Адыгэ дунейр зэроубыдыж
2018-07-26
- 2008 гъэ лъандэрэ къыдэкI «Урысей щIэныгъэ журналым» и 59-нэ номерыр дунейм къытехьащ. Тхыдэм, гъэсэныгъэм, психологием, бзэ щIэныгъэм, хабзэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса мы къыдэкIыгъуэр иджы къызэIуех тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Ершов Виталий публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд теухуауэ игъэхьэзыра тхыгъэм: «Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр щIэныгъэлI, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыр».
- «ТХЫГЪЭР Къэбэрдей-Балъкъэрым щыцIэрыIуэ тхакIуэ, щIэныгъэлI, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я тхыдэмрэ нобэрей псэукIэмрэ ехьэлIауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуащ», — щыжеIэ Ершовым «Тхыдэмрэ политологиемрэ» зи псалъащхьэ Iыхьэм хиубыда и IэдакъэщIэкIым.
- «Дызэрыт зэманым и нэщэнэщ Адыгэ дунейм, къэрал гъунапкъэхэр зэпиупщIу, дунейпсо щэнхабзэмрэ жылагъуэ гъащIэмрэ мыхьэнэщIэ езыт, Кавказ Ищхъэрэм тхыдэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр гъащIэм и Iыхьэ зыщIыж къэхъугъэу цIыхубэм я гупсысэкIэм зэрыхэувэжыр. Дунейм дахэу щызэхэухуэна лъэпкъ щхьэхуэхэр, абыхэм я хабзэм, я диным, я бзэм игъэлъэпIа Iуэхугъуэхэр гъэкIуэдыжыныр зи нэрыгъ глобализацэм пэщIэувауэ зызыужь зэщIэхъееныгъэу къэплъытэ хъунущ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм езыхэр адрейхэм къахэзыгъэщ нэщэнэхэмрэ тхыдэм къыпхаха гурыщIэхэмрэ яхъумэжыну зэрыхэтыр. XXI лIэщIыгъуэм IупщI пщещIыпэ лъэпкъхэмрэ къэралхэмрэ теплъэкIэ зэрызэхуэмыдэр дунейр дуней зыщIыж Iуэхугъуэу зэрыщытыр, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэпсэлъэфу икIи зэгурыIуэфу щытын зэрыхуейр», — жеIэ щIэныгъэлIым.
- «И адэжь хэкуу щыт Кавказ Ищхъэрэм Адыгэ дунейр щызэрыубыдыжын зэрыхуейр дызэрыт лIэщIыгъуэм Iэмалыншагъэу къегъэув. А мурадым лъэIэсыным жыджэру холэжьыхь щIэныгъэлIхэр, журналистхэр, хэкумрэ хамэ къэралхэмрэ щыщхьэпэ адыгэ жылагъуэ лэжьакIуэхэр, — къытрегъазэ Виталий и гупсысэм. — Абы и фIыгъэкIэ адыгэ щэнхабзэм и дуней зэрыIыгъ, кавказ республикэхэм я тхыдэ щIэинхэри ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэри къызэщIиубыдэу, къызэфIоувэ, бзэрэ хабзэкIэ зэмыфэгъу Кавказ Ищхъэрэмрэ ди хэкушхуэу щыт Урысеймрэ ягъэбжьыфIэу».
- Профессор Ершов Виталий и тхылъ «Урыс дунеймрэ XX — XXI лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIахэмрэ» («Русский мир и северокавказское зарубежье в XX — начале XXI вв.)» жыхуиIэм къыщIэупщIахэм хъыбар ядогъащIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и тхылъыр «Адыгэ унэмрэ» «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и тыкуэнымрэ зэрыщIэлъыр.
- ЧЭРИМ Марианнэ.