщIэрти, сыкъэгузэващ. Арати, дыкъызэдежьащ.
  • Баширэ зэрыжиIэмкIэ, къэIэпхъуэжахэм ящыщу зыри хущIегъуэжакъым. Къыздихьэжар я хэгъэгущи, гукIи псэкIэ мэгуфIэхэр.
  • — Баширэ, Сирием ихьэжыну хуейхэм гъуэгур къыхузэIуахыжу жаIэри, фи унагъуэм «згъэзэжарэт» жызыIэ къыфхэт?
  • — Сыт къыхуамыгъэлъэгъуами, си бынхэр мыбы икIыжынукъым. Сыту жыпIэмэ, ахэр зауэ къэмыхъей ипэкIи къэкIуэжыну хуеящ, къэIэпхъуэжыным ехьэлIа гупсысэр апхуэдизу я лъым хэтти. Си шыпхъум и къуэр мыбыкIэ нэхъ пасэу щыIат, зауэм щIидзэным илъэсиплI хуэдиз иIэу. Абы телефонкIэ дыщеупщIым, «лэжьапIи щывгъуэтынущ, дунейри щымамырщ» къыджиIэрт. Дэри Сирием къина ди Iыхьлыхэм зыкъыщытхуагъазэкIэ, жэуапу еттыр апхуэдэщ.
  • Бзылъхугъэ нэхъыжьым къызэрыхигъэщамкIэ, къызэрагъэзэжрэ анэдэлъхубзэри нэхъыбэрэ къагъэсэбэп хъуащ, урысыбзэри хуэм-хуэмурэ къащтэ, псом хуэмыдэу щIэблэщIэм. 
  • — ДыщыцIыкIум унагъуэм хьэрыпыбзэкIэ дыщагъэпсалъэртэкъым ди адэ-анэм, «хамэбзэкIэ фызэдэмыуэршэр, фыфейр фщыгъупщэнущ» къыджаIэрти, — къыхегъэщ Баширэ.
  • ГъэщIэгъуэн тщыхъуу дызыгъэгуфIахэм ящыщщ, Баширэ и ныбжьым теухуауэ Урысей Федерацэм къыщыхуагъэфэща и пенсэр куэд дэмыкIыу къратын зэрыщIадзэнури.
  • — ЦIыхум и Iуэху псори зэуэ зэтеувэркъым, — къыпещэ и псалъэм бзылъхугъэ лъагъугъуафIэм. — Хэкужьым къэкIуэжа ди бынхэм хыхьэхэкI куэду яIэ хъуащ. Ди щIалэхэр фIыуэ къалъагъу. Къэбэрдейм щыIэ адыгэхэм ялъэкI къагъэнакъым, ноби къыддоIэпыкъу. Ди гъунэгъухэр, урысхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри, дэгъуэу къытхущытщ.
  • Баширэ ипхъу
  • Уэтей Хьидает
  • Унагъуэ щхьэхуэу мэпсэу, и щхьэгъусэмрэ и къуитIымрэ, Хьэземрэ Хьэбибрэ, бгъэдэсщ. Мы махуэхэм и анэм деж щыIэщ.
  • — ДыкъыщыIэпхъуэжам, япэщIыкIэ санаторэм дыщIэсащ. Абы дыщыIэу щIалэ гуэр нытхуэкIуат, Сирием нэхъ пасэу къикIыжахэм ящыщу. «Дэрбзэр хъун къыфхэт?» жиIэу щыщIэупщIэм, сэрэ нэгъуэщI бзылъхугъэрэ арэзы дыхъуати, занщIэу лэжьапIэ къытхуагъуэтащ. IуэхущIапIэм щыIэхэм, «фэ фыхамэкъым» къыджаIэурэ, дигухэр фIы къытхуащIырт. Ар IэфIу сигу къинащ. Гугъуехь гуэрхэм дыщыIууэми, дыкъыздихьэжар ди хэкущ. Сирием зауэр къыщыхъеиным куэд иIэу, илъэс 15 ипэкIи къэкIуэжыныгу дыхъуауэ щытащ. Адэ-анэм къыдаухылIат, «дэ дымыкIуэжыфми, фэ вгъэзэжынущи, анэдэлъхубзэр зэвгъащIэ, фрипсалъэ» жаIэурэ. Адэжь щIыналъэм дыкъыщихьэжам, ди псэхэр тыншыжащ.
  • Хьидает зэрыжиIэмкIэ, мы илъэсым я хадэм зыри щыхасакъым. Езыр, и къуитIыр и гъусэу, и дэлъхум, и анэм деж щыIэщ, и щхьэгъусэр, документ Iуэхухэр зэрихуэу, Сирием зэрыкIуам къыхэкIыу.
  • — Куэд щIоупщIэ: «ФыкъыздикIыжам фыкIуэжынкIэ хъуну, щэху хъуа хуэдэщи?» «Хьэуэ, — ядот жэуапыр. — ХьэщIэу дахыхьэжынкIэ хъунщ, къэдгъэна ди шыпхъу, ди дэлъхухэр тлъагъун, тIэкIуи дыщыIэу къэдгъэзэжын хуэдэу». Ди адэм къызэрытхуиIуэтэжу щытамкIэ, ди адэшхуэр ящыщт иужьрейуэ Хэкур зыбгынахэм. И ныбжьыр илъэси 7 фIэкIа мыхъуу ирашами, и цIыкIугъуэр щриха и лъахэр и псэм хэлъа къыщIэкIынт. И гур къыщызэфIэзэрыхьхэм деж, ар, етIысэхырти, сабий цIыкIум хуэдэу гъырт, «Хэкур сигу къэкIащ» жиIэурэ. Адэшхуэр дунейм ехыжыхукIэ апхуэдащ, и ныбжьыр илъэс 85-м нэблэгъэху псэуати. Аращи, Хэкур зыбгына ди нэхъыжьхэм гузэвэгъуэу я псэм телъар зыхыдагъэщIауэ хамэщIым аргуэру дауэ дгъэзэжын?! — жеIэ Хьидаети, гумащIэ къэхъуауэ погуфIыкI.
  • — Фи унагъуэшхуэм къыфхэт Урысейм и цIыхуу къалъыта?
  • — АтIэ. Мес ди анэм куэд дэмыкIыу къратынущ мы къэралым и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъыр, паспорткIэ зэджэр.
  • — Уи щхьэгъусэр, Амир, япэм дыкъыщыкIуам тлъэгъуащ. ЩIалэ хъарзынэщ. Сирием ар щIыщыIэм укъытхутепсэлъыхьыфыну?
  • — Хэкум къызэрыдгъэзэжрэ илъэси 5-м щIигъуащи, Сирие къэралым щыщ цIыхуу дыкъызэралъытэ паспортхэм я пIалъэр икIащ. Абы пригъэщэн мурадкIэ кIуэжауэ аращ. Тхьэм жиIэрэ къигъэзэжмэ, мыдэкIэ ди унагъуэ Iуэхухэр нэхъ зэфIэгъэкIыгъуафIэ хъужыну къыдолъытэ. Езыр IэпщIэлъапщIэщ, ухуэныгъэм ирахьэлIэ мрамор, гипс хуэдэхэм хуэIэзэщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ хадэ зыдохьэ, Iэщ гъэхъуным, мэл зехуэным хуэм-хуэмурэ зыдот.
  • Хьидает езым и гуапэу игу къигъэкIыжахэм ящыщщ адэкIэ дызыщIигъэдэIуахэри.
  • — Сирием дыщыщыпсэум, иджыри «хъыджэбз дэсщ» жыхуаIэм сыхуэдэу, къэфэкIэ зэзгъэщIэным хуабжьу сыщIэхъуэпсу щытащ. Ди къуажэмрэ Дамаск къалэмрэ сыхьэт гъуэгу я зэхуакут. Щыхьэрым адыгэхэм зэгухьэныгъэ щыдиIэт, «Къуэш Хасэ» хужытIэу. Абдежым къафэм зэрыщыхуагъасэм сыщыгъуазэт. Нобэ хуэдэу сощIэж гъэсакIуэм, «жыжьэ укъикIын хуей хъунущ» жиIэу, куэдрэ сызригъэлъэIуауэ зэрыщытари, ар къытезгъэхьэу ди анэми хуит сыкъыщищIым, «Къуэш Хасэм» кIуэн зэрыщIэздзари, къэфэкIэ зэрыщызэзгъэщIари…
  • Жэмыхъуэ
  • Тамир
  • Илъэс 48-рэ и ныбжьщ, щхьэгъусэ, пхъуитI иIэщ.
  • — СыкъызэрыIэпхъуэжрэ  илъэ-
  • ситIрэ ныкъуэрэ хъуами аращ. СыкъэкIуэжын ипэ мыбы тIэунейрэ сыщыIащ. Зэзгъэлъэгъуащ си благъэхэр зэрыщыпсэур. Адэжь лъахэм ижь къысщIихуащ, мы къуажэри сигу ирихьащ, щIым тет уни къэсщэхуащ, хадэ зыдохьэ, теплицэ диIэщ, нащэ, шыбжий хуэдэхэр къыщыдогъэкIри, бэзэрым дошэ. СыщыцIыкIуам анэдэлъхубзэкIэ сыпсэлъакъым, унагъуэм исхэр зэпымыууэ иризэдэуэршэра пэтми. Си адэм «убзэмыIущ!» къызжиIэрт. Ауэ, нэхъ сыкъыдэкIуэтейри, бзэри зэзгъэщIэжащ. Си къуэш нэхъыжьри, къэкIуэжауэ, унагъуэу Налшык дэсщ, хъыджэбзрэ щIалэрэ яIэщ, унэкIи зэгъэпэщащ.
  • Тамир, езым къызэриIуэтэжымкIэ, Сирием къыщыхъуами, Сауд Хьэрыпым илъэси 10-кIэ щыпсэуащ, уэчыл лэжьыгъэм хуеджащ, Сауд Хьэрыпым и Мадинэ къалэм и администрацэм деж зауэ хуэIухуэщIэу къалъытэ кIапсэ зэмылIэужьыгъуэхэр ухуэныгъэхэм пхышынымкIэ IэщIагъэлI нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ.
  • — Хамэ щIыналъэм сыщыунафэщIт, си псэуалъэр инт, машинэ лъапIэ сист. Мыбы сыщылэжьакIуэщ, къэсщэхужа машинэри пудщ. Ауэ, абы щхьэкIи си гур згъэкIуэдыркъым, «Хэкужь и мывэри дыщэщ» псэлъафэм сытетщи. А лъэныкъуэмкIэ тIэкIу езгъэзэкIыжынщи, гъэщIэгъуэныракъэ, мыбы къыщыхъуахэм Сирием уэс щыдмылъэгъуауэ я гугъэщ. Адыгэр щетIысэхауэ щытар Джолан лъагапIэхэрати, а щIыпIэр адэжь Хэкум зэрещхьым, мэзхэри зэритым дыщыгуфIыкIырт. Къыхэзгъэщынщи, мы лъэныкъуэмкIэ щыIэ хуабэм хуэдэ Сирием игъащIэм щытлъэгъуакъым. Джоланым дыщисам дэ, Жэмыхъуэхэ, а щIыпIэм мэл 500-м нэблагъэ щызетхуэу щытащ. Сирием щыIэ адыгэхэр лэжьакIуэщ, дыгъуакIуэкъым, пцIыупскъым. Апхуэдэу дызэрыщытыр псоми къыддащIэ. Ауэ, къытезгъэзэжынщи, ди гур щыпсэхур мыбдежыращ.
  • — Тамир, урысыбзэм дауэ фыпэлъэщрэ?
  • — Гугъущ, адыгэбзэм нэхъ десащи. Анэдэлъхубзэр дэнэкIи щызэхыдох. АрщхьэкIэ, урысхэми, азербайджанхэми, нэгъуэщIхэми Iуэху ядыдощIэ. Абы къыхэкIыуи, урысыбзэр зэгъэщIэным яужь дитщ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, хамэ щIыналъэ илъэс куэдкIэ щыпсэууэ къэзыгъэзэжа ди хэкуэгъухэр Урысейм щызекIуэ хабзэхэм есэныр, цIыхухэм зыдрагъэкIуныр Iуэху тыншкъым. Ауэ щыхъукIи, мылъкукIэ зэрызащIэдгъакъуэм и мызакъуэу, абыхэм нэхъ гу щабэ-псэ къабзэу дазэрыхущытынми дыхущIэкъупхъэщ. Уеблэмэ, етIуанэр нэхъыщхьэу къыщIэкIынущ.
  • Тхыгъэри сурэтхэри
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн  ейщ.
  •  
  • * * *
  • Сэ Шэрджэсым сщIэкъым згъэзэжынуми,
  • Ауэ сыхуогуфIэ зиужьыху.
  • Сэри сщIэкъым гъащIэу къэзгъэщIэнури,
  • Сэ си хэку симысми, ар си жьыхущ.
  •  
  • Ихьэкъым тхьэкIумэм ди жагъуэгъухэм
  • Адэжь лъахэм пцIыуэ хузэхалъхьэр.
  • Дэ дызимыщIэсахэр къыдогъухэр,
  • «Лъэпкъ кIуэдыжыр» бэкъуэхукIэ
  •  къытпалъхьэу.
  •  
  • Пэжщ, гугъуащ, Шэрджэс, уи гъуэгуанэр
  • ГъэпщылIакIуэ бзаджэхэр щыIэху,
  • Ауэ теткъым дэ ди щIыфэ гуанэ,
  • Хэку телъыджэ хуитыр щIым тетыху.
  •  
  • СщIэкъым сэ гъуэгуанэу зэпысчынур…
  • Махуэ къэси лэжьакIуэ сыкIуэху,
  • Гъуэгу сытетщи сэ дэзмычыхыну,
  • Си щIыналъэм зэ сеуэлIэжыху.
  •  
  • Гугъэм сынэмысу сыукIуриймэ,
  • Си мурадыр ныпу къаIэтынущ.
  • ЩаIыгъынщ гъуэгуанэм ди сабийхэм,
  • А мурадыр зым ирамытынущ.
  • КЪАРДЭН Дурие.
  • Тырку, Анкара
  •  
  • Зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ
  •  * * *
  • Адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, Китайм, Мысырым, Къэжэрым я гугъу умыщIмэ, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зы хэкуми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
  • Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым. ИкIуэтащ, къуакIэбгыкIэхэм зыщагъэпщкIуащ, къаруушхуэкIэ ираудыхащ, ауэ къатегуплIахэм я хабзэхэм фIэлIыкIа мыхъумэ, зызыхуагъэщхъа къару щыIэкъым. Дызэрыт лъэхъэнэми ахэр, я хабзэ зэрахьэжу, я нэхъыжьхэм я унафэ щIэту мэпсэу. Мы лъэпкъыр гъэщIэгъуэн зыщI Iуэхущ мыри: щIы хъурейм тет дэтхэнэ лъэпкъри и тхыдэ жыжьэм зэбгъэплъэкIыжмэ, адыгэхэм я закъуэщ щхьэхуиту зэрыщытам щыхьэт техъуэфу къахэкIынур.
  • БжыгъэкIэ куэд мыхъухэми, я щIыналъэм апхуэдизкIэ купщIэшхуэ ехъумэри, пасэрей цивилизацэхэм а лъэпкъыр фIы дыдэу щацIыху. Адыгэхэм я гугъу ящI Геродот, Флакк, Помпоний, Страбон, Плутарх сымэ хуэдэ тхакIуэ щэджащэхэм.
  • Илъэс минитIрэ щищым щIигъуауэ дунейм нэхъ лъэрызехьэу тета тепщэхэм щахъумэфа хуитыныгъэм и лIыхъужь пшыналъэщ абыхэм я IуэрыIуатэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр.
  • «Глиссон и cурэт журнал».Лондон.
  • 1854 гъэ
  • * * *
  • Шэрджэсхэр къуданщ, зэкIужщ, бгы псыгъуэщ. Я лъыр къабзэщ, нэ фIыцIэхэщ, набдзэ къурашэхэщ, псом хуэмыдэжу цIыхубзхэр; адыгэ пщащэхэр я дахагъкIэ къахощ дуней псом цIыхубзу тету хъуам.
  • Абыхэм (кърым тэтэрхэм) Шэрджэсым иракуркъым, а хэкум исхэр зэрылIыхъужь защIэм щыгъуазэщи.
  • Адыгэхэр ирогушхуэ лъы къабзэ зэращIэтым, тыркухэм абыхэм пщIэ лей хуащI, шууей лъэпкъ пагэщ зэреджэр.
  • Абыхэм яшхэр дахэ дыдэщ, жанщ, пIащэщ, пIащэми, Iэпкълъэпкъ зэкIужщ, езы шэрджэсхэми хуэдэу… ЦIыху нэжэгужэщ адыгэхэр, къыщыфэм деж лъапэкIэ хатIэ-хасэ — ар гугъущ, дауи, ауэ дахагъэщ.
  • АСКОЛИ  Эмиддио.
  • (Италие).
  • 1634 гъэ
  •  
  •  * * *
  • Хабзэрэ фащэкIэ адыгэ лъэпкъ псоми щапхъэ зытрахыр къэбэрдейхэрщ — Сунжэ къыщыщIэдзауэ тенджыз Iуфэм нэс.
  • ПОПКО  Николай,
  • урыс щIэныгъэлI
  •  
  • * * *
  • Къэбэрдейхэм, шапсыгъхэм, Псыжь адрыщI ис адрей адыгэ лъэпкъхэм я шуудзэм ебгъапщэ хъун зыщIыпIи щыслъэгъуакъым.
  • ТОРНАУ  Федор,
  • Урыс  тIасхъэщIэх
  • * * *
  • Шэрджэсхэм я лъахэр телъыджэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр щыкуэдыкIейщ, япсхэр къабзабзэщ, мэзыр я гъунэжщ. Хьэуар абы щыкъабзэ дыдэщ, зэгъщ. Шэрджэсхэр зэрылъэпкъ дахэр зи фIыщIэр арауэ солъытэ. Лъахэ дэгъуэ дыдэ зэрисымрэ гъэсэныгъэ тэмэм зэрахэлъымрэ лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ лъэп-къым и дахагъэм.
  • Ферран,
  • франджы дохутыр.
  • 1702 гъэ
  • * * *
  • Дунейм тет нэхъ лъэпкъ хахуэ дыдэхэм ящыщщ шэрджэсхэр.
  • КАНИТЦ  Феликс.
  • Австрием щыщ этнограф
  • * * *
  • Сыт хуэдиз къытхуищIа дэ фэрэкIыр япэ дыдэ зыхэзылъхьа шэрджэс бзылъхугъэм! Сыт хуэдиз сабий ажалым къела абы и фIыгъэкIэ! ЦIыхум апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэфа къэхъуакъым, аращ абы фIыщIэ щIыхуэфащэр.
  • * * *
  • Адыгэр цIыху хахуэщ, щхьэмыгъазэщ, ауэ къанлыкъым икIи гущIэгъуншэкъым: ирамыхулIауэ лъы игъэжэнукъым, ирахулIэрэ зэуэн хуей хъумэ, зыпикIуэтын щыIэкъым.
  • ЛАПИНСКИЙ  Теофил,
  • Польшэм щыщ щIэныгъэлI,
  • зауэлI.
  • 1857 гъэ
  •  
  • * * *
  • Тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ къащыхьэ зэпытщи, шэрджэсхэр зауэм хуэхьэзырщ сыт щыгъуи, абыхэм нэхъ шууей а лъэныкъуэмкIэ щыбгъуэтынукъым. ШабзэкIэ мэзауэ ахэр, сэшхуэри ягъэIэрыхуэ… Шабзэмрэ сэшхуэмрэ нэмыщI, бийм щебгъэрыкIуэкIэ, абыхэм бжырэ мывопцIэрэ къагъэсэбэп. Мэз щIагъым щызэрихьэлIэмэ, зы адыгэм бий тIощI хигъэщIэнущ.
  • ЛУККА  Джиовани,
  • итальян монах. 1634 гъэ
  • * * *
  • А лъэпкъ хахуэм къэралыгъуэ лъэщ иухуэфынут, зи акъыл зэтемыхуэ пщыхэм я IэмыщIэ имылъатэмэ. ЛIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ, зэныкъуэкъу зэпытщ ахэр, ди насыпщи, абы и фIыгъэкIэ нэхъ шынагъуэншэ мэхъу а лъэпкъ хахуэр.
  • ПАЛЛАС  Петр-Симон,
  • нэмыцэ академик. 1794 гъэ
  • * * *
  • Лъэпкъ дахэщ шэрджэсхэр, цIыху екIухэщ. Я цIыхухъухэр Iэчлъэчщ, къуэгъущ, къамылыфэщ, гуапэхэщ, я щхьэм пщIэ хуэзыщIыж защIэщ, уардэхэщ, плIабгъуэхэщ, бгы псыгъуэхэщ.
  • КЛАПРОТ  Генрих-Юлиус,
  • нэмыцэ академик-
  • ориенталист.
  • 1808 гъэ
  • * * *
  • Адыгэм и фащэ дахэр Шэрджэсым и гъунапкъэхэм щхьэдэхри, жыжьэ нэсащ. Адыгэхэр сыткIи къахэщырт я гъунэгъу лъэпкъхэм — я фащэкIи, я хабзэхэмкIи, я псэукIэкIи. Адыгэ фащэр Кавказ Ищхъэрэми къыщызэтенакъым, Кавказ щIыбми нэсащ… Къэзакъхэми щапхъэ яхуэхъуащ шэрджэсхэм я фащэр, я Iэщэр, я шы тесыкIэр, абыхэм ядэплъей зэпытащ.
  • СТУДЕНЕЦКАЯ  Еленэ.
  •  
  • * * *
  • Зауэм щыIухьэкIэ, шэрджэсым и Iэщэ-фащэ нэхъыфI дыдэмкIэ зызэщIеузадэ. И Iэщэрэ и фащэкIэ ар лъэпкъ куэдым къахощ, Азием дэнэ къэна, Европэми щыслъэгъуакъым шэрджэсым и Iэщэмрэ и фащэмрэ нэхъ дахэрэ нэхъ Iэрыхуэрэ.
  • ХЪАН-ДЖЭРИЙ  СулътIан,
  • адыгэ этнограф.
  • 1838 гъэ