«Кабардинка»-р Марашрэ Гёксунрэ къыщофэ
2018-07-28
- Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну Тыркум къэкIуа гупыр япэ махуэм иригъэблэгъащ Мараш къалэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ Эркоч Фатхьи Мехметрэ щIыналъитIым я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэм, адыгэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэшыныгъэм, нэгъуэщI Iуэху дахэхэми тепсэлъыхьахэщ.
- Эркоч Фатхьи Мехмет дихьэхащ «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэр зезыхьэ «Кабардинка» къэрал ансамблым хэт щIалэ уардэхэм, пщащэ зэкIужхэм, адыгэ фащэм.
- Мараш хьэщIэ зэриIэр, нэгъуэщI лъэпкъхэми Гёксун щекIуэкIыну Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтынухэр ялъагъуну зэрыхуейм къыхэкIкIэ, япэ пщыхьэщхьэм вилайетым и къалэшхуэм и утыкур игъэбжьыфIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым.
- КхъухьлъатитIкIэ уэгур зэпызыупщIу зы жэщ-махуэкIэ гъуэгу тета ансамблым ауи къытемыхьэлъэу зы сыхьэт псокIэ концерт итащ, марашдэсхэр къыдихьэхарэ я дэрэжэгъуэр къиIэтауэ. Хамэм къыхуаIэт Iэгуа-уэр инт «Кабардинка»-м, адыгэм и пщIэр зэриIэтыр нэхъ иныжт.
- НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ. Мараш — Гёксун