КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Алание Республикэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр адэкIи егъэфIэкIуэным
2018-07-28
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр иджыблагъэ щыIащ Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм. КIуэкIуэ Юрийрэ Битаров Вячеславрэ тепсэлъыхьащ зэгъунэгъу щIыналъитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зегъэужьыным.
- ХьэщIэр псом япэу «МэлыIычхэм я къалэ» мемориалым щыIащ икIи «Гуауэ жыгым» и деж удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ. Апхуэдэу абы удз гъэгъахэр трилъхьащ 2004 гъэм и фокIадэ мазэм Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэ №1-р зыубыдауэ щыта щIэпхъаджащIэхэм къыщыIэщIагъэкIыжым хабзэхъумэ IэнатIэ хэхахэм я лэжьакIуэхэу хэкIуэдахэм я фэеплъым. Абы щыгъуэ цIыху 334-рэ хэкIуэдащ, сабийуэ 186-рэ яхэту.
- А махуэ дыдэм лъэныкъуитIыр щытепсэлъыхьащ сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным, инвестицэ проектхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным, хьэрычэт IэнатIэм пэрытхэм я зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэным, гуманитар, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным.
- Зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэу сыт щыгъуи щытащ, апхуэдэу дяпэкIи щытынущ Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я цIыхубэм яку дэлъ зэкъуэшыгъэр.
- КIуэкIуэ Ю. А. къыщызэтеувыIащ Правительствэм и Унэм щыIэ ЩIыхь Блыным деж. Абы тетхащ Осетие Ищхъэрэм и цIыху нэхъ гъуэзэджэ дыдэхэм — Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэм, ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зратахэм, Урысейм и ЛIыхъужьхэм, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужьхэм я унэцIэхэр.
- Журналистхэм щепсалъэм КIуэкIуэ Ю. А. къыхигъэщхьэхукIащ: «Дэ дызэгъунэгъу къудейм къыщынэркъым. Ди республикэхэм я щIыналъэ валовэ продуктым и зэхэлъыкIэр къапщтэмэ, ар куэдкIэ зэщхьщ: нэхъыбэу хиубыдэр мэкъумэш хозяйствэрщ, промышленностырщ, сатурщ, туризмэрщ. КуэдкIэ узыщыгугъын проект хьэлэмэтхэр щыIэщ. РеспубликитIми ди мурад нэхъыщхьэхэр зыхуэгъэзахэм ящыщщ лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщыныр».
- «Дэ дралIыкIуэщ, — жиIащ Битаров Вячеслав, — зэкъуэш лъэпкъхэм, дунейм и щытыкIэмкIэ зэщхь, лIэщIыгъуэ Iэджэ лъандэрэ зэгъунэгъуфIу къэгъуэгурыкIуэ щIыналъитIым. Зыр адрейм и ехъулIэныгъэхэм щогуфIыкI, я зэфIэкIхэмкIэ зэдогуашэ. Иджыпсту ди республикэхэм къапэщыт къалэнхэр куэдкIэ зэтохуэ. Абы къыхэкIыу чэнджэщкIэ дызэдэIэпыкъун папщIэ щIэх-щIэхыурэ дызэхуэзапхъэщ».
- РеспубликитIым я Iэтащхьэхэр зэгурыIуащ социально-экономикэ зэдэлэжьэныгъэм зэпымыууэ зегъэубгъуным пыщIа Iуэхухэр зыубзыхуну лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну. Апхуэдэу 2019 гъэм щегъэжьауэ лъэныкъуитIыр щэнхабзэмкIэ я махуэхэр Осетие Ищхъэрэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ щрагъэкIуэкIыу щIадзэнущ.
- УнафэщIхэр а махуэм апхуэдэу щыIащ Осетие Ищхъэрэм гуманитар, социальнэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институту Абаев В. И. и цIэр зезыхьэм, Лъэпкъ музейм.
- ЩIыналъитIым я унафэщIхэр япэкIэ зэхуэзауэ щытащ 2017 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм. Абы щыгъуэ Битаров Вячеслав Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ.
- КъБР-м и IэтащхьэмрэПравительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.