Зыщ ди блэкIари, зыуэ щрет ди къэкIуэнури!
2018-07-31
- Чэзу зимыIэ щыIэкъым
- Илъэс 20 дэкIыжащ адыгэ гупышхуэ зэуэ Хэкум къызэрихьэжрэ. 1998 гъэм шыщхьэуIум и 1-м Адыгейм къагъэIэпхъуат унагъуэ 23-рэ, Косовэ (Югославие) щыпсэуа адыгэхэм ящыщу. Абы и пэкIэ зы мазэкIэ дызэIэбэкIыжмэ (1998 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м), УФ-м и Правительствэм къищтат «Косовэ автоном щIыналъэм (Югославие Зэгуэт Республикэ) щыпсэу адыгэхэр (черкесхэр) къагъэIэпхъуэн папщIэ икIэщIыпIэкIэ къэралым ищIапхъэр» жыхуиIэ Унафэр.
- Ар зауэр къэхъеяуэ, лъэпкъ зэрыукIым и бэлыхь Балканхэр щыхэтарат. Апхуэдэ къэхъункIэ зэрыхъунур, къэкIуэжыну хуейхэм защIэгъэкъуауэ Хэкум къишэжын зэрыхуейр ДАХ-м и етIуанэ зэхуэсым щыжиIат Косовэ щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэ Цейхэ я щIалэм. «Адыгэхэр лъэпкъ зэщыIеяхэм яку дэкIуэдэнкIэ хъунущи, Iэмал щыIэххэмэ, Хэкум къифшэж», — лъэIуат ар.
- ЗэрыфщIэщи, 90 гъэхэр сыт хуэдизкIэ хьэлъэу щымытами, акъыл хэлъу пхагъэкIат «Декларация о поддержке российской диаспоры и покровительства российским соотечественникам» жыхуиIэмрэ «О гражданстве РФ» Хабзэмрэ. А тIум нэхъыщхьэу хэлъыр СССР-м, Урысейм зэгуэр икIа цIыхухэм, зыщыщ лъэпкъым, я бзэм, дин зэрахьэм емылъытауэ, я щIэблэр нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди цIыхухэу къызэрилъытэр, абыхэм лей къатехьэ хъумэ, УФ-р къазэрыщхьэщыжынур, къагъэзэжынымкIэ зэрадэIэпыкъунур арат.
- Апхуэдэ Iуэхуми дызригъэжьакъым. Косовэ щыпсэу адыгэхэр гузэвэгъуэшхуэ щыхэхуэм, Урысейм и кхъухьлъатэкIэ унагъуэ 23-рэ къагъэIэпхъуэжащ.
- 2003 гъэм Урысейм щагъэткIиижащ мы къэралым къэIэпхъуэжыну хуейхэм я Iуэ-хур. Абы щыгъуэ Хабзэм хатхащ Урысейм и цIыху хъужыну хуейуэ къэкIуэжыну къэлъаIуэхэм урысыбзэ ящIэну я къалэну. Ар къызэрымыкIуэу зэран хъуащ, къэкIуэжыну тегушхуахэм урысыбзэр зрагъэщIэныр гугъути.
- ДАХ-м и зэхуэсхэм, уеблэмэ абы теухуауэ иригъэкIуэ-кIа щIэныгъэ конференцым УФ-м и Президент Путин Владимир зэрызыхуагъазэ къыщащтат мызэ-мытIэу. ЗыщIэлъэIур «къэзыгъэзэжынухэр УФ-м ис лъэпкъхэм ящыщу, зыщыщ лъэпкъым и бзэ ищIэу щытын хуейщ» жиIэу Хабзэм храгъэтхэну арат. Ауэ абы унафэ имыгъуэтурэ, Сирием зауэ къыщыхъеящ.
- Ем щыгъуэ бжьэдыгъухэр зэшщ, жыхуиIэм хуэдэу, Урысейм аргуэру къигъэлъэгъуащ, хуеймэ, адыгэхэм зэрадэIэпыкъуфынур. Сирием щыпсэу адыгэхэм ящыщу ХэкумкIэ къэплъахэм гъуэгур хуит яхуищIри, зауэм я щхьэр къыхахащ куэдым. Абыхэм ящыщу цIыху 800 Мейкъуапэ къэкIуащ. Махуэхьэблэм дагъэтIысхьэну щIы кIапэ хупачащ унагъуэ 88-м, Банэхэс къуажэм — 38-м. Къэбэрдейм къэIэпхъуащ цIыху 690-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсым — 52-рэ. Ди республикэм къэкIуэжахэм щхьэкIэ лъапсэ 91-рэ къащэхуащ, емыхьэжьами, узыщIэсын унэ иту. Ахэр псэупIэ яхуэхъуащ цIыху 286-м. ЩIалэгъуалэм ящыщ куэд КъБКъУ-мрэ мэкъумэш университетымрэ щоджэ, къыщыIэпхъуагъащIэм сабий 80 курыт еджапIэхэм щIагъэтIысхьащ.
- Адыгейм къит бжыгъэхэр мыпхуэдэщ: Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм къиIэпхъукIыжауэ цIыху 2000 щопсэу, щолажьэ, щоджэ. Ахэр сыткIи яхэзэгъэжащ я лъэпкъэгъухэм.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр къыщызэрагъэпэща 1991 гъэм «фыкъэкIуэж» жыпIэн-уи къыпхуегъэкIуртэкъым, къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм гугъуехь куэд къыздашати, ауэ, гузэвэгъуэ хэхуа цIыхум «мамэ» зэрыжиIэм хуэдэу, «Хэку» жаригъэIащ зауэм, уеблэмэ игъащIэкIэ мыбыкIэ къэкIуэжын мурад зимыIари (псэукIэр щIэрыщIэу зэтебублэжыну зэрыхьэлъэр хэт къызыгурымыIуэр?!), адэжь лъапсэмкIэ къеIащ.
- Сэ согъэщIагъуэ адыгэр зыпхыкIа гугъуехьхэм къызэрелар, адыгэ хэку, адыгэбзэ жызыIэр куэду зэрахэтыр.
- Къумыкъу Мамдухь зэгуэр сеупщIат: «Сытым къызэтригъэна адыгэр?» — жысIэри. «Зэрылъэпкъыжьырщ, и хабзэ, и дуней еплъыкIэ, дуней тетыкIэ убзыхуа иIэжу зэрыщытарщ».
- Зауэм нэхъ шынагъуэ щыIэкъым. Ар мыхъуатэмэ, мыпхуэдиз цIыху зэуэ къытхыхьэжыну, Урысейри ахэр къэгъэIэпхъуэнымкIэ нэхъ щабэ хъуну къыщIэкIынтэкъым. Иджы, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къамыгъэзэжами, дэри хэхэсу щытахэми ехъулIэныгъэ къытпэплъэу (политик мыхъумыщIэхэм мы дунейр ямыкъутэжмэ), щIалэгъуалэ зэрышэм адыгэм я лъыр къагъэщIэрэщIэжыну къысщохъу. Зауэр зэгуэр еух, гъащIэращ ух зимыIэр. Лъэпкъым и гъащIэр, Хэкум и теплъэр зыхуэдэнур зэлъытар дэращ. Чэзу зимыIэ щыIэкъым. Адыгэ лъэпкъ зэрыгъуэтыжым зиужьыжыну и чэзууэ къыщIэкIынущ.
- Ширдий Маринэ.
- Илъэс тIощI ирокъу Косовэ щIыналъэм къыщылыдауэ щыта мафIэ лыгъейм къыхэкIыжа адыгэхэм адэжь лъахэм къызэрагъэзэжрэ. Мейкъуапэ пэмыжыжьэу абыхэм щыхуаухуа Махуэхьэблэ жылэм зыщаужьыжащ унагъуэ куэдым. Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэр къызыдежьари а къэхъукъащIэрщ.
- Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м зэман зэхуэмыдэхэм къитIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуащ «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я номер зэхэтхэм я зи чэзу къыдэкIыгъуэр.
- Мейкъуапэ километритIкIэ пэгъунэгъу
- Махуэхьэблэ къуажэм и теплъэгъуэхэр
- БЕМЫРЗЭ Мухьэдин
- ЛъэIу
- Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI —
- Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
- Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
- Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэкIэ.
- Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
- Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
- ИтIанэ абазэхэр, къэбэрдейр,
- Адэмей лIакъуэр, кIэмыргуейр, бжьэдыгъур.
- Кавказым и дахапIэр фэ фи хэкут,
- ЩIыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щIапIэт,
- Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
- Фи тенджыз Iуфэр яIэт кхъухь тедзапIэу.
- Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
- Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
- Фэрыншэу уэгум вагъуэ щипхъыхьар,
- Мэкъуауэ бадзэу, мафIэ нэпцIкIэ мэсхэр.
- Адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ пщыкIутI,
- Iэпкълъэпкъыу цIыхум фэ фхуэдизщи иIэр,
- Зыгуэр фыхэщIу и гур ивмыуд,
- Фи псэуныгъэргурыфIыгъуэузиIэм.